|
|
Календарь событий
05 мая 2026
5 мая, 2026 - 16:02
Шэджэм къалэм иджыпсту щагъэзащIэ «Зэкъуэтыныгъэм и Парк» фIэщыгъэр зезыхьэ пэхуэщIэ иныр. Ар стадионымрэ Шэджэм псы Iуфэмрэ япэгъунэхъуу щащI. НобэкIэ лъэс лъагъуэхэмрэ лъэкъуэрыгъажэкIэ къыщажыхьыну гъуэгухэмрэ, спорт утыкухэмрэ цIыхухэм зыщагъэпсэхуну щIыпIэхэмрэ хьэзыр хъуащ.
Иджыпсту лэжьакIуэхэр парк ихьэпIэм йолэжь, къэухьхэр къралэкI, сабий джэгупIэхэр ягъэув. ПэхуэщIэр ягъэзащIэ «Къалэ цIыкIухэмрэ тхыдэ мыхьэнэ зиIэ къуажэ щIыпIэхэмрэ» урысейпсо зэхьэзэхуэмрэ «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ проектымрэ япкъ иткIэ.
5 мая, 2026 - 14:01
Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыхухэм пщIэ зыщIат Iуэхутхьэбзэхэм щIэупщIэу щаIэм хэхъуэ зэпытщ. Абы и щхьэусыгъуэр къэралым нобэ щыщыIэ экономикэ, социальнэ, технологие, демографие щытыкIэхэрщ. ЖыпIэнурамэ, цIыхухэм ипэжыпIэкIэ къаIэрыхьэ хэхъуэр нэхъыбэ хъуащ, цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ яхуэзыщIэ IэнатIэхэм заужь, бжыгъэ лъабжьэ зиIэ технологиехэр лэжьыгъэм къыхашэ, щэхуакIуэхэми зыхэплъэнрэ къызыхахынрэ нэхъыбэ яIэ хъуащ.
5 мая, 2026 - 13:00
Ставрополь щIыналъэм и Минводы къалэм иджыблагъэ щекIуэкIа «Кавказ инвестицэ форум-2026» зэхуэсышхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэм щагъэлъэгъуащ республикэм и турист зэфIэкIхэр, къызэхуэсахэр щагъэгъуэзащ IэнатIэм зегъэужьынымкIэ ирагъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм, хьэрычэт щIэн Iуэхум къыхыхьэ щIалэгъуалэм ират дэIэпыкъуныгъэхэм, нэгъуэщIхэми.
5 мая, 2026 - 12:26
Илъэс 50-60 ипэкIэ сабийхэр зыдихьэхыу щытамрэ нобэ я сабиигъуэр зэрагъакIуэ щIыкIэмрэ шурэ лъэсрэ я зэхуакущ, жыхуаIэм хуэдэщ. Абы и щыхьэтщ КIэрашэ Михаил и гукъэкIыжхэм щыщущ зэддзэкIар.
5 мая, 2026 - 12:00
Накъыгъэм и 5, гъубж
Ныкъуэдыкъуэхэм я хуитыныгъэхэм щIэбэныным и дунейпсо махуэщ
1920 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Мэсей Аслъэнджэрий.
1922 гъэм къалъхуащ I960 - I975 гъэхэм КъБАССР-м и прокурору лэжьа, юстицэмкIэ къэрал чэнджэщакIуэу щыта, юридическэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, генерал-майор Ансокъуэ Мухьэрбий.
5 мая, 2026 - 11:18
«Хъызыр-бегъымбарыр Алыхьым гъусэ къыпхуищI», - жаIэ адыгэхэм, зыгуэр щрагъажьэкIэ. «Кэхьф» сурэм зи цIэр къыхэщ Хъызыр лъапIэр хэт бегъымбару щытауэ жеIэ, хэти Алыхьым и нэфI зыщыхуа цIыху хэIэтыкIахэм язу къелъытэ. Ауэ псори зэакъылэгъущ ар псэууэ дунейм зэрытетымкIэ, теплъэ зэхуэмыдэхэм иту гъуэгурыкIуэхэм сэбэп зэрахуэхъумкIэ.
5 мая, 2026 - 10:01
Къэбэрдей-Балъкъэрым курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр Быф Аскэр иджыблагъэ зыщигъэгъуэзащ Налшык къалэм и курорт щIыпIэхэм щаухуэ хьэщIэщхэмрэ хьэщIэщ комплексхэмрэ я лэжьыгъэхэр здынэсам.
Абы зригъэщIащ ухуакIуэхэр зыпэрыт проектхэм яIэну инфраструктурэхэр, пэш фондым къыхэхъуэну бжыгъэр, туристхэмрэ республикэм щыпсэухэмрэ я зыгъэпсэхупIэу, нэгузыужьыпIэу щытыну щIыпIэхэм ягъуэтыну теплъэр зыхуэдэнухэр.
5 мая, 2026 - 09:58
Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм и дахагъэкIэ, и паркхэмрэ жыг хадэ цIыкIухэмкIэ, цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIэ зэпэщхэмкIэ къыпэхъун куэд щыIэкъым. ЖыпIэнурамэ, 20I9-2026 гъэхэм къриубыдэу Налшык и уэрамхэм щыхасащ жыгыщIэ зэмылIэужьыгъуэу мини 7-м щIигъу, абы щыщу 481-р - дызэрыт илъэсым.
5 мая, 2026 - 09:00
Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ ныбжьыщIэхэм дзюдомкIэ я щIыналъэ зэхьэзэхуэ. Ар и фэеплъу щытащ полицэм и полковник Щоджэн Къадир. Абы щызэпеуащ Кавказ Ищхъэрэм и бэнакIуи 100-м щIигъу.
Удэзыхьэхыу икIи гуащIэу екIуэкIа зэпеуэхэм къарикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь наIуэ къызэрыхъуамкIэ, япэ увыпIэр къихьащ «Налшык» спорт клубым. ЕтIуанэ увыпIэр иубыдащ «Дзюдо КъБР» командэм. Ещанэ увыпIэр зэдагуэшащ «ДЛФК», «Локомотив» клубхэм я гъэсэнхэм.
|