Календарь событий

28 апреля 2026

ЕтIуанэ теплъэгъуэм

Мы тхыгъэм ипэ къихуэу сытетхыхьат Адыгэ Республикэм хыхьэ Еджэрыкъуей къуажэм, лъакъуэрыгъажэм сытесу, пщэдджыжьым жьыуэ сыкъыдэшэсыкIыу, а жылэр зыбгъэдэт Лабэ псышхуэм сыбгъурыту, къуршхэр здэщыIэ лъэныкъуэмкIэ зэрыдэзгъэзеяуэ щытам.

  Псы ежэхыр си гъуазэт      

АдэкIэ къыспэщылъ гъуэгуанэр Лабэ и псыхъуащхьэхэмкIэ адыгэхэм ейуэ нэхъ къыщызэтена Хуэдз адыгэ жылэм сынэсыныр арат.

Ущие щабэр ебэкIыу

Мэлыжьыхь мазэм яублауэ курыт школхэм щокIуэкI 1-нэ классым мы гъэм щIэтIысхьэну сабийхэр еджэным хуэзыгъэхьэзыр лэжьыгъэ щхьэпэхэр. Адэ-анэхэм я бынхэр къапэщылъ а лъэхъэнэ кIыхьым сыт хуэдэу хуагъэгъэхьэзырын зэрыхуейр? АбыкIэ иIэ Iуэху еплъыкIэхэмкIэ ди газетым и щIэджыкIакIуэхэм ядогуашэ илъэс куэдкIэ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм пэрыта, лэжьыгъэм и ветеран, УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Сэрахъэ Людмилэ Сэлим и пхъур. 

IэнатIэм и махуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым ЭлектроникэмкIэ, робототехникэмрэ акъыл IэрыщIымкIэ и институтым щекIуэкIащ «IэнатIэм и махуэ». Iуэхур зытеухуар щIыналъэм хъыбарегъащIэ технологиехэм епха и  IэнатIэхэм щылэжьэнухэр зэрахуримыкъурщ.
Абы къеблэгъащ еджапIэ нэхъыщхьэм и индустриальнэ партнер нэхъыщхьэхэм я лIыкIуэхэр, щIыналъэ компание инхэм я унафэщIхэр, нэгъуэщIхэри. Ахэр студентхэм яхутепсэлъыхьащ я зэгухьэныгъэхэм зэрыщылажьэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэм теухуа хъыбархэмкIэ икIи я IуэхущIапIэхэм щыIэ лэжьыгъэхэм я гугъу ящIащ.

Мэлыжьыхьым и 28-р Лэжьыгъэр хъумэным и махуэщ

2003 гъэм къыщегъэжьауэ, мыр, Лэжьыгъэ IэнатIэм шынагъуэншагъэ къыщызэгъэпэщынымрэ узыншагъэр щыхъумэнымкIэ махуэр, гъэ къэс зэдагъэлъапIэр Лэжьыгъэр зэкIэлъыгъэкIуэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм хэт хэгъэгухэм. 
2026 гъэм Урысей Федерацэм Лэжьыгъэр хъумэным и махуэр 24-у щагъэлъапIэр. Абы и къалэн нэхъыщхьэр лэжьапIэ IэнатIэхэм цIыхухэм я узыншагъэм зэраныгъэ къахуэзыхьынкIэ хъуну щытыкIэхэм щакIэлъыплъынырщ. 

Щэнхабзэм зезыгъэужьхэр

КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и «Киновидеоучреждение» къэрал кIэзонэ щэнхабзэ IуэхущIапIэм и унафэщI къалэнхэр зыгъэзащIэ Шурдым Аксанэ зыхуэдгъазэри, зэфIагъэкI лэжьыгъэхэм тедгъэпсэлъыхьащи, къыджиIахэм фыщыдогъэгъуазэр.

Туристхэм кIуапIэ ящI

  Къэбэрдей-Балъкъэрым курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр Быф Аскэр иджыблагъэ щыхьэщIащ Псыхуабэ къалэм щыIэ «ТАСС Кавказ» щIыналъэ хъыбарегъащIэ центрым икIи абы щытепсэлъыхьащ и унафэ щIэт IэнатIэм и инфраструктурэмрэ хьэщIэщхэмрэ гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм зэрыхуэхьэзырым, республикэм туризмэм зыщегъэужьыным ехьэлIауэ щыIэ пэхуэщIэщIэхэр зэрылажьэм, «Iуащхьэмахуэ» курортым кърашалIэ инвестицэхэм, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми. 

КъБКъУ-м и ЩIэныгъэ полкыр: тхыдэм и дерсхэр

Ди къэралым дежкIэ мэлыжьыхьым и I9-р тхыдэм и пэжыр хъумэным и IуэхукIэ мыхьэнэ зиIэ махуэщ. СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым I943 гъэм Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм совет цIыхубэмрэ гъэрыпIэм итахэмрэ лей езыха фашистхэм, абыхэм я дэIуэдэжэхэм, епцIыжакIуэхэм, тIасхъэщIэххэмрэ жасусхэмрэ жэуапым ешэлIэн, зэрахьа щIэпхъаджагъэхэм пэкIуэ тезырыр ятелъхьэн зэрыхуейм и унафэр къищтащ.

Московский Пасхальный фестиваль

Художественный руководитель Валерий Гергиев ХХV сезон

НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 28, гъубж 
Лэжьыгъэр хъумэным и дунейпсо махуэщ 
Къуэш зэрыщIа къалэхэм я дунейпсо махуэщ 
«ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм» и лэжьакIуэхэм я махуэщ 
Химие шынагъуэншагъэм и махуэщ 
1874 гъэм къалъхуащ Хэку зауэшхуэм быни 9, зы нысэ, къуэрылъху-пхъурылъхуу 3 зыгъэкIуа шапсыгъ анэ Щхьэлахъуэ Чэбэхъан. 
1902 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ ДыщэкI Мухьэмэд. 
Дунейм и щытыкIэнур