Календарь событий

27 апреля 2026

Псэм дыхьэ IэщIагъэ

Фэеплъ

Псышхуэр ди кIапсэрышэу

СыщыцIыкIум къыщыщIэздзауэ, си хъуэпсапIэт «адыгей» жыхуаIэхэр (кIахэ адыгэхэр) зыхуэдэр зэгъэщIэныр, ящыщ гуэрхэм нэIуасэ сахуэхъуныр, щыпсэу щIыпIэхэм зыщысплъыхьыныр. СощIэж, «щIалэ цIынэ» псалъэхэм нэхъ хуагъакIуэ ныбжьым ситу, Къэбэрдей-Балъкъэр радиом адыгэбзэкIэ къит нэтынхэм, тедымауэ сызэредаIуэу щытари. А зэманырщ кIахэ псэлъэкIэр дыдейм къызэрыщхьэщыкIым япэу гу щылъыстари а бзэмкIэ къит уэрэдхэм едэIуэн щыщIэздзари.  

Темыркъан Юрэ и цIэр фIащащ

 Санкт-Петербург и Мариинскэ театрым и гупэм къит утым фIащащ СССР-м и цIыхубэ артист, Санкт-Петербург щIыхь зиIэ и цIыху, ди хэкуэгъу дирижёр цIэрыIуэ Темыркъан Юрэ и цIэр.

Губернатор Беглов Александр Iэ щIидзащ Санкт-Петербург къалэм и Правительствэм Адмиралтейскэ районым и Декабрист уэрамым и унэ №37-мрэ №39-мрэ я зэхуакум щыIэ утым Темыркъан Юрэ и цIэр фIэщыным теухуауэ къыхилъхьа унафэм. НэхъапэIуэкIэ а Iуэхум арэзы техъуат топонимикэ комиссэри.

НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 27, блыщхьэ
Урысей парламентаризмэм и махуэщ. 
1906 гъэм
лэжьэн щIидзащ Урысейм и Къэрал Думэм. 
1952 гъэм къалъхуащ УФ-ми КъБР-ми щIыхь зиIэ я артист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Шыбзыхъуэ Басир. 
1958 гъэм къалъхуащ шэрджэс политик, хьэрычэтыщIэ, псапащIэ Къэзанокъуэ Руслан. 
Дунейм и щытыкIэнур
 «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 17 - 18, жэщым градуси 7 - 8 щыхъунущ. 

Си Iэпкълъэпкъым хэту уафэхъуэпскI, Уэшх къызогъэувыIэ махуэ къэс.

ГУГЪУЭТ Заремэ.

 

* * *
Махуэр щхьэхри, пыкIащ и дыгъэм,
Сэ - уи нитIым къыщIиха гугъэм.
Пшэм зэхелъхьэ емышу нэщхъ,
Махуэ къэскIэ къешхынущ уэшх.

Уэшхыр щIылъэм тощащэ щыгъэу,
Уэшхыр йобжьэ хэпхыжа гугъэм.
ТкIуэпсу хъуар шэчыгъуейуэ зэщхьщ,
Гъатхэ уэшхым сигу зэрегъэшх.
14.05.2024.

* * *
Си гум хышхуэ щобауэ,
Сэ толъкъунхэм созауэ,
Жэщым пщIыхь хэIубауэ, 
Щхьэцым тхъугъэ хидзауэ,
Си гум хышхуэ щобауэ.

Мэзыкхъуэхэм къагъэунэхуа Тхыбэ

Хы ФIыцIэм къуэкIыпIэмкIэ щыIэ и Iуфэм Iут Геленджик (адыгэхэм зэрыжаIэу, «Хъулъыжъый»: «хъулъэ» – «хъупIэ», «жъый» - «цIыкIу») къалэм пэмыжыжьэу декIуэкI мэзылъэ джабащхьэхэм ящхьэщыт «Тхаб» («Тхыбэ», «Тхьэбэ») Iуащхьэр Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм и къудамэ бгъунж «Къуацэгъур» тхыцIэм хохьэ.
Метр 905-рэ зи лъагагъ Тхыбэ (Тхьэбэ) Iуащхьэжьыр нэгъуэщI псыхъуэ кIэщI цIыкIухэм я къыщIэдзапIэщ, псори къэзэдэтщтэмэ, я къущхьэзэIухуэпхъщ. 

ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ

Курп лъагапIэхэм узэщIакIуэ икIи тхыдэ-хэкупсэ мыхьэнэ зиIэ «ТекIуэныгъэм и диктант» Iуэхугъуэр иджыблагъэ щекIуэкIащ.
Мы гъэм а жэрдэмыр къэхъугъитIым теухуащ: Хэку зауэшхуэр къызэрыхъейрэ илъэс 85-рэ зэрырикъумрэ Совет Союзым и Маршал Жуков Георгий къызэралъхурэ илъэси 130-рэ зэрыхъуамрэ. Апхуэдэу дзэ Iуэху хэхам хэт щIалэхэм ятеухуауэ жэрдэмым лэжьыгъэ щхьэхуи мы гъэм къыхалъхьащ.

«Сосрыкъуэ теухуа хъыбархэр»

ТхакIуэ Мэржэхъу ФатIимэ и Iэдакъэ къыщIэкIа «Сосрыкъуэ теухуа хъыбархэр» тхылъыщIэм и презентацэ иджыблагъэ екIуэкIащ. ЗэIущIэм кърихьэлIащ литературэр фIыуэ зылъагъухэр, егъэджакIуэхэр, студентхэр, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэр. Зэхыхьэр щыхьэт техъуэрт Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я псэкупсэ щIэиныр хъумэнымкIэ литературэм мыхьэнэ ин зэриIэм.