Календарь событий

25 апреля 2026

Нэхъыбэрэ зекIуэнущ, мылъкури зрагъэзэхуэнущ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеоконференц IэмалкIэ хэтащ УФ-м и Пра­вительс­твэм щIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ и комиссэм и зэIущIэм. Ар иригъэкIуэкIащ вице-премьер Хуснуллин Марат. 

ЛIакъуэхэр зэпызыщIэ

Адыгэ ныпым теухуа зэIущIэ купщIафIэ дыгъуасэ Лъэпкъ музейм щекIуэкIащ.

Гузэвэгъуэшхуэм дунейр къезыгъэлахэр

1986 гъэм мэлыжьыхьым и 26-м къэхъуа гузэвэгъуэм дунейр хуабжьу ихъуэжати, гъащIэр лъэхъэнитIу игуэша хуэ­дэт: «ипэкIэрэ» «иужь­кIэрэ». Чернобыль атом электростанцыр къыщыуам цIыхум и тхы­дэм нэхъ къэхъукъащIэ гузэвэгъуэ имыIауэ къалъытат - мин бжыгъэхэр абы ихьат.
Илъэс 40 дэкIыжащ лъан­дэрэ. Гузэвэгъуэм и лъэу­жьыр гъэкIуэдыжыным, я узыншагъи гъащIи емыблэжу, лIыгъэ яхэлъу хэтахэм фIыщIэ хуа­щIы­ну, къахэмытыжхэр ягу къа­гъэкIыжыну дыгъуасэ цIы­ху­хэр зэхыхьат, КъБР-м и Дзэ комиссариатым и гупэм къит жыг ха­дэм деж пэкIу щрагъэ­кIуэкIыну.

ЦIыхубэм удэгъуэгурыкIуэнырщ нэхъыщхьэр

Урысей парламентаризмэм и махуэр мэлыжьыхьым и ­27-м ягъэлъапIэ. Ар УФ-м и Президент Путин Владимир и уна­фэкIэ 2012 гъэм ягъэуващ. Махуэшхуэр тращIыхьащ Урысейм и тхыдэм щыяпэу, 1906 гъэм мэлыжьыхьым и 27-м, Къэ­рал Думэм лэжьэн зэры­щIидзам.