|
|
Календарь событий
23 апреля 2026
23 апреля, 2026 - 17:18
Боксым и махуэт
Кавказ Ищхъэрэм боксымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Ставрополь щIыналъэм и Суворовскэ станицэм щекIуэкIащ иджыблагъэ. Абы гупурэ гуэшауэ щызэпеуащ илъэс 13 - 14 хъу ныбжьыщIэхэр, илъэс 19 - 22-рэ зи ныбжь щIалэхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмен ныбжьыщIэхэм ящыщу япэ увыпIэхэр къахьащ Малкаров Маратрэ Кожашев Эмиррэ. ЕтIуанэ хъуахэщ Шурдым Беслъэн, Шыкъ Дамир, Теваев Амерлан сымэ. Ещанэ увыпIэр къахьащ Вэрокъуэ Амир, Кулиев Уэсмэн, Джыназ Имран, Шыдгын Iэдэм, Бачиев Тенджыз сымэ.
23 апреля, 2026 - 16:19
Сыт цIыхубзыр насыпыншэ зыщIыр? А упщIэр щигъэувкIэ, Таргаковэ Маринэ къигъуэт жэуап псоми зыр нэхъ ятокIуэ: зэгугъужыркъыми. Къэзэхъстаным щыщ бзылъхугъэ жьакIуэр и IэщIагъэкIэ дохутыр-гомеопатщ.
23 апреля, 2026 - 15:23
Пшынэ хьэлэмэт цIыкIумкIэ «КIапсэрыкIуэр» игъэбзэрабзэрэ, езыр щIыкIафIэу Чырбыж Зулетэ япэ дыдэ сыщыIущIауэ щытащ беслъэней хэгъэгум… ЦIыхубз теплъафIэм и зыIыгъыкIэ дахэмкIэ ихьэхуат зэхуэсым къекIуэлIа псори. Пасэрей макъамэмрэ пшынэ еуэкIэмрэ нобэм къэзыхьэса Зулетэ нэхъ гъунэгъуу зэдгъэцIыхумэ ди гуапэу дылъыгъуэзэжащ.
23 апреля, 2026 - 14:29
Нэгъабэ елъытауэ
Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2025 гъэм Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэу къыщрахьэлIэжам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым япэ увыпIэр аргуэру иубыдащ.
ЖыпIэнурамэ, ди республикэм нэгъабэ щызэ щIакъуэжащ псори зэхэту тонн мелуан 1,103-рэ икIи абы ипэ ита илъэсым яхузэфIэкIам нэхърэ проценти 7-кIэ нэхъыбэщ ар.
23 апреля, 2026 - 14:24
Мы фIэщыгъэр иIэу «1 КъБР» телерадиокомпанием илъэс зыбжанэкIэ къитащ нэтын щIэщыгъуэ. ЦIыхухэри дихьэхыу, я гуапэу абы еплъырт.
Нэтыныр езыгъэкIуэкI КIунтIыщ-ХьэпцIэ Аннэ 1991 гъэм къыщыщIэдзауэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал телевиденэм и адыгэ редакцэм щолажьэ. А зэманым къриубыдэу абы гъэсэныгъэм, егъэджэныгъэм теухуа нэтын купщIафIэ куэд игъэхьэзыращ. Иужьрей зэманым йолэжь езым и жэрдэмкIэ иригъэжьа «Уэрэдыр фэеплъ мыкIуэдыжщ», цIыхухэм я хуитыныгъэр хъума хъун папщIэ ящIэн хуей хабзэхэм щытепсэлъыхь «ЦIыху къэс хуитщ», нэгъуэщI нэтынхэм.
23 апреля, 2026 - 14:15
«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Шэрэдж Ищхъэрэ - Жэмтхьэлэ - Сукан-Суу автомобиль гъуэгум зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэм щыпащэ. Абы къызэщIаубыдэ Шэрэдж Ищхъэрэ, Псыгуэнсу къуажэхэр зэпызыщIэ, километри 5,3-рэ зи кIыхьагъ щIыпIэр. Район мыхьэнэ зэриIэм и мызакъуэу а гъуэгум республикэм и хьэщIэ куэд щызокIуэ, абы къыхэкIыуи, ар щыIэ мардэм хуагъакIуэ.
23 апреля, 2026 - 13:13
Тхылъымрэ ар зытхым и хуитыныгъэхэмрэ я дунейпсо махуэр 1996 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэс къэс мэлыжьыхьым и 23-м ягъэлъапIэ. Унафэр къащтат щэнхабзэм дегъэхьэхынымрэ зегъэужьынымрэ, апхуэдэуи тхылъхэр щIэныгъэм зегъэубгъунымкIэ IэмалыфIу зэрыщытыр къэлъытауэ.
2025 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыдагъэкIащ щIыналъэм, абы и цIыхухэм епха тхылъ зэмылIэужьыгъуэхэр.
23 апреля, 2026 - 12:26
ЦIырэ-цIырэхэр
ЦIырэ-цIырэхэм шэдхэмрэ гуэлхэмрэ я Iэхэлъахэхэр хэщIапIэ ящIауэ щытащ иджыри илъэс мелуан 350-рэ япэкIэ. Гъудэ-бадзэр лIэужьыгъуэ минищу зэщхьэщокI, дунейм и сыт хуэдэ щIыпIи щопсэу.
23 апреля, 2026 - 11:25
Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм фашистхэмрэ абыхэм я дэIуэдэжэхэмрэ лей зраха совет цIыхубэм и фэеплъыр хъумэнымкIэ зыуэ щыт Iуэхугъуэхэм я махуэм ирихьэлIэу КъБР-м и Архив къулыкъущIапIэм иджыблагъэ зэIущIэ щекIуэкIащ, тхыдэм щыщ хъужа Iуэхугъуэхэм я мыхьэнэр зэрымыкIуэдыр, абыхэм я джэрпэджэжыр иджырей гъащIэми щызэхэпхыу зэрыщытыр, дерс къыхэхын зэрыхуейр щызэпкърахыу.
23 апреля, 2026 - 07:11
Мэлыжьыхьым и 23, махуэку
Тхылъымрэ авторым и хуитыныгъэхэмрэ я дунейпсо махуэщ
1943 гъэм СССР-м и Совнаркомым Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ хозяйствэр зэфIэгъэувэжыным теухуа унафэ къищтащ.
1912 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Теунэ Хьэчим.
1942 гъэм къалъхуащ генерал-лейтенант, Абхъаз Республикэм зыхъумэжыныгъэмкIэ и министру щыта, Абхъазым и ЛIыхъужь Сосналы СулътIан.
|