|
|
Календарь событий
22 апреля 2026
22 апреля, 2026 - 16:26
Мэлыжьыхьым и 27- 29 махуэхэм ЩIалэгъуалэм я унэм щекIуэкIынущ «ФIагъым и лъагапIэ - 2026» фIэщыгъэр зиIэ, III щIыналъэ зэхуаку конференцэр. Абы хэтынущ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм, Москва, Красноярск, Къэзан, Уфа, Челябинск, Екатеринбург, Новосибирск, Урысейм и нэгъуэщI къалэхэми щыщ медицинэ IэщIагъэлI пажэхэр.
22 апреля, 2026 - 16:00
КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Ди зэкъуэтыныгъэрщ ди къарур» концертыр, УФ-м и Президент Путин Владимир 2026 гъэр Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу зэригъэувам теухуауэ щытар.
22 апреля, 2026 - 15:02
Аруан районым щыIэ Мэкъумэш-промышленнэ колледжым и общежитыр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ «Профессионалитет» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. Илъэс 20-м щIигъуащ апхуэдэ лэжьыгъэхэр абы зэрыщрамыгъэкIуэкIрэ. Иджы общежитым теплъэ дахэ иратащ, сыт и лъэныкъуэкIи зэпэщ хъуащ.
Студенту 180-м хуэщIа а ухуэныгъэм и унащхьэр, бжэ-щхьэгъубжэхэр, инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкIащ, пэшхэмрэ пырхъуэхэмрэ Iэхуитлъэхуит ящIащ, зыгъэпсэхупIэ плIанэпэхэр къыщызэрагъэпэщащ.
22 апреля, 2026 - 12:48
Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыунэхуауэ щыта цIыхубз зэщIэхъееныгъэм и тхыдэр щыхъумащ КъБР-м и къэрал архивми республикэм и Лъэпкъ музейми. Абыхэм къыщыгъэлъэгъуэжащ 1900 гъэм къыщыщIэдзауэ 1960 гъэ пщIондэ мэкъумэшым, промышленностым, щIэныгъэм, щэнхабзэм, нэгъуэщI IэнатIэхэми республикэм и бзылъхугъэхэм щызэфIагъэкIыу щыта лэжьыгъэ мытыншхэр. Абыхэм щыхьэт техъуэ дэфтэрхэри, сурэтхэри, тхылъхэри щыIэщ.
22 апреля, 2026 - 12:47
Лъэпкъ библиотекэм и щIыбагъым къыдэт жыг хадэм щызолъагъу мыпхуэдэу: къуаргъхэм жыгым къыпыщэща шыкIуртIымхэр пэкIэ къащтэри яжьэдэлъу заIэт, лъагэу долъэтейри, шыкIуртIымыр кърадзых, щIым хьэлъэу техуа иужьи, ар зэгуоуд. Асыхьэту, къуаргъыр къридзыхыу зэгуиудам къыбгъэдолъэтэжри, зи купщIэр хуит хуэхъуар ешх… Къуаргъхэм ящIэ шыкIуртIымыр, дэр лъагэу пIэтрэ къебдзыхмэ, асфальтым техуа нэужь зэрызэгуэудынур…
Къуаргъыр зэрыгубзыгъэр, куэдрэ зэрыпсэур жаIэу зэхыбох. АтIэ сыту пIэрэ ар бзууэ щыIэм нэхърэ нэхъ акъылыфIэу щIабжыр?
22 апреля, 2026 - 12:29
ЦIыхумрэ псэущхьэмрэ ныбжьэгъу пэж зэхуохъуф. Егъэлеяуэ зейм хуэпэжхэм ящыщщ хьэхэр. Унагъуэхьэхэр, щакIуэхьэхэр, мэлыхъуэхьэхэр… - езыхэм загъэлIэфынущ цIыхур ямыгъэщIэхъун щхьэкIэ. ЦIыхумрэ хьэмрэ я зэхуаку дэлъ пэжагъым теухуа тхыгъэхэр хэтщ адыгэ литературэм. Балигъри дихьэхрэ сабийми гъэщIэгъуэн щохъу ГЪУБЖОКЪУЭ Лиуан и «Къапхъэнрэ Борэнрэ» рассказыр. Ар хахуагъэ къызэрымыкIуэ къызыкъуэзыхыфа, мэл хъушэр дыгъужьым щызыхъума, сымаджэ хьэлъэри къезыгъэла хьэхэм - Къапхъэнрэ Борэнрэ - ятеухуащ. Езы тхыгъэм дыкъевгъаджэ.
ГЪУЭТ Синэ
22 апреля, 2026 - 12:22
Хэку зауэшхуэм СССР-м ТекIуэныгъэр къызэрыщихьрэ мы гъэм илъэс 81-рэ ирокъу. А зауэм лъэпкъым къытридза дыркъуэр нобэми кIыжакъым. Абы къыхэкIыу, къытебгъэзэжурэ а Iуэхугъуэм утепсэлъыхьми, зэи лей хъунукъым. Апхуэдэу, Жыращ Михаил и къуэрылъху-пхъурылъхухэм ягу къагъэкIыж я адэшхуэм теухуа хъыбарыр.
22 апреля, 2026 - 12:20
НэхъыжьыфI зиIэ нэхъыщIэфIи иIэщ.
22 апреля, 2026 - 12:15
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ щIэиным (тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ я фэеплъхэм) щыщхэм ятеухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 13-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
22 апреля, 2026 - 12:11
Хьэршым къикIыжа нэужь, илъэс зэкIэлъыпыткIэ Гагариныр хамэ къэрал куэдым я правительствэхэмрэ жылагъуэ IуэхущIапIэхэмрэ ирагъэблагъэурэ къэрал 26-м щыIауэ щытащ. Абыхэм яхэтащ Европэм, Азием, Африкэм, Америкэм я къэралхэр.
22 апреля, 2026 - 12:05
Налшык къалэм дэт Мэжджыт нэхъыщхьэм хьэжыщI гъуэгуанэм зэрызыхуэгъэхьэзырын хуейм теухуа Iуэхугъуэхэр къыщаIэт зэIущIэ иджыблагъэ щекIуэкIащ.
Ар къыщызэIуахым, къызэхуэсахэм фIэхъус гуапэкIэ захуигъэзащ КъБР-м и муфтийм и къуэдзэ Сыжажэ Алим. Абы къыхигъэщащ узыншагъэм Iэмал къритрэ гъуэгум текIуэдэну мылъкур бгъэдэлъыххэмэ, хьэж щIыныр дэтхэнэ зы муслъымэнми и къалэну зэрыщытыр.
22 апреля, 2026 - 12:04
Мэлыжьыхьым и 22, бэрэжьей
♦ЩIы-анэм и дунейпсо махуэщ
♦1886 гъэм къалъхуащ бзэщIэныгъэлI, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Елбэд Хьэсэн.
♦1942 гъэм къалъхуащ химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, РАЕН-мрэ ЩIДАА-мрэ я академик МэкIэтIей Абдулыхь.
|