|
|
Календарь событий
20 апреля 2026
20 апреля, 2026 - 17:00
Адыгэ Республикэм къуэкIыпIэмкIэ узэрихьэу, япэу узыIущIэ къуажэхэм ящыщщ Куэшхьэблэр. Абы ипщэкIэ къедза жылэ нэхъ цIыкIущ Блашэпсынэ (Лашэпсынэ) жыхуаIэр. Абы и къэунэхукIэ хъуам ехьэлIауэ лъахэджхэм ятхыжам мащIэу дытепсэлъыхьынщ. КъуажитIым я зэхуаку километр 11,6-рэ дэлъщ. ТIури ящыщщ мы Iэхэлъахэм къэбэрдей адыгэхэм къыщызэрагъэпэщауэ щытахэм.
Блашэпсынэр Адыгэ Республикэм и Куэшхьэблэ щIыналъэм пхрыж Щэхъурадж псы цIыкIум и ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ Iусщ.
20 апреля, 2026 - 16:33
КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министрым и къуэдзэ Щхьэгъэпсо Аслъэнбий яIущIащ Урыс географие зэгухьэныгъэм и ГъэзэщIакIуэ дирекцэм щIалэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ и департаментым и унафэщIым и къуэдзэ Кабановэ Дарье, РГО-м и къудамэу КъБР-м щыIэм и ЩIалэгъуалэ центрым и унафэщI Мокаев Тенгиз, КъегъэлакIуэхэм я Урысей зэгухьэныгъэм хэт Наурзокъуэ Назир сымэ.
20 апреля, 2026 - 16:21
КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм, Правительствэм, Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я унафэр зезыгъакIуэ управленэм я лэжьакIуэхэр мэлыжьыхьым и 18-м екIуэкIа республикэпсо щэбэт щIыхьэхум хэтащ.
20 апреля, 2026 - 16:20
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек «ЩIэныгъэ» Урысей зэгухьэныгъэм и лэжьакIуэхэм ехъуэхъуащ ар «къызэрагъэщIэрэщIэжрэ» илъэситху зэрырикъуамкIэ.
20 апреля, 2026 - 16:00
Дыгъэр зэпымыууэ къауфэрэзыхь планетэхэм, абыхэм къадекIуэкI спутникхэм. Къаруушхуэ щIэлъщ абы и нурым.
20 апреля, 2026 - 15:43
КъБР-м и Iэтащхьэм и администрацэмрэ «Эльбрус» корпоратив университетымрэ зэгъусэу къызэрагъэпэща «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЛIыхъужьхэр» щIэныгъэ программэм и къалэн нэхъыщхьэр дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм, СВО-м и ветеранхэм IэщIагъэ егъэгъуэтынырщ, унафэщI къулыкъум хуэгъэхьэзырынырщ. 2025 гъэм и пэщIэдзэм ирагъэжьа а Iуэхур илъэсым и кIуэцIкIэ ехъулIэныгъэхэр иIэу ирагъэкIуэкIащ.
20 апреля, 2026 - 15:25
Тэрч щIыналъэм и Хьэмидей къуажэм Къудеймрэ Бориймрэ я цIэхэр зезыхьэ и уэрамхэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжын щIадзащ. Псори зэхэту абыхэм километри 4,9-рэ я кIыхьагъщ.
Мы зэманым ирихьэлIэу гъуэгу щхьэфэхэр тратхъунщIыкIащ, лъабжьэхэр зэрагъэбыдэну пшахъуэ, мывэкIэщхъ сыт хуэдэхэр ирикъуу кърашэлIащ.
АдэкIэ, асфальтыщIэ тралъхьэжынущ, псы жапIэхэр хуащIынущ, лъэс лъагъуэхэр щаукъуэдиинущ, иджырей уэздыгъэхэр щыпадзэнущ, гъуэгу дамыгъэхэр щагъэувынущ, къыщыхагъэщхьэхукIынущ.
20 апреля, 2026 - 14:42
КъБКъУ-м и Медицинэ академием и лэжьакIуэ, Общэ хирургиемкIэ кафедрэм и доцент, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, дохутыр-хирург-реабилитолог ДыщэкI (Гъуэтыж) ФатIимэт Санкт-Петербург щIэныгъэфI щызригъэгъуэтри, щалъхуа республикэм къигъэзэжащ, адэкIэ и щIэныгъэм щыхигъэхъуэну, и Iэзагъым зыщригъэужьыну, нэхъыщхьэращи, и лъахэгъухэм ядэIэпыкъуну.
20 апреля, 2026 - 11:18
Багъ Марьям и тхыгъэ кIэщIхэм Iуэхугъуэ куэд къызэщIаубыдэ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми Iущагъышхуэ ящIэлъщ. ЖыпIэнурамэ, гъэсэныгъэ-ущииныгъэ мыхьэнэ ягъэзащIэ абыхэм. ЗытеухуакIэ я гугъу пщIымэ, абыхэм къыщыгъэлъэгъуэжар гъащIэм щыщ теплъэгъуэщ. Языныкъуэхэр езым и нэгу щIэкIащ, адрейхэр къыхуаIуэтэжа хъыбарщ.
Иужьрей Iуплъэгъуэ
Пшапэр зэхэуат. Уэшхыр къежэхырт.
20 апреля, 2026 - 11:12
Мэлыжьыхьым и 20, блыщхьэ
Урысейм щагъэлъапIэ Лъы зытым и махуэр
1937 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Прохладнэ станицэр къалэ хъуащ.
1925 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI Сындыку Тобий (Анатолэ).
1932 гъэм къалъхуащ режиссёр, УФ-ми КъБР-ми гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтыр зрата Теувэж СулътIан.
1933 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист НэщIэпыджэ Ибрэхьим.
20 апреля, 2026 - 10:30
«Еуэри, зы франджырэ зы урысрэ Сербием щызэхуэзат», - гушыIэрейхэм апхуэдэу ирашажьэ зи гугъу тщIы зэхьэзэхуэм и хъыбарыр.
|