Календарь событий

12 апреля 2026

«Iуащхьэмахуэ и щыгу щагъэзащIэ къафэхэр»

КъБР-м и Музыкэ Къэрал театрым мэлыжьыхьым и 9-м къыщызэIуахащ «Iуащхьэма­хуэ и щыгу щагъэзащIэ къа­фэхэр» лъэпкъхэм зэдай Iуэ­рыIуатэ фестивалыр. 

Вагъуэхэм пхылъэтри…

 Илъэс 65-рэ ипэкIэ, 1961 гъэм и  гъатхэм,  дунейм къыщыхъуауэ щытам, цIыхур япэу ­хьэршым зэрылъэтам, мыхьэнэшхуэ щиIащ жылагъуэм. Зэи къэмыхъуауэ, ЩIым илъэтыкIщ, ва­гъуэхэм пхылъэтри, цIыхур нэсыфат хьэрш жыжьэм. Тхы­дэр IыхьитIу игуэшауэ щытащ а къэхъукъащIэм. Дуней псом зэуэзэпсэу щызэлъащIысат ­хьэршым кIуэ гъуэгур япэу пхызышауэ щыта Гагарин Юрий и цIэр. 

Уэрэдыр зи дамэ, зи дуней телъыджэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым, адыгэхэр щыпсэу нэгъуэщI щIыпIэ­хэм щыцIэрыIуэ, цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа, пщIэрэ щIэупщIэрэ зиIэ уэрэджыIакIуэ, Урысейм ис лъэпкъхэм я Артиадэмрэ гъуазджэхэмкIэ «Сочэ-2013» дунейпсо зэпеуэмрэ я лауреат Аслъэн Iэсият нобэ и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирокъу.

Гъуэгу захуэ тету къежьахэт...

2026 гъэм мазаем и 1-м щегъэжьауэ Урысейм щагъэлъагъуэ ВГТРК-м (Россия-1) и ­журналист Медведев Андрей къыдигъэкIа «Предательство» документальнэ фильмыр. Ар топсэлъыхь терро­ризм, экстремизм IуэхухэмкIэ ягъэтIыса-хэм, зи Хэку епцIыжахэм. Мы зэманым тезырыр зып­шынхэм езыхэм къаIуэтэж я гъащIэр къызэрекIуэкIар.