Календарь событий

07 апреля 2026

УиIэм фIы хэплъагъуэмэщ насыпыр

ЕджапIэ ехьэжьар къэзыуха, ехъулIэныгъэхэр зиIэ, IэнатIэхэм щехъулIэ гуп зэрыIыгъ я егъэджаIуэ профессорым деж хьэщIапIэ кIуащ. Уэршэру здэщысым лэжьыгъэ IэнатIэ Iуэхум нэсахэщ: еджапIэр къэзыухахэр тхьэусыхэрт гъащIэ гугъуехь куэдым зэрыIууэм къыхэкIыу.
И хьэщIэхэм кофе яхуигъэвэну мурад ищIри, профессорыр пщэфIапIэм кIуащ, кофе зэрыт шейнычымрэ стэкан зэмылIэужьыгъуэхэмрэ къахутригъэуващ Iэнэм: фарфорым, абджым, пластикым, хрусталым къыхэщIыкIат стэканхэр. НэгъуэщIу жыпIэмэ, языныкъуэхэр къызэрыгуэкIт, адрейхэр лъапIэт.

Артист гъуэзэджэхэм я фэеплъу

УФ-м и цIыхубэ артист, театрымрэ киномрэ я актёр ТIыхъужь Алийрэ (I9I7-I995 гъгъ.) УФ-м и цIыхубэ артисткэ ДыщэкI КIунэрэ (1917 - 2003 гъгъ.) я цIэкIэ илъэс къэс къызэрагъэпэщ фестивалым КъБР-м и Музыкэ театрым щыпащащ. Хабзэ зэрыхъуауэ, ар Ауанымрэ гушыIэмрэ я махуэм ирагъэхьэлIащ.
Пшыхьыр ирагъэкIуэкIащ республикэм и артистхэу Мизиев Аубэчыррэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ. Зэхуэсахэм ягу къагъэкIыжащ ТIыхъужь Алийрэ ДыщэкI КIунэрэ я гъащIэмрэ гуащIэмрэ щыщхэр.

АдыгэлI хашэркъым

Сыт хуэдэ гъэунэхуныгъэми и пщIэр иIыгъыжу пхыкIыфхэрт адыгэ лъэпкъыр ижь-ижьыж лъандэрэ зэрыгушхуэу, уэрэд зыхуаусу къекIуэкIар. Апхуэдэ лIыхъужьхэр ди зэманым нэхъ ипэкIи куэду щыIащ, IуэрыIуатэуи абыхэм я хъыбархэр ди деж къахьэсащ. Ахэм щIэблэр щыгъэгъуэзэным, шэч хэмылъу, мыхьэнэшхуэ иIэщ. Тхыдэм укъызыхэкIа лъэпкъым нэхъри пэгъунэгъу ухуещI, абы къыхэкIыуи нобэ лIыхъужь зыбжанэ дигу къыдогъэкIыж.  

Бзылъхугъэ гуащIафIэ

Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэми хабзэу къекIуэкIащ зауэ губгъуэм ит сэлэтхэм сыт и лъэныкъуэкIи защIэгъэкъуэныр, зыхуэныкъуэхэр – лъэпэд, щыгъын хуабэ – яхуегъэшэныр, зыпэрыт мафIэм псэууэ къыхэкIыжын папщIэ тегъэгушхуэныр, я гур хэгъэхъуэныр. А хабзэ дахэм ноби къыпещэ икIи къэралри цIыхубэри зэкъуэту иджырей сэлэтхэм зыщIагъакъуэ. Абы и щапхъэ дахэу къэпхь хъуну куэд исщ ди республикэм.

Илъэсищ лэжьыгъэм хоплъэж

«Хэкум и хъумакIуэхэр» Къэрал фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Дадэ МуIэед хэтащ КъБР-м илъ Iуэхухэр гъэбелджылынымкIэ и центрым (ЦУР) и «эфир занщIэм». ХьэщIэр тепсэлъыхьащ УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэкIэ илъэсищ ипэкIэ къызэрагъэпэща фондым а пIалъэм къриубыдэу хузэфIэкIахэмрэ къапэщылъ Iуэхугъуэхэмрэ. 

НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 7, гъубж

Узыншагъэм и дунейпсо махуэщ 
Рунетыр - урысыбзэкIэ лажьэ интернетыр (Ru дамыгъэр зиIэр) - къыщызэрагъэпэща махуэщ 
Урысейм ягу къыщагъэкIыж псыщIагъырыкIуэ кхъухьым къулыкъу щызыщIэу хэкIуэдахэр 
1940 гъэм
къалъхуащ тхакIуэ, журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым, КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм я унафэщIу илъэс куэдкIэ щыта, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, АР-ми КъШР-ми щIыхь зиIэ я журналист Мэзыхьэ Борис.