|
|
Календарь событий
06 марта 2026
6 марта, 2026 - 17:48
Багъ Марьям и «Гъуэгуанэ тхыгъэхэр» тхылъым ихуащ блэкIам ухэзыгъэплъэж, нобэрей ди зэхэтыкIэр нэгум къыщIэзыгъэхьэ, къэкIуэнум фIыкIэ ухуэзыгъаплъэ хъыбар кIэщI цIыкIухэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми узыщIигъэгупсысыжу, Iущыгъэ гуэр къыхэпхыу апхуэдэщ. Ахэр зытеухуар езым, къэзыухъурехь цIыхухэм я гъащIэм къыщекIуэкIа Iуэхугъуэхэщ. Аращ удахьэхыу, псэм къехуэбылIэу щIыщытри.
ЩхьэщэмыщI Изэ.
Шыдым и хъыбар
6 марта, 2026 - 16:06
Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэ творческэ гупышхуэ хэтащ Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр Белгород областым къыщыщызэIуаха зэхыхьэм.
Белгород областым и щыхьэр Белгород къалэм махуэшхуэр концерт гукъинэжкIэ къыщызэIуахащ. Абы хэтащ езы щIыналъэми и артистхэр. ХьэщIэ лъапIэхэм ящыщт Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэу Кавказ Ищхъэрэм и щэнхабзэ курыххэр зыгъэлъэгъуахэр. Концертыр ягъэдэхащ республикэр зэрыгушхуэ, дуней псом къыщацIыхуа «Кабардинка», «Балкария» къэрал къэфакIуэ ансамблхэмрэ уэрэджыIакIуэ нэхъыфIхэмрэ.
6 марта, 2026 - 15:40
УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Багъ Мэрьям и IэдакъэщIэкIхэм, ахэр зытриухуэхэм хилъхьэ гупсысэмрэ хуабагъымрэ узыIэпашэ. «Гъуэгуанэ тхыгъэ цIыкIукIэ» узэджэ хъуну мы хъыбар кIэщIхэм уи нэгу къыщIагъэхьэж пасэрей дадэхэмрэ нанэхэмрэ я шыфэлIыфэмрэ жумартагъымрэ, цIыхум и псэм и къэбзагъымрэ зэхэтыкIэ нэсымрэ, щIыуэпсымрэ цIыхупсэмрэ зэрызэпыщIа налъэхэр. Ди гуапэу фи пащхьэ идолъхьэ апхуэдэ хъыбар зыбжанэ.
Си жэщ уэздыгъэ
6 марта, 2026 - 15:08
Налшык къалэм ведомствэм хэмыт и хъумакIуэ къудамэм и лэжьакIуэ 70 хэтащ Урысей гвардием и акцэм, «Зы гум къыбгъэдэкIыу адрейм хуэкIуэу» зыфIащам. Ар хуэгъэпсащ донор Iуэхум къэралым зыщегъэужьыным.
Республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм лъы щыхаш и станцым росгвардейцхэм лъы литр 40-м щIигъурэ абы и пкъыгъуэхэмрэ щатащ щIыналъэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм папщIэ. Акцэм ипэ къихуэу абы хэт псоми я узыншагъэр къапщытащ.
6 марта, 2026 - 13:39
Уэзрокъуэ Минарэ ятокIуэ

6 марта, 2026 - 12:26
«РИА Рейтинг» компанием иджыблагъэ зэхигъэува рейтингым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым еплIанэ увыпIэр къэралым щиубыдащ потребительскэ щIэупщIэм зэрыхэхъуам и куэдагъымкIэ (цIыхухэм хьэпшыпхэм, ерыскъым, щыгъыным, Iуэхутхьэбзэхэм, н.къ. трагъэкIуэдам и куэдагъымкIэ), уеблэмэ нэгъабэ щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 9-кIэ нэхъыбэщ икIи УФ-м щыщыIэ инфляцэми щхьэщыкIащ. Ар къызыхэкIар республикэм къакIуэ туристхэм я бжыгъэм къызэрыхэхъуэ зэпытырщ: абыхэм ахъшэ къыщагъанэ ди шхапIэхэм, сату щIыпIэхэм, нэгъуэщI Iуэхутхьэбзэхэми щхьэкIэ.
6 марта, 2026 - 12:02
ХХ лIэщIыгъуэм ди къэралым къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм, абы ис лъэпкъхэм ягъэва бэлыхьхэмрэ зыхэта гугъуехьхэмрэ ящыщу, щIыналъэм игъуэта зыужьыныгъэ къызэрымыкIуэхэм датемыпсэлъыхьмэ, гум къыдридзей Iуэхугъуэ хьэлъэхэм халъытэ 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэр. Дауи, гузэвэгъуэ куэдкIэ гъэнщIауэ щытащ а мафIае илъэсхэр. А лъэхъэнэ пхъашэм къриубыдауэ ноби псэр зыхэхыщIэ Iуэхугъуэт ди къэралым щыпсэу лъэпкъ куэд щалъхуа щIыналъэхэм залымыгъэкIэ ирашауэ зэрыщытар.
6 марта, 2026 - 10:43
Урыс географие зэгухьэныгъэм и «ЩIыуэпс шынагъуэншэ» проект хэхам хэтхэмрэ студентхэмрэ зэхуэзащ. Ахэр тепсэлъыхьащ щIалэгъуалэм къыщалъхуа хэкур зрагъэцIыхунымкIэ щыIэ Iэмалхэм, бгыхэм шынагъуэншэу къызэрыщыпкIухьынум, нэгъуэщIхэми.
6 марта, 2026 - 07:46
Гъатхэпэм и 6, мэрем
Дзэ дохутырым и дунейпсо махуэщ
Глаукомэ узыфэм ебэныным и дунейпсо махуэщ
1929 гъэм къалъхуащ абхъаз тхакIуэ, СССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Искандер Фазиль.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм къешх-къесу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 5 - 6, жэщым градус 0 - 2 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
ЦIыху акъылыншэрэ мафIэншэ джэгурэ.
|