|
|
Календарь событий
15 февраля 2026
15 февраля, 2026 - 11:18
УсакIуэшхуэ Пушкин Александр и фэеплъ махуэм и щIыхькIэ, Налшык дэт библиотекэхэм щекIуэкIащ ар щагъэлъэпIа Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр: пшыхьхэр, зэIущIэхэр, тхылъеджэхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, театр теплъэгъуэхэр, литературэ зэпеуэхэр.
15 февраля, 2026 - 11:18
2025 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым, зэкIэ къызэрабжамкIэ, пхъэщхьэмыщхьэрэ хадэхэкI консерву мелуан 357-рэ щытраIуэнтIащ. Абы ипэ ита илъэсым щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 0,7-кIэ нэхъыбэщ ар, къитащ иджыблагъэ Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм.
15 февраля, 2026 - 10:41
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и саугъэтхэр илъэс бжыгъэ хъуауэ хуагъэфащэ щIэныгъэм и унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къэхутэныгъэхэр щезыгъэкIуэкI ныбжьыщIэхэм.
15 февраля, 2026 - 09:58
Рязань къалэм щхьэзакъуэ зэзауэхэмкIэ и академием щекIуэкIащ УФ-м тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 59-м я спортсмену, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 800-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 15-17 хъухэу.
15 февраля, 2026 - 09:00
«Спартак-Налшыкым» зи чэзу текIуэныгъэр къыщихьащ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ лигэм и «Б» дивизионым и Япэ гупым щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм зыхуигъэхьэзыру. Иджы абы хигъэщIащ Владимир областым къикIа «Муром»-р.
|