|
|
Календарь событий
14 февраля 2026
14 февраля, 2026 - 17:09
Илъэс къэс мазаем и 15-м Урысейм щагъэлъапIэ НэгъуэщI къэралхэм къулыкъу щезыхьэкIа зауэлIхэм я фэеплъ махуэр. Нобэ илъэс 37-рэ ирокъу абы щхьэусыгъуэ хуэхъуа Iуэхугъуэу 1989 гъэм Совет Союзым и дзэхэр Афганистаным кърашыжауэ зэрыщытар.
14 февраля, 2026 - 13:11
Къэбэрдей-Балъкъэрым дызэрыт илъэсым агротехнологие классыщIэу 10 къыщызэрагъэпэщынущ школакIуэхэм папщIэ.
14 февраля, 2026 - 12:26
Мазаем и 11-м ягъэлъапIэ щIэныгъэм хэт цIыхубзхэм я дунейпсо махуэр. Математикэм, физикэм, химием, астрономием, космонавтикэм гъуазджэм, литературэм – гъащIэм и лъэныкъуэ псоми - хэлъхьэныгъэ къызэрымыкIуэхэр хуащIащ, дуней псом я щIэныгъэкIэ зыщагъэIуащ бзылъхугъэ куэдым. Нобэ дытепсэлъыхьыну дыхуейщ космосым ехьэлIа къэхутэныгъэхэр езыгъэкIуэкIа Ащхъуэт Людмилэ.
14 февраля, 2026 - 11:18
Нобэ илъэс 75-рэ ирокъу Атэлыкъ Анатолэ къызэралъхурэ. Абы фэеплъ псалъэ хужаIэ дэлэжьа, КъБР-м и Парламентым и депутату щытахэу Дадэ Суфэдин, Бэлахъуэ Олег, Махуэ Владимир, Къардэн Мурадин сымэ.
14 февраля, 2026 - 11:00
Урысейм щыяпэу ди республикэм щызэхэтащ социальнэ архитектурэм, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ Iуэхухэр щIэм тету зэтеухуэным, мурадышхуэхэм хуэгъэпса щIыналъэ сессиер. Абы кърихьэлIахэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек икIи а жэрдэмыр къадэзыIыгъа псоми фIыщIэ яхуищIащ.
14 февраля, 2026 - 10:01
Иджыпсту мыхьэнэшхуэ иIэщ лIыхъужьхэм я лIыгъэр щIэблэм я гум имыхуу, пщIэ хуащIу къэгъэхъуным. Абы зы лъэныкъуэкIэ елъытащ къэралым и къэкIуэнур.
14 февраля, 2026 - 09:58
«ГъащIэ кIыхь икIи жыджэр» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу республикэм и медицинэ уэхущIапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжыным, щIэуэ ухуэным теухуауэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкI.
|