Календарь событий

08 февраля 2026

ЗэгурыIуэны­гъэм и лъабжьэ быдэ

Ди республикэм ис щIалэгъуалэ хэ­купсэхэм зыкъыкIэрагъэхур­къы­м къэралым щекIуэкI Iуэху­гъуэ нэхъыщхьэхэм. Дыгъуасэ Налшык къалэ дэт ЩIалэгъуалэм я унэм Iэтауэ къыщызэIуахащ Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр. Мы Iуэхур къы­хэзылъхьа, УФ-м и Президент Путин Владимир и гупсысэхэр, еп­лъ­ы­кIэхэр, IуэхущIафэхэр дэ­зы­Iыгъ щIыналъэм и щIалэгъуалэр, жылагъуэ лэжьаIуэхэр, лъэпкъ-щэнхабзэ зэгухьэныгъэхэм я лIыIуэхэр зэхуишэсат зэхыхьэм. 

Псэр тыншыжри, гуапагъэр къэушащ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым иджы­благъэ утыку кърихьащ Эдуардо де Филиппэ и пьесэм къытращIыкIа «Филуменэ Мартуранэ» спектаклыр. 

Щэхур нахуэ мэхъу

Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм, ­КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм къэлъыхъуэныгъэхэр ирагъэкIуэкIыу къызэпаудащ илъэс 24-рэ зи ныбжь, республикэм и Лэскэн районым щыпсэу щIалэм илэжь щIэпхъаджагъэр. Ар пыщIат маркировкэхэр зы­темылъ фадэхэкIхэр хабзэншагъэкIэ гъэхьэ­зы­рыным, зыIэрыгъэхьэным, хъумэным икIи  иригъэ­кIын мурадкIи гъэIэпхъуэным.