|
|
Календарь событий
04 февраля 2026
4 февраля, 2026 - 12:35
2025 гъэм и дыгъэгъазэм къриубыдэу Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм ящыщу ипотекэкIэ фэтэр нэхъыбэ къыщызыщэхуахэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр яхэтщ.
4 февраля, 2026 - 11:59
«ТАСС Кавказ» щIыналъэ хъыбарегъащIэ агентствэм иджыблагъэ щекIуэкIа пресс-конференцым хэтащ «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысейпсо зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и унафэщI Шыпш Аслъэн.
4 февраля, 2026 - 11:57
НиплI, тхьэкIумиплI! И жьэр зэтрихмэ – мафIаер къыжьэдокI! И тхьэкIумэхэм плIащIэу зэхах! И нэхэр плIащIэу жанщ! Тхьэуэ щыIэм я лейщ, лъэщщ, инщ.
4 февраля, 2026 - 11:43
Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм щеджэ и пэшышхуэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ IуэхущIапIэр къызэрызэIуахрэ илъэси 105-рэ зэрырикъур. Арат зытраухуар «Дызэрыгушхуэни тхъумэни диIэщ» зэхыхьэ гуапэр.
ЗэIущIэм зыкърагъэхьэлIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм, КъБР-м и Парламентымрэ Правительствэмрэ я лэжьакIуэхэм, министерствэ щхьэхуэхэм, библиотекэм пыщIэныгъэ хузиIэ IуэхущIапIэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэм, щэнхабзэм, гъуазджэм, егъэджэныгъэм, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм пэрытхэм.
4 февраля, 2026 - 11:41
Хъуэжэ и хъыбархэр удэзыхьэхыу, гукъыдэжыр къэзыIэту, ауан мащIэ зыщIэлъ Iуэхугъуэхэу хэтщ IуэрыIуатэм. Уи гум ибубыдэну тыншщ хъыбархэр, цIыхухэм яфIэфIщ, зы Iуэхугъуэ гуэр я щхьэ кърикIуамэ е гупсысэ къызэрымыкIуэ гуэр къаIуатэмэ, «Хъуэжэ нэхъей» жаIэ. Хъуэжэ и хъыбар «пIаскIуэхэр» зэм щапхъэ екIуу къыбохь, зэм укъагъэуIэбжь, зэм гушыIэ дахэщи, уи гум къонэ, зэми щIагъыбзэу щIэлъыр уогъэщIагъуэ. Хъуэжэ къыпекIуэкIыкIэ ищIэу, хьилагъи хэлъу, хэлъэт къылъыкъуэкIыу щыболъагъу абы и хъыбархэм.
4 февраля, 2026 - 11:39
МылIэжыныпсэ зыIут щыIэкъым, ауэ цIыхум ифI зыхэлъыр и гуащIэ къыдэкIыу дунейм тетар мылIа пэлъытэу ябж, абы и лъэужьыр кIуэдыжыркъым, бгъэдэлъ фIыщIэри кIуэщIыжыркъым. И Iуэхурэ и псалъэрэ зэблэмыкIыу, и IэщIагъэрэ и щIэныгъэрэ цIыхубэм ещхьэпэу псэуам и цIэр уахътыншэ мыхъункIэ Iэмал иIэкъым. Апхуэдэ зыгуэрщ «щIым лIаи щIэлъщ, псэуи щIэлъщ» щыжаIар. Мы тхыгъэр зытеухуа, «Урысей Федерацэм цIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и отличник» цIэр зыхуагъэфэщауэ щыта Жылау Нурбий иужьрейхэм ящыщщ.
4 февраля, 2026 - 11:37
Лышх узыфэм пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ
Лышхыр гъэхъужыгъуей узыфэ шынагъуэщ. Ауэ и чэзум къахута дэтхэнэ зы узыфэми хуэдэу, пасэу къапщIэмэ, куэдкIэ нэхъ тыншу пхуэгъэхъужынущ ар зэуэлIар, абы и Iэпкълъэпкъым зыщиубгъуным хунэмысу къыпхузэтегъэувыIэнущ.
4 февраля, 2026 - 10:54
Мазаем и 4, бэрэжьей
♦Лышх узыфэм пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ
♦1932 гъэм къалъхуащ журналист, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Белгъэрокъуэ Евгение.
♦1939 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мэлбахъуэ Елбэрд.
Дунейм и щытыкIэнур
|