|
|
Календарь событий
02 февраля 2026
2 февраля, 2026 - 16:42
Мазаем и 2, блыщхьэ
Псы-псыпцIэ щIыпIэхэм я дунейпсо махуэщ
Урысейм и Дзэ щIыхьым и махуэщ
1943 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым унафэ ищIащ «Хэку зауэшхуэм партизану хэтам» и медалыр, япэ, етIуанэ нагъыщэхэр зиIэр, къащтэну.
1892 гъэм къалъхуащ хамэ къэралыр псэупIэ зыхуэхъуа ди лъэпкъэгъухэм ящыщ, Кавказыр джыным елэжьа профессор, «Шэрджэсхэр къызытекIар» тхылъыр зи IэдакъэщIэкI Нэмитокъуэ Айтэч.
2 февраля, 2026 - 15:00
Ди щIыналъэм щыщ щIалэхэм Хэку зауэшхуэм щызэрахьа лIыхъужьыгъэм теухуащ Щхьэлыкъуэ къуажэм щыщ, егъэджакIуэу илъэс куэдкIэ лэжьа Коммодов Геннадий и тхыгъэр.
«I94I гъэм мэкъуауэгъуэам и 23-м, зауэм и етIуанэ махуэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщIадзащ дзэм кIуэнухэр ягъэхьэзыру. 175-нэ фочауэ дивизэр къызэрагъэпэщри, абы хыхьащ цIыху миний. Зауэм хуагъэхьэзырахэр щызэбграшыну щIыпIэм бадзэуэгъуэм и 4-м зэIущIэ щекIуэкIащ. Дивизэр Киев лъэныкъуэмкIэ кIуэну ирагъажьэрт.
2 февраля, 2026 - 15:00
IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым пэрыкIауэ, хэкум и щIыхьыр яхъумэу нобэ губгъуэм ит сэлэтхэм я бжыгъэр инщ. Абыхэм япэ ирагъэщащ къыщалъхуа лъахэр хъумэныр, щыпсэу къэралым ифI зыхэлъ Iуэхухэр дэIыгъыныр, бийр къэмыблэгъэн папщIэ, пэщIэтыныр. Апхуэдэхэм яхэтщ ди лэжьэгъу, журналист Iэзэ Жыласэ Замир. Ар 2006 гъэм щыщIэдзауэ «Адыгэ псалъэ» газетым щолажьэ.
2 февраля, 2026 - 13:36
Сабиигъуэр дэтхэнэ цIыхуми гукъинэ щыхъу лъэхъэнэщ. Ар зэрыщытыр Iуэхугъуэ куэдым епхащ, атIэми нэхъыщхьэр зэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ, хабзэрэ нэмысрэ зэрылъ унагъуэм ущыщынырщ. Сабиигъуэ насыпыфIэр – ар фIыщэу укъэзылъагъу анэ гумащIэ ущиIэм и закъуэм дежкъым (дауи, ар фIыгъуэшхуэщ) - абы и гъусэн хуейщ сыт щыгъуи щIэгъэкъуэн, чэнджэщэгъу, гъуэгугъэлъагъуэ къыпхуэхъуфын адэ щыпкъи. Апхуэдэ адэхэм ящыщт ди папэ. Ар нобэ илъэс 90 ирикъунут, диIэжамэ…
2 февраля, 2026 - 13:00
ЦIыхуфIхэми цIыху Iейхэми затхьэщI. Сабынращи, и мэмрэ и фэмрэ защумыгъэнщIурэ, пIэщIоухэри, уи Iэгур нэщIу къегъанэ. ИтIани, къабзагъэр цIыху зызыужьам и гъащIэм къыпхухэмыхыжын Iыхьэу хэтщ. Псым укъыфIэкIмэ, сабыным хуэдэу куэдрэ дызыхуэзэ «ныбжьэгъуи» диIэ къыщIэкIынкъым.
ЦIыху къызэрыгуэкIыр сабыным зитхьэщIыху еIусэмэ, сабыныщIыр абы зэи пэIэщIэ хъуркъым. Нобэ дызытепсэлъыхьынур Ливие къэралым и къалащхьэ Триполи щыпсэу адыгэ сабыныщI унагъуэщ. Ебгъуанэ ныбжь лъэхъэнэм нэсауэ, мыбыхэм къыщIагъэкI езыхэм я унэцIэр зезыхьэ «Шэркэс» сабыныр.
2 февраля, 2026 - 12:55
«КъБР-м и щэнхабзэ» щIыналъэ программэм ипкъ иткIэ 2026 гъэм Бахъсэн районым лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкIынущ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъищ зэгъэпэщыжыным, абыхэм якIэлъыIэбэным хуэунэтIауэ.
ПэхуэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, абы хиубыдэнущ 910-нэ лъагапIэм щыIэ фэеплъыр. ЛэжьакIуэхэм ар къагъэщIэрэщIэжынущ икIи ихъуреягъкIэ щIыпIэр зэIузэпэщ ящIынущ, иужькIи, бзаджащIэхэм щахъумэу, видеокамерэхэр щагъэувынущ.
2 февраля, 2026 - 12:26
Дзэ Iуэху хэхам зэрыщIидзэрэ УФ-м и Соцфондым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм дэIэпыкъуныгъэ зэхуэмыдэхэр яригъэгъуэт зэпытщ СВО-м щыIэхэм, ветеранхэм, абыхэм я унагъуэхэм. Ахэр пенсэ, социальнэ, медицинэ, санаторэ, курорт, нэгъуэщIхэми пыщIа Iуэхугъуэхэрщ.
Къыхэдгъэщынщи, дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм я пенсэхэр къызэрабж, ахэр зэрыхуагъэув щIыкIэр адрейхэм яйм къыщхьэщокI. Псалъэм къыдэкIуэу, цIыхур СВО-м зэрыщыIэ илъэсыр абы и страховой стажым илъэситIу хагъэхьэ, пенсэ коэффициентри хуэдитIкIэ хуагъэбагъуэ: 1,8 коэффициентым и пIэкIэ ар 3,6-рэ хуащI.
2 февраля, 2026 - 11:18
Кавказ Ищхъэрэм дзюдомкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Грознэ къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ КИФЩI-м и щIыналъэхэм я спортсмену 520-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс I8-м щIимыгъуауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу зэхьэзэхуэм щыIащ бэнакIуэ 75-рэ: 65-р щIалэу, I0-р хъыджэбзу икIи медалибгъу абы къыщахьащ.
Килограмм 70-м щIигъу зи хьэлъагъхэм я деж япэ увыпIэр щиубыдащ Щад Дилианэ. Шыгъэлыгъуэ Аскэр дыжьын медаль къыщихьащ килограмм 55-рэ зи хьэлъагъ гупым я деж.
2 февраля, 2026 - 10:33
Новгород Ищхъэрэ областым и Кстовэ къалэм щекIуэкIащ УФ-м самбэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 45-м икIа цIыху 500-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 24-м щIимыгъуауэ.
Зэхьэзэхуэм щыIащ Бахъсэн къалэм Щауэ Iэхьед и цIэр зезыхьэ и спорт еджапIэм и гъэсэнхэр икIи хъарзынэу абы зыкъыщагъэлъэгъуащ.
Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм ЗэкIурей Къаплъэнрэ (кг 64-рэ) Аргъэщокъуэ Ренатрэ (кг 79-рэ) етIуанэ увыпIэхэр къыщахьащ. Сонэ Инал килограмм 71-рэ зи хьэлъагъ гупым я деж ещанэ щыхъуащ.
|