Календарь событий

01 февраля 2026

ЩIыналъэ МФЦ-р нэхъыфIхэм ящыщщ

Мы махуэхэм Москва щекIуэкIащ Къэрал Iуэхутхьэбзэхэр цIыхухэм яхуэзыщIэ центрхэм я XI урысейпсо форум. Абы зэхуишэсащ къэрал, щIыналъэ унафэщIхэр, «Мои документы» Iуэхутхьэбзэ зэмылIэужьыгъуэхэр щыхуащIэ IэнатIэм и IэщIагъэлIхэр, бжыгъэрылъанэ IэмалхэмкIэ экспертхэр. Форумым и къызэгъэпэщакIуэщ Урысейм Экономикэ зыужьы­ныгъэмкIэ и министерствэмрэ Москва къалэм и Правительс­т­вэмрэ. ЗэIущIэм и модератору щытащ УФ-м экономикэ зыу­жьыныгъэмкIэ и министр Решетников Максим. 

ЛIыхъужьыгъэм и махуэ 200

Апхуэдиз жэщ-махуэкIэ яхъумащ Сталинград къалэр, зауэ нэхъ гущIэгъуншэ дыдэ щекIуэкIа щIыпIэу тхыдэм къыхэнар. Ар  яхъумэу хэкIуэдат е уIэгъэ хъуат совет зауэлIрэ офи­церу мелуаным щIигъу. Бийм я хэщIыныгъэр цIыху мелуанрэ ныкъуэм нэблагъэрт. Хэку зауэшхуэр зэ­рыщIидзэрэ япэу Германием абы иужькIэщ лъэпкъ щы­гъуэ къыщыхилъхьар…
 

Дызэрыгушхуэни тхъумэни диIэщ

Библиотекэм щеджэ и пэ­шышхуэм дыгъуасэ щагъэ­лъэпIащ IуэхущIапIэр къызэ­рызэIуахрэ илъэси 105-рэ зэрырикъур. Арат зытраухуар «Дызэрыгушхуэни тхъумэни диIэщ» зэхыхьэ гуапэр.