Спорт

СПОРТ ХЪЫБАРХЭР

Тхэквондо

Бразилием и пIэкIэ - Башкирием

Бадзэуэгъуэм 23-м щыщIэдзауэ шыщхьэуIум и 2 пщIондэ, Урысейм и мызакъуэу, хамэ къэрал спортсменхэри хэту, Башкирием щекIуэкIынущ зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм я сурдолимпиадэ.

Джэдгъэф Чэмал домбеякъ медалыр къехь

Шахматхэр
Джэдгъэф Чэмал домбеякъ медалыр къехь

Ди щIалиплIри хуэмыхуакъым

«Сумотори Кубани-2023» фIэщыгъэцIэм щIэту Новороссийск урысейпсо зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. Мыбы хэтащ щIыналъи 7-м къикIауэ спортсмени 100-м щIигъу.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и спорт щIыхьыр зыхъумахэр 4 хъурти, ехъулIэныгъэ зимыIа къыхэкIакъым. Килограмм 55-рэ зи хьэлъагъхэм я деж япэ увыпIэр щиубыдри, дыщэ медалыр къихьащ Мэлбахъуэ Амир, а гупым етIуанэ увыпIэр щызыIэригъэхьащ Сенэ Айдэмир, килограмм 70 хъухэм я зэхьэзэхуэм дыжьыныр  Гъубжокъуэ Арсен ей хъуащ, килограмм 50 зи хьэлъагъхэм ещанэ щыхъуа Елмэс Рустам домбеякъ медалыр къратащ.

«Шэрджэсыр» нэхъ жант

Урысейм и ипщэ щIыналъэм и Кубокыр къэхьыным теухуа зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщихьащ Дыгулыбгъуей къуажэм и «Шэрджэс» командэм. 

Къантемыр япэ увыпIэр къехь

Сумо
Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмен Шыбзыхъуэ Къантемыр пшахъуэщI сумомкIэ Урысейм и Кубокыр къихьащ. Ар Москва щекIуэкIащ. Ди щIалэр зэкIэлъыкIуэу къыпэщIэтаищым текIуа иужь, зэбэнар 2019 гъэм классическэ сумомкIэ дунейпсо чемпионатым, килограмм 85-рэ зи хьэлъагъхэм я деж япэ увыпIэр къыщызыхьа Абдула-Заде Георгийщ. Къантемыр ари къыпэлъэщакъым. Апхуэдэ щIыкIэкIэ ди спортсменыр чемпион хъуащ.
 
БэнэкIэ хуит
Иджыри зы текIуэныгъэ

Спорт

                                                                                           Тхэквондо

         ТхэквондомкIэ 6-нэ дунейпсо зэхьэзэхуэ Тайландым щекIуэкIащ иджыблагъэ. Абы хэтащ къэрал 21-м къикIа  спортсмен лъэрызехьэу 2000-м щIигъу.

Тамаевым бжьыпэр иIыгъщ

  Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэмахуэ чемпионатым хэтхэм я хьэрхуэрэгъухэм я гъуэм топ нэхъыбэ дэзыгъэкIхэм къахэжаныкIыр Тамаев Аланщ - нобэкIэ а бжыгъэр 14 мэхъу.

Бакъей зэкъуэшхэр

Дыгулыбгъуей къуажэм щыщ Бакъейхэ Анзоррэ Заринэрэ я щIалищым - Джэмал, Тембулэт, Имран - Iэпщэрыбанэм зыхуагъасэ икIи, я ныбжьми емылъытауэ, ехъулIэныгъэфIхэр щаIэщ. 
Зэкъуэшхэр Бахъсэн къалэм и курыт еджапIэ №10-м щоджэ. Джэмал 9-нэ, Тембулэт 8-нэ, Имран 6-нэ классхэм макIуэ. ЩIалэхэм я адэ Анзор Iэпщэрыбанэ спортымкIэ зэфIэкI иIащ. Я анэ Зарини УФ-м спортымкIэ и мастерым и кандидатщ, тхэквондомкIэ бгырыпх фIыцIэр къыщыхуагъэфэщащ. 

Къардэн Мурат ягъэлъапIэ

  Мы махуэхэм дуней псом щагъэлъапIэ Дунейпсо олимп махуэхэр. Ар къыхилъхьащ МОК-м.

          Зи текIуэныгъэхэмкIэ дуней псом зи цIэ щыIуа, Зэрэгъыж къуажэм щыщ, Олимпиадэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ чемпион щыхъуа Къардэн Мурат «Шэрэдж районым щIыхь зиIэ и цIыху» цIэр фIащащ а махуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу.

         Жылэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щызэхуэсат Мурат и благъэхэр, ныбжьэгъухэр, лэжьэгъухэр, къуажэгъухэр, районым и спортсмен ныбжьыщIэхэр.

Инсанэ и ехъулIэныгъэ

   Хъыджэбз цIыкIухэм гимнастикэмкIэ я 27-нэ Урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIуха Сочэ щекIуэкIащ. Къалэ 20-м къикIауэ мыбы спортсмени 184-рэ хэтащ. Абы щыщу 65-р Урысейм спортымкIэ и мастерт, 32-р спортым и мастерым и кандидатт, 55-м япэ, 32-м етIуанэ, ещанэ разрядхэр яIэт. А бжыгъэхэм къагъэлъагъуэ а зэпеуэм и мыхьэнэр лъагэу зэрыщытар.

  Зэхьэзэхуэр къыщызэIуахым 2020 гъэм екIуэкIа Олимпиадэм и чемпионкэ хъуа, Урысей Федерацэм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Листуновэ Викторие хэтащ.

Страницы

Подписка на RSS - Спорт