ЩIалэгъуэ

Псэущхьэ абрагъуэхэми я кIуапIэт

Антарктидэ щIыгу инышхуэу километри 3 нэблагъэ зи Iувагъ мылкIэ щIэгъэнар зэрыщыIэм, япэ дыдэу гу лъызытар урыс кхъухь пашэхэу Беллинсгаузен Фаддейрэ Лазарев Михаилрэщ.

И дзыхь къыщыуигъэзыр

Къуршхэми щыIэщ климат зэгъ, уздэщыIэм и лъагагъыр щыямылейм деж. 

ЕгъэтIылъэкI къыхамыгъахуэу

  Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм я щIэныгъэлIхэр ящыщщ хьэршым нэхъ къыщытпэгъунэгъу уафэщIым, Мазэм, и щIыIумрэ и Iэгъуэблагъэм къыщекIуэкIхэмрэ зыджыну яужь ихьахэм.

- Мазэм и щхьэфэр зыхуэдэр къритпщытэным и мызакъуэу, дыублэ зекIуэхэм къарикIуэн хуейуэ дащогугъ Марсым щыдухуэну зыхудимурад къуажэ цIыкIум ди астронавтхэр щыпсэуфынымкIэ щыIэ Iэмалхэр зыхуэдэм зыщыдгъэгъуэзэнри, - къыхигъэщащ Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм Хьэршыр джынымкIэ я  центрым щылажьэ астрофизик Аль Рейс Аднан.

Сабийхэр ягъэгуфIэ

Урысей гвардием и Управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр Сабийхэр хъумэным и  дунейпсо махуэм ирихьэлIэу щыхьэщIащ республикэм и Сабий унэм. 

Езы Дыгъэр зыхуэгуапэ

Сабийм нэхърэ нэхъ дахэ, IэфI, щабэ хэт бгъуэтын? Мы дунейм ифIри, и Iейри иджыри зымыщIэ псэ къабзэ цIыкIур хэти хуогуапэ, хуогуфIэ, IэплIэ хуещI, зыхуеший. 

Я бжэхэр гъэмахуэм хузэIуах

  Мэкъуауэгъуэм и 1-м ди республикэм и курыт еджапIэхэм лэжьэн щыщIадзэнущ сабийхэр махуэкIэ здэщыIэ гъэмахуэ лагерхэм.

Ахэр къыщызэрагъэпэщынущ Налшык дэт курыт еджапIэ №№16-м, 18-м, 20-м, прогимназие №№34-мрэ 41-мрэ. Абыхэм зыщагъэпсэхунущ икIи я узыншагъэр щрагъэфIэкIуэнущ бынунагъуэшхуэхэмрэ пIалъэкIэ щытыкIэ гугъум ит унагъуэхэмрэ я сабий 395-м.

Уахэр зыщIэзышэщ

  

                               Къыщысынур дымыщIэми…

Хьэршыр зыдж щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, уахэ щIэншэм къыщызылъэтыхь мащэ кIыфIхэм я зэранкIэ ЩIы Хъурейр бзэхыжыпэнкIэ хъунущ.

Тхыдэ мыжыжьэм къызэрыхэщыжымкIэ, мащэ кIыфIхэр зэрыщыIэм хуэзыгъэфащэу, япэ дыдэу ятетхыхьауэ щытар физикэм и къудамэ телъыджэу «теорие относительности» зыфIащам зи акъыл тезыухуэфа щIэныгъэлI гъуэзэджэ Эйнштейн Альбертщ.

Мэзыкъуэ Елдар Москва ягъакIуэ

Тэрч щIыналъэм хыхьэ Ботэщей къуажэм дэт курыт еджапIэ №2-м и I0-нэ классым щеджэ Мэзыкъуэ Елдар щытекIуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щрагъэкIуэкIа «Iущхэмрэ Iущыцэхэмрэ» хэгъэгу телевизионнэ зэпеуэм и гуманитар унэтIыныгъэм.

Дэгубэрэ Пшадрэ

Дэгубэм (Догуаб, Дуаб) и гугъу тщIымэ, апхуэдэ фIэщыгъэ зэрехьэ Геленджик (Хъулъыжъый, ХъупIэ ЦIыкIу) пэмыжыжьэу хы ФIыцIэм хэхуэж Пшадэ (Пшъадэ) и къуэпс нэхъ инхэм ящыщу бгыщхьэ жьанэхэмкIэ къыщежьэм. 

IэщIагъэ гуапэ

Нэхущ Светланэ «Дельфин-Нальчик» сабий зегъэужьыпIэм и логопедщ. Абы иIэщ психолог, дефектолог IэщIагъэхэри. Къапщтэмэ, а IэщIагъэхэр зэпхауэ къызэдогъуэгурыкIуэ. Езым зэрыжиIэмкIэ, зыр адрейм сэбэп щохъу. 

Страницы

Подписка на RSS - ЩIалэгъуэ