ЩIалэгъуэ

Адыгэ фащэмрэ ди дунеймрэ ятеухуа пщащэ гупсысэхэр

  Дэтхэнэ лъэпкъми и нэщэнэхэм ящыщщ зэрихьэ щэнхабзэр.  Зэманыр кIуэми, лIэщIыгъуэхэм захъуэжми, щэнхабзэм хэлъ фIым, дахэм уебэкъуэныр, ар IэщIыб пщIыныр щыуагъэу къызолъытэ. Ар зытежысIыхьхэм ящыщщ   дапщэщи  сфIэдахэ, сфIэщIэщыгъуэ  ди  лъэпкъ фащэ екIур. Си жагъуэ мэхъу ар адыгэ пщащэхэм, щIалэ къуданхэм –  ди щIалэгъуалэ псоми зэрызедмыхьэжыр. 

Ди лъэхъэнэм и лIыхъужьхэр

Сабийм и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ УФ-м и Президентым и уполномоченнэ Львовэ-Беловэ Марие мы махуэхэм яхуэзащ «Мэшыкъуэ» зэхыхьэм щыIэ щIалэгъуалэм.

Зи пIалъэр имыкI Iуэху

«Мэшыкъуэ» щIалэгъуалэ зэхыхьэм хэтхэм иджыблагъэ яхуеблэгъащ Урысей Федерацэм и Президентым деж щыIэ Департаментым и унафэщIым и къуэдзэ Малышевэ Еленэ. 

Къэрал дамыгъэм и махуэр ягъэлъэпIащ

Урысей Федерацэм и Къэрал ныпым и махуэр «Мэшыкъуэ» щагъэлъэпIащ.
Пщэдджыжьым жьыуэ щIадзат абы ехьэлIа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр. ЩIалэгъуалэ зэхыхьэм екIуэлIахэм щыщу цIыхуищэ нэхущым Мэшыкъуэ бгым дэкIри, абы щагъэуващ метр зэбгъузэнатIэ I08-рэ зи инагъ нып плъыфищыр.
Абы хэтащ Донецк ЦIыхубэ Республикэм и ЩIалэгъуалэ парламентым и унафэщIым къэрал кIуэцI политикэмкIэ и къуэдзэ Чичкан Анастасие. 

Зэпымыууэ зи зэфIэкIым хэзыгъахъуэ

Тхыгъэр зытеухуа Жын Сэтэней международнэ экономикэ зэхущытыкIэхэмрэ инновацэ унэтIыныгъэхэмкIэ хьэрычэтыщIщ. Иджы дыдэ ехъулIэныгъэхэр иIэу къиухащ Цюрих (Швейцарие) и Технологие университетыр.

Ерыщу зи хъуэпсапIэр зэзыгъэхъулIэ

Налшык щыщ, илъэситху хъуауэ Санкт-Петербург щыпсэу икIи щеджэ уэрэджыIакIуэ Болэ Астемыр куэд щIауэ и хъуэпсапIэт Япэ къэрал телеканалым и «Голос» проектым и зэфIэкI щеплъыжыну. ЩIалэм мы гъэ гъатхэм ар зригъэхъулIащ.

Ахъшэ саугъэтыр зытекIуэдэнур

КъБР-м Мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министерствэм къызэщIикъуэжащ «Агростартап» зэхьэзэхуэм мы гъэм пхыкIахэр. Апхуэдэу зэпеуэм хэта цIыху 156-м щыщу фермер 18-м я мэкъумэш IэнатIэм зэрызрагъэужьыну ахъшэ саугъэтхэр иратащ.

Мы къэрал дэIэпыкъуныгъэр ят «Хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ защIэгъэкъуэн» лъэпкъ проектым хыхьэу. Хьэрычэт Iуэху къыщIэзыдзэхэм мы гъэм псоми зэхэту сом мелуан 55,8-рэ иратащ (зым сом мелуан 1,9-м къыщыщIэдзауэ сом мелуани 3,9-м нэс хуэзэу).

Шынагъуэншагъэм и дерсхэр

Налшык къалэм дэт «Кавказ» сабий санаторэм МЧС-м, республикэм и мафIэсгъэункIыфI IуэхущIапIэм, къэрал автоинспекцэм я лэжьакIуэхэм дерсхэр щатащ.

Кавказыбзэхэр лъэрымыхь мэхъу

Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэхэр зэрыкIуэдыжым увыIэгъуэ имыIэу тепсэлъыхьхэм язщ Осетие Ищхъэрэ-Аланием щыщ блогер Пухаев Алик. ЩIалэм и еплъыкIэмкIэ, лъэпкъыбзэр щхьэж и гукъыдэжкIэ иджыну (е имыджыну) хуит зэращIрэ, кавказыбзэхэр куэдкIэ нэхъ лъэрымыхь хъуащ, кIуэдыжыпэнкIэ шынагъуэу.  

КъыщекIуэкIхэр гуих дыдэщ

Уахэм и зы къуэгъэнапIэ Бдзэжьейхэм я вагъуэбэм (созвездие Рыб) астрофизикхэм иджыблагъэ къыщагъуэтащ WASP-76b нагъыщэр зрата, гъуэзыпшэ Iувхэр зыщхьэщыт уафэщI абрагъуэ (и нэхур ди деж къыщысыр илъэс 640-рэ дэкIа иужькIэщ).
 Планетэр ди Дыгъэм къедза Юпитерым нэхърэ зымащIэкIэ нэхъ псынщIэми, и зэпрыупIэр хуэдэ 1,8-кIэ нэхъ инщ. УафэщI жыжьэм и щхьэфэм хуабэр махуэ шэджагъуэм Цельсий и пщалъэмкIэ градус 2400-м щыноблагъэ, жэщыкум градус 1500-рэ щохъу.

Страницы

Подписка на RSS - ЩIалэгъуэ