|
ЩIалэгъуэ
31 октября, 2023 - 15:40
ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ цIыхухэм егъэгъуэтыным пыщIа IэнатIэм бюджетыр и лъабжьэу, пщIэншэу студент нэхъыбэ щегъэджэным теухуа унафэ иджыблагъэ къыдэкIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхилъхьауэ щытащ ди къэралым и Президент Путин Владимир. Ар и тегъэщIапIэу еджапIэ нэхъыщхьэхэм 2024 гъэм пщIэншэу щрагъэджэну студентхэм я бжыгъэм хагъэхъуэнущ.
31 октября, 2023 - 09:22
Къэбэрдей-Балъкъэр гуманитарно-техникэ колледжыр хэтащ «Профессионалитет-2023» къэрал Iуэхум хыхьэу жэпуэгъуэм и 21-м къызэрагъэпэща Зыуэ щыт бжэ зэIухам (ЕДОД). Зэхыхьэм ирагъэблэгъащ курыт еджапIэхэм я еджакIуэхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ, республикэм курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт и еджапIэхэм я студентхэр.
20 октября, 2023 - 14:03
Дызэрыщыгъуазэщи, УФ-м и Президентым и жэрдэмкIэ мы гъэр ди къэралым щагъэуващ ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсу. Жылагъуэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ социальнэ IэнатIэщ егъэджэныгъэр. Аращ къэрал унафэщIым къыхилъхьа Iуэхугъуэми гулъытэшхуэ дэнэкIи щIыщигъуэтар. Урысей Федерацэм хыхьэ зы щIыналъи къэнакъым егъэджакIуэм, гъэсакIуэм, унэтIакIуэм я пщIэр къэIэтыным, я лэжьыгъэфIхэр, Iуэху зехьэкIэ мардэфIхэр хэIущIыIу щIыным хуэгъэпса зэхыхьэ зэмылIэужьыгъуэхэр щрамыгъэкIуэкIа.
20 октября, 2023 - 11:00
Арымбэч (Arimbeg) Айшанур Узуняйлэ къыщыхъуащ. Ар щеджащ Тыркум, Коджаэли, щыIэ къэрал университетым (Kocaeli University) промышленнэ инженеру. Ар 2020 гъэм къиухауэ, и IэщIагъэм иролажьэ. Зэгуэр Хэкум икIыу Тыркур псэупIэ зыхуэхъуауэ щыта адыгэ унагъуэм и щIэблэщ. Иджыблагъэ Айшанур унагъуэ щыхъуащ Истамбыл, Щоджэнхэ я нысэщ. Щоджэн Умаррэ Арымбэч Айшануррэ лъэпкъым зы адыгэ унагъуэу къыхэуващ.
19 октября, 2023 - 12:27
Шэч хэмылъу дэтхэнэ лъэпкъми иIэжщ езым и IуэрыIуэдзхэр, таурыхъ-шыпсэ ныбэхэр, уэрэдгъуохэр, кIэщIу жытIэмэ, лъэпкъ IуэрыIуатэм хуэIэижьхэр. Абыхэм увыпIэ щхьэхуэ щаубыд зэгъэкIуауэ, узыIэпишэу пцIы зыупсыфхэм, шыпсэхэм, гушыIэхэр къэзыгъэщIхэм.
16 октября, 2023 - 12:27
ЩIы хъурейм псэ зыIуту тетым езым и плIанэпэ хэха яIэжу къегъэщI, щыIэм я нэхъ цIыкIу дыдэр къащти, ар хэкIуэдыкIмэ, дунейр зытет мардэ ухуахэр мэкъутэри, зэхъуэкIыныгъэхэр кърокIуэ.
Псоми яхуэмыхь аргъуейхэм сыт я сэбэпынагъ жаIэнущ, цIыхур псэлъамэ. Ауэ абы и дунейри и гъащIэри къэзытIэщIа щIэныгъэлIхэм я Iуэху еплъыкIэр нэгъуэщIщ. Дегупсысагъэххи ахэр щIэвум, абыхэм я дзэкъапIэхэр щIэшхэм, хьэмэрэ гъэмахуэ псом псы Iуфэхэм, шэдылъэхэм уэру щызэхэсахэр щIымахуэм здэкIуэм?
11 октября, 2023 - 12:55
Щыгъыныджэхэм я хьэгъуэлIыгъуэ
Кхъухьлъатэ цIыкIур станцым дутIыпщыжат. Хым къыхэлъэдэж псым дыбгъурытурэ мэзым дыхуэкIуэрт. ЕкIуэкIыпIэм дынэсауэ щыгъыныджэ гуп къэтлъагъури дыкъэувыIащ. ЗэщIэфие, фэтIэпIауэ макъхэр апхуэдизу дахэу зэдежьурти, Индием щыщ къуажэ цIыкIу гуэрым дыкъыдэхута фIэкIа пщIэнтэкъым.
9 октября, 2023 - 10:31
Зи лэжьыгъэм гурэ псэкIэ бгъэдэт, зи IэщIагъэм хуэпэж егъэджакIуэ нэс Жамбэч (КхъуэIуфэ) Рабия си тхыгъэ цIыкIумкIэ фэзгъэцIыхуну сыхуейт. Абы ди Алътуд курыт еджапIэм 2005 гъэ лъандэрэ адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ щрегъэдж. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ КъБКъУ-м и филологие факультетым и адыгэбзэ къудамэм щызэригъэгъуэтащ.
6 октября, 2023 - 17:50
Зы гъэмахуэ гуэрым Дзэгъданыкъуэ дыдэту, мэлхэм ядгъэхъун дымыгъуэтыжыххэу, уэгъу Iей къыдэхъулIэгъат.
5 октября, 2023 - 11:10
ПIаз (Къагъырмэс) ФатIимэ адыгэбзэм и щIэныгъэ лэжьакIуэщ, сабий гъэсакIуэщ, актрисэщ, усэ къеджэну, уэрэд жиIэну фIэфIщ, гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр ирегъэкIуэкI. Сыт хуэдэ Iуэху пэрыувэми, анэдэлъхубзэр псом япэ ирегъэщ. Къыщыхъуари щыпсэури Налшыкщ. Бзылъхугъэр и щапхъэщ бзэр фIыуэ плъагъуныр къуажэм е къалэм зэремылъытам. Езым зэрыжиIэмкIэ, ар зэлъытар унагъуэрщ.
Страницы
|