25.04.2024, 14:33 - Жылагъуэ

Iэщым ирагъэшх Iус зэхэлъыр къыщIэзыгъэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым щылажьэ IуэхущIапIэхэр нобэкIэ 13 мэхъу. Ахэр псори хьэрычэт щIэн IэнатIэ мыинхэрэ уней IуэхущIапIэхэрэщ.

25.04.2024, 13:00 - Жылагъуэ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Замир Хьэсэнбий и къуэм и цIэр зезыхьэ кадет еджапIэ-интернат №1-м. Абыхэм еджакIуэ ныбжьыщIэхэм драгъэкIуэкIащ лIыгъэм и дерс, я лэжьыгъэми щыгъуазэ ящIащ.

23.04.2024, 19:01 - Жылагъуэ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж. Лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI Осетинскэ, Балкарскэ, Молодежнэ, ЕтIуанэ Таман дивизэм, Къэзанокъуэ Жэбагъы, Мусукаевым, Хъураным я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм. 

23.04.2024, 17:06 - Спорт

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ставрополь крайм, Осетие Ипщэмрэ Осетие Ищхъэрэ – Аланиемрэ я бэнакIуэу 100-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 14-м щIимыгъуауэ. 

23.04.2024, 14:56 - Литературэ

1-нэ Iыхьэ Си анэ шыпхъур сымаджэщым кIуат, зригъэплъыну. Сэри къалэм сыщылажьэрти, ар къыщысщIэм, сыкIэлъыкIуащ, и закъуэ дыдэу анализ гъунэншэхэм яужь измыгъэтын папщIэ. КъызэрыщIэкIамкIи, и закъуэтэкъым – си анэр щIыгъут. Си япэ къищат. Сэрыншауи зэфIэкIынут Iуэхури, сыкъежьэжащ. 

23.04.2024, 12:52 - Жылагъуэ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ. Абыхэм ящыщ зыщ компьютер Iэмалхэр къагъэсэбэпу ныбжьыщIэхэм яхуэгъэзауэ ялэжь щIэпхъаджагъэхэр. 

23.04.2024, 10:48 - Жылагъуэ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу. ДяпэкIэ зэрыхьзэрий щымыIэу лъэсырыкIуэхэм тыншу къыщакIухьынущ, машинэхэри щIыпIэ хэхам щагъэувынущ. Паркингым деж щыщIэдзауэ кIапсэ гъуэгухэм нэс цIыхухэр шаттлхэмкIэ яшэнущ. Ахэр дакъикъи I0 къэс зэ токI. 

 

 

ЩЭНХАБЗЭ

Щэнхабзэ
16.10.2019 - 08:05 | 👁 42

Подробности...

Си чэнджэщым тетщ

«Къамботрэ Лацэрэ» спектаклым Махъэшокъуэ и ролыр щегъэзащIэ.  
Щэнхабзэ
11.10.2019 - 08:12 | 👁 11

Подробности...

Дунейпсо кином и тхьэмахуэ Налшык щекIуэкIынущ

Жэпуэгъуэм и 14-м Налшык и Музыкэ театрым къыщызэIуахынущ «FEST-хиты» фIэщыгъэм щIэт, дунейпсо кином и тхьэмахуэ.
Щэнхабзэ
09.10.2019 - 08:02 | 👁 75

Подробности...

Къэбэрдей театрым и гуащэ ЖьакIэмыхъу КIунэ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зе­зыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щагъэлъэпIащ лъэпкъ ­театрым и зыужьыныгъэм хэлъ­хьэ­ныгъэ ин хуэзыщIа, куэд ­щIауэ утыкур зыгъэб­жьыфIэ, УФ-мрэ ­КъБР-мрэ щIыхь зиIэ...
Щэнхабзэ
03.10.2019 - 08:05 | 👁 98

Подробности...

Хъуапсэ и псэ кIуэдыркъым

Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ищхъэрэ - Алание республикэхэм щIыхь зиIэ я артист Лосэн Тимур нобэр къыздэсым цIыхухэм къызэращIэу щытар пшынауэ Iэзэущ. Иджыри къэс къикIуа творческэ...
Щэнхабзэ
02.10.2019 - 08:15 | 👁 134

Подробности...

ГущIагъщIэлъхэр макъамэм къезыгъэIущэщ

УФ-ми КъБР-ми гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, композитор, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща, Джэрмэншык къуа­жэм 1940 гъэм къыщалъхуа Молэ Владимир Лил и къуэм Саратов дэт...
Щэнхабзэ
25.09.2019 - 08:12 | 👁 29

Подробности...

«Васса Железнова» спектаклыр ди деж щагъэлъэгъуэнущ

Дызэрыщыгъуазэщи, 2019 гъэр Театрым и илъэсу щагъэуващ УФ-м. Илъэсым къриубыдэу ирагъэкIуэкIыну яубзыхуауэ щытахэм ящыщщ урысейпсо Театральнэ марафоныр.
Щэнхабзэ
13.09.2019 - 08:15 | 👁 89

Подробности...

Мазэгъуэ нэхум нуркIэ нэр щIесыкI

Даур Аслъэн и творческэ гъуэгуа­нэм уигу къегъэкI Кавказ Ищхъэрэм профессиональнэ макъамэ щэнхабзэм япэ лъэбакъуэхэр щызычахэр, псалъэм папщIэ, Гасанов Готфрид,
Щэнхабзэ
04.09.2019 - 08:10 | 👁 63

Подробности...

Си гъащIэ - си дуней

ГукъэкIыжхэр (ПэщIэдзэр шыщхьэуIум и 29-м итщ.) Ди нэ къызыхуикI
Щэнхабзэ
04.09.2019 - 08:05 | 👁 25

Подробности...

ТхылъыщIэм и лъэтеувэ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и «Точка кипения» коворкинг-центрым шыщхьэуIум и 29-м щекIуэкIащ апхуэдэ фIэщыгъэ иIэу иджыблагъэ къыдэкIа тхылъыщIэм и лъэтеувэ пшыхь.
Щэнхабзэ
30.08.2019 - 08:15 | 👁 88

Подробности...

Си гъащIэ - си дуней

Артист, драматург цIэрыIуэ Мурат Чэпай Исмел и къуэр­ Адыгэ Республикэм щыщ Блашэпсынэ къэбэрдей къуа­жэм 1939 гъэм къыщалъхуащ, Мэзкуу дэт Театр гъуазджэм и къэрал инс­титутыр, Адыгей къэрал...
Щэнхабзэ
21.08.2019 - 08:12 | 👁 49

Подробности...

Сабийхэм яфIэгъэщIэгъуэну

«Артек» дунейпсо сабий центрым и унафэщIхэр я щIэгъэкъуэну «Полевой» лагерым щекIуэкIащ «Нартхэм я фIыгъуэхэр» ХI Дунейпсо сабий-ныбжьыщIэ фестиваль-зэпеуэм и зи чэзу Iыхьэр.
Щэнхабзэ
21.08.2019 - 08:02 | 👁 90

Подробности...

Сурэт щIыным къыхуалъхуа ЛIыхужь Ауни

Сурэт щIын IэщIагъэмкIэ Тыркум и ­гъуазджэм и къэгъэшыпIэ нэхъыщхьэу ябж 1914 гъэр. Абы щыгъуэ сурэтым хуэIэзэу зыкъэзыгъэлъэгъуа щIэблэрщ гъуазджэм и тхыдэм и лъабжьэр зыгъэтIылъар. Зи гугъу тщIыхэм...
Щэнхабзэ
09.08.2019 - 08:17 | 👁 22

Подробности...

«Москва-Дамаск» фильмыр къатыж

«Къэбэрдей-Балъкъэр» телеканалымкIэ бадзэуэгъуэм и 12-м къатыжащ «Москва-Дамаск» арт-марафоным къытращIыкIа фильмыр.
Щэнхабзэ
09.08.2019 - 08:03 | 👁 51

Подробности...

Лъэпкъ макъамэкIэ дунейр зыгъафIэ

Адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ пщIэ лей хуэтщIу къокIуэкI джэгуакIуэхэм. Лъэпкъ Iэмэпсымэхэр зыгъэбзэрабзэхэмрэ ахэр зыщIыф IэпэIэсэхэмрэ жьантIэр хуагъэфащэрт.
Щэнхабзэ
09.08.2019 - 08:03 | 👁 115

Подробности...

Ямыдэми, яфIэтхэрт

Акъсырэ Залымхъан теухуауэ жысIэм и нэхъыбэр пцIыуэ къыпщыхъункIэ хъунущ, апхуэдизкIэ гъэщIэгъуэныщэщи.
Щэнхабзэ
07.08.2019 - 08:10 | 👁 72

Подробности...

Шорэ Туркан: «Ину фIыщIэ пхузощI, кино»

Тыркум щыцIэрыIуэ, адыгэ лъэпкъым къыхэкIа актрисэ Шорэ Туркан и ныбжьыр илъэс блыщI ирикъуащ. Абы теухуа тхыгъэхэр мызэ-мытIэу тетащ ди газетым. 

Страницы

ОСТАЛЬНЫЕ РУБРИКИ

Жылагъуэ
17.12.2023 - 15:27 | 👁 22

Подробности...

Зэрыпагэ дэфтэр

Ди къэралым и хабзэ нэхъыщхьэхэр зи лъабжьэ дэф­тэрыр, УФ-м и Конституцэр, 1993 гъэм дыгъэгъазэм и 12-м ­къащтауэ щытащ. А махуэм цIыху мелуан 58-м щIигъу зэкIуэлIа цIыхубэ IэIэтыр екIуэкIат.
Жылагъуэ
17.12.2023 - 12:00 | 👁 48

Подробности...

МазихкIэ нэхъ пасэу

Дыгъэгъазэм и 1-м щыщIэ­-дзауэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм и Iуэхутхьэбзэхэм цIых  мылъку зыхалъхьэ Iуэху ин  гуэр ягъэзэщIэнымкIэ ябгъэдэлъ мылъкур яхурикъуркъым ум щIат уасэм хэ­хъуащ: электро
Жылагъуэ
17.12.2023 - 11:00 | 👁 31

Подробности...

«Черкес ФМ»-м и вагъуэхэр

Хабзэ зэрыхъуам тету, Урысейм и къалащхьэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Черкес ФМ»-м и вагъуэхэр» концерт иныр.
Жылагъуэ
17.12.2023 - 11:00 | 👁 136

Подробности...

«ХъуэпсапIэхэм я псей»

Къэбэрдей-Балъкъэрым дыгъуасэ щрагъэжьащ «ХъуэпсапIэхэм я псей» урысейпсо псапащIэ Iуэхур. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, гъэзэщIакIуэ къулыкъущIапIэхэм я уна­фэщIхэр,...
Жылагъуэ
17.12.2023 - 10:26 | 👁 16

Подробности...

IэнатIэм зрагъэужьынущ

Урысейм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм штатым хэмыт и хирург, Вишневский А. В.
ЗэIущIэхэр
17.12.2023 - 10:00 | 👁 30

Подробности...

«ЛIыхъужьхэм я бынхэр»

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яхуэзащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзоррэ КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу Миронов Николайрэ.
Спорт
16.12.2023 - 18:16 | 👁 49

Подробности...

Спорт хъыбархэр

 Хутэ Беслъэн и ехъулIэныгъэ
ЩIалэгъуэ
16.12.2023 - 17:13 | 👁 42

Подробности...

Квазархэр

Уахэ жыжьэм зыщызымыгъэпщкIуу астрономхэм гу зылъата къэщIыгъэхэм ящыщу я нэхъ шынагъуэ дыдэу къалъытар «квазаркIэ» зэджэхэрщ («квази» - латин псалъэщ, «ещхь» жыхуиIэщ).
Жылагъуэ
16.12.2023 - 16:26 | 👁 46

Подробности...

Куэдым я гущапIэ

    Тигррэ Евфратрэ псыежэх нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщщ икIи зым и гугъу ящI хабзэкъым адрейр  имыгъусэу.
Жылагъуэ
16.12.2023 - 15:27 | 👁 36

Подробности...

Адыгэ гупсысэкIэ

Токъумакъ Айдын Азей къалэ  цIыкIум хиубыдэ Бешкъэзакъ хьэблэм 1951 гъэм къыщалъхуащ.
Жылагъуэ
16.12.2023 - 13:44 | 👁 30

Подробности...

ЕджапIэхэр къызэIуах

«Движение первых» урысей зэщIэхъееныгъэм и жэрдэмкIэ мы зэманым къалэ куэдым къыщызэIуахащ «Шынагъуэншэу къэжыхьын» зыфIаща школ щхьэхуэхэр.
Жылагъуэ
16.12.2023 - 13:44 | 👁 31

Подробности...

Зэадэзэкъуэмрэ шыдымрэ

Зэгуэрым адэмрэ и къуэмрэ я шыдыр я гъусэу уэрамым дыхьат. Адэр шыдым тест, къуэм вожэр иIыгът.
Жылагъуэ
16.12.2023 - 12:00 | 👁 35

Подробности...

Илъэсищ къыпоплъэ

УФСБ-м къет
Махуэгъэпс
16.12.2023 - 08:07 | 👁 45

Подробности...

НОБЭ

Дыгъэгъазэм  и 16, щэбэт
Жылагъуэ
15.12.2023 - 17:30 | 👁 61

Подробности...

Хы псэущхьэхэр мащIэ хъуащ

Иужьрей зэманым псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэхэр щIыпIэ-щIыпIэкIэ щокIуэдыж. ЩIыуэпсымрэ абы и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм и щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, псыр фIей зэрыхъуам,...
Жылагъуэ
15.12.2023 - 17:30 | 👁 37

Подробности...

Къуэды ипшынынущ

Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм экономикэм пыщIа щIэпхъаджагъэхэм пэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу къыщIагъэщащ Аруан районым щыпсэу Бэрэздж А. Т.

Страницы