25.04.2024, 13:00 - Жылагъуэ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Замир Хьэсэнбий и къуэм и цIэр зезыхьэ кадет еджапIэ-интернат №1-м. Абыхэм еджакIуэ ныбжьыщIэхэм драгъэкIуэкIащ лIыгъэм и дерс, я лэжьыгъэми щыгъуазэ ящIащ.

23.04.2024, 19:01 - Жылагъуэ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж. Лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI Осетинскэ, Балкарскэ, Молодежнэ, ЕтIуанэ Таман дивизэм, Къэзанокъуэ Жэбагъы, Мусукаевым, Хъураным я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм. 

23.04.2024, 17:06 - Спорт

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ставрополь крайм, Осетие Ипщэмрэ Осетие Ищхъэрэ – Аланиемрэ я бэнакIуэу 100-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 14-м щIимыгъуауэ. 

23.04.2024, 14:56 - Литературэ

1-нэ Iыхьэ Си анэ шыпхъур сымаджэщым кIуат, зригъэплъыну. Сэри къалэм сыщылажьэрти, ар къыщысщIэм, сыкIэлъыкIуащ, и закъуэ дыдэу анализ гъунэншэхэм яужь измыгъэтын папщIэ. КъызэрыщIэкIамкIи, и закъуэтэкъым – си анэр щIыгъут. Си япэ къищат. Сэрыншауи зэфIэкIынут Iуэхури, сыкъежьэжащ. 

23.04.2024, 12:52 - Жылагъуэ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ. Абыхэм ящыщ зыщ компьютер Iэмалхэр къагъэсэбэпу ныбжьыщIэхэм яхуэгъэзауэ ялэжь щIэпхъаджагъэхэр. 

23.04.2024, 10:48 - Жылагъуэ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу. ДяпэкIэ зэрыхьзэрий щымыIэу лъэсырыкIуэхэм тыншу къыщакIухьынущ, машинэхэри щIыпIэ хэхам щагъэувынущ. Паркингым деж щыщIэдзауэ кIапсэ гъуэгухэм нэс цIыхухэр шаттлхэмкIэ яшэнущ. Ахэр дакъикъи I0 къэс зэ токI. 

20.04.2024, 10:52 - Жылагъуэ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэмрэ къэрал кIуэцIы­дзэхэмрэ я ветеранхэм я махуэм теухуа зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым ОВД-мрэ ВВ-мрэ я ветеранхэм я советым. 

 

 

ЩЭНХАБЗЭ

Щэнхабзэ
16.09.2022 - 17:25 | 👁 39

Подробности...

ЦIыхум и уасэр и лэжьыгъэрщ

Сыщысабийм щегъэжьауэ сэ зэхэсхырт си анэм макъ дахэкIэ, макъ щабэкIэ уэрэд зэрыжиIэр. Сыт ищIэми абы дзапэ уэрэдыр Iурылът, адыгэ уэрэдыжьхэр зыпищI щыIэххэтэкъым. Си анэ шыпхъу нэхъыщIэ Соня ди деж...
Щэнхабзэ
16.09.2022 - 13:05 | 👁 18

Подробности...

ЦIыхубэм ящымыгъупщэ Кобзон Иосиф

СССР-м, Украинэм я цIыхубэ артист, СССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, УФ-м и Къэрал Думэм щэнхабзэмкIэ и комитетым и унафэщIым и япэ къуэдзэу, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэу щыта Кобзон Иосиф...
Щэнхабзэ
16.09.2022 - 11:00 | 👁 23

Подробности...

Бзылъхугъэм къамэ ищIу

Дыщэр, дыжьыныр, жэзыр, гъуаплъэр къагъэIурыщIэу, я хьэпшып дахэхэмкIэ адрейхэм къахэщу къэгъуэгурыкIуащ ди лъэпкъым къыхэкIа цIыху IэпщIэлъапщIэхэр.
Щэнхабзэ
16.09.2022 - 09:54 | 👁 26

Подробности...

Театрыр и дунейщ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артисткэ пажэ Пащтыкъ (Болэ) Анфисэ ящыщщ зи лэжьыгъэм гурэ псэкIэ пэрытхэм, абы къыхих гукъыдэжымкIэ
Щэнхабзэ
13.09.2022 - 14:00 | 👁 30

Подробности...

ХЬЭПЦIАЩХЪУЭ

 Пхуэмыбжыным хуэдизщ унэм пцIащхъуэ абгъуэу кIэрытыр. Ахэр зыкIи ещхькъым игъащIэ лъандэрэ дызэса адрей абгъуэхэм – къуэбэбжьабэщ.
Щэнхабзэ
12.09.2022 - 17:18 | 👁 18

Подробности...

ЩэнхабзэмкIэ унэр къагъэщIэрэщIэжащ

Дыгулыбгъуейдэсхэр куэд лъандэрэ зыпэплъа Iуэхугъуэр мы махуэхэм нахуапIэ хъуащ – къуажэм я зэхуэсыпIэу икIи зыузэщIыпIэу яIэ ЩэнхабзэмкIэ унэр къагъэщIэрэщIэжащ.
Щэнхабзэ
12.09.2022 - 16:00 | 👁 24

Подробности...

ЛIыгъэрэ хабзэрэ хэлъу

Адыгэм лей къылъысар имыгъэгъун щхьэкIэ и гъащIэр итыфынут.
Щэнхабзэ
12.09.2022 - 14:55 | 👁 43

Подробности...

Къуэши хьэжы Iэсхьэд ефэнды

Мударей (Тырку, Узун-Яйла) дэса еджагъэшхуэхэм язщ Мысырым дин щIэныгъэ щызригъэгъуэтауэ илъэс тIощIрэ тхукIэ къуажэм къалэн щызыгъэзэщIа Къуэши Iэсхьэд ефэндыр (I883 - I944). 
Щэнхабзэ
12.09.2022 - 14:48 | 👁 31

Подробности...

Тыкуэн гъэщIэгъуэн

Куэд фрихьэлIауэ къыщIэкIынщ «Hatsibana» фIэщыгъэм щIэту Инстаграмым щылажьэ тыкуэн гъэщIэгъуэным. Лъэпкъ дамыгъэ, тхыпхъэхэмкIэ гъэщIэрэщIауэ абы щIэлъ щыгъынхэмрэ бзылъхугъэ хьэпшыпхэмрэ...
Щэнхабзэ
09.09.2022 - 18:54 | 👁 19

Подробности...

Мазэ ныкъуэу уафэм лъэIэс

Куэд итхьэкъуауэ зызыщамыгъэнщI ухуэныгъэхэм ящыщщ   мазэ ныкъуэ теплъэ иIэу Дубай   щащIа унэ телъыджэр.
Щэнхабзэ
09.09.2022 - 13:23 | 👁 20

Подробности...

«Вагъуэ цIыкIум» Москва зыкъыщегъэлъагъуэ

Шэджэм районым хыхьэ Нартан къуажэм лъэпкъ къафэхэмкIэ и «Вагъуэ цIыкIу» сабий ансамблыр (художественнэ унафэщIыр Къурашэ Эдуардщ) жыджэру хэтащ шыщхьэуIум и 24 – 30-хэм Москва къалэм щекIу
Щэнхабзэ
08.09.2022 - 15:56 | 👁 29

Подробности...

Нэм фIэбэр Iэбэм еух

АККИЗОВЭ Имарэ, сурэтыщI: ГъащIэм къысхухихащ
Щэнхабзэ
06.09.2022 - 14:41 | 👁 18

Подробности...

Иджыри зы ехъулIэныгъэ

Якутие - Саха Республикэм и къэралыгъуэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу Якутск къалэм иджыблагъэ ЩIыналъэхэм я XI тхылъ гъэлъэгъуэныгъэр, «Якутием и Тхылъ тедзапIэхэр - 2022» зи...
Щэнхабзэ
06.09.2022 - 14:41 | 👁 53

Подробности...

Iэнэр лъакъуищ ирикъумэ

Иджыри 1995 - 1996 гъэхэм Ташло Алий хэтат Карузэ Энрикэ, Пуччини Джакомэ сымэ я щIыхькIэ Милан къыщызэрагъэпэщауэ щыта дунейпсо зэпеуэхэм.
Щэнхабзэ
06.09.2022 - 12:30 | 👁 32

Подробности...

Къафэм и дунейм хешэ

Дэтхэнэ зы лъэпкъми и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэр и щэнхабзэрщ. Абы и лъэныкъуэкIэ адыгэ лъэпкъым зэрыгушхуэн и мащIэкъым. Сыт и уасэ лIэщIыгъуэкIэрэ абы къыдекIуэкI и къафэ дахэр.
Щэнхабзэ
06.09.2022 - 12:28 | 👁 23

Подробности...

Зэныбжьэгъугъэм и чэзузэIэпых

Къэбэрдей-Балъкэрыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси I00 щрикъум, Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ Iэужьым и илъэсым хуэгъэпсауэ ди щIыналъэм къыщызэрагъэпэщащ цIыхубэ творчествэмкIэ «Эстафета дру

Страницы

ОСТАЛЬНЫЕ РУБРИКИ

Спорт
21.02.2024 - 11:18 | 👁 28

Подробности...

Уфа медаль пщыкIуз кърах

Башкирием и щыхьэр Уфа зэраухуэрэ илъэс 450-рэ зэрырикъур ягъэлъапIэу иджыблагъэ а къалэм щекIуэкIащ каратэмкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.
ЗэIущIэхэр
21.02.2024 - 10:01 | 👁 182

Подробности...

Туризмэм гулъытэ хэха егъуэт

Къэралым и туризмэм зегъэужьыным хуэгъэпса, зэрыхудачых хабзэм тету щIыхуэхэр а IэнатIэм щылажьэхэм зэрырат къэрал программэм сом зы мелард дызэрыт илъэсым дыщIагъужынущ.
Махуэгъэпс
21.02.2024 - 07:48 | 👁 39

Подробности...

НОБЭ

Мазаем и 21, бэрэжьей          Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэщ
Жылагъуэ
20.02.2024 - 16:21 | 👁 80

Подробности...

ГъуэгуфIхэм къахохъуэ

Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Шэджэм ЕтIуанэ къуажэмрэ «Шэджэм цIыкIу» хьэблэмрэ я зэхуакум дэлъ, километри 3,5-рэ зи кIыхьагъ автомобиль гъуэгур иджырей мардэм къитIасэу зэрагъэпэщыжынущ.
Тхыдэ
20.02.2024 - 15:20 | 👁 37

Подробности...

Хьэтагъ и мэз

Лэскэн псыхъуэм удэкIауэ Алагир ущыкIуэкIэ, Суадаг къуажэм пэмыжыжьэу мэз хъурей цIыкIу ухуозэ. Осетинхэр абы Хьэтагъ и мэзкIэ йоджэ.
Жылагъуэ
20.02.2024 - 14:17 | 👁 52

Подробности...

Адыгэ тхыдэм теухуа къэхутэныгъэшхуэ

Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэ Щэнхабзэ фондым пшыхь гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ «Тхылъ еджэ Налшык» пэхуэщIэм хыхьэу.
Жылагъуэ
20.02.2024 - 11:44 | 👁 31

Подробности...

И ныбжьми, жылагъуэм щиубыд увыпIэми емылъытауэ

Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэр зыгъэгузавэ узыфэ зэрыцIалэ зыбжанэ щыIэщ. Абыхэм ящыщщ дуней псор зэлъэзыщIыса СПИД узыфэр.
Махуэгъэпс
20.02.2024 - 11:18 | 👁 26

Подробности...

НОБЭ

Мазаем и 20, гъубж
Жылагъуэ
20.02.2024 - 11:18 | 👁 44

Подробности...

Къулей «тхьэмыщкIэхэр»

Унагъуэ Iуэхутхьэбзэхэр щащIэ IэнатIэм хуэарэзы къэгъуэтыгъуейщ. Ар щхьэусыгъуэ зыбжанэм къыхокI.
Жылагъуэ
20.02.2024 - 11:18 | 👁 43

Подробности...

Уи кхъащхьэр дэнэ щыIэ, си адэ?

Зи щхьэм пщIэ хуэзыщIыж дэтхэнэми ищIэн хуейщ къызыхэкIа лъэпкъыр, ицIыхупхъэщ абы и нэхъыжьыфIхэр.
Спорт
20.02.2024 - 10:30 | 👁 30

Подробности...

Я зэфIэкIыр Рузэ щагъэлъэгъуэнущ

Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) КИФЩI-м пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.
Спорт
20.02.2024 - 09:58 | 👁 27

Подробности...

Ласицкене Марие и текIуэныгъэщIэ

СССР-м щIыхь зиIэ и тренер Алексеев Виктор и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Санкт-Петербург къалэм.
Жылагъуэ
20.02.2024 - 09:00 | 👁 28

Подробности...

Афганистаным щыIахэм я щIыхькIэ

Советыдзэхэр Афганистаным къызэрырашыжрэ илъэс 35-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ иджыблагъэ Налшык къалэм щызэхашат Iэпщэрыбанэ зауэ спорт лIэужьыгъуэмкIэ зэхьэзэхуэ зэIуха.
Жылагъуэ
19.02.2024 - 20:26 | 👁 32

Подробности...

Кавказ Ищхъэрэм бжьыпэр щиIыгъщ

Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ щIыналъэхэм я мэкъумэш IэнатIэхэм 2023 гъэм и щIышылэ - дыгъэгъазэ мазэхэм я лэжьыгъэм кърикIуахэр зэхалъхьэжу къата бжыгъэхэр дызыщыгуфIыкIынщ - Къэбэрдей-Балъкъэрым
Жылагъуэ
19.02.2024 - 19:24 | 👁 133

Подробности...

Iэщрэ джэдкъазу иIэм хохъуэ

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2024 гъэм щIышылэм и 1-м ирихьэлIэу Iэщ лIэужьыгъуэу, джэдкъазу республикэм иIэм къыхэхъуащ икIи 2023 гъэм и апхуэдэ зэманым щыIа
Жылагъуэ
19.02.2024 - 18:22 | 👁 195

Подробности...

КIэртIофри яхуэбэгъуат

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, ди республикэм и мэкъумэш, уней, я щхьэ хуэлэжьэж IуэхущIапIэхэм, унагъуэхэм псоми зэхэту 2023 гъэм кърахьэлIэжащ кIэрт

Страницы