ТекIуэныгъэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ я мыхьэнэр ящымыгъупщэу

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ ТекIуэныгъэ Иным и щIэинхэм.

ЗэIущIэм хэтащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэ­хэм я архиепископ Феофилакт, КъБР-м ис муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ - КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм щIыпIэ унафэхэр зегъэкIуэнымкIэ и IэнатIэм и унафэщI Сарбашевэ Светланэ, Налшык къалэ округым и благочиннэ Бобылёв Валентин, депутатхэр, республикэм и министерствэхэм, районхэм я щIыпIэ администрацэхэм я лIыкIуэхэр, дин, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, еджапIэ нэхъыщхьэхэм я унафэщIхэр, КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм хэтхэр, нэгъуэщIхэри.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ зэIущIэр къыщызэIуихым къыхигъэщащ ТекIуэныгъэ Иныр къызэрытхьрэ илъэс 75-рэ щрикъу махуэр гъэлъэпIэным илъэс ныкъуэ хуэдиз фIэкIа зэримыIэжыр.
- ЕтIуанэ Дунейпсо зауэр зэриухам и щыхьэту къэтхьа ТекIуэныгъэм цIыхубэр гукIи псэкIи щхьэхуит къищIыжат. Ди къэралым щыпсэухэм я дежкIэ гуфIэгъуэ махуэхэм ящыщу ар нэхъ лъапIэщ, ТекIуэныгъэм абы уасэшхуэ щIатауэ щытащи. Лъэпкъыр адэкIэ щIэпсэун, щIэпэгэн ТекIуэныгъэт ар! - жиIащ Егоровэ Татьянэ. - Ди жагъуэ зэрыхъунщи, нобэ псынщIэу зызыужь дунейм тхыдэр гъэунэхуныгъэ мытыншхэм пэщIегъэувэ, ар яхъуэжыну хэту. СызэреплъымкIэ, зыми хуэмыдэу, Урысейм щыпсэухэрщ жэуаплыныгъэшхуэ зи пщэ къыдэхуэр тхыдэм, Хэку зауэшхуэм и къекIуэкIыкIам и пэжагъыр яхъумэнымкIэ. Абы елъытауэ щытынущ ди щIэблэм и къэкIуэнур.
Егоровэм жиIащ къэралым и цIыхухэр зыпхыкIа а зэман нэхъ хьэлъэхэм иджырей щIалэгъуалэр фIыуэ зэрыщымыгъуазэр, къэрал щхьэхуэхэм тхыдэр къызэрекIуэкIам пцIы халъхьэну зэрыхэтым, щIэблэр зэригъэщхьэрыуэр.
- ЩIалэгъуалэр хэкупсэу, тхыдэм щыгъуазэу къэгъэхъуным ехьэлIауэ нобэ лэжьыгъэшхуэ зэфIагъэкI ар зи къалэнхэм къищынэмыщIа, жылагъуэ лэжьакIуэхэми, цIыхубэми. Ди къалэныр зыщ - щIэблэм я тхыдэр егъэщIэнырщ, - пищащ Егоровэм. - Абы и лъэныкъуэкIэ дызыгъэгушхуэ Iуэхущ «Полк уахътыншэм» хэтхэм я бжыгъэр илъэс къэс нэхъыбэ зэрыхъур. Мыхьэнэшхуэ иIэщ зэхэуэ гуащIэхэр щекIуэкIа щIыпIэхэм хъыбарыншэу щыхэкIуэда зауэлIхэр къэзылъыхъуэжхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэми. Ди лIыхъужьхэм я фэеплъыр тхъумэнырщ, тхыдэр зыщыдмыгъэгъупщэнырщ ди къалэныр ТекIуэныгъэ къэзыхьахэм къащIэхъуахэм.
- Зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым Хэку зауэшхуэм хиубыда цIыхухэр нэхъ ипэкIи гъэунэхуныгъэ мытыншхэм (революцэмрэ абы кърикIуамрэ) зэрыпхыкIар. Гугъуехьхэм къызэфIимыгъащIэу ахэр къэгъуэгурыкIуащ Хэкум, я къэкIуэнум хуаIэ лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ. Аращ ахэр хахуэу бийм щIыпэщIэтыфар, - жиIащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт. - Сыт хуэдэ ехъулIэныгъэми улъэзыгъэIэсынур унагъуэм илъ, гъунэгъум, ныбжьэгъум яхуиIэ лъагъуныгъэращ, гурыщIэ къабзэ цIыхум зэрыхэлъращ. Хэку зауэшхуэм и зэманым зауэ IэнатIэм щызэбгъурыуват динкIи зыщыщ лъэпкъкIи зэмыщхь цIыхухэр. Ахэр нэхъри зэкъуигъэуващ ТекIуэныгъэ Иным.
Хэку зауэшхуэм и тхыдэр зэзыхъуэкIыну хэтхэм я гугъу щищIым, къэпсэлъам къыхигъэщащ апхуэдэ цIыхухэр я тхыдэм, я блэкIам куууэ зэрыпымыщIар икIи я щхьэм фIэкIа нэгъуэщI зэрамыгъэлъапIэр. Абы щыгъуэми ди къэралым щыпсэухэм я дежкIэ «ТекIуэныгъэр лъэпкъпсо лъапIэныгъэщ», - дыщIигъуащ Феофилакт.
Дзасэжь Хьэзрэталий къыхигъэщащ ТекIуэныгъэм и махуэшхуэр тхыдэм и фэеплъ къудей мыхъуу, абы и мыхьэнэр къытщIэхъуэ щIэблэм я деж зэрынэхьэсыпхъэр.
- Ди япэ итахэм я лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ, зэрызэкъуэтамрэ я псэ зэремыблэжамрэ, апхуэдэуи я Хэкур фIыуэ зэралъэгъуам къытхуихьащ нобэ зи гугъу тщIы ТекIуэныгъэ Иныр. Бийр лъэрызехьэми, зауэ нэхъ гущIэгъуншэм дыщыпэщIэтыфащ, аращ нэхъыщхьэр. ТекIуэныгъэр щIэину къытхуэзыгъэнахэм я фэеплъыр тхъумэн хуейщ, - жиIащ Дзасэжьым.
Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я ветеранхэм я Налшык ­къалэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Абдуллаев Мустэфа къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ щIалэгъуалэр хэкупсэу гъэсэнымкIэ я IуэхущIапIэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм.
РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и щIэныгъэ-егъэджэныгъэ IэнатIэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Абазэ Алексей жиIащ тхыдэр «къратхыкIыжыну» щIыхэт щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэм зэращыщыр Совет Союзыр зэрыпхъуакIуэхэм зэратекIуамрэ бийр зэрырахужьэжамрэ я мыхьэнэр ягъэлъэхъшэну мурад зэраIэр.
Iуэхум теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ Сабий творчествэмкIэ «Дыгъэпс къалэ» академием и унафэщI Iэрыпщ Мурат, ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зезыхьэ республикэ сабий библиотекэм и унафэщI Хьэту Светланэ, «Полк уахътэншэ» урысейпсо Iуэхур республикэм щызэзыгъэуIу Битокъу Маринэ, КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм щэнхабзэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм ядэлэжьэнымкIэ и комиссэм и унафэщI Ашэбо­къуэ Дамирэ.
ЗэIущIэм и кIэухым архиепископ Феофилакт щIыхь тхылъхэр яритыжащ сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ ядэлэжьэнымкIэ «ЕгъэджакIуэм и лIыгъэ» урысейпсо зэхьэзэхуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэм. ЯгъэлъэпIахэм ящыщщ Тэрч къалэм и курыт еджапIэ №3-м и егъэджакIуэхэу Жылэхьэж Аксанэрэ ХьэкIуащэ Маринэрэ.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: