ХьэрычэтыщIэхэмрэ къулыкъущIэхэмрэ зэдэлэжьэн хуэдэуУФ-м и Къэрал Думэм и депутат Марьяш Иринэ иджыблагъэ Москва къалэм щаIущIащ «Iуэху зезыхьэ Урысей» жылагъуэ зэгухьэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и лIыкIуэ Гузеевэ Индирэ, Москва къалэмрэ Москва областымрэ сату-экономикэ IуэхухэмкIэ КъБР-м и Правительствэм и лIыкIуэу щыIэ Щэуей Альберт, «Горный край» жылагъуэ IуэхущIапIэм и правленэм и унафэщI Макаренкэ Дмитрий, хьэрычэтыщIэхэм ехьэлIауэ хабзэм къемызэгъыу уголовнэ Iуэху къемыгъэIэтынымрэ абыхэм зэфIагъэува я IэнатIэр къатезыхыну зи мурадхэмрэ ящыхъумэнымкIэ адвокат Ковалёв Денис сымэ. ЗэIущIэм хэтахэр тепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым хьэрычэт Iуэху мыинрэ курытрэ зиIэхэм къэралым зэрызащIигъакъуэм, абыхэм къыщIагъэкI хьэпшыпхэмрэ я Iуэхутхьэбзэхэмрэ ди щIыналъэм къищынэмыщIауэ нэгъуэщI хэгъэгухэми зэрыщрагъэкIыфыну щIыкIэм. Къапщтэмэ, Макаренкэ Дмитрий къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ «Горный край» IуэхущIапIэм хэтхэм зэфIагъэкI лэжьыгъэмрэ ахэр зыIууэ гугъуехьхэмрэ.
Поделиться:
Читать также:
18.03.2024 - 15:45 →
IэIэтым – унагъуэкIэрэ
18.03.2024 - 15:10 →
Гъатхэмрэ мурад дахэхэмрэ
15.03.2024 - 13:33 →
Дзыхь зыхуэфщIыр къыхэфх!
29.02.2024 - 14:07 →
КъэкIуэнум дызэреплъ нэ
26.11.2023 - 10:59 →
ЩIыналъэм и хэхъуэр сом мелард 50-м щIигъунущ
|