Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхьэIухудхэр

ЩэкIуэгъуэм и 26-м Налшык щекIуэкIащ тхьэIухудхэм я зэпеуэ «Мисс КБР-2019», «STAR­KBR» агентствэм къызэригъэпэщар.

Дахэхэм я нэхъ дахэжыр къыщыхаха а пшыхьым хъыджэбзхэм мазэ бжыгъэкIэ зыхуагъэхьэзырат. Къафэм, утыку итыкIэм хуагъэсам и мызакъуэу, фотосессие куэдым, къалэм и махуэм ирихьэлIэу удз гъэгъахэм я фестиваль екIуэкIами хэтащ ахэр.
Гухэхъуэт Профсоюзхэм я щэнхабзэ уардэунэм и утыкум къихьа хъыджэбз зэкIужхэм уахэплъэну.
ТхьэIухуд зэпеуэхэм я хабзэм тету ирагъэкIуэкIащ иджырейри. Утыку итыкIэ зэращIэр, къафэм зэрыхуэIэзэр, я акъыл жанагъыр, творческэ зэфIэкIхэр ягъэлъэгъуащ пщащэхэм.
Тынштэкъым, дауи, къэпщытакIуэхэм я къалэныр - зэпеуэм хэтахэр зэхуэфащэ зэхьэрхуэрэгъухэт. «Мисс «Генеральный спонсор», «Мисс «Инстаграмм» хъуар ДыщэкI Заринэщ, етIуанэ вице-мисс цIэр Мукаиловэ Минарэ фIащащ, япэ вице-миссыр Нэжыгуэ Эллэщ, япэ ищар, «Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхьэIухуд-2019» цIэр зыхуагъэфэщар, Иуан Аленэщ.

ПЕЧОНОВЭ Наталье.
Поделиться: