Куржы усакIуэр адыгэхэм зэратетхыхьар

Пшавелэ Важэ ХIХ лIэщIыгъуэм псэуа куржы (грузин) усакIуэ нэхъ лъэрызехьэ, цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщщ. Пшавелэ Важэ, ипэжыпIэкIэ зэреджэу щытар Разикашвили Лука Павел и къуэщ, 1861 гъэм бадзэуэгъуэм и 14-м Куржым щыщ Чаргали къуажэм къыщалъхуащ, 1915 гъэм мэкъуауэгъуэм и 27 (бадзэуэгъуэм и 10)-м Тбилиси дунейм щехыжащ.
   Разикашвили унэцIэм и тхыдэр гъэщIэгъуэнщ. Ар къыщежьар         XIX лIэщIыгъуэм и 40 - 50 гъэхэрщ. КъэхутакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, Пшавелэ и пасэрей лIакъуэхэр мохъейхэр жыхуаIэхэм ящыщыгъащ, ауэ зы къуаншагъэ гуэрым щхьэкIэ къызыхахуауэ щытащ. Важэ и пасэрей лIакъуэхэм ящыщ гуэр пащтыхь Ираклий ЕтIуанэм и IупэфIэгъухэм яхэтащ. 1850 гъэм члисэ тхылъым иратхащ Разикашвили унэцIэр япэ дыдэу къэзыщта Имедэ. Имедэ зауэлI цIэрыIуэу, лIы хахуэу щытауэ жаIэж. Имедэ и къуэхэм ящыщ Беро къуажэм и хъумакIуэ пажэхэм яхэтт, къызэрымыкIуэу пагэт икIи гуащIэт. ЗэраIуэтэжымкIэ, абы Пилашвили гуэрым и Iэр къыпиупщIыгъащ, ар Беро и щхьэгъусэм и бостей кIапэм зэры­лъэIэса къудейм щхьэкIэ. Мис а лIы гуащIэм и щIэблэт Важэ и адэ Павел.
   Важэ и ныбжьыр илъэси 10-м нэса нэужь, Телави дэт дин училищэм щIагъэтIысхьащ. Илъэс 16 ирикъуа нэужь, ныбжьыщIэр щеджащ Гори къалэм дэт, егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр семинарием. ЕджапIэм абы щызрегъэцIыху народникхэм я кружокым хэтхэр, ауэ куэдрэ яхэмыту къахокIыж, народникхэм я Iуэху еплъыкIэмрэ езым еймрэ зэрызэтемыхуэм къыхэкIыу. ЕджапIэм нэужьым Важэ егъэджакIуэу Эрцо къуажэм ягъакIуэ, ауэ, куэдрэ мылэжьауэ, къыIуахуж, егъэджакIуэм щхьэкIэ зыгуэрым бзэгу ехьри. 1883 гъэм Пшавелэ Бытырбыху макIуэ, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтыну. Ауэ семинариер къэзыуха щIалэр университетым щIэтIысхьэну хуиттэкъыми, езыр-езыру кIуэурэ юридическэ факультетым 1884 гъэ пщIондэ щоджэ. АдэкIэ зэреджэн мылъку иIэтэкъыми, и хэкум къегъэзэж. Бытырбыху къикIыжа тхакIуэр хущIэкъуащ къэрал IуэхущIапIэ гуэрым лэжьапIэ увыну, ауэ ари имыгъуэту, Амилахвари пщым деж егъэджакIуэу мэув. А лъэхъэнэм къриубыдэу Важэ йогуакIуэ Небиеридзе Екатеринэ фызабэ ныбжьыщIэм икIи ар щхьэгъусэ ещI. 1896 гъэм Важэ Тонети къуажэм егъэджакIуэу макIуэ. Зи узыншагъэр мыщIагъуэж усакIуэр 1915 гъэм и мэлыжьыхьым Тбилиси мэIэпхъуэ, зригъэIэзэн мурадкIэ. И тхьэмбылым щIыIэ хохьэри, узым йолIыкI а гъэ дыдэм и мэкъуауэгъуэ мазэм.
   Пшавелэ тхэн щыщIидзар 1881 гъэрщ. И тхыгъэхэр нэхъ зытриухуэу щытар къызэрыгуэкI цIыхухэм я псэукIэ, хабзэ, хьэл-щэнхэр, тхыдэр аращ. Бгырысхэм яхэсу къэхъуа, псэуа усакIуэр абыхэм я псэукIэм фIыуэ щыгъуазэти, ар и поэмэхэм куууэ къыщигъэлъэгъуэжащ. Псалъэм папщIэ, «Цацлобэ» поэмэм. Бгырыс лъэпкъхэм я плъапIэхэмрэ гугъапIэхэмрэ зыубгъуауэ къыщыIуэтащ «Гоготуирэ Iэшынрэ», «Стумар-Маслиндзели» поэмэхэм, нэгъуэщIхэми.  Куржым и бгырысхэр мыхъуу, адыгэ бгырысхэрщ зытепсэлъыхьыр «ЛъыщIэж» тхыгъэшхуэр. Тхы­гъэр зытегъэпсыхьар усакIуэм занщIэу псалъащхьэм деж къыщыдгурегъаIуэ, «Шэрджэс гъащIэм щыщ хъыбар» жиIэу кIэщIетхэри.
   Тхыгъэм хыдолъагъуэ Пшавелэ адыгэхэм я хабзэр, зэхэтыкIэр фIыуэ ищIэу зэрыщытар, я лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэхэр яхъумэу, нэмысымрэ щIыхьымрэ ямыгъэулъиин, хэкум и хуитыныгъэм щхьэкIэ сытри ялэжьыфыну щыта шэрджэсхэм я лIыгъэм зэрыригушхуэр, пщIэшхуэ зэрахуищIыр. Куржым и усакIуэшхуэм ди лъэпкъым иIа псэукIэр къызэрыщыхъум теухуа тхыгъэр ди бзэкIэ диIэныр щхьэпэу къэтлъытэри, ар адыгэбзэм къидгъэтIэсащ.

УЭРЭЗЕЙ Афлик, усакIуэ.

 

ЛЪЫЩIЭЖ

Шэрджэс гъащIэм щыщ хъыбар

1

Накъыгъэ мазэм и пщэдджыжьым
Уэгу лъащIэм щыщIэсыкIкIэ пшэхэр,
Къырыщхьэхэм, къиплъыкIыу жыжьэ,
Я пшэ-IэлъэщIхэр зытрахыр.
Къуршыжьхэр къоплъэ къэгубжьауэ,
Жэщ жейр пфIэщIынщ яримыкъуауэ.
Жьы Iэлри къопщэ, IэкIуэлъакIуэу
Къырхэм я щIакIуэр игъэныщкIуу.
Жьым игъэхъейуэ щхьэкIэ бацэр
Мэбауэ хуиту пыжьей чыцэр.
Бэуэху къыхехыр и Iубахъэм
Мы ди дунейм и уахътыншагъэр.
Къыр дзакIэ лъагэхэр щымауэ,
Къахоплъэ псынэ къащIэжауэ,
Пщащэ щхьэц кIыхь зэхэухуэнауэ
Къежэхрэ, къырхэр ягъэтхьэхуу,
Къытещэщэжу щIым псыпыхуу.

Къуршыжьхэ! Фыслъагъуху жыжьаплъэу,
Си гур къыщоуэ бгъэм, зэщIэплъэу!
КIэзызу къарууншэу си псэр,
АрщхьэкIэ сыкъэвдакъым гъусэу.
Къыздэвгуэшакъым фи Iущыгъэр,
Ди щIыгум къыфхилъхьа фи лIыгъэр.
ПсчэуIуу бгым къежэх къуршыпсыр
ЗиIуантIэу збложри, мэкIуасэ.

Iумылу кIэрыфщIахэм къуршым
Евгъафэри анэ быдзышэу,
КъэвутIыпщащи псыIэрышэу,
Къожэхыр джабэм нэшэкъашэу.
Къызэхуашэсыр цIыкIуи ини
Дамащхьэм тету я кхъуэщыныр,
ПсыхуэлIэр хуейщ ирагъэкIыну,
Псы сыхъэр нэкIу къэплъам щIакIэну.

А зэман дыдэм фэри, къуршхэ,
Аузхэм факъыдодыхьэшххэ,
Къызэхэфплъыхьу тафэ жыжьэр,
Фи псалъэмакъыр ивошажьэ.
Фатопсэлъыхь сабий гукъеуэм,
Ар зыми игу къызэремыуэм.
Жьы закъуэрщ ахэм я шу гъусэу,
Къугъ макъыр жыжьэ нагъэIусу,
Жыгеижь лъагэ щхьэкIэм фIэсыр.

2

И шыр ешами, и лъэр щIэщIэу,
Дэжащ шууейр бгы шытхым псынщIэу,
ИкIи, Алыхьым хуищIу фIыщIэ,
Къоплъыхыр бгым, аузым доплъэ,
Къелъагъур къуажэ къыщыхъуар.
Гур дэрэжэгъуэм зэщIигъаплъэу,
Хуоплъыхыр псэм и хъуахуэ хъуам.
ЦIыхухэм я закъуэкъым къуажэжьым
Шууейр сыт щыгъуи щIыхуэзэшыр,
Жыг тхьэмпэ къэс, къилъагъумэ жыжьэу,
Псэм уэрэд гуапэр щыхуегъэшыр.
ЛъыщIэж мураду и гужьгъэжьым
Щызэрихуащ ар куэдрэ къуршхэм.
И бийм къегъуэтри и лъэужьыр,
ЕщIэжыр ялъ абы и къуэшхэм.
Иджы, къигъэзэжащи лъахэм,
Бгы щыгум итщ и щIыхьым пэплъэу,
И нэгур гуфIэм зэлъыIуихыу,
Къамэ лъы защIэм и Iэр дилъэу.
Шууейм фIы дыдэу къыгуроIуэ -
ПщIэншэу къищтатэкъым и мэIур.
Шэрджэсым иIэт щIэгушхуэн,
Къуажэгъухэм щIыхь къыщIыхуащIын:
И уанэ къуапэм кIэрыщIауэ
Абы къахуехьыр бийм и Iэблэр.
А бийр къалъыхъуэхэрт куэд щIауэ
Къахуэмыгъуэту, зэрыжылэу.
Иджыри ящIэркъым къуажэгъухэм
Шууейм и зекIуэм кърикIуар.
Езы шууейми, зигъэщIагъуэу,
ИIуэтэжакIэкъым ищIар.
ЗауэлIым IэфIу псэм щегъафIэ,
Ауэ фIы дыдэу къыгуроIуэ,
Абы къыпоплъэ саугъэтыр:
Iэщэ-фащэ, шым я нэхъыфIыр -
ЗауэлIым сыт нэгъуэщI къыхуэтыр.
ИтIани псом я нэхъыщхьэжыр -
ЛIыфI я лIыфIыжу ар къокIуэжыр -
Апхуэдэу къалъытэнущ къуажэм -
Гугъу зэрехьар щагъэгъупщэжу.
ЛIы щIиукIар лъыщIэж бэлыхьщи -
Къыхуагъэгъунущ а гуэныхьыр.

3

Мес, Аслъэнбэч и унэ-лъапсэр,
И унэ уардэр, и быдапIэр.
КъызэращIэжрэ шэрджэсхэм,
Ар гущIэгъуншэщ, цIыху гъэбампIэу.
Къилъыхъуэ защIэщ бий Iэужьыр,
ЛъэмыкIыу псэуфын мамыру,
ЗэщIигъэплъэжурэ гужьгъэжьыр,
Къаугъэхэр кIэншэу игъэуэру.
КIуэ пэтми бэчыр нэхъ екIакIуэрт,
Хъуащ жаIэрт ар лъэпкъ епцIыжакIуи.

Хъушэ бэгъуахэм жэщи махуи
ЯтеплъэкъукIыркъым Аслъэныр.
Аркъэныр едзри Iэрыхуэу,
Бийм хулъэкIыжкъым IэщIэкIыну.

Ажалым къищынэмыщIауэ,
Ар зыщышынэн къэгъуэтыгъуейщ.
Зыми къыхуэщIэркъым щыкIауэ,
Апхуэдэу пщыр зыгъэнэпсейр.
Ар шэрджэс лъахэм щыпащтыхьу,
И жыIэм фIэкIыркъым зы цIыху.
И лIыукI гупхэр, зэрызехьэу,
ИкIахэщи хъийм, ямыщIэ псэху.
КъызэранэкIыу лъым и лъагъуэр,
Унагъуэ къэс ягъэщхьэжагъуэ.
Къаплъэн щылъхуу Къышырбий закъуэщ
Аслъэнбэчым хуэмыжыIэщIэр.
Куэд щIауэ хэкIкъым пщыр ныкъуакъуэм,
ЛIы инатыр хуэмыгъэIурыщIэу!
Сыт хуэдизрэ хэта Аслъэнбэч,
ЛъэкIым къытримыхьэжу шэч,
СампIэимыхьэр гъэр къищIыну,
Тезыр тIуащIэ трилъхьэну?!
Бейгуэл жыIэщIэ гупыр шууэ
Къызэхуишэсхэрэ зэдэууэ
КIэлъигъэпхъэрми гуащIэу бийм,
Мис, дыкIэлъос, жаIа къудейуэ
ЯIэщIэкIыжыфырт Къышырбийр!

Къышырбийми Iуэху и мымащIэ,
Езыр щтаучым хуэдэу гуащIэщ,
Мышынэу дэни къыщекIухьыр,
Къуажэгъухэм яригъэзу дзыхьыр:
- Сыт псоми Аслъэнбэчым и бжьыр
Фи пщэм щIыдэвгъэлъыр, ещхьу вым,
Фышынэу, зэщIэвмыхыу фи жьэр,
Сыт щIыхуейр бэлыхьхэр фэ вгъэвын?
Аркъэ, хуэфащэ-тIэ цIыху нэсым,
ГъэрыпIэм итым и мыхъурыр
Къыфтригъауэу къывипэсу,
Пщыр хуеймэ. Сыт апхуэдэ къыщIэвгъэхъур?

Е, хуитыныгъэр ффIэмыIэфIу
ДэвгъэхьэжакIэ хьэрэкъуакIэ,
Е, кIэнджэгу защIэкIэ зывгъафIэу,
ЛIыгъэм и шхуэIур футIыпщакIэ?
ЛIы хуэдэу фихьэ нэхъ зэуапIэм,
Нэхъ ффIэфI фитыну азэн джапIэм?

ЛIыукI сэ фэ зи гугъу фхуэсщIакIэр
Шым щымысхьыжу йопIэщIэкIыр.
Шур, тепыIэншэщи, хуопабгъэ
Щигъэгъуэзэнущ пщыр и лIыгъэм.
И щыхьэту зэрымылIыгъэншэм,
Абы хуихьынущ Iэблэ псэншэр.

Ауэ имыщIэ шууейм зэкIэ,
ИмыщIэ щIэщхъуу къылъыкъуэкIар,
ЗэщIипщытыкIыу тафи къуакIи,
Зылъыхъуар аракъым иукIар.

И фIэщ мэхъуж Демур: бийр ягъей,
И хьэдэр кхъэм щыщIалъхьэжакIэу,
АрщхьэкIэ, узыншэу Къышырбий
КъекIухь, пащIэкIэм щIэгуфIыкIыу.
Шэрэзыр, хуейм, трырешащIэ,
Къыхуэгъэшынукъым блэм гъущIыр.
 4
МэкIуэщIыр махуэр, жьыбгъэ щIыIэр
Къожэхри бгым, толъадэр тафэм.
Дыгъэ нэбзийхэм къыр мыл пыIэр
Ныбжь щыгъуэ фащэкIэ щIауфэр.
ГуфIэгъуи, гуауи, нэщхъеягъуи
КъагъэувыIэнкIэ хэмызагъэу,
А зырщи иIэр дэрэжэгъуэу,
ХущIокъур уахътыншагъэ лIыгъэм.

Къуршыбгъэ лъэщхэм я бгы жьэгъурщ
Шэрджэс щхьэхуитхэм я унагъуэр.
ЩызокIуэр бгыхэм бгъэм ящIыгъуу,
Ар лIыхъужь нэсхэм я фIэигъуэщ.

Мы къуршыжь задэхэм я куэщIым
ЛIыхъужь дапщэ ирапIыкIар,
Хахуагъэм фIыщIэ лей щыхуащIу,
УIэгъэу дапщэ щагъэкIыжар?..
Апхуэдэ лIыхъухэр кIуэдыжыну
Хэт, и жьэм къекIуэу, хужыIэну!

Къыр лъабжьэм щIэт унэ мыиным
И пщIантIэкум къыщоувыIэ шур.
Иригъэшами и гъуэгуанэм,
Тыншыгъуэ къимылъыхъуэ псэм.
Гъэмахуэ пшыхьым уафэ лъащIэм
КъыщIэнэхукI мазэщIэу лыду,
ЩIы зытеувэр игъэхыщIэу,
ЗиIыгъщ абы, щIалэщIэу уардэу.
«Ей, унэм щIэсыр хэт? - и макъыр
ЕгъэIу хьэуар игъэкIэзызу, -
ЦIыхубз, уэ сэ сыкъэплъэгъуакъэ,
Мы си шыр сIых, зыхуей хуэгъазэ!»
Мисыр, иджы хъуащ игъуэ дыдэ
ЗэлъащIысыну зэрыжылэу
ИукIыу езы Къышырбий дыдэр,
Къызэрихьар абы и Iэблэр.
Иджы къуажэгъухэр лIым къыщытхъуу,
Хъунт батырыбжьэр кърагъахъуэм,
ЗауэлI шыщхьэмыгъазэ щIыхьыр
И унэм нобэ къыщIрехьэ!

ТIэкIу кIэщIиIэтэурэ IэлъэщIыр,
Адыгэ цIыхубз зэкIу ныбжьыщIэр
Гъэгъам уэсэпсыр къыпыткIуауэ
Пщыхъуну, бжэIум къиувауэ,
Щытщ къаплъэу, псалъэр бзу пшыналъэу
КъыпфIощI жыг щхьэкIэм къыпылъэлъу.
Е ещхькъэ ар нэбэнэушэу
Къырыщхьэм бгъэ шыр цIыкIу щыушэм?
Е жэнэт лъахэм щыблэ дыгъэм
И нуру ар къыдидзрэ бжэIум?
Сэшхуэдзэм идза мафIэ лыгъэу
Тридзэу нурыр лIым и мэIум?
Ещхь ар гъэмахуэ уафэгъуагъуэм
Тенджызым къыщиIэт толъкъуным?
ЛIыфI я лIыфIыжми зегъэщIагъуэ
Къеплъам апхуэдэ цIыхубзынэр!
ЦIыхубзым лIым хуеубыд лъэрыгъыр.
И афэ къыIихар иIыгъыу,
КIэлъоплъ ар хуэму зэрепсыхым,
Щым защIэу, и щхьэр ирихьэхыу.
Шы къэпщIэнтIам пщIэнтIэпс тхъурымбэ
Къыпыхур къыщилъагъум, фызым,
Iущащэ хуэдэ жэщ вагъуэбэр,
ДзыхьмыщIу и лIым зыхуегъазэ:
- Сыт къыплъихьар, шыщхьэмыгъазэ,
Щхьэ зыбукIыжрэ апхуэдизу?
Сыт зэрыпщIынур Къышыр лIыхъур,
КъуищIари сыт, сыт къыщIэплъыхъуэр?
ЦIыху дапщэм шыхэр зэблэфхъукIыу
Сыт щIауэ пщIэншэу ар къефхуэкIрэ?
Сыт пфIидыгъуар, е уи псэм къеIэу
Къыпщыхъурэ, къэпхьын хуэдэу и Iэр?
Иджы мыр пэжу уэ къызжеIэт,
Гужьгъэжьу сыт абы хувиIэр?!
- Фи щхьэцым фIэкIкъым фи акъылыр
Бзылъхугъэм, телъщи ар фи Iупэм.
ФымыщIэр, къытевгъалэу тIуалэу,
КъэфIуэтэжамэщ фи насыпыр.
Фэ къывэдаIуэмэ, цIыхухъум
ГъащIэр ихьынт гъуэлъыпIэр ихъуэу.
Абдеж къыдохьэ я гъунэгъур,
КъоупщI зекIуэлIым, игъэщIагъуэу:
- Укъэгуваи, сыт хъыбарыр,
ПщIэншэрызекIуэ уи къэкIухьыр
Е къэблэжьын плъэкIакIэ щIыхьыр?
- Сэ къэзгъуэтащ ар икIи сукIащ.
- Сыт жыпIэр? Уи насып къикIащ.
Ар дауэ хъуа къыпIэрыхьэнкIэ,
Уи ныбгъуэ хьэшым къибгъэхуэнкIэ?
- Жэщым сепщыхри я уэнжакъым,
Сытеуэщ, илъуи гъуэлъыпIэм,
ХэзукIыхьащ, къимыкIыу и пIэм.
Къызэхихами си щхъыщхъ макъыр,
Нэбэнэушэм и тэмакъым
Си къамэр схулъэкIащ дэслъэну,
Лъы пщтырыр кърезгъэкIутыну.
Абдежым и фызыр къыщыкIийм,
СыкъыщIэцIэфтри уафэхъуэпскIыу,
Зездзыжри шым, шы лъэгум хъуаскIэр
ЩIихыу жэщым сыхэлъэдэжащ,
Бжэн Iэлу къурш шытхым срижащ.
Лъэ макъыр къуажэм дикIутэжу.
Жэт си шыр, лъакъуэм щымысхьыжу.
Жылэ жеяр къыщыушыжым,
Къоувэ пхъэрыр си лъэужьым.
АрщхьэкIэ кIасэт, къысщIыхьэну
Абы Iэмал имыIэжынут.
КъыпызупщIакIэт бийм и Iэблэр, -
ГуфIэгъуэр и нэкIущхьэм щыблэу,
Демур ирегъэлъагъу гъунэгъум
Бий Iэблэу лъыпцIэр зыкIэрыгъуэр.
IэгуитIкIэ еубыдыжри и нэр,
Щхьэгъусэм зыкъыIуедз, мэшынэр.
Ауэ гъунэгъур, игъэщIагъуэу,
Ехъуапсэу йоплъыр къуентхъ шынагъуэм:
- Мыр телъыджащэкIэ тхьэ соIуэ,
Абы уищIынущ уэ цIэрыIуэ!
- Ей, фэ цIыхухъухэм,- жеIэ фызым, -
Сыт, фимыIэжу зы гу узи,
Лъы къыщIэфлъыхъуэр еш фымыщIэу,
Лъыуэ ягъажэр фыфIэмащIэу?
ЛIы хейм и Iэблэр къыщыслъагъум,
Сэ занщIэу сиубыдащ техьэгъуэм.
- Уэ къыпщыхъурэ сщIауэ къемызэгъ,
Е сыкъэплъытэрэ къанлыуэ?
Уэ куэдрэ сэ укъысхуэмыгъ,
Уи гур Къышыр щIэбгъэгъуу лейуэ!
Къышыри игъэтхьэджар, щхьэлъащIэ,
Уэ езым къэбжыт, уфIэмащIэ?
Вгъэжакъэ фызхэм нэпсхэр мызэу
Къэна сабийхэм щхьэ зеиншэу?
Ейщи иджы чэзур, фи гъыбзэр
Абы, фыхуитщи, хуэвгъэушэ!
Езым зилъытэжырт емынэу,
Зэрихьэрт лей, сампIэимыхьэт.
Иджы щреIу абы и унэм
Гъы макъыр, фызхэр зэщIэпыхьэу.
Къуэ угъурсызыр гум къыщIитхъыу
И анэ закъуэрщ гузэсэнур.
ЩIым тетыхункIэ гуауэ зысэм
Гукъеуэ хьэсэщ Iуихыжынур.
Апхуэдэм нэгъуэщIым и гуащIэр
Лъытэн хуеиххэу къыхуэмыщIэ.
Езым и псалъэрщ пхигъэкIынур,
МыдаIуэр бэлыхь хигъэпкIэнущ.

Уэри, мис, уэ фыз лъэпкъыншэм
ГущIэгъу залымым хубогъэшыр.

- ЦIыхухъухэ, псэлъэрей фыхъуауэ,
СывэдэIуэхункIэ напэр сфIос.
Апхуэдэ хэкум къимыхъуауэ
Щытхъугъар фэракъэ нобэм къэс:
«Зауэм Iухьамэ, Къышыр хуэдэу
Iэщэр зыгъабзэ гъуэтыгъуейщ.
Абы и лIыгъэр щапхъэ мардэ
Къытхуохъури, сыт щыгъуи дыдоплъей.
КIуэцIрещIыкIыр бийр курыхыу,
КъыпэщIэувэм и щхьэр пихыу.
Апхуэдэу гуащIэ, щхьэмыгъазэ
Хэкум къыщихъуэр зэзэмызэщ».
Иджы Аслъэн фыкъигъэутхъуэу,
ЛIым бзаджэу щыIэр хущIывотхъуэ.
Фыкъелъытэжри и бейгуэлу,
Сабийуэ пщым фыкъегъэделэ».
- ЦIыхубз, уэ мащIэщ къыбгурыIуэр,
Ущытхъуу, и цIэр бийм къыумыIуэ!
- Алыхьым щхьэкIэ гъэпщкIу а Iэблэр,
Абы сеплъыфкъым сымыдзыхэу.
И фIэщ хъужарэ ирипагэу,
ФIэфIщ Iейр игъэпIиину делэм!
- Уэ уеупщIам арат Аслъэным
Мы Iэблэм къыщIыхуикIым и нэр! -
Демур, къещтэжри Iэблэ псэншэр,
IуокIыжыр, щIехьэр ар я пэшым.
И фочым, бжым я гъусэу блыным
КъыфIелъхьэр, и гур ириину.

5

ЩIым жэщыр хуэму къыхуоIэгъуэ,
Къуажэм къэсащ и гъуэлъыжыгъуэр.
Ныжэбэ тыншу хэт хэлъынур,
Хэт жейр зи напIэм къемыкIуэнур?
Хэти и щIасэм и бэуэкIэм
ЩIэдэIуу, игъэудэIуу бакIэ,
Мэжей пщIыхьэпIэр иIэу мэIуу,
Уеблэм, адакъэр къыхуэмыIуэу.
ЗыщIеупщIэжри щIакIуэ кIапэр,
Демур зэтрелъхьэж и напIэр.
Жейм емызэгъыр и щхьэгъусэрщ,
ЦIыхубзым и псэр мэгузасэ.
Щэхуу къыщIопщри щIакIуэ щIагъым,
ЩыIэбэрабэу хъуреягъым,
Уэздыгъэ фагъуэр зэщIегъанэ,
Iэ псэншэр къыщилъыхъуэу блыным.
Гукъанэ ищIу, зы макъ гуэр,
Зригъэхузу жагъуэу гум,
Щымым къыхокIри къоIущащэ,
Нэпс пщтырыр къытригъэщащэу!
Макъ дэгуу къеIущащэр и псэм
Абы къыщохъур и нэIуасэу.
Сыту шынагъуэ а макъ щэхур,
Зы гуауэ гуэр къыхуэзыIуэхур.
Демур мэжей, пырхъыжу IэфIу.
БииIэ псэншэр гум щигъафIэу,
ИIыгъщ цIыхубзым, и Iэр дилъэу,
Къарур фIэкIуэду, фIыщIэщIэу и лъэр:
- Мыр сыт хьэзаб! Хэт мыр зи Iэблэр?!
Илъщ Iэпэм си анэм и Iэлъыныр,
Е, зэIыхьакIэу си акъылыр,
ЩымыIэ гуэр къилъагъурэ си нэм?!
И Iэгум телъщ мафIэс лъэужьыр,
Ар сэ фIы дыдэу соцIыхужыр.
Алъхъэст, си дэлъху! Ди сабигъуэм
Уи лIыгъэр сэ къысхуэбгъэщIагъуэу,
Уи Iэгум ипкъузэнти дэпыр,
ПIыгъынт, умыгъэхуадэу напIэр.

(КъыкIэлъыкIуэнущ).

ПШАВЕЛЭ Важэ.
Поделиться: