Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэр письмоулъэхэм тету

«КъБР-м и коллекционерхэм я зэгухьэныгъэм» и нэIэ щIэту, илъэс зыбжанэ хъуауэ щIыналъэм епха дамыгъэхэр хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэм ятещIыхьауэ ди щэнхабзэм къыхэзыхьэ, абы ипэжкIи щIэупщIэшхуэ зиIэ щIэныгъэ тхылъхэр къызэрыдигъэкIымкIэ цIэрыIуэ хъуа Тхьэкъуахъуэ Iэуес иджы утыку кърихьащ «Къэбэрдей-Балъкъэрыр маркэкIэ гъэщIэрэщIа письмоулъэхэм тету» тхылъ-буклетыр.

Тхыдэр зыхъумэр щIэныгъэлIхэм я закъуэкъым. Псэ зыIумыт хьэпшыпхэми къатонэ абы и тхыпхъэр. Ара къыщIэкIынщ дамыгъэ къызэрымыкIуэхэр зэхуэхьэсыным дихьэх, хуэмурэ ар псэм фIэфI лэжьыгъэ зыхуэхъу цIыху щIыщыIэр. ЗэхуэхьэсакIуэм и зэш тригъэу хуэдэу къыпщыхъуми, гъащIэм дахагъэ къыхэзыхьэ дэтхэнэ зы IэщIагъэлIми хуэдэу, абы Iэзагъ нэхъыщхьэу бгъэдэлъыр къыхэхыкIэрщ. КъыхэхыкIэ зыщIэм къыхэхыпхъэр, цIыхубэм гунэс, щхьэпэ ящыхъунур IэщIэкIынукъым. Ар уи фIэщ ещI Тхьэкъуахъуэм и сурэт тхылъым иджыпсту ди пащхьэ илъым.
Нобэ Iыхьлым ущIэупщIэн, къулыкъу тхылъ зыщIыпIэ ебгъэхьын, егъэджакIуэм уеупщIын, хьэмэрэ еджакIуэм удэIэпыкъун папщIэ, телефоным Iэпэ щабэкIэ уецырхъмэ, зэфIэкIащ. Илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, пощтыр уи дэIэпыкъуэгъуу фIэкIа бгъуэтынутэкъым апхуэдэ Iэмал. Арат щIыпIэ жыжьэ щыпсэу я Iыхьлыхэми, ныбжьэгъухэми, ямыцIыхуххэхэми яхуэтхэхэм я дежкIэ письмоулъэхэмрэ маркэхэмрэ мыхьэнэшхуэ щIаIэр. Уеблэмэ, пощтым епха тхылъымпIэхэр зэхуэхьэсыныр къудамэ щхьэхуэ хъури, «филателист» - «пощт маркэхэр зэхуэзыхьэс» - псалъэри зекIуэ хъуащ.
Хэкум хуиIэ лъагъуныгъэр хьэл зыхуэхъужыр гунэсу мыIэбэнкIэ, езым и фIэщ хъур цIыхугум нимыхьэсыфынкIэ Iэмал иIэкъым. А гупсысэм ухуешэ ныбжь зиIэ хьэпшыпхэр зэрызэхуихьэсыжым нэмыщI, ди щIыналъэм епхауэ езым и нэгум щызэфIэува дамыгъэщIэхэмкIи щIэх-щIэхыурэ дызыгъэгуфIэ Тхьэкъуахъуэ Iэуес и Iуэху бгъэдыхьэкIэм.
ЦIыкIуми инми Хьэрэмэ Iуащхьэ яхуэхъу инстаграмым адыгэ хьэблэшхуи иIэщ, зэрыфщIэщи. ЗэрыхэмытхъыкIыр нэрылъагъуу, итIани, щхьэпагъкIэ япэ итхэм язу, абыхэм ядогъуэгурыкIуэ Тхьэкъуахъуэ Iэуес игъэлажьэ «Numizmat» напэкIуэцIыр. («Нумизматикэ»р коллекционер къудамэ щхьэхуэщ, апхуэдэу йоджэ ахъшэжьхэр зэхуэхьэсыным епха щIэныгъэм).
Республикэм епха махуэшхуэхэр зыгъэлъапIэ бгъэхэIухэр, адыгэбзэкIэ «Си бзэ, си бзэ, си адыгэбзэ», «Адыгэ фащэм и махуэ», «НэщIикIыж хьид махуэшхуэр», «Сэ уэ фIыуэ узолъагъу» псалъэхэр зытегъэуа шарыб зэмыфэгъухэр, ди щIыналъэм щызекIуэ фIэщыгъэхэр щыплъагъу малъхъэдис гъэщIэрэщIахэр, тетрадхэр, нэгъуэщI хьэпшып щIэщыгъуэхэу сабийри балигъри зыщыгуфIыкIынухэр щыболъагъу а напэкIуэцIым. УемыхъуэпсэнкIэ Iэмал имыIэу, а сатырым кърокIуэ тхылъ хъумапIэхэм я архивхэм фIэкIа щумыгъуэтыжын тхылъыжьхэр.
Дызытепсэлъыхь буклетым деж къэдгъэзэжынщи, 1957 гъэм щегъэжьауэ 2018 пщIондэ къызэщIиубыдэу, абы письмоулъи 100-м нэсым я сурэт итщ. «Письмоулъэхэр зэхуэпхьэсыным фIы куэд хэлъщ, - зыкъыщытхуегъазэ пэублэм ар зи IэдакъэщIэкIым, - абы уи дуней еплъыкIэм зрегъэужь, тхыдэм и къарур зыхэпщIэу урегъасэ. Фи пащхьэ къитлъхьэ письмоулъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэ куэд зэритри, абы къикIуа гъуэгуанэри уигу игъэзагъэу къытощ».
Дривгъаплъэт письмоулъэхэм яхъума теплъэгъуэхэм. Республикэм «КъБАССР» цIэр зэрихьэу щыщытам, абыхэм нэхъыбэу къызэщIаубыдэр цIыхум зыщигъэпсэху, и нэгу зыщригъэужь щIыпIэхэрт: Гуэл щхъуантIэхэр, Шэрэдж, Бахъсэн, Тэрч псыхъуэхэр, Долинск щыIэ зыгъэпсэхупIэхэр, Iуащхьэмахуэ лъапэм, Шэджэм псыкъелъэм, Нарзан псыхъуэм хуэдэу къэралым цIэрыIуэ щыхъуахэр. Альпинистхэр бгым зэрыдэкIуейр хъуэпсэгъуэу уи нэгу къыщIэзыгъэувэ сурэтхэр къахохуэ. Гукъинэжщ сурэтыщI Акимушкин Николай и IэдакъэщIэкIыу «Iуащхьэмахуэ и гупэм къит жыгитI», «ЖыгитIрэ къуршыпсрэ» зыфIащахэри. Ахэр 1960 гъэхэм хуозэ. Хэт гу щIыIэу блэкIыфынур Куприянов Сергей ищIа, адыгэшыр зытегъэуа письмоулъэм, хьэмэрэ Iуащхьэмахуэ хуэплъэу щыт шур къызэрыщ сурэтым?! Куэдым я сабиигъуэм, я щIалэгъуэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щрихьэкIа зыгъэпсэхугъуэм и тхыдэ къыхащIыкIыжыфыну апхуэдэщ мы письмоулъэхэр.
Зы лъэныкъуэкIэ, лъэхъэнэ псоми чэзу зэраIэр, гъащIэр и пIэ зэримытыр уигу къэзыгъэкI сурэтхэм, абдеж дыдэм зэманым лъэхъу ирадз къыпфIэщIу, нэр зыхуэбгъэзэну, гум къибнэну зыхуэфащэмрэ зыхуэмыфащэмрэ гъащIэм хэплъагъукIыу урагъасэри гупсэхугъуэ къызэранэкI.
Тхьэкъуахъуэ Iэуес утыку кърихьэ дамыгъэхэр лъэпкъым, тхыдэм, бзэм, хэкум къыхэхыкIэ узыншэкIэ зэрырипхыфыр щытлъагъукIэ, щхьэхуимыту гупсысэх дызыщI лъэпощхьэпохэри дигу къокIыж. Уеджэжыну узыхуимымурад тхылъхэр щыпIахрэ, тхылъыжьи тхылъыщIи къыщыпщэхуфу, зэгуэр Налшык и курыкупсэм тыкуэн ехьэжьа итат, «Букинист»-кIэ еджэу. А тыкуэныр иджыри мэлажьэ, ауэ, япэрауэ, нэм зыкъыщыщIимыдзэ къуэгъэнапIэм къуэтщ, етIуанэрауэ, тхылъ щапIэ псори тхылъи, тетради, къэрандащ нэгъуни налкъутналмэс уасэкIэ зыщIэлъ «Читай-город»-м иригъэкIуэтэкIащ. Щыхьэрышхуэм епха тыкуэныр щыхьэр улахуэм зэрытещIыхьам нэмыщI, дунейпсо щэнхабзэм ухэзышэ тхылъхэр щыбгъуэт щхьэкIэ, абы щIыналъэм теухуахэмрэ абы и бзэкIэ къыдэкIахэмрэ щIэмылъ пэлъытэщ. КъБР-м къыщыдэкI тхылъхэм щыщ зыбгъупщI «Адыгэ унэм» щIалъхьэ, я нэхъыбэр щхьэж и тедзапIэм епха тыкуэным щещэж. Адыгей республикэми КъШР-ми къыщыдэкIхэм ящыщу зы-тIу тыгъэу ди деж къос, е зи гугъу тщIа «Букинист»-м лъапIэу къыщытрагъэс. Къэзылъыхъуэм къигъуэтыфынущ ди республикэм къыщыдэкI тхылъхэр, ауэ къэплъыхъуэнур зэрыщыIэр пщIэн хуейщ. Ди гукъеуэ нэхъыщхьэращи, «Адыгэ псалъэр» щащэ тыкуэн щыIэххэкъым. ДифIу дгъэлъапIэхэм урысыбзэкIэ фIэкIа дыздэмыуэршэрыф къазэрыхэкIми, езыхэр къызытехуэ номер закъуэр тыгъэ щахуэдмыщIыф къытхуихуэу, газету къытIэрыхьэр зэрымащIэми теухуауэ хэт дыхуэтхьэусыхэн ди щIэджыкIакIуэ тэмакъкIыхьхэм нэмыщI?! Зымахуэ бзылъхугъэ гуэр къыщIыхьат. И сабийм и сурэт газетым къызэрытехуар къыжраIати, зыIэригъэхьэну хуейт. «Щхьэ тумыдзэрэ «Адыгэ псалъэ?» - жытIэу зыхуэдгъэгусаифэ щызытедгъауэм, къыджиIар IуэрыIуатэу къыдохьэкI: «Апхуэдэ газет къыдэкIыу сщIэххакъым!» Зым ищIэркъым, адрейм - иIэкъым, зиIэр - хуэныкъуэкъым. Аращи, КъБР-м цIыху 2055-рэ фIэкIа искъым адыгэу къэнэжын насыпым сом 800 трагъэкIуэдэфыну. МэжалIэмрэ сымаджэмрэ къэвгъани, газет феджэ зыми жиIэркъым. Ауэ сымаджэмрэ мэжалIэмрэ бгъэнэхъэпэн зэрыхуейр дэнэ къыщыпщIэнур, тхылъи газети уемыджэмэ?!
 Мылъку зэхуэхьэсыным къыдэмыхуэхэмрэ мылъкуу яIэр мамырыгъэм, щIэныгъэм, дахагъэм зрагъэубгъуным  тезыгъэкIуадэхэмрэ  екIуу  щызэдэгъуэгурыкIуэфын  хэгъэгу Тхьэм  дищI.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: