Псори дяпэкIэщ!

Адыгэ Хасэ

ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм щэкIуэгъуэм и 28-м иригъэкIуэкIащ къэщIэрейхэмрэ гушыIэрейхэмрэ я «Джэгурэш» джэгу зэпеуэм и зи чэзу зэхыхьэгъуэ. Ар теухуат дунейпсо бэджыхъымрэ (Интернетым) ар ди гъащIэм къызэрыхэпшахъуэрэ зэрызытхъуэжамрэ. Налшык къалэм дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щызэпеуащ Бахъсэн къалэм и 6-нэ курыт еджапIэм («Вагъуэбэ»), Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей Ищхъэрэ къуажэм и 3-нэ курыт еджапIэм («Нанэ и псэ»), Табыхъу Хьэзрит и цIэр зэрихьэу Анзорей къуажэм дэт школым я гъэсэнхэр («Налмэс»).

Зэпеуэр зэрекIуэкIа щIыкIэмрэ текIуа-темыкIуамрэ езгъэкIуэтэкIыу, «Джэгурэшым» къыхэсха гупсысэ нэхъыщхьэмкIэ сывдэгуэшэну си гуапэт.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и курыт школхэм щеджэ ныбжьыщIэхэм я джэгу-зэпеуэм хэтхэм уакIэлъыплъмэ, уи гур хохъуэ… А цIыкIухэм адыгэбзэр зэрагъэшэрыуэр, абы дахэу зэрыригушыIэр, хамэбзэкIэ зы псалъи къыхамыгъэхьэу утыку зэритыфыр уогъэщIагъуэ. Арыххэуи уи щхьэр хуожэ гупсысэ нэхъыщхьэм - адыгэбзэ дахэрэ щэн екIурэ хэлъу къытхуэтэдж ди ныбжьыщIэхэм ар яIэщIэмыхуу балигъыпIэ иувэрэ къащIэхъуэну щIэблэри апхуэдэу ягъасэмэ, зэи кIуэдыжынукъым ди бзэмрэ ди хабзэмрэ.
Си щхьэкIэ (къэпщытакIуэ гупым хэтахэри арэзы техъуэнущ абы), артист хьэзыру ныбжьыщIэ зыбжанэ а утыкум къыщыунэхуауэ фэ есплъащ. Сыту жыпIэмэ, контральто макъкIэ уэрэд жызыIэ пщащэ, Мэлычыпхъу хьэлу хъыджэбз Iущыцэ цIыкIу, игъащIэ лъандэрэ гъэсакIуэ къадэлажьэу къэтэджа фIэкIа умыщIэну жьакIуэ гуп, Агънокъуэ Лашэ илъ яхэлъ нэхъей, джэгуакIуэ гуащIэхэр щыслъэгъуащ «Джэгурэшым». Ар пэжщ, щIызгъуи езгъэлеи хэмылъу.
ФIыщIэ лей яхуэфащэщ ди щIэблэр апхуэдэу жьакIуэу, нэIурыту, тегушхуауэ къэзыгъэтэдж адэ-анэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ.
Адыгэбзэ Хасэм и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ ХьэцIыкIу Рае зэпеуэм и кIэм зэрыщыжиIащи, нэхъыщхьэр япэ увыпIэр къахьыныркъым. Пэжщ, езы цIыкIухэр нэгъуэщIынэкIэ йоплъ а Iуэхугъуэм, нэщхъейуэ и унэ екIуэлIэжаи яхэту къыщIэкIынщ. Ауэ бзэм ирилажьэхэмрэ Хасэр къызэзыгъэпэщахэмрэ я дежкIэ «Джэгурэшым» къыщыунэху вагъуэ цIыкIухэр, абы яIурылъ бзэ шэрыуэр, я гупсысэкIэр, я зыIыгъыкIэр, я нэгум кърих гу къабзагъэм и нэхур - уасэншэнщ. А гуп дыгъэлым уи нэкIэ уахэмыплъауэ, а сыхьэтищыр зэрыблэлъэтар умыщIэу, ядумыгъэкIуауэ къыбгурыIуэнукъым Адыгэбзэ хасэм илэжьыр зыхуэдизыр, лъэпкъым папщIэ игъэзащIэ къалэныр. Уагъэгушхуауэ уакъыхокIыж щIалэгъуалэм.
ХьэтIохъущыкъуей Ищхъэрэ къикIахэм япэ увыпIэр я Iэрылъхьэу, «Налмэс» гупым - етIуанэр, «Вагъуэбэм» - ещанэр яхьри, зэбгрыкIыжащ ныбжьыщIэхэр. Гупхэр фIыщIэ тхылъкIэ, абыхэм я гъэсакIуэхэр саугъэтхэмкIэ ягъэлъэпIащ.
 «Джэгурэшым» адэкIэ къыпещэ, дяпэкIи еджапIэ зыбжанэ зэпеуэнущи, абыхэм къахэжаныкIхэмрэ КъШР-м, АР-м я лIыкIуэхэмрэ гъатхэм зэхашэнущ. Афэрым!

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: