Щхьэж къыхиха гъуэгур

ПсэукIэ
Илъэс 30 дэкIащ Совет Союзыр зэр­ымыIэжрэ. Куэдым я гум къы­щIитхъыу яфIэ­кIуэда СССР-р кIуэ пэтми нэхъ тпэжыжьэ мэхъу. АтIэ, сыт хуэдэу псэурэ абы хэта республикэ 15-р? Я ВВП-хэр (псори зэхэту продукцэу къыщалэжьыр зыхуэдизыр) зэригъапщэурэ, а упщIэм жэуап ирет КъэралыщIэ ды­дэ­хэмкIэ институтым и унафэщI Мартынов Алексей.

Хамэш тесхэр
(Литва, Эстоние, Латвие)

Мыбыхэм я ВВП-хэм зэи зэхъуэкIыныгъэшхуэ ягъуэтыркъым. Ауэ я цIыхухэр ­нэхъыфIу псэууэ къыщыщIедз а къэралым иIэпхъукIхэм я бжыгъэм псынщIэ дыдэу зэрыхэхъуэм къыхэкIыу. СССР-м къыщIэна экономикэр къанэ щымыIэу ягъэкIуэдащ. ЩIыхуэу къащтэм щIэи гъуни иIэкъым. Латвиер цIыху нэхъыбэм ябгынэ (2018 гъэм абы щыпсэухэр проценти ­­7,5-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ). Эстонием и цIыхухэр зэрыхъужыр зы мелуанрэ мин 300-рэщ - гъунэгъу Петербург елъытауэ, хуэдипIлIкIэ нэхъ мащIэщ. Иужь илъэсхэм абы ­ икIащ IэщIагъэлI минищэ. Ауэ «капитализмэм и IуплъапIэу», «Совет Союзу щытам   и щIыналъэм капитализмэр нэхъ псынщIэу щызэфIэзыгъэувэхэу» зэры­щы­тым къыхэкIыу, ЕС-м ахъшэшхуэ кърет. Иужь илъэситхум псо­ри зэхэту еврэ меларди 3,5-рэ яIэрыхьащ республики 3-м. Зэвгъэпщэн папщIэ: ­Латвием и илъэс ­бюджетыр зэрыхъур ­еврэ меларди 8 ­къудейщ.
Апхуэдэурэ илъэс 20-кIэ екIуэкIащ. Иджы Евросоюзым къыбгъэдэкIыр нэхъ мащIэ­Iуэщ: капитализмэм и ефIэкIыныгъэхэр зыгъэлъэгъуэн, Урысейр хэутэн зыщIын яIэжкъым. Абы щыгъуэми, къы­къуэкIащ УФ-м и бий макъамэр къизыш нэгъуэщI къэралхэри. Аращи, я мыхьэнэр нэхъ цIыкIу хъуащ. Абы и Iэужьу, цIыхухэм  я псэукIэр екIакIуэу хуежьащ. Мыри зы­щыгъэгъупщэн хуейкъым: Прибалтикэм и мылъкум и къыхэкIыпIэхэм ящыщ зыр ди къэралым къыхуаIэ экономикэ зэ­пы­щIэ­ныгъэхэрщ. Ахэр иджыри къызэтенащ.

ИпэжыпIэкIэ пашэхэр
(Урысей, Къэзахъстан,
 Белоруссие)

А къэралищым цIыхухэм я псэукIэр ­щIагъуэу щызэщхьэщыкIыркъым. Дэ ди экономикэхэр бы­дэу зэпыщIащ. Зы за­къуэкIэ зэщхьэщокI: Белоруссием и щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ я бжыгъэм хощI Польшэм зэрыIэпхъуэм къыхэкIыу - пщIэншэу щIэныгъэ зрагъэгъуэтын мурадкIэ. Къэзахъстаным апхуэдэ щыIэкъым, абы и студентхэр дунейм и щIыпIэ псоми щоджэ, ауэ я унэ къокIуэлIэж.
КъэралитIым - Урысеймрэ Къэзахъста­нымрэ щIыуэпс къулеигъэхэр яIэщ, Бе­лоруссием иIэкъым. Иужьрейр щытыкIэм ­къокI интеграцэм къарит IэмалхэмкIэ. Пэжщ, Минск щыныкъуакъуэ къохъу, ­Къэзахъстаным къегъэлъагъуэ езым и зыужьыныгъэ гъуэгу зэриIэжыр. АрщхьэкIэ, къэралитIми шэч къытрахьэр­къым псом япэр Урысейм сыт и лъэныкъуэкIи ­куууэ къыдэлэжьэныр зэрыарам.

Езыр зэрыхуейм хуэдэу
(Тыркумэн)
 
Республикэ 15-м ящыщу мыр хъыбаркIэ нэхъ зэхуэщIащ. Хуабжьу къулейщ щIы­уэпс хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ. 2018 гъэм нэгъуэщI къэралхэм иригъэшащ доллар меларди  9 и уасэ щIыдагъэрэ газрэ, абыхэм къа­дэкIуэу, доллар меларди 2-м нэс къы­Iэрыхьащ, щIыдагъэхэм зэрелэжьым и фIыгъэкIэ.
А псоми къыхэкIыу, Тыркумэныр езыр зэрыхуейм хуэдэу мэпсэу.

Гъэсыныпхъэм и закъуэкъым
(Азербайджан)
 
ЩIыдагъэ куэд къыщыщIаш, ауэ абы къыдэкIуэу, щIыдагъэ-химиеми хуабжьу зыщрагъэужьащ. Аращи, республикэм ­лъэ­ныкъуэ псомкIи жыджэру зеужь. Нэгъа­бэ щIыдагъэм и уасэхэр ехуэха     иужь Азербайджаным куууэ щегупсысащ я эконо­микэм нэгъуэщI къэрал инвес­торхэр къе­шэлIэным и Iуэхум. Тыркум щыщ хьэры­чэтыщIэхэр къэкIуащ. Азербайджаным щIыдагъэу, газу доллар ­мелард 14, щIыдагъэхэкIхэм къыхащIы­кIахэу ­доллар мелардрэ мелуан 500-рэ ярещэ нэгъуэщI къэралхэм. Абыхэм якIэлъокIуэ хущхъуэхэр, дохутыр Iэ­мэпсымэхэр, уеб­лэмэ автомобилхэр, нэгъуэщIхэр. А псоми къадэкIуэу, Урысейм фIы дыдэу къыхущытщ, Армением пэщIэт пэтми.

ЩIихьахэр
(Куржы, Армение, Украинэ)

Армениер къакIэрыху къэралхэм къахэкIыфынущ, и экономикэм и щытыкIэр мыщIагъуэми. 2016 - 2017 гъэхэм щIэгъэ­къуэнышхуэ къыхуэхъуащ ОДКБ-мрэ ­ОАЭС-мрэ зэрахэтыр - нэгъуэщI щIыналъэхэм иригъэшащ доллар меларди ­2,5-рэ и уасэ. АрщхьэкIэ, 2018 гъэм и гъатхэм, и щхьэусыгъуэр мыгурыIуэгъуэу, ­ермэлыхэм къэралым властыр щызэра­хъуэкIащ. Сыт щхьэкIэ? И жэуапыр къэ­гъуэтыгъуейщ, арщхьэкIэ нэрылъагъущ -  и зыужьыныгъэр къызэрызэтеувыIарщ.
Куржым езыр зытес къудамэр и IэкIэ иджыри пеупщIыж. Дигу къэдгъэкIыжыну ирикъунщ мы гъэм и гъэмахуэм зэрызищIар. Абы и зэранкIэ турист ахъшэу доллар мелуан куэд фIэкIуэдащ. Урысейм и бийуэ зыкъиптIэныр мылъкушхуэ зыгъэкIуэщIу къыщIэкIащ ахъшэ къезытхэми я дежкIи. Куржыми апхуэдэ политикэм папщIэ ахъшэ Iэрохьэ, ауэ ар мащIэIуэщ.
Зэгуэр СССР-м щынэхъ къулейуэ щыта Украинэр мы тIуми яужь итщ. Абы и Iуэхур ищхьэIуэкIэ къедбжэкIахэм нэмыщI нэхъ гугъуж ящI зауэм зэрыхэтми, политикэ зэпIэзэрытыныгъэ зэрыщымыIэми, цIыху куэд къэралым зэриIэпхъукIми.

ИпэкIэ, ипэкIэ...
(Узбекистан)

Мы зэманым Азие Курыт республикэм ехъуэж и къэрал кIуэцI, къэрал щIыб политикэр. УнэтIыныгъэ нэхъыщхьэр Урысейми гъунэгъу зыкъыхуэщIыжынырщ. Абы щы­хьэт тохъуэ ЕАС-м къыхыхьэну хуейуэ иджыблагъэ зэрыжиIар. Апхуэдэу зэп­сэ­лъэныгъэ зыбжанэ ирагъэкIуэкI а зэгу­хьэ­ныгъэм нэхъ куууэ хэпщIэным теухуауэ. Узбекистаным и щапхъэмкIэ нэрылъа­гъущ шынагъуэншэу зыбужьын папщIэ Урысейм укъуэтыным мыхьэнэшхуэ зэ­риIэр.

ШэнтитI тесу
(Молдавие)
 
Мы къэралым тепщэныгъэр щызыIыгъхэм я процент 90-р гъунэгъу къэралым щыщщ. Парламент текIам и депутатхэм я процент 60-м румын паспортхэр яIыгът. Конституцэ судым и судыщIэ псори арат. АрщхьэкIэ, абы и цIыхухэр урысыбзэкIэ фIыуэ мэпсалъэ, куэдыр щылажьэри Урысейрщ. Къэралым и цIыхухэм я Iыхьэ щанэр урысыбзэрыпсалъэхэщ, Iыхьэ щанитIыр урыс щэнхабзэм щIапIыкIащ. Молдавиер Румынием щызыщIишэм Приднестровьер ауэ сытми къэхъуакъым. Къэралыр зылъахъэр кIэ зимыIэж зэпэщIэуэныгъэхэрщ. Абы щыгъуэми, зыхэпсэукIын иIэщ: щIыналъэм гъавэ, пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэкI бэв къыщрахьэлIэ, и цIыхухэри куэд хъуркъым - мелуани 3,5-рэ. Аращи, и къэкIуэнур езым елъытыжащ.

Нэхъапэми щIэгъуакъым, иджыри…
(Къыргъыз, Таджикистан)

А республикэхэр экономикэ и лъэны­къуэкIэ СССР-м и лъэхъэнэми зэпэщу щытакъым, иджыри аращ. Ауэ, феплъыт, уи акъылым къыпхуимыгъэтIасэ зэпэщIэуэныгъэхэм зэралъахъэм! Псалъэм и хьэтыркIэ, мис а Къыргъыз дыдэм щагъэтIысащ къэралым и президентыр! ИпэIуэкIэ абы революцэ щхъуэкIэплъыкIэу тIу ще­кIуэ­кIащ. Апхуэдэм узыхуашэр белджылыщ - цIыхухэр куэду къэралым йоIэпхъукI. Къэзахъстанми хуэарэзытэ- къым: абы идэркъым къыргъызхэр а къэралым куэду зэрыIэпхъуэр иужьрейм зэримыгуапэр.
Таджикистанри абыхэм ещхь бэлыхьхэм хэтщ. Къэралым  цIыху куэд щопсэу, IэнатIэхэр щымащIэщ. РеспубликитIым я унафэщIхэм къалъытэ зэ зы лъэныкъуэкIэ, зэми адреймкIэ зебгъэщIурэ упсэуфыну. АрщхьэкIэ а хьилагъэр мыбдеж щыпхыкIыркъым.

 

Зыгъэхьэзырар Шал Мухьэмэдщ.
Поделиться: