ФАТIИМЭ

ХЕТАГУРОВ Коста
Кавказ повесть

 

ЩIэдзапIэ

Сытым хуэдэу сыхуейт сэ, си дахэ,
Мы дуней фэрыщI защIэм ухэсхыу,
ЩIыпIэ жыжьэм ущезгъэпсу дыгъэу,
УщызгъэфIэн усакIуэ лъагъуныгъэм…

УигъэгуфIэнт, сабийуэ, си пшыналъэм,
Дэрэжэгъуэм игъэжану уи лъэр,
Уи щхьэр къебгъэщIынти щабэу си бгъэм,
УщIэжеикIынт си лъагъуныгъэм…

Зэхэслъхьэнут сэри уэрэд Iэджэ,
ЗыщызмыгъэнщIу ди гъащIэ телъыджэм,
Насып нэхъ ин дыдэхэм я пщалъэу
Лъагъуныгъэ хуитым и пшыналъэр…

I
ЩIэхуэжкъым цIыхур и хьэщIэщым НэIиб,
ЩаIэтыр хъуэхъухэр дыгъэл защIэу,
КъикIахэщ Шэшэным, Гъуниб,
Къэбэрдей хэкуу пщIэ зыхуащIым.
Мыбы щыгуапэщ хьэщIэ псори,
Зэуэным къыдэхуауэ цIыхухэм,
Загъэпсэхужу гуми псэми,
ЗрагъэшэщI я хъыбар нэхухэм.
Тетщ жыIэдаIуэу я лъэпкъ хабзэу
Нэхъыжьхэм я щIэин уахътыншэм,
ХьэщIэм щыхуащIыр пщIэ Кавказым,
ГъэпцIагъэ я гум щымыушу.
Къихьами унэм лъыкIэ бий,
Иренэхъыжь, иренэхъыщIэ.
УIунщ ухъуауэ цIэ напей,
Хуэфащэ пщIэ абы хуумыщIым.
Къыппадзыхынукъым я шхыныр,
Къыбдагуэшынущ фIыри Iейри,
Кавказ лъахэжьыр щхьэхуитынырщ
Зытеухуар гупсысэ псори.
Гъуэрыгъуэу фалъэр зэIэпахыу
Хъурейуэ къыщокIуэкIыр Iэнэм,
Я псалъэмакъым и курыхыр
Тетынхэ зэрыхуейрщ КъурIэным;
Зэгуэр епцIыжмэ КъурIэным,
Ар къыхуэгъункъым муслъымэным.
Зи диным епцIыжа инатым
Къелэжь хэкуэгъухэм я нэлатыр.
Щхьэзакъуэу губгъуэм ит абрэджи,
ЦIыху хуэмыщIауэ щыгъыныджи,
ЗэуапIэм къикIуэсыкI къэрабгъи,
Зым хуамыгъазэу я щIыбагъыр -
Щагъуэт мыбдежым увыIэпIэ.
Илъэс къэсыхукIэ къуажэ къэскIэ
Я тхьэIухудхэр къащIри лIыкIуэ,
ЯIэту Iэгур уафэм нэскIэ,
Джэгушхуэ ящIри IэкIуэлъакIуэу,
Удж ирашажьэ щIалэгъуалэм,
Зыгуэрхэр джэгум щызэгуакIуэм,
Я гухэлъ псалъэр трагъалэу.
А джэгухэм щауэ къудан Iэджэ
КъокIыжхэр я щхьэхэр я жагъуэу,
Пэплъами куэдрэ нэхущ уджым,
Хъыджэбзхэр къемыплъауэ щIагъуэу…
Пщащэ зэкIужхэм гухэлъ псалъэ
ЩыжаIэ джэгум укIытэхыу,
КъафIэщIмэ зыгуэрхэр къаплъэу,
Я напIэр хуэму ирахьэхыу…

НэIибым хэкIуэтащ и ныбжьыр,
Хуэм-хуэмурэ и пIалъэр къосыр,
Илъэс блэкIахэм я Iэужьу
И щхьэцри зэщIэтхъуакIэщ уэсу…
Ар щымышынэ ажал къеIэм,
Джэбыным е кхъэ мащэ псыIэм,
КъикIуами нэсу лIыхъужь гъуэгур,
НэгъуэщIщ къэзыгъэдзыхэр и гур.
Щытащ зауэлIым и къарур
Къыщихурэ, пщIантIэм димыгъэсу,
Къыпэмылъэщуи псы къиуар,
Къижыхьу жьыр къыкIэлъымысу,
Къыр задэ лъагъуэхэр и гъуэгуу,
Итт махуи жэщи щакIуэу къуршым,
Зригъэпщам фIэмыкIыу и шэр…
ЛъыщIэж мурадкIэ кIэлъыпхъэрым бийм,
Блэм ещхьу щэхуу кIэлъыщIыхьэрт.
Имыгъэгъуу къытехьа лейр,
Пщэдджыжьым къихьырт и бийм и щхьэр,
И къуентхът абы и къамэр, фочыр..
Алыхьым фIыщIэ хуищIт щIэмычэу,
Ар щигъэлъапIэу и уэрэдым!
ЛIыукIым зыри щIимыгъакIуэу,
Лъы ищIэжыфырт хабзэм къекIуу…
Ауэ зауэлI ерум и жьыщхьэр
Гуауэшхуэ гуэрым егъэхыщIэ -
Къригъэхьыну я бийм и щхьэр,
Иригъэжьат и къуэ нэхъыщIэр.
Къыхуэнэжар а щIалэ закъуэрт
ЛIыжьым и жьыщхьэм зыщIигъакъуэу!
ТепыIэ имыIэжу лIыжьыр
И щIалэм къигъэзэным ежьэрт!
Арщхьэ щыIэжкъым и лъэужьи.
Иджы пхрыкIым ещхьу пшагъуэм,
Тоувэр кхъэм узышэ лъагъуэм,
ФIэмыфIу цIыхухэм яхэтыну,
Къахоплъэ и ныбжьэгъухэм шынэу,
Псэ лъащIэм щIэгъуэлъхьа гукъанэм
ЗэфIещIэ нэщхъеягъуэ пшынэр!
Елъагъу Алыхьым, инщ и гуауэр,
И щIалэ закъуэу и гум къеуэр
Илъагъурт химыхыну и псэм,
IэщIэкIами Жамболэтыр пасэу,
Ауэ…
Гуауэм и щхьэж къыфIокIуэ хабзэр.
Иджы НэIиб хуэхъуащ къалэн,
Пэмыплъэххауэ жьыщхьэ кхъахэр,
Иригъэхужу гум блэкIахэр,
Пхъу ищIа пщащэр игъэфIэн.
Аращ, а зырщ и гурыфIыгъуэу
Мы гъащIэм къыхуэнауэ щIыгъур.
ТемыплъэкъукIыу жэщи махуи,
Пхъу ищIа пщащэм гу щимыхуэу,
Налкъутналмэсу псэм щихъумэу,
И нэIэ тригъэтщ ФатIимэ.
- Си дахэ, къеплъыт мы си жьыщхьэм,
Зы щхьэц тетыжкъымэ мытхъуауэ,
Плъагъунщ мыгувэу уэ си кхъащхьэм
ЩIы фIыцIэр Iуащхьэу тратхъуауэ…
Дунейм ехыжу пасэу уи анэр,
Уэ цIыкIур ибэу укъыщынэм,
УзэсшэлIэжри зызмыIэжьэу,
ЯхуэсIуэгъащ тхьэ ди нэхъыжьхэм
Сипхъу закъуэ хуэдэ усхъумэну,
Къыппэхъу щымыIэу узгъэсэну,
Пщыхэм я пщыж нэхъ щIалэ пажэм
НэчыхькIэ гъусэ ухуэсщIыну.
Бгыхэм ягъафIэ удз гъэгъахэм
КъахэмыкIынуи уэ нэхъ дахэ,
Си куэщIым уиспIыкIащ узгъафIэу…
Хур пщащэ хуэдэ уи хъыбарым
Си деж къегъакIуэ лъыхъухэр уэру
ЗэкIужхэу, уардэу, накъэдыкъэу
Яхэтщ абыхэм пщыи, уэркъи…
АтIэ, къызжеIэт, си хъыджэбзым,
Уигу ирихьын къахэкIкъэ зыри?
Ахэр щIэхъуэпсу уи нэчыхьым,
МэлъаIуэ, къыпхуагъэщхъыу я щхьэр..
КъэувыIэ ищIэркъым зэманым,
Алыхьым къыпщищIа къалэну,
ФатIимэ, ухъун хуейщ уэри анэ…
Ар гъащIэ хабзэу къыддокIуэкIыр,
И жыпхъэм зы иримыгъэкIыу,
Уелъэпэуэныр адэжь хабзэм
Лъэпкъым уепцIыжыным ещхьыркъабзэщ,
Апхуэдэр хуэхеинущ цIыху гущIэгъум,
Iумпэм ищIынущ уеблэм и гъунэгъум.
Жэуап имыгъуэтауэ аргуэру,
НэIибым и гур къоуэ уэру…
ФатIимэ, хуэщIи гущIэгъу мащIэ,
ЛIыжьым къыумыIуэнтIыкI и гущIэр!
Пэплъэу Жамболэту и къуэ закъуэм,
ЛIыжьым гуауэу игъэвар ирокъур.
ЗэгъащIэ мыри -
Ехыжа нэужь дунейм абы и анэр
Си гурыфIыгъуэ закъуэу, си псэу, си нэу
Сэ сиIэххари Жамболэтрэ уэрэщ…
Фызгъэсащ, фыспIащ зэрысхулъэкIыу,
СиIэри симыIи фпезмыхьэкIыу…
Къыслъысыжари сыт а псоми я пщIэу:
Илъэситху хъуащи щIалэм и хъыбар сымыщIэ,
Уэри, мисыр, си хъыджэбз гъэфIэныр
Ухуеижкъым уи гур къысщIэгъуну!..
ФатIимэ, сыт мы слъагъур,
Уи нэпсыр псыхьэлыгъуэу
Щхьэ къебгъэжэхрэ?
Быдэу мыр зэгъащIэ -
Иджыпсту узэдэIуа си хъущIэ мащIэр
КъызыфIумыгъэщI гукъанэ пхуэсщIу -
Мыр си фIэщу бжызоIэ сэ лIыжьым
Нэщхъеиныр къекIуркъым уи ныбжьым…
- Умыгъэныкъуэ уи гур лейуэ, дадэ, сощIэ,
Уи гу хьэлэлыр фIы зэрыщымыщIэр,
Сыт тщIэн, аращ-тIэ зэрыщытыр гъащIэр,
Дызэрыхуей щымыхъур ар мымащIэ!..
Уэращ сызипхъур, унафэр уэращ зейр,
Сет, дадэ, къысхуэбгъэфащэ дыдэм,
Абы хэзмылъхьэжыххэу псалъэ лей,
Мобы жыхуэпIэр, дадэ, сэри содэ.
ТесщIыхькъым, си адэ,
Зыри си насыпым,
Мы гъащIэм сыт хэсщIыкIыр сэ хъарыпым?..
- Сыт хуэдэ псалъэ си пхъум къыхуигъэшыр
И адэжь закъуэу гуауэм ищIам тхышэ!
Уэ зым фIэкIауэ къызэрысхуэмынамкIэ
ПхузоIуэр тхьэ мы си щхьэ зэщIэтхъуамкIэ,
Тхьэ соIуэр Алыхьышхуэм и къарумкIэ
Си гъащIэу къысхуэнам сиIэж хъуэпсапIэр
УнасыпыфIэу зэтеслъхьэнырщ напIэр.
Апхуэдэ дыдэуи тхьэ соIуэ,
Уэ къыхэпхам и цIэр къысхуипIуэм,
Си мурадар, сиIа гуращэр,
Къемызэгъыщэми лъэпкъ хабзэм,
МэскъалкIи къимыутIыпщу си бзэм
Здесхьэхыну си кхъэ мащэм.
Си хъыджэбз закъуэр хъумэ насыпыфIэ.
Кхъэ мащэми сыщыжеинущ IэфIу…
- БжесIэнур къысхуэгъэгъу, си адэ,
СощIэж зэгуэрым шэшэн лIыкIуэу
Жэщыбгым къуажэм къыдыхьам
Балигъи цIыкIуи ямыщIэжу
Джаурхэм къуажэм лъыр щагъажэу…
И хъыбар жагъуэ къытхуихьам,
ЩыщIагъэдэIум ди нэхъыжьхэр:
Зи лъэ изылъхьэфыр вакъэ
Сулак адрыщIкIэ зауэм кIуакъэ!
ПщIэжкъэ, Жамболэти сэри
Абы щыгъуэ уэ дынолъэIуауэ
БгъэкIуэну Жамболэт а зауэм,
ПщIэжрэ и гъыбзэхэр, и лъэIухэр
МэскъалкIи уи гум къемыуIуу,
БутIыпщыгъакъым абы щыгъуэ.
СыщIалэт сэри, си делэгъуэт,
ДэсIыгъыу сыткIи Жамболэт!
Апхуэдэу хъуну хэт ищIэнт!..
ПщIэжрэ ежьахэм абы щыгъуэ зекIуэм
Уи щIалэм хуэдэу IэкIуэлъакIуэу
Яхэттэкъым исыф уанэгум…
И лIыгъэр игъэIуну хуейуэ
Аратэкъым щIэкIуар ар зауэм!
И гум имылъу хьэрэмыгъэ
Хуейт щIэзэуну хуитыныгъэм…
Щхьэхуитыныгъэ!.. Зым пимыщIу
ЩигъафIэрт псалъэр и гу лъащIэм…
Къысхуэбгъэгъунщ, си адэ, нобэ
БжесIэ гурылъыр сытегушхуэу!..
УкIытэм къису щытми напэр,
Абы изотыр мыхьэнэшхуэ,
БлэкIащ апхуэдэу илъэситхур
Сыпэплъэ защIэу хъыбар кIапэ,
Жеиншэурэ исхар жэщ дапщэ,
Жэщ кIыфIхэр щхьэгъубжэм къыдэпщу…
Иджыри ижыркъым гурыгъыр,
Иджыри хэзмыхыжми гугъэр,
Сыт къикIыжын хъыджэбз тхьэмыщкIэм
Къеблыжурэ и нэпс щIигъэкIым!
ИтIани, сощIэ, щIэзгъэж нэпсыр
Хабзэм еплъытым, сыт зи уасэр!
И натIэм къритхам Алыхьым
Зыми блихыфакъым и щхьэр…
ИмыIэу зэхуэзэж ди гъащIэм,
Дэ дищIагъэнущ зэпэIэщIэ!
СытекI мыхъуныр ди лъэпкъ хабзэм
Къызолъытэжри си фарзу,
Скъутэнущ нобэ, сигу иригъуу
Псалъэ стыгъари си щIалэгъуэм.
Си адэм гуауэр хьэлъэу тещIэм,
Сыхуейкъым гуфIэгъуэншэ гъащIэм.
Изгъэхунщи си гум Жамболэтыр,
Уарэзыуэ абы септым,
Ибрэхьим сэ сыхуэхъунщ щхьэгъусэ…
- Сыт жыпIэр, си хъыджэбз, си тIасэ?!
- Арагъэнщи и унафэр Алыхьым,
Сэ пэздзыхыфынкъым абы си щхьэр…
- ТхьэмыщкIэщ ар, къулейсызщ,
Си хъыджэбз,
Егупсысыж уи псалъэм!..
- МафIэу жьэражьэщ къысхуищIа гухэлъыр…
- Уеблэм, ящыщкъым ар пщы лIакъуэм…
- Абы щхьэ сигу сымыгъэныкъуэ…
Гум изгъэхужу, си хъуэпсапIэм
Кхъэр щыхуэсщIыфкIэ увыIэпIэ,
Гугъуехьми сыпэщIэтыфынщ,
ПщIэнтIэпсыр къыпхэзыху лэжьыгъэм,
Лъыр къэзыгъэплъ цIыху лъагъуныгъэм
Инщ я къарур. Сытри цIыхубзым
ХулъокIыр лъагъуныгъэр къабзэм…
Уэ зэхэпхащ уипхъу акъылыншэм
И псалъэ делэхэр, си адэ,
ИкIи зы щхьэ умымэхъашэу,
Унафэу сыт къысхуэпщIми содэ!..
ЛIыжьым къэнэщхъея и нэгур
КIэщIегъэпщкIуэжри хуэму Iэгум,
Ар къалъагъуным игу иригъуу,
Нэпс ткIуэпсыр тоткIуэ алэрыбгъум…

II

КъеувэкIауэ выгухэр къэрэгъулу,
Жэщыбг мафIэр бгы лъабжьэм къыщоблэ,
Джабэ задэм къожэхри акъужьыр,
МафIэм щIопщэ игъэжьэражьэу…
Псы Iуфэм выхэр щохъуакIуэ хуэму…
Уэрэд гуэр къыхоIукI хьэуа уэмым. -
Мы аузым щыIу уэрэдыр пфIощI зеиншэу.
Мэхущхьэ зы лIы гуэр нэбэнэушэу…
Мыпхуэдэ жэщым удзыпцIэ щабэм
Зыбгъэпсэхуу ухэлъыныр сыту гуапэ…
УщIэщхьэукъукIыурэ мазэгъуэм,
Убжу щIодзэр уафэм исыр вагъуэу.
Бжыгъэншэми вагъуэр,
Дэтхэнэ зыри пфIэщIэщыгъуэщ,
БгъэщIагъуэу уоплъ Алыхьым и Iизыным,
Уафэ мыкIуэщIым хэшыпсыхьу уи нэр.
Уеплъыху укIэлъоплъыжри уи гупсысэм,
КъыбгуроIуэжыр ар зэрыжьгъейр,
Нэмыплъысыфу и щэхухэм дунейм!
Вагъуэм адкIэжкIэ кIуэну еIэ уи гум
ЛъэкIкъым къызэринэкIыну уэгур!..
Выгухэм адэкIэ щызоуэ ныбжьхэр,
КъотIысэкIри мафIэ жьэражьэм,
Шэрджэсхэм псалъэмакъыр ирашажьэ…
Хахащи нэхъыщIитI бгъуэщIэсу,
Адыгэ хабзэм и нэмысым
Тету кърахьэкIыр Iэнэр,
Трагъэувэу Iэзэу шхыныр,
Нэхъыжь-нэхъыщIэкIэ зэхахыу,
Фалъэр хъурейуэ зэIэпахыр…
И бзийхэм ар щIигъэнэхукIыу,
Пхъэ гъурыр мафIэм къыщопIэнкIыр…
IэфIщ хьэлIамэпсыр, IэфIщ хьэлIамэр,
Улажьэурэ умэжэлIамэ.
Пэхъун хэмыт къыпфIощIыр шхыным,
Хуабэу уедзакъэмэ чыржыным!..
ЛэжьакIуэжьхэм я лэжьыгъэ гугъур,
Зэрагъэпэжыфыр я ныбжьэгъур
ГукIи псэкIи зыхэзыщIэм
ФIэIэфIщ абыхэм я шхын мащIэр…
Ауэ, сэ пщIэ зыхуэсщI тхылъеджэ,
Куэдым яфIэфIщ загъэпсэхунуи тыншу,
Iумпэм ящIыф къызэрыгуэкI мэжаджэр,
Ирагъэсащи махуэ къэскIэ нышым!
Зэт! ДаIуэт, мес, адыгэ ныбжьыщIэм
Зэхехыр лъэмакъ гуэр, къоIэгъуэ…
- Шхыныр Алыхьым фхуигъэбагъуэ! -
ЩIалэ мыцIыху къыкъуокI выгу къуагъым.
Ар хэтми зэкIэ щIэмыупщIэу,
Къотэджхэр, хьэщIэм хуащIу пщIэ…
- Укъытхуехами Алыхь лIыкIуэу,
Ущытми къызэрыгуэкI лIыщIэу,
УзрихьэлIэ шхыныфIщ - къакIуэ,
Iэнэм къэтIыс , уэим умыщIу…
Хъыбар гуэрхэр къытхуэпхьамэ, хьэщIэ,
КъыджеIэт псори умыбзыщIу.
Сыт хуэдэ ар,
Хэт къызыхуэпхьар?
- Лезгин тхьэмыщкIэ гъуэгурыкIуэр
ИщIынкъым зэи уафэм лIыкIуэ;
Ди щыгу къит хьэршым и щэху щIэншэм
Иплъэфкъым си щхьэ къарууншэр…
Сыхъуауэ сэ ибэ хъурей,
Сыкъыщытенэм мы дунейм,
Фызыжь кхъахэ нэблэгъам зи гъащIэр
СызришалIэри, и куэщIым
СрипIыкIащ, хуэдэу и быным,
Семыхъуапсэу зиIэм анэ.
ЩIыбышэ хъуами, жьыми унэр,
Щытшхащ хьэлэлу дгъуэтыр шхыну,
Игъуэджэ тщIыртэкъым чыржыныр.
Таурыхъыу кIуащ си сабиигъуэр,
Ар исыкIащ хьэуазэ мафIэу!..
Сыкъэхъурт, нанэм тIэкIу сигъафIэу.
Фызыжьым ищIэрт цIыху гъэсэкIэ -
Сихурт пщыхьэщхьэ къэсыхункIэ,
ЯщIамэ пщыжьхэм ешхэ-ефэ,
Си лъэгум къыщIэлъэлъу хъуаскIэр,
Сакъыхуэфэну ажэгъафэу.
Къулейхэм сэ тезгъэут я зэшыр,
ЗызэкIэщIэсшрэ згъэдыхьэшхыу…
Ныкъуэшххэр къытенамэ Iэнэм,
Къыхуэсхьырт езгъэшхыну нанэм…
Гукъинэжу и акъужьыр къысщIигъапщэу,
Блэлъэтащ щIалэгъуэр гъуэбжэгъуэщу.
Гугъу къыздехьу сызыпIа фызыжьыр,
Къэсри пIалъэр, ирахьэхащ кхъэ мащэм.
БлэкIащ алъандэм илъэс Iэджэ,
Псы куэди щежэхащ ди хэкум,
Сэри нэхъыбэм сыныбаджэу
Гъуэгу Iэджи щIэзгъэкIащ си лъэгум.
Си хъуржын закъуэр, си башыжьыр
Аращ сиIэххэри гъуэгу гъусэу,
Гуп срихьэлIэм изошажьэ
Уэрэдыр, лIыфIхэм сахуэусэу.
Срагъэблагъэ дэни гуапэу,
СощIыфри нэжэгужэ гупыр.
ЕсхьэкIт апхуэдэу сфIэщIэщыгъуэу
ГъащIэр, къызиту дэрэжэгъуэ,
Илът си къарур, мыух си гуащIэр
ЗэсхьэлIэфын къэслъыхъуэ защIэт…
СщIэххакъым гъащIэр гуащIэмащIэу,
КъэсыхукIэ узыр сигъэхыщIэу…
ЗыкъыщысщIэжым, пыхуу си гур,
СыщыIэт сымыцIыху хэгъуэгум.
Си хъуреягъыр хамэ губгъуэт,
Зигу къысщIэгъун сIэщIэмылъагъуэу…
ЦIыху сымыцIыхухэм я ауанырт
Ихузу сигу, щIэслъагъуэр я нэм…
Елъагъу Алыхьым си гум щыщIэр,
Бэлыхь мыух сщыхъуакIэт гъащIэр!..
Гупсысэр тезутIыпщхьэм лъагъуэм,
Лъэхъуэщт къыспэплъэу къыхуэлъагъур.
СыгупсысэхукIи си хъуэпсапIэт,
А псори къыщIэкIын пщIыхьэпIэу…
Хы щIэншэм техьа кхъуафэжьейр,
Ирихужьа нэхъей акъужьым,
СимыIэу гъуази гъуэгу гъэлъагъуи
СыкърихуэкIт толъкъун шынагъуэм,
ГугъапIэ гуэри къыкъуэмыкIыу,
Си махуэ хьэлъэхэр екIуэкIыу
СехутылIащ щыхупIэ задэ,
СыкъызэплъэкIмэ слъэмыкIыу,
Лъагъуэ пшагъуалъэрщ итыр си кIэм…
Сыт сщIэнур, ипэкIэ сыкIуэн
Е сышынауэ згъэзэжын?..
Хьэуэ, къыхэкIми си ажалыр,
НэхъыфIщ згъэунэхумэ спэщылъыр.
Сыхэджэлэжрэ уэс Iэтэм,
Сыхэжеихьмэ щхьэхуиту
НэхъыфIщ.Пшагъуалъэ лъагъуэ бэным
Сыхуейкъым гъэру сыкъинэну…
Нэгъазэ, гъазэ… хэгъэрей
Сызыхуэзахэ сымыщIэххэу,
ФщIэгъатэм къыспкърыхьа шынэр,
Дыгъэм и бзийм щысхъумэу си нэр -
Сыкъаплъэм, тенджыз гъунапкъэншэу
И куэщIым силът мо тафэ псэншэм,
Псышхуэ ежэхри щхьэхынэу,
Зэхэпх къудейуэт зэрыушэр.
ЛIэщIыгъуэ хьэлъэу кIуэрт зэманыр,
ИIулIэу гуауэкIэ Iэпкълъэпкъыр…
Лъэр зэблэмыкIыу щIэлIэрт куэпкъыр,
Ауэ гум пищэрт и къеуэныр…
СыкъоплъэкIыж - къэскIуа гъуэгу Iыхьэр
ХэкIуэдэжакIэт зэман гъуэзым,
Сыплъэжмэ и пэкIэ и нэзыр
Къысхуэлъагъуххэркъым гъуэгу кIыхьым!..
Къриджэр хэтми къысхуэмыщIэу,
Гыз жагъуэ кIыхь къоIукI си гущIэм.
ГущIэгъулыныгъэу лъэкIыр хилъхьэу
Гызыр йолъэIур ди Алыхьым
Нэхъ щIэх Псэхэхыр къыскIэлъихьэу,
Ирихьэжыну псэр и пащхьэм…
Арщхьэ зихъуэжыркъым пщIыхьэпIэм -
Теплъэгъуэ щIэкIхэр ещхьщ нахуапIэм:
Солъагъур къырхэм я щхьэгу къабзэр,
Псы уэрхэр щеукIуриех аузыр,
Си Хэку щхьэщыт хьэуам и гъуэзыр…
Си ныбжьэгъухэм уэрэдыр ягъэшыр,
Щомыщ иуIауэ шабзэшэм,
Сыщолъэтри, сыхуэкIуэу уэрэдым,
Пызощэжыр си гъуэгу гугъум уардэу…
СыщхьэщолъэтыкIыр лъагъуэ сымыцIыхум,
Уэрэд макъым седаIуэу гупсэхуу…
Къысхуэвгъэгъу, ныбжьэгъухэ,
псалъэм и кIыхьагъыр,
ЗекIуэлI тхьэмыщкIэм и гущIэр зыгъагъыр,
КъыфIыщеудри нэпс хуэмыубыдыжу,
ЦIыху щыхуэзам и деж яхуеIуэтэжыр.
ФымыщI фи жагъуэ къызэфта мы фалъэр
Хъыбар сIуэтэжхэм ящIами нэпсылъэ…
Тхьэ фхуэсIуэфынущ зы телъыджэ гуэру
Сыкъэзышар ныщхьэбэ сэ фи жьэгум.
Аргуэру зыхэсщIэжу гъащIэр гуапэу,
Сыпэрызыгъэсыр мафIэ хуабэм…
ЕдэIуахэщ гупсэхуу я хьэщIэм,
Нэпсейуэ ишхырт хьэлур ныбжьыщIэм,-
Иджыри лIыхэм къахуэмыщIэ:
Хэт нобэ ахэм ягъэхьэщIэр?
ПодыхьэшхыкIыр хьэщIэр мащIэу,
Сэ ар солъагъур, фогъэщIагъуэ
Си теплъэр, сщыгъыр щыгъыныгъуэу…
Аращ-тIэ, щIалэм и гушыIэ псалъэм
ЕгъэнэщхъыфIэр, уеблэм, къурш уэсылъэр;
- СыщыукIытэжыркъым си теплъэм,
СызекIуэлI къызэрыгуэкIщ сэ, сыджэгуакIуэщ,
Си щхьэр щымытми акъылылъэу,
Ар хущымыщIэ зэи псалъэм,
Гум запыIуидзми фызыжьхэм,
Къыдехьэхыфыр пщащэ гуакIуэ…
Иджы сэ нывжесIэнщ си гъуэгур,
Мыбдеж, мыжыжьэу бжьэпэ щыгум
Зы къуажэ тесщ… А жылэм нобэ щытхьэлъэIущи,
Абы щызэхашэну джэгум
Сыхуейщ си псалъэр щызгъэIуну.
НэIиб ищIыну санэхуафэм
Сэ сахыхьэнщи ажэгъафэу,
Алыхьым жиIэм, ахэр нобэ
Згъэдыхьэшхынщ, яIыгъыу ныбэр.
Гум къигъэкIыжу и щIалэгъуэр,
Естынщ а лIыжьым дэрэжэгъуэ…
ЗэщIэщымащ абдежым гупыр:
 КъызэрысакIэр лIыжьым и пIалъэр
ЗымыщIэм сытхэр и пшыналъэм
КъригъэкIыну?
Зыхимыхыну зэи ар НэIибым
ИщIэххэркъым мы щIалэ ибэм.
ЗекIуэлI ныбжьыщIэм нэщхъ иуфэр
Сыт щхьэкIэ нэпсым щIигъэпсыфыр?
- Делагъэ жысIэу сыщыуауэ,
Ара зыгуэркIэ фигу сеуауэ?
Щхьэ щым фыхъуа, щхьэ фынэщхъей?
- ДымыщIэ куэд къыщохъу дунейм, -
НыбжьыфI иIащ НэIиб,
Хужьыбзэу зэщIэтхъуауэ и щхьэр,
Къэнат и жьыщхьэ лъэрымыхьу…
- АтIэ. Ар сэ сымыщIэ щхьэкIэ,
И гъащIэ Iыхьэр нихьэсакIэ?..
-Ди хьэщIэ лъапIэу гъуэгурыкIуэ, -
Зы адыгэ лIыжь къопсалъэ жьакIуэу, -
Уэ зы щэху гуэр дэ къытщогъэпщкIур.
ПхузоIуэр тхьэ си жьакIэ тхъуамкIэ.
Уэ мы ди лъахэм ущымыщкIэ.
Ущыщыгъамэ уэ ди хэкум,
Пшыналъэм игъэхыщIэу гур,
Нэщхъейрэ, хэти игъэтхьэджэу,
Уэрэд бусакIэт щIауэ Iэджэ…
ИтIани пщIэнукъым хъыбар гуэр
КъэпхьынкIи мэхъу укъаIуэхуауэ.
Ар Жамболэтмэ къозыгъэхьыр,
УкъыкIэрыхуащ икъукIэ гущIыхьэу…
А псалъэм хьэщIэр щигъэпыхьэм,
ЙоупщIыр щIалэм шэрджэс лIыжьыр:
- УзогъэлъэIур ди Алыхьыр,
Жэуап къыдэтыт зумыIэжьэу.
КъыджеIэт пэжыр,
Уэ ухэт?..
- Сы Жамболэтщ…

(КъыкIэлъыкIуэнущ).

«ФатIимэ» кинофильмым щоджэгу адыгэ актрисэ КIуэкIуэ Тамарэ.

 

ЗэзыдзэкIар УЭРЭЗЕЙ Афликщ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:41 Япон усэ зыбжанэ
18.04.2024 - 10:01 Тхылъ тыкуэным
15.04.2024 - 14:41 Адэм деж письмо
12.04.2024 - 17:57 Сыфхуоупсэ