Мэрем пшыхь

Псалъэ шэрыуэхэм къарыкIыр

Е мыхъу фIы хъужыркъым

Е махъшэ лIэнщ, е махъшахъуэ лIэнщ. «ЗэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр къэхъунщ» жыхуиIэщ. Я мурадыр зрагъэхъулIэн щхьэкIэ, тIэкIу зэIуплъмэ, щытыкIэр нэхъ къезэгъ хъуху заIэжьэмэ, нэхъ яфIэтэмэму къыщалъытэм деж, гушыIэ хуэдэу къапсэлъ хабзэщ.
Е мыхъу фIы хъужыркъым. ЦIыхум къехъулIа фIыр бэлыхьым е мыгурыхь гуэрым кърикIуауэ щыщытым деж къапсэлъ хабзэщ.
Емынэм къелар хъумбылейм ехьыж. Гузэвэгъуэшхуэм, псэзэпылъхьэпIэм къелар мыхьэнэншэ гуэрым щикIуэдыкIыжым деж къапсэлъ хабзэщ.
Ерэхъурэ хъунрэ щыIэу уи ней къысщыхуэ. ЦIыхур пцIыкIэ къешэкIыныр, гъэщхьэрыуэныр хьэл зыхуэхъуахэм ятеухуащ.
Ерыщыр щыту малIэ. «ЗигъэлIэнщ, ауэ и хьэлым, нэрыгъыу иубыдам пхутекIынкъым» жыхуиIэщ.
Жэм лъакъуэ шкIэ иукIрэ. «Ууейм дэнэ уихьыжын - ууейм уи жагъуэ къищIыфынукъым» жыхуиIэщ.
Дзэр куэдрэ узмэ, Iуач. Сыт хуэдизу къомыхьэлъэкIми, зи мычэзууж псоми икIэщIыпIэкIэ кIэ етын хуейщ.
Дзыгъуибгъу зэдеIэмэ, кхъуей кIадащхьэ трач. Зэакъылэгъуу, зэдэууэ зэдэлажьэмэ, куэд пхузэфIэкIынущ.
ЖэмтIушкIэщ. «ЛъэныкъуитIми Iыхьэ къахех» жыхуиIэщ.
Зэрыхъун хъури, и нэр хъурей хъужащ. «И ныбжь нэсащ» жыхуиIэщ.
Зи щхьэ щымыIэм и шыд хьэм ешх. «И Iуэху къикIыркъым» жыхуиIэщ.
Зи Iыхьэ зыфIэмащIэм хьэм фIешх. ЦIыхум къемэщIэкIым зыгуэр къыщыхэIэбэм е щыхэкIыжыпэм деж къапсэлъ хабзэщ.
Щауэ Къэлидар.

ГушыIэхэр

Стхащ, ауэ…

Школым къикIыжа Заур цIыкIу и адэм жреIэ:
- «Уи адэм и IуэхущIафэхэр» жыхуиIэ темэм теухуауэ нобэ сочиненэ дагъэтхащ.
- НтIэ, дауэ уехъулIа?
- Стхащ, ауэ си сочиненэр яIыгъыу ди егъэджакIуэмрэ полицэ щIалэшхуитIрэ къэкIуауэ уэ къожьэри ди щIыхьэпIэм деж щытхэщ.

Нэмыс хэлъу ягъэсащи

ЛъэIуакIуэр экзамен къеIызыхым бгъэдохьэ:
- Иджыпсту мыбы зы щIалэ цIыкIу къыщIыхьэнущ, школыр фIы дыдэу къиухащ, адэ-анэфI иIэщ, апхуэдизкIэ нэмыс хэлъу ягъэсащи, уэлэхьи, нэхъыжь щысу «цIутI» пхужимыIэну. «Тхуэпсэлъакъым» жывмыIэу, моуэ зы «плIы» цIыкIу хуэвгъэуви ныщIэвутIыпщыкIыж.

И ныкъуэр сиIащэрэт

ЗэлIзэфызыр зэфIэнат. ЛIым и псалъэр зэпиуду фыз губжьам:
- Сыту акъылыншэ ухъуа, дыдыд Iей мыгъуэ! – щыжиIэм:
- Бетэмал, нэгъуэщI мыхъуми, а иджы сиIэ акъылым и ныкъуэр сиIащэрэт, уэ пэшэгъу усщIыну сигу къыщихьам щыгъуэ, - пидзыжащ лIым.

Адыгэбзэм и къару

Махъшэм фашист къызэрихьар

Къалмыкъым и губгъуэхэм къэсат мы щIыпIэмкIэ икIыу Каспий тенджызым и Iуфэм кIуэну мурад зыщIа фашистхэр. Мыбдежым бийм щезауэ ди советыдзэхэм ящыщ гупым махъшэ зыкъом яIэт, гум щIащIауэ хьэлъэ иризэрахьэу. Махъшэхэр ди зауэлIхэм сэбэпышхуэ къахуэхъурт. Псом хуэмыдэу сэлэтхэм ягу ирихьырт БарманцаккIэ зэджэ махъшэр. Ар лэжьакIуэшхуэт. Зэгуэрым абы мыр къыщыщIауэ щытащ.
Фашистхэр ди полкым и шыгухэм къатеуэри, Барманцак гъэру яубыдащ икIи яхуащ езыхэм я частым. ЯгъэщIагъуэу махъшэм еплъырт фашистхэр. ЗэрыгъэкIийрт: «Камел! Махъшэ!» - жаIэу. Фашистхэр Барманцак шэсырт, ар джэгупIэ ящIауэ. И сыджитI зэхуакум дэтIысхьэрти кIийхэрт: «Гут! ФIыщ!»
Ди зауэлIхэм я жагъуэ хъуат фIыуэ ялъагъу, зэса я махъшэр бийм зэрыIэрыхьар. Уеблэмэ абыхэм къагупсысат тIасхъэщIэх ягъакIуэу махъшэр здэщыIэр зрагъэщIа нэужь, лIыхъужь гуп фашистхэм ятеуэу, Барманцак къыIэщIагъэкIыжыну. Апхуэдэуи ящIыну къыщIэкIынт, ауэ къэхъуар мыращ.
Ди сэлэтхэм къалъэгъуащ жыжьэу губгъуэм зыщызыIэт сабэр. Хэт ар къэзыгъэхъейр? Хэт а къажэр? Маплъэ ди сэлэтхэр икIи къацIыхуж: Барманцакщ ар!
ФыкъедаIуэ адэкIэ. Зэрыхъуар мыращ.
Фашист гъэрыпIэм куэдрэ итакъым Барманцак. Пщыхьэщхьэ хъуху къудейщ. Пщыхьэщхьэшхэр къэсыху къудейщ.
Ди зауэлIхэм махъшэр ирагъэсат пщыхьэщхьэ къэс фIыуэ, зигъэнщIу ягъашхэу. Ныщхьэби ар хуейт IэфIу шхэну. Арати, пщыхьэщхьэ шхэгъуэр къызэрысу, къыщIэрыIэжри жэрыгъэкIэ къежьэжащ къэкIуэжыну. Асыхьэтым абы тетIысхьауэ тест зигъэщIэгъуэну хуей фашист гуэр. Махъшэ сыджитIым я зэхуакум дэтIысхьэри «Гут!» жиIа къудейт абы, Барманцак къыщыщIэпхъуам. Арати, фашистыр гужьеяуэ зэрытесым хуэдэу къихьри махъшэр къэсыжащ. Ди сэлэтхэм фашистыр кърахьэхри яубыдащ. Саугъэт хъарзынэ къихьат Барманцак!
ЗауэлIхэр мэгушыIэ:
- Уей, Барманцак, упсэуащэрэт уэ! Апхуэдэурэ «бзэгу» къытхуэпхьмэ, дебгъэхъулIаи!
Абдеж аргуэру зы Iуэху дыхьэшхэн къыщыхъуащ. Фашистыр апхуэдизкIэ Барманцак хузэгуэпати, зригъэзэкIри абы еуэну зишэщIат.
Барманцак, махъшэ псоми хуэдэу, зыгъэгусэгъуафIэт. Абы игу техуакъым гитлеровецым зэрызыкъытришэщIар. Фашистым еплъщ, Iупсу иIэр зэхуихьэсри, минометым къикIам хуэдэу, абы еубжьытхащ.
ЗэщIэдыхьэшхащ ину ди сэлэтхэр:
- Тэмэму епщIащ!
- Къилэжьащ ар абы!
Къалмыкъ губгъуэхэмкIэ фашистхэр кIуэфакъым Каспий тенджызым. Ахэр мыбдеж щызэхакъутащ ди зауэлIхэм.
Алексеев Сергей.
ЗэзыдзэкIар  Къагъырмэс  Борисщ.
 
ЗэвгъэцIыху

Къуалэбзухэр

Адэжынэ - Куропатка. Адэжынэр мэзджэд лъэпкъым щыщщ. Жыг щыпытIысхьэр зэзэмызэ дыдэщ. И щIыбыр щхъуэ-гъуабжафэщ, фIыцIафэ къыщIэуэу, пщэ гупэр гъуэжьыфэщ, хулъащхьэр щхъуэщ. Щопсэу Европэм, Азие ЦIыкIум, Ираным, нэгъуэщI щIыпIэхэми. И нэхъыбэм лъэтэжыркъым, атIэ Iэпхъуэу аращ. Ди къэралым и ищхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэхэу уэсыр куэду къыздесымкIэ щыIэхэр ипщэкIэ къолъатэри, щIымахуэр щрах Ипщэ Украинэм, Кавказыкум, Курыт Азием. Адэжынэхэм нэхъ бэгъуэгъуафIэ ди къуалэбзухэм яхэмытми (зэ гъуэлъхьэгъуэр джэдыкIэ 24-м нос), я бжыгъэм кIуэ пэтми хощI, щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэм къыхэкIыу.
Адрей джэд теплъэ зиIэ къуалэбзухэм елъытауэ адэжынэр нэхъ щымащIэщ Кавказыкум. Абыхэм нэхъ ущрохьэлIэ мэкъупIэхэм, хьэсэпкъхэм, чыцалъэхэм, псыхъуэхэм. Я шхыныгъуэ нэхъыщхьэр: удз тхьэмпэ, гъавэхэкI, хьэпщхупщ.
«Адэжынэм и гъащIэр Тхьэм уигъэгъэунэху» гыбзэм къикIыр «шынагъуэ зэпымычым ухэмыкIыу упсэу» жыхуиIэщ.
АмкIыщ - Хохлатая синица. ЦIыжьдадэ лъэпкъщ. Щопсэу Европэмрэ Кавказымрэ я мэзхэм. ЩIымахуэм зыщIыпIи лъэтэжкъым. Абгъуэ здищIыр псей, уэздыгъей жыг гъуанэхэрщ. Адрей цIыжьдадэ лIэужьыгъуэхэм къащхьэщыкIыу, и пщэм кусэ фIыцIэхэр хэлъщ, хулъэ щIагъым гъуэжьыфэ къыщIоуэ. И Iусым хохьэ псей, уэздыгъей жыг жылэхэр, хьэпщхупщхэр.
Бгъащхъуэ - Беркут. Бгъэ лIэужьыгъуэм я нэхъ пIащэщ. И дамэхэр хуэIузэ кIыхьщ, кIэр хъурейщ, лъэдийхэм цы ятетщ. И теплъэм и плъыфэр гъуабжэ-фIыцIафэщ, бгъэгур, кIэбдзыр нэхъ гъуатIэ-дыщафэщ, пщэ, щхьэ щIыбхэр гъуафэщ.
Бгъащхъуэхэр щопсэу Кавказым къищынэмыщIауэ, Урысейм и нэгъуэщI щIыналъэхэми, нэгъуэщI къэралхэми я бгыщхьэхэм, мэзхэм, къумхэм. Абгъуэ щаухуэ къырхэми жыгыщхьэ лъагэхэми. Абыхэм къащэкIу мэз бжэн, щыхьхэм я щIэжьей, тхьэкIумэкIыхь, къуалэбзу пIащэ, нэгъуэщIхэри. Кавказым щыIэхэр мэгъуэлъхьэж гъатхэпэ мазэм, къэралым и ищхъэрэ мэзылъэхэр зи хэщIапIэхэр - мэлыжьыхьым. Кърашыр зыщ е тIущ.
Бгъащхъуэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ цIыхум игъа­сэрэ ирищакIуэу къекIуэкIащ, ар къыхощыж нарт эпосым. Иджыри абыхэм ирощакIуэ Къэзахъстаным, Къыргъызым щыпсэухэр.
«Бгъащхъуэ гушхуар жьындум пэщIэхуэри ишхащ» псалъэжьым «уи къарум укъигъэгугъэу ущымыкI» жыхуиIэщ.
Бгъащхъуэжьей - Малый подорлик. Къашыргъэ лъэпкъщ. И теплъэр гъуабжэ-щхъуэщ. Щопсэу ди къэралым и къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ, Кавказым, Азие ЦIыкIум, Ираным и ищхъэрэ къухьэпIэм. Щыгъуэлъхьэну нэхъ къыхихыр мэкъупIэхэрщ, шэд зи гъунэгъу мэзылъэхэрщ, псыхъуэхэрщ. И шхыныгъуэм хохьэ блэ, шындырхъуо, хьэндыркъуакъуэ, псэущхьэ лIахэр. Абгъуэр жыгым трещIыхь. Зы гъэм къикIэцIыр джэдыкIитIщ, накъыгъэм мэгъуэлъхьэжри, махуэ 40-кIэ телъа иужькIэ къраш. Кавказ бгъащхъуэжьейхэр щIыпIэ хуабэхэм лъэтэжыркъым. Ахэр нэхъыбэу щыплъагъур бгы лъагэхэрщ. Нарт хъыбархэм къыхощыж бгъащхъуэжьейхэр. Псалъэм папщIэ, Ашэмэз и пшыналъэм хэтщ мыпхуэдэ едзыгъуэ:
… И адэжь и Iэщэр нызыкIэрещIэ,
И бгъащхъуэжьейр сэшхуэкIым тесщ,
И самыр жьейр шыбгъэгум щIэтщ.

БгъащхъуэкIэху - Орлан-белохвост. Мыри къашыргъэ лъэпкъщ. ПIащэщ, килограмми 6-м щIигъу къешэч, теплъэкIэ бгъащхъуэм ещхьщ. Хамэ къэрал куэдым щыIэщ. Мыбы и абгъуэр лъагэу Iэтауэ щещI жыгыщхьэхэм, къырхэм. Нэхъыбэу щыболъагъу тенджыз Iуфэхэм, гуэлхэм, псыежэххэм я гъунэгъуу. Я шхыныгъуэр бдзэжьей, псыбабыщ, къазхэкI лIэужьыгъуэхэрщ. Мы къуалэбзур тхылъ плъыжьым ихуахэм ящыщщ.
Брат Хьэсин.

Псом нэхърэ…

нэхъыжь дыдэу «Оскар» саугъэтым и лауреат хъуат Джессикэ Тенди цIыхубзыр. Ар абы и ныбжьыр илъэс 80 хъууэ 1990 гъэм хуагъэфэщат, «Мисс Дэейзи за рулем» фильмым и цIыхубз роль нэхъыщхьэр зэрыщигъэзэщIам щхьэкIэ.
*     *    *
нэхъыщIэ дыдэу «Оскар» саугъэтыр хуагъэфэщауэ щытащ Ширли Темпл (США). Абы и ныбжьыр илъэситху фIэкIа мыхъуауэ кинематографием къыщихьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ 1934 гъэм а саугъэтыр къихьат.

ГъэщIэгъуэнщ

Зывгъэпсэху

Языныкъуэ цIыхухэм загъэпсэхуныр нэхъ къатохьэлъэ лэжьыгъэм нэхърэ. Абы щыхьэт тохъуэ Нидерландхэм я щIэныгъэлIхэр.
ИрагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, лажьэурэ еса цIыхур Iуэхуншэу къэна нэужь и имуннэ системэр гуащIэмащIэ мэхъу. Зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм деж нэхъыбэ мэхъу, псалъэм папщIэ, пыхусыху зэуалIэхэр, зи къупщхьэ зэрытыпIэхэм къыхагъэзыхьхэр.
Абы къыхэкIыу дохутырхэм къалъытэ лэжьэгъуэ махуэм нэгъуэщI мыхъуми зы сыхьэт къыдэбгъахуэу жьы къабзэм ухэту зыбгъэпсэхун хуейуэ.
Тхьэхущынэ Ланэ.

Хъыбар цIыкIу

Унагъуэм щытепщэр

Налшык и уэрамхэм ящыщ зым сыздрикIуэм солъагъу: зи ныбжь хэкIуэта цIыхухъу зэIэщIэлъымрэ цIыхубзымрэ белхьэкхъуафэ зырыз яIыгъыу, машинэм къригъэджэлыкIа растворыр я тыкуэн бжэIупэм щызэбгратхъу. IухьэпIэм япэм тралъхьа асфальтыр ныкъуэхэкIуэдэж хъуат. Дунейр хуабэти, лIым спортивнэ гъуэншэдж фIэкIа щыгътэкъым, ари пыщэтыжауэ. Абдежым цIыхубзым и макъ зэхызох:
- Апхуэдиз раствор абдей щIытебупцIэр сыт, гъуэгу мыгъуэм емыжьэн?!
- Мыбдей къэчащи аращ, - Iэдэб дыдэу ет лIым жэуап.
- Тхьэ, узыхуейрамэ, уи кIуэцIыр къэзгъэчэнмэ! Пхэ дыкъуакъуэжь ухъужауэ, щысхь жыхуаIэр бжэгъукIэ къраудмэ пщIэркъым.
ЦIыхухъум абы зыри пидзыжакъым. ГурыIуэгъуэт унагъуэм щытепщэр хэтми. Абдежым сигу къэкIаращ: зэщхьэгъусэхэм е я къуэ къишащ, е япхъу яшащ. Абы щыгъуэ, шэч хэмылъу, хъуэхъу дахэ куэд къыхужаIащ а тIуми, «ЗэгурыIуэу зэдопсэу, зым Iэпыхур зым къищтэжу, адыгэ хабзэ щызекIуэ унагъуэщ…» Апхуэдэ хъуэхъу абыхэм яжезыIахэм езгъэлъэгъуащэрэт а махуэм сэ си нэгу щIэкIар!
Саут СулътIан.

Дэ къытхужаIахэр

Адыгэ бзылъхугъэр дахэкIейщ

«Адыгэ бзылъхугъэр дахэкIейщ икIи щIыфэхущ. А хужьагъыр зэрыпсыхьа плъыфэ дахащэр зыхуэдэр къэпIуэтэн папщIэ, нэгум къыщIэувэ щIэрэщIагъыр нигъэсу, аIуудзымрэ (лилия) гуащэнапщIэмрэ (розэ) зэхыупщэн хуейщ. Абыхэм я натIэхэр джафэщ икIи лъагэщ; Iэ зэмыIуса я набдзэхэр апхуэдизкIэ псыгъуэщи, шылэ Iуданэ къурашэ уфIэщIынщ. Я нэ пIащэ Iэсэхэр щIасэкIэ гъэнщIащ; я пэхэр захуэщ, я Iупэхэр плъыжьщ, я жьэхэр цIыкIущ икIи дыхьэшхрейхэщ. Абыхэм я жьэпкъыпэхэр дахагъэ нэгъэсыпам и щапхъэщ, пщэмрэ жьэгъумрэ дахэрыгъуазэхэр арэзы ящIу хужь Iэхулъэхухэщ. Уэсым хуэдэу хужь абыхэм я дамэ Iувхэм зэм утIыпщауэ, зэми ухуэнауэ, ауэ сыт щыгъуи я нэкIур екIуу къэзыухъуреихь, вындым хуэдэ щхьэц фIыцIэ кIыхьхэр къытощатэ.
Зыхуей хуэза япкъ гуакIуэхэм фэ хэIэтыкIа ятетщ, я Iэпкълъэпкъхэр тыншу икIи хуиту зэрахьэ», - жиIащ XVII лIэщIыгъуэм псэуа нидерланд зыплъыхьакIуэ Ян Янсен Стрейс.

ЗэзыдзэкIар
Джэдгъэф Аслъэмырзэщ.

 

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ
22.03.2024 - 15:54 Псым и махуэ