Чыгъэду Казбек Налшык щыIэщ

Мы махуэхэм Налшык щохьэщIэ Америкэм щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэу иджыблагъэ хаха Чыгъэду Казбек. Ар иджы япэу къакIуэу аращ и адэжь хэкум. Езыр къыщалъхуар Сирием и Джолан лъагапIэхэм хиубыдэ КъунейтIрэ къуа­жэращ. Дамаск еджэн къыщиуха нэужь, 1976 гъэм Америкэм Iэпхъуащ, щIэныгъэ щызригъэгъуэтащ, инженер-механикыу щылэжьащ, иджы пенсэм щыIэщ.

США-м зэрыIэпхъуэрэ Адыгэ Хасэм хэтщ Казбек, сыт щыгъуи лъэпкъ  Iуэхум жыджэру и гуащIэ хелъхьэ. Мы гъэм абы и тхьэмадэ къулыкъум пэрагъэуващ, илъэситI пIалъэкIэ лэжьэну.
- Си мурадщ Нью-Джерси дэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и Iуэхур зыхуэунэтIауэ щытынур згъэпсу, абы дытету дылэжьэну, ДАХ-м, КъАХ-м нэхъ гъунэгъуу закъыпытщIэну, дызэрыс къэралым ис адыгэ псори Хасэм къетшэлIэну, - къыддогуашэ Казбек.
Ди хьэщIэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр къызэрыщыхъуам, Америкэм щыпсэу адыгэхэм нобэ я Iуэху зыIутым, хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ я зэпыщIэныгъэхэм теухуауэ дедгъэкIуэкIа зэпсэлъэныгъэр ди газетым и къыдэкIыгъуэхэм ящыщ зым тетынущ.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: