Тырку уафэ щIагъым

(ПэщIэдзэр щэкIуэгъуэм и 22-м къыдэкIам итщ).

Хэкур фIыуэ лъагъуным къыхузэщIэзыIэтэу уващ къэралыр зыгъэзджызджа зэщIэхъееныгъэу лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ зауэм и лъэхъэнэм щыIар. Абы хуэфэщэн щIыпIэ щиубыдащ тырку буржуазнэ литературэм. ИщхьэкIэ къызэрыщыдгъэлъэгъуащи, а гъэхэм Къалэдахэм нэхъ къехъулIащ «МафIэ джанэ», «ФукI цIыхубз куэпэчыр!» жыхуиIэ романхэр. Ахэр бзэ куэдкIэ зэрадзэкIри нэгъуэщI къэрал зыбжанэм къыщыдэкIащ.
«МафIэ джанэм» къыщиIэт Iуэхугъуэхэм зэщIэплъэн щIадзэ лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ дзэмрэ алыдж ззрыпхъуакIуэхэмрэ Измир деж зэрыщызэзауэмкIэ. Романым и лIыхъужь нэхъыщхьэхэр Ихьсан, Пеями офицерхэмрэ зэрыпхъуакIуэхэм щыгъуэ зилIри зи сабийри зыфIэкIуэда ХьэIишэт дахащэмрэщ. ОфицеритIми лIэнкъэнэну фIыуэ ялъагъу а цIыхубзыр. А щIыкIэмкIэ абыхэм наIуэ къащIыну хэтщ хэкум хуаIэ лъагъуныгъэри. Ахэр псори зауэм Iуохьэ. Романыр еух зэуапIэ IэнатIэм ХьэIишэтрэ Ихьсанрэ лIыхъужьыгъэ яхэлъу я псэр щатауэ. Псэууэ къэнар уIэгъэ хъуа Пеямищи, абы етхыж и гукъэкIыжхэр.
Къалэдахэм убгъуауэ къегъэлъагъуэ алыдж зэрыпхъуакIуэхэм Измир щызэрахьа хьэкIэкхъуэкIагъэр икIи абы нэлат ирех сулътIаным и пщIантIэм хуэпэжа епцIыжакIуэхэм. Тхылъым и куцI нэхъыщхьэр бэм къыхэжэбзыкIа цIыху нэхъ пагэхэм, тепщэхэм я лIыхъужьыгъэр къэгъэлъэгъуэнырщ. Пэжу, тхакIуэм IэщIыб ищIыркъым цIыху къызэрыгуэкIхэри - партизанхэр, мэкъумэшыщIэхэр, зауэм и хьэзаб псори зи фэм дэкIахэр, ауэ ахэр къызэригъэлъагъуэр жэрдэмыншэхэущ, таучэл лъэпкъ зимыIэ лъэрымыхьхэущ.
ГъащIэм и бэуэкIэмрэ Хъалидэ бгъэдэлъ художественнэ Iэзагъэмрэ я фIыгъэкIэ романыр уващ пэжагъ куэд къызыщыгъэлъэгъуа лэжьыгъэу. Къапщтэмэ, партизанхэм я унафэщI Чэуш Мухьэмэд жагъуэущ езы тхакIуэм зэрилъагъур. Абы щыхьэт тохъуэ Хъалидэ а щIалэм зэрыхущыт щIыкIэм теухуауэ щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ тхыгъэм хиухуанэхэр е, адрей лIыхъужьхэм ар япигъэуву, хэутэн къыщригъэщI теплъэгъуэхэр, ауэ, нэхъыщхьэращи, партизан унафэщIыр зэрыщымытыпхъэу ди пащхьэ къригъэувэркъым. Къалэдахэ лъэныкъуэ иригъэзыркъым Чэуш Мухьэмэд сулътIан тепщэгъуэм теплъэ зэрымыхъур, абы къыщымынэу гъэпщылIакIуэ псори зэриужэгъур.
ТхакIуэм сэтей къещI Тыркум щыщыIэ хъуа класс зэпэщIэуэныгъэм зэгурыIуэ къызэримыкIынур, абыхэм я кум зэакъылэгъуныгъэ къызэримыхъуэнур. Ауэ художник-реалистыр зэуэ мэбзэх, политическэ мурад гуэрхэм тригъащIэурэ, емыщхь икIи къемызэгъ кIэух тхыгъэм щриткIэ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ абы къыщIрегъэдз, офицерым хуиIэ гурыщхъуэм и Iэужьу, Чэуш Мухьэмэд лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ зауэм и епцIыжакIуэ хъуауэ.
Романым персонаж нэхъыщхьэ дыдэу къыхощ хэкум лъагъуныгъэ пэж хузиIэ, лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ зауэм жыджэру хэт тырку бзылъхугъэ ХьэIишэт. Литературэм апхуэдэ образ япэ дыдэу къызэрыхыхьам къыхэкIкIэ, а зэманым абы тепсэлъыхьынми зыщиубгъуащ дэнэ щIыпIэкIи. «ФыукI цIыхубз куэпэчыр!» жыхуиIэ романри лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ зауэм теухуащ.
Измир къедза къуажэ гуэрым къокIуэ егъэджакIуэ хъыджэбз, ХьэлиякIэ еджэу. Нэр щызысыкI дахагъ зыбгъэдэлъ а пщащэр акъылыфIагъкIи дэбгъуэн щымыIэу цIыху гъэсат, зэкIужт. Мураду иIэри зыт – мэкъумэшыщIэм я щэнхабзэр къэIэтын, я зэхэщIыкIым зегъэужьын, зы псалъэкIэ жыпIэмэ, ядэIэпыкъун. Хьэлия зэхэгъэж лъэпкъ ищIыртэкъым «мыр къулейм и бынти, модрейр къулейсызым къыхэкIати» жиIэу. Абы и зэхуэдэт дэтхэнэ зыри икIи апхуэдэу псэ къабзэ зэриIэм щхьэкIэ, псоми я гур къыкIэрыпщIат, пщIэрэ щIыхьрэ къыхуащIырт.
Куэд дэмыкIыу а къуажэм къокIуэ партизан гупым я унафэщI Тосун-бей. Ар лIыгъэ зыхэлъ, псэ хьэлэл зиIэ икIи пэжагъкIэ псэу цIыхут. Хьэлиярэ абырэ фIыуэ зэролъагъу. А лъагъуныгъэр нэхъри егъэбыдэ я мурадымрэ я гугъэмрэ зэрызэтехуэм - лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ зауэм зэрыпхъуакIуэхэр щызэтракъутэу, текIуэныгъэр къэхьыным.
Лъэпкъыдзэр зэтриIыгъэн хьисэпкIэ Тосун-бей налогышхуэ зытрилъхьа къулеижьхэмрэ динырылажьэхэмрэ фIыуэ къалъагъунт? Щэхуу къыхуэдзэлашхэу щIадзэ. Абы ирихьэлIэу къуажэм къоблагъэ бийр. «Къуажэдэсхэр зэуэ гупитI зэрыгъэхъуащ. Пэжым ухуеймэ, алыджхэм я лъэныкъуэ абыхэм яхэттэкъым, ауэ лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ дзэм и бийрэ Фэрид-пэщэм и телъхьэу гуэшат. Ахъшэ щIыхуэм ирисондэджэрхэмрэ молэхэмрэ зэхагъэзэрыхьырт лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ дзэмрэ большевикхэмрэ, абы къыхэкIкIи тегузэвыхьырт зэхуалъэфэса я мылъкур чэрэчэуэ ягуэшыжынкIэ... Арыншами бэм жаIэрт: «УмыпIащIэ, зэ къэгъакIуэ Тосун-бей!»
Ахъшэ щIыхуэкIэ сондэджэр Хъусенрэ нэгъуэщI зы молэрэ макIуэ алыджхэм егъэзыпIэ ящIам икIи хуаIуатэ Тосун-бей и мурадхэр, иужькIэ зэрыпхъуакIуэхэр жылэм къызэрыдыхьэну «куэбжэр» хузэIуахри, алыджхэм зэрахьэ залымыгъэмрэ хьэкIэкхъуэкIагъэмрэ холIыфIыхь. Алыджхэр щыдэкIыжым, молэмрэ абы дэщIыгъуамрэ лажьэ зимыIэ Хьэлия пцIы тралъхьэ, абыкIэ ягъэулъийри, къуажэдэсхэр къыхураджэ хьэIупс ящIа хъыджэбзым суд тращIыхьын хуейуэ.
Алыджхэм ебгъэрыкIуэу зэхэзыкъута Тосун-бей къуажэм къегъэзэж, ауэ илъагъужыркъым Хьэлия дахэр, абы зэхех ар зэраукIар. Тосун-бей илъ ещIэж, епцIыжакIуэхэр къегъуэтри икIи Хьэлия и кхъащхьэм тхьэрыIуэ псалъэ щет езы хъыджэбзым мэкъумэшыщIэхэм я пащхьэм щищIауэ щыта тхьэлъанэм къытригъэзэжурэ: «Фэ фи щIыр - сэри сищIщ, фэ фи жьэгур - сэри си жьэгущ. Мы къедзам щыпсэу сабий псоми я дежкIэ сэ сыанэщ, сынурщ икIи къэхъункъым сэ абы сыщызыгъэщIэн. Фызот ар тхьэлъанэу»...
А псалъэхэмкIэ еух романыр. Тхылъыр къызэрыгъэлъэгъуа щIыкIэхэр гум йошыкъылIэ. Абы къыщеIэт реалист, тхыдэм щыщ теплъэгъуэ пэжхэр. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, зэрыпхъуакIуэхэм тырку къуажэр зэрызэхафыщIэр, динырылажьэхэмрэ къулеижьхэмрэ я епцIыжыныгъэр, жылэр класскIэ гуэшауэ зэрыщытыр. Романым и пэм къыщыщIэдзауэ и кIэм нэс пхрокI империализмэм и бий зауэр зыгъэзахуэ, хэкум хуиIэн хуей лъагъуныгъэм и телъхьэ гупсысэ узыншэ, укъызэщIеIэтэ лIыхъужьхэм я IуэхущIафэм щытепсэлъыхькIэ, икъукIэ IупщIу къыхощ зи напэр къабзэ партизан унафэщI Тосун-бей. Ауэ пэжыр къэзыгъэлъагъуэ теплъэгъуэхэм я мыхьэнэр лъэныкъуэкIэ токIуэт тхакIуэм лIыхъужьымрэ цIыхубзымрэ я зэхущытыкIэм и гугъу щищIкIэ, сыту жыпIэмэ ар къызэригъэлъагъуэр хъарпшэрущ икIи езым къызэрыфIэщI еплъыкIэм тетущ.
Дигу къэдгъэкIыжынщ романым зэреджэр - «ФыукI цIыхубз куэпэчыр!». Лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ зауэм теухуа тхыгъэм къиIэтын хуей Iуэхугъуэхэм я курыкупсэм Къалэдахэм ирегъэувэ лажьэншэ бзылъхугъэм трагъэлъ хьэзабыр икIи абы ипкъ иткIэ романым фIэщыгъэцIэ гуащIэ къыхуегъуэт. Ауэ сыт хуэдэ бзылъхугъэт ар! Гъунапкъэншэу цIыху жумарту, хьэлэлу, зыщысхьыж жыхуаIэр зымыщIэу, лыуз, гудзакъэ зиIэ хъыджэбз щыпкъэу - апхуэдэущ зэрытцIыхур. Ауэ гущIыхьэу яIэщIокIуадэ ар насып, нэхугъэ къызыхуихьыну хущIэкъуа цIыхубэм, щхьэхуещэхэм пцIыкIэ ягъэжэкъуам. Къуажэдэсхэр иджыри кIыфIыгъэм зэрыхэтым, зэрыщэнхабзэншэм и щыхьэтщ абыхэм Хьэлия зэраIэщIэукIэр. Нэхъыщхьэр а щIэщхъу бзаджэм тхакIуэр зэрытетхыхьыркъым, атIэ фIеягъэкIэ зэщIэцIэла а гуIэгъуэр къигъэсэбэпурэ, Хъалидэ езым и философие гупсысэр - «цIыху ямылей» зэрыщыIэм икIи бэм гуэныхь къытемыхьэн щхьэкIэ апхуэдэм псэр итыныр нэбжьыц хэхуауэ имылъагъу хуэдэу къафIэгъэщIынырщ. Дэ мыбы хыдолъагъуэ Алъп Зиерэ Шопенгауэррэ яукъуэдий философие гупсысэкIэм и лъэужь.
ХьэIупс ящIыным фIыуэ и пэ къихуэу, зэгуэрым Хьэлия къурмэн махуэ лъапIэу мэжджытым здыщIэтым и нэгу къыщIыхьэрт зи псэ ягъэныну мэлым зэрытебжэри, а тхьэлъэIушхуэм щыжаIэ духьэхэри езым хуэгъэза хуэдэу икIи ахэр псори абы и нэгу къыщIоувэж шэрихьэт суд къыщытращIыхькIэ. А щIыкIэмкIэ фащэ зэIумыбз къигъэсэбэпу, щIэуфауэ, ауэ щыхъукIи гущIыхьэ Iэмалхэр тхылъеджэм хуигъэлажьэурэ, Къалэдахэм гупсысэ щхьэхуэ пхреш, и лIыхъужь-идеалисткэр кIыфIыгъэм хэт бэм пэщIигъэувэурэ. Ар щыхьэт тохъуэ империалистхэмрэ сулътIан унафэщIхэмрэ щебгъэрыкIуэ лъэхъэнэм тырку буржуазием и идеологхэр цIыхубэм щышынэу зэрыщытам. Абыхэм я гугъэр хахыжыртэкъым революцэ къэхъункIэ зэрыхъунум. А псом къыдэкIуэу интеллигентым и духовнэ ефIэкIыныгъэр къагъэлъагъуэурэ абыхэм щагъэбыдэжыну хуейт буржуазием дяпэкIэ тепщэныгъэр бгъэдэлъын зэрыхуейм хуэгъэпса философие Iуэху еплъыкIэр. ЕтIощIанэ гъэхэм деж Къалэдахэр аргуэру зэман хэхакIэ дехьэх лъагъуныгъэ Iуэхум тетхыхьыным. Апхуэдэу абы и Iэдакъэ къыщIокI «Гум и уз» (1924), «Зино и къуэ» (1928) жыхуиIэ романхэр.
Абы иужькIэ тхакIуэм IэщIыб ещI нэхъ пагэ­хэм, сыт и лъэныкъуэкIи адрейхэм ефIэкIыу зызылъытэж хуэщIахэм тетхыхьыныр икIи зрет цIыху къызэрыгуэкIхэм я гъащIэр къэгъэнэхуным. Абы и щыхьэтщ «Синекли баккал» (1936) романыр.
Мыбы персонаж куэд хэтщ: нэхъапэм артисту щыта, иджы сатуущI Тофикъ, абы ипхъу уэрэджыIакIуэ Рабинэ, егъэджакIуэ Рабийрэ абы илI, итальян музыкант Перегринирэ, полицэм и министрыр, лIыукI Сэлим-пэщэр, абы и къуэ, конституцэ зэщIэхъееныгъэм хэт Хьилмий, нэгъуэщIхэри.
ЯпэщIыкIэ абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми гъащIэ еплъыкIэ щхьэхуэ иIэщ, иужькIэ тIэкIу-тIэкIуурэ а лIыхъужьхэм я акъылыр хуокIуэ псэуныгъэм къыщыхъуну иухам хэбгъэхъуэжын мурадкIэ упэщIэувэныр зэрыщхьэгъэпцIэжым, жылагъуэм и гъащIэм зебгъэублэрэкIыну упыхьэныр зэрыдзыхьщIыгъуэджэм. Абы ипкъ иткIэ дэтхэнэ персонажри арэзы тохъуэ и гъащIэр къызэрекIуэкIым икIи абы и щхьэусыгъуэр ирапх псори зэлъэIуу зыми емылъэIужым тещIыхьа Iуэху еплъыкIэм.
ТхакIуэм икъукIэ фIэфIу хегъэщхьэхукI «дунеягъэ Iуэху зэрызехьэхэм» теухуа уаз итурэ къэзыухъуреихь псоми гунэс защызыщIыф лIыжь гуэрым и шыфэлIыфэр.
Романым къыщыхъу псори нэхъ пасэ зэманым ехьэлIами, Къалэдахэм и мурадыр белджылыщ: класс бэнэныгъэм, жылагъуэм и Iуэхухэм абы пэщIегъэувэ цIыхум езым и щхьэм ехьэлIам нэхърэ нэхъ лъапIэрэ, нэхъ мыхьэнэ зиIэрэ зэрыщымыIэр тегъэщIапIэ зыщI еплъыкIэр.
Тхылъым и пщIэр къэзыIэтхэм ящыщщ Истамбыл теухуа этнографие хъыбар гъэщIэгъуэнымкIэ, а зэманым я псэукIам, хабзэрэ бзыпхъэу унагъуэм щызекIуэу щытахэмкIэ зэрызэщIэузэдар.
1939 гъэм Хъалидэ къыдегъэкI «Тэтэр бзылъхугъэ» зыфIища и романыр. Абы нехьэкI-къехьэкI хэмылъу щеIуатэ тыркум и экономикэм и лъэщагъымрэ демократиемрэ зэрызаузэщIыр. Романым зи гугъу ищI Iуэхугъуэхэр щекIуэкIыр Истамбыл хуэщIауэ щыпсэу гуэрым и зыгъэпсэхупIэрщ. Къалэдахэм и IэдакъэщIэкIыр иухуащ диалогхэмрэ монологхэмрэ къигъэсэбэпурэ икIи нэхъыбэу абы узыщрихьэлIэр Тырку къэралыгъуэщIэм и зэфIэувэкIэнум псэхугъуэ зримыт студентиблщ. Абыхэм яхэтщ романтики, сыт хуэдэ Iуэхугъуэми акъыл жанкIэ бгъэдыхьэурэ ар гъащIэм хэзыпщэфи, космополитизмым зи псэр итхьэкъуаи, къэгъазэ зимыIэ националисти. Я Iупэм тхъурымбэ къищIауэ ахэр зодауэ, зым адрейм и фIэщ ищIыну хущIокъу - экономикэ, социальнэ я лъэныкъуэкIэ я хэкум зэрызиужьыну хэкIыпIэхэр зыхуэбгъэдэн иджыри къэс дунейм къызэрытемыхьар. «Зы бзыпхъэр дэнэ дежи къыщыбгъэсэбэп хъунукъым. Дэ дызэщхь зыри щыIэкъым. Дэ адрей псоми я курыкупсэм ит гъущI быдэу дыщытын хуейщ. Дэр - ар дэращ, дэ тхуэдэ щыIэн хуейкъым», - пагагъ хэлъу жеIэ студент Хъалил. Апхуэдэу националистхэм ящыщщ Хьэсэни, егъэджакIуэ Лалеи. Абыхэм я плъапIэ лъагэщ «цIыхубэм и акъылыр революцэм хуагъэушыну икIи экономикэ зэхъуэкIыныгъэхэм я мыхьэнэр гурагъэIуэну».

Iэдиб Хъалидэ «революцэ» псалъэр къызэригъэсэбэпыр зэхъуэкIауэ, иIэн хуей куцIыр имыIэжущ, зэгуэр «лъэпкъ гупсысэ» жыхуиIэр пцIыкIэ зэрызэхидзэIухьам хуэдэущ. Абы кърикIуэнуи зыщыгугъыр зыщ - класс бэнэныгъэр бэм IэщIэгъэхунырщ, революцэ нэсым пэIэщIэ щIынырщ. «Националист» щIалэхэр, «цIыхубэр фIыуэ ялъагъун» къалэныр зи пщэ дэзылъхьэжхэр, хущIэкъунущ лъэпкъ гупсысэм и мыхьэнэр бэм зэхрагъэщIыкIыну, ауэ щыхъукIэ, ар Iэщэ лъэщщ къуажэм къыщылыдынкIэ хъуну революцэ хъуаскIэр ирибгъэункIыфIыну. Апхуэдэ лIыхъужьхэм япэгъэуващ мылъку зэлъэфэлIэныр зи нэрыгъ, абы хьилэшы хэхъухьа Сюниор Валтарэ щхьэхуещэр, акъылыншэу щыт щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ.
Ауэ персонажхэм я гъащIэ еплъыкIэр зэрызэтемыхуэр зэран хъуркъым, аращ ахэр икIэм-икIэжым щIызэгурыIуэжыфри, уеблэмэ зэлIзэфызу щIызэрышэжхэри. Романыр еух унагъуэщIэ насыпыфIэхэр къэунэхуауэ икIи ахэр зэхуэхамэ ящIыркъым Iуэху жьгъейхэм.
Къалэдахэ Хъалидэ и дунейр зэрекIуэкIам щыгъуазэ зыщыпщIкIэ, умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым абы и гъащIэ еплъыкIэр хэубыдыкIауэ ткIийуэ зым зэрытемытар: ар къекIуэкIащ шы пшэр уанэу икIи зэрыхузэфIэкIкIэ яужь итащ зылъэкIхэм я губгъэн къызэримыхьыным. Тепщэныгъэр зыIэрымыхьэу, зи хущхьэ хъу дэтхэнэми и бзууэ щытащ ар. Арагъэнщ адыгэ цIыхубзым и гъащIэр иухыху «мафIэ джанэ» щыгъауэ къэплъытэ щIэхъунур. Ар къызыхэкIыр зыт: Тырку къэралыгъуэм мытырку лъэпкъхэр зэи цIыхухэм щыхабжэркъым. Ауэ зыщыщыр зыщагъэгъупщэжрэ - ар адыгэ, курд, лаз е абхъаз ирехъу - «дэ дытыркущ, тырку щэнхабзэми дыхуэлэжьэнущ» жаIэмэ, апхуэдэхэр я нэу, я псэу защI.
А хабзэ дыджыр и «анэ быдзышэу» къэхъуащ Къалэдахэ Хъалиди. Мыбдежым наIуэ щохъу абы и гъащIэ еплъыкIэр тырку мэсхьэбым иту зэрызэфIэувар икIи гъэсэныгъэ игъуэтам тету абы и гуащIэр тырку буржуазие литературэм зэрыхуигъэлэжьар. Къулыкъушхуэ зезыхьэ и адэу тетыгъуэр зиIэхэм ябгъурышэсам хузэфIэкIакъым езыр зыхэхуа «архъуанэм» и быныр пэIэщIэ ищIын. А щIыкIэм тетущ Хъалидэ и щхьэр зэрыунэзари, и дуней еплъыкIэр псыхьа зэрыхъуари.
Тхылъеджэхэм, дауи, гъэщIэгъуэн ящыхъунщ Къалэдахэ Хъалидэ Iэдиб и пхъум и образыр зыхэт тхыгъэ еджэну - ар адыгэ тхакIуэшхуэ КIыщокъуэ Алим и роман «Эмирым папщIэ сэшхуэ» жыхуиIэрщ.
Хьэтыкъуэ Умар – Омер СейфеддинкIэ зэджэжыр - ищхьэкIэ зи гугъу тщIахэм куэд дыдэкIэ ящхьэпрыкIыжащ. Хьэтыкъуэрщ иджырей тырку литературэм и новеллэ жанрым и лъабжьэр зыгъэтIылъар. ТхакIуэ-реалистым, тырку литературэм и мызакъуэу, дунейпсо литературэм увыпIэ хэха щеубыд. Абы и тхылъхэр къэрал куэдым къыщыдэкIащ. УрысыбзэкIэ зэрадзэкIауэ Умар и новеллэхэр тIощI гъэхэм и кIэм къыщыщIэдзауэ урыс журналхэм къытохуэ. Ахэр ягу зэрырихьым къыхэкIыу адыгэ щIалэм и тхыгъэ къыхэхахэр тхылъ щхьэхуэу Мэзкуу, Ленинград 1957, 1975, 1987 гъэхэм къыщыдокI. Тхылъищми ит новеллэхэр, повестхэр урысыбзэкIэ зэрадзэкIащ Печенев Игорь, Яковлевэ Нелли, Кормушин Иван сымэ. Си цIыхугъэ Печеневыр илъэс куэдкIэ Тыркум щылэжьащ икIи тыркубзэр гъуэзэджэу ещIэ. «Омер Сейфеддин пщIэшхуэ иIэщ иджырей тырку литературэбзэр убзыхуа зэрыхъуамкIэ, - жеIэ абы. - Япэ итхэми езым и зэманым псэуа тхакIуэхэми ар къащхьэщыкIырт и бзэр нэхъ къызэрыгуэкIыу, цIыхубэр зэрыпсалъэ бзэм нэхъ пэгъунэгъуу зэрыщытымкIэ. Хьэтыкъуэм и тхыгъэхэр хуэхейт хьэрып, къэжэр псалъэхэу тырку литературэбзэр лIэщIыгъуэ зыбжанэ хъуауэ зэIызыгъэхьэм». Хэт хъуну-тIэ зи гугъу тщIы адыгэ щIалэр, дауэ къекIуэкIа абы и гъащIэр, и лэжьыгъэр?
Хьэтыкъуэ Умар и адэ Сэфудинт ИстамбылакIуэ ежьар. Тыркум нэса нэужь, ар зы щIыпIэм икIрэ адрейм Iэпхъуэу куэдрэ екIуэкIащ. Ауэ, икIэм-икIэжым, Мрамор тенджызым и Iуфэм пэмыжыжьэ Гёнен жылагъуэм дотIысхьэ. 1884 гъэм абы къыщалъхуащ тхакIуэ цIэрыIуэ хъуну щIалэр.
Хьэтыкъуэм и гъащIэр литературэм пищIэну и пщIыхьэпIэми къыхэхуэртэкъым. Арати, и ныбжьыр илъэс пщыкIутI фIэкIа мыхъуауэ, Умар Эдерне къалэм дэт дзэзешэ еджапIэм щIотIысхьэ. Ар къеухри, адыгэ щIалэщIэр Истамбыл макIуэ, и щIэныгъэм хигъэхъуэн мурад иIэу.
Хьэтыкъуэр щоджэ «Мектебе Хьэрбийе» еджапIэ нэхъыщхьэм икIи абы офицеру къызэрыщIэкIыу, Измир ягъакIуэ. Умар а къалэм 1908 гъэм нэсыху щоIэ, ауэ тырку щIалэ буржуазие революцэр зэрызэфIэкIыу, абы къулыкъущIэ кърат - Македонием гъунапкъэ щихъумэну. ИлъэситI нэблагъэщ Умар абыи зэрыщыIар. Литературэм куэд щIауэ дихьэхырти, ар дзэм къыхокIыж.
1908 гъэм екIуэкIа революцэм иужькIэ, Тыркум куэду къыщыдагъэкIыу щIадзэ сатирэ, гушыIэ журналхэр. Абыхэм традзэ усэхэр, хъыбархэр икъукIэ къащхьэщыкIырт япэрей классикэ сатирэм и щапхъэхэм. Тхыгъэхэм я нэхъыбэр пэджэжырт зэманым къигъэув къалэнхэм, литературэм и унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэм я зэныкъуэкъум. Абыхэм яхэтт пародиехэр, эпиграммэхэр. А зэманым щыIэ тырку сатирэм и гугъу щащIкIэ, япэу зи цIэ жаIэр Хьэтыкъуэ Умарт. Абы и тхыгъэ гъэпсыкIэм и лъабжьэщ псэ щабагъэ, гу пцIанагъэ макъамэхэр, Iущыгъэ зыхэлъ акъыл гъэтIысакIэ Iуэта гупсысэхэр, апхуэдэуи хъуэр, гушыIэ шэрыуэхэр.
Гу щабагъэкIэ псыхьа усыгъэ закъуэтIакъуэхэм къадэкIуэу, Хьэтыкъуэм итхырт пхъашэу, дыджу гум ежалIэ ауанхэмкIэ гъэнщIа новеллэхэр.
Умар и ныбжьэгъу тхакIуэхэу Джэс Алъпрэ Жаныпэ Алийрэ щIыгъуу «Гёнч къалэмлер» журналыр къыдигъэкIыу щIедзэ. Адыгэ щIалэм и тхыгъэ нэхъыфIхэр абы щытридзэрт.
1912 гъэм Хьэтыкъуэр аргуэру дзэм хохьэж, ауэ Балкан зауэм ар зэрыхэтар мащIэ дыдэщ. Умар гъэр ящIри, Алыджым мазипщIкIэ лъэхъуэщым щрагъэс, абы къызэрикIыжу, Хьэтыкъуэм Истамбыл егъэзэж икIи етIуанэу дзэм къыхокIыж, зэи тримыгъэзэжыну мурад быдэ ищIауэ. 1914 гъэм къыщыщIэдзауэ дунейм щехыжыну 1920 гъэм нэсыху, абы Тырку щыхьэрым дэт курыт еджапIэхэм ящыщ зым литературэмкIэ щрегъаджэ.
Хьэтыкъуэм илъэс щэщIрэ хырэщ къигъэщIар. Абы щыщу тхэным къылъысар илъэсий къудейщ. Сыт хуэдэу щымытами, Умар иIа зэман мащIэр дамэр уэзыгъэшэщI, дэрэжэгъуэ къозыт лэжьыгъэ куукIэ игъэнщIыфащ. Илъэсийм къриубыдэу абы и Iэдакъэм къыщIэкIащ хъыбари 150-м щIигъу, повесть зыбжанэ, зы пьесэ, и кIэм нимыгъэсауэ романитIи къэнащ. Хьэтыкъуэм къытрыригъэдзащ литературэр зыубзыху, бзэм теухуа лэжьыгъэ куэд. Тхыгъэ зыбжанэ абы тыркубзэкIэ зэридзэкIащ. Гомер и «Одиссеери» хэту.
Адыгэ щIалэм и тхэкIэм дэплъей, ар литературэм зи егъэджакIуэу къыщызылъытэ тхакIуэ цIэрыIуэ куэд КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыIэщ. Хьэтыкъуэ Умар и новеллэхэм, памфлетхэм тырку жылагъуэм и зэхэтыкIэр нэсу къыщигъэлъэгъуащ.
Хэбгъэзыхьмэ, къэралым щыIэ ухуэкIэр, тырку­хэм я хьэл-щэныр, я псэукIэр щIэнэкIалъэ зэрищIым къыхэкIыу, тхакIуэр ягъэкъуаншэрт «угущIэгъуншэщ, псоми ущодыхьэшх» жаIэу. Къалэмыр зи Iэщэм зэхуэдэу ещIэ къалэми къуажэми я псэукIэр. Ар щодыхьэшх цIыху мыгъасэм, фэрыщIым, диным и лэжьакIуэхэм мыхъумыщIагъэу зэрахьэр къыщIегъэщ. УзыIэпишэу укъоджэ Хьэтыкъуэм и хъыбархэу «Телъыджэ», «Азэн джэ макъ», «Iулъхьэ», «Лэгъупыкъу», «МафIэдз», «Аргъуей», «Адакъэ», «Делэ», «Фон Садриштайн и щхьэгъусэр», «Динсыз» зыфIищахэм, «Эфруз-бей», «Хьэрэм» повестхэм, нэгъуэщI куэдми.
Тхыгъэ зыбжанэ абы триухуащ езым и гъащIэм и къекIуэкIыкIам, и лъэпкъэгъухэм. Апхуэдэщ «ШытхъунщI», «Япэ мыхъумыщIагъэ», «ПIыртIыкъыш», «Зэшхэр», «Фыгъуэнэд», «Бгырыпх» новеллэхэр. Абыхэм Умар щетх и адэ-анэм, игъуэ нэмысу дунейм ехыжа и къуэш нэхъыжьым теухуа, къызыхэкIа адыгэ лъэпкъым папщIэ псалъэ гуапэ, гурыгъу-гурылъ дахэ куэд.
Хьэтыкъуэм и IэдакъэщIэкIхэм щIыпIэшхуэ щаубыд адыгэ таурыхъхэм хэт Iэмалшы, жьакIуэ КъуийцIыкIу, егъэлеяуэ пцIыупс барон Мюнхгаузен сымэ уигу къэзыгъэкI Эфруз-бей щхьэщытхъум. Абы и IуэхущIафэхэм теухуа повестым 1908 гъэм екIуэкIа революцэм и зэманым щыIа пщы-уэркъ интеллигенцэр ауан ещI, зи щэнхабзэр зэзымыпэсыж Iужажэхэр, напитIхэр, фэрыщI акъмыкъхэр къыщIегъэщ.
Япэ дунейпсо зауэм щыгъуэ Хьэтыкъуэр тэмэму бгъэдыхьащ политикэ Iуэху щытыкIэм. Пантюркистхэм я мурадхэм гушыIэ жанкIэ ар щыдыхьэшхащ икIи «Щхьэхуитыныгъэм и пщыхьэщхьэ» новеллэм зэрыпхъуакIуэ зауэр гум тебгъахуэ мыхъуну къыщигъэлъэгъуащ.
Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа тырку тхакIуэшхуэ Хьэтыкъуэ Умар зыщыпсэу къэралым ис лъэпкъ псори нэхугъэм, щIэныгъэм хуишэным и гъащIэр щхьэузыхь хуищIащ; ахэр фIым, гулъытэм, зыужьыныгъэм къыхуэгъэушыным хузэфIэкI псори хилэжьыхьащ. Ауэ псом хуэмыдэжу адыгэ щIалэм и пщIэр зыгъэиныр езым иужькIэ къэхъуа тхакIуэхэм я лъэпкъыр зыхуей-зыхуэныкъуэхэмрэ абы я духовнэ, социальнэ гъащIэмрэ нэхъ куууэ хэплъэ зэрищIарщ.
Хьэтыкъуэм - Омер Сейфеддин - и тхыгъэхэр къэнащ ноби, игъащIэкIи я пщIэр мыкIуэдыжыну. Дунейм щехыжым зы гукъеуэ закъуэщ иIар абы: и адэжь Хэку и IэфIагъ зэрызыхимыщIарт, абы и къалэмыр зэрыхуимыгъэпсыфарт.
Ауэ а псор къехъулIащ нэгъуэщI Хьэтыкъуэм - Жанхъуэт и къуэ Ахьмэд, совет адыгей поэзием и лъабжьэр зыгъэтIылъам. Умар и унэкъуэщт а щIалэр. Тырку щIыналъэм щалъхуа и къуэшым хуэдэу, абы къигъэщIари мащIэ дыдэт - илъэс 36-рэт (1901 - 1937). ГъащIэмащIэми, Ахьмэд хузэфIэкIар куэдт. Совет властыр текIуа нэужь, щIалэ гурыхуэр щоджэ КъуэкIыпIэм я гуащIэрыпсэухэм я коммунист университету Мэзкуу дэтам. Хьэтыкъуэм и усэхэр «Адыгэ макъым» - япэрей адыгей газетым - къытрадзэ. Университетыр зэпэщу къеухри, абы Адыгей щхьэхуитым, адыгэхэм я хэкум къегъэзэж. «Адыгэ гъащIэ» газетым, Краснодар дэт адыгэ тхылъ тедзапIэм, облоном Хьэтыкъуэр щолажьэ къулыкъу нэхъыщхьэхэр зэрихьэу.
Ахьмэд и япэ тхылъыр 1927 гъэм къыдэкIащ. «Ахъшэм итхьэкъуа» - арат абы зэреджэр. ТхакIуэ ныбжьыщIэм и Iэдакъэм къыщIэкIащ усэ, хъыбар, пьесэ, уэрэд куэд. Ахэр зэрыт тхылъ щхьэхуэхэр Хьэтыкъуэм къыдегъэкI 1930, 1931, 1935 гъэхэм. Ахьмэд дихьэхыу зэридзэкIырт А. С. Пушкиным и тхыгъэхэр. Гурыхуагъэрэ Iэзагъэ инрэ хэлъу абы адыгэбзэкIэ «къигъэпсэлъащ» урыс усакIуэшхуэм и поэмэ зыбжанэ: «Кавказ гъэрыр», «Цыджанхэр», «Полтавэ», нэгъуэщIхэри. А псори зэрыт тхылъыр Ахьмэд 1937 гъэм Краснодар къыщыдигъэкIащ.

 

 

 

 

 

ХьэтIохъущыкъуейдэсхэм фэеплъу ятетха сурэт.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Кхъуэжь Демет

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Токъмакъ Синэмис

 

 

 

 

 

 

Къайсэр щекIуэкIа фестивалым хэта ди лъэпкъэгъухэм ящыщщ.

ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
Поделиться: