ХамэщIым вагъуэхэр щоужьых

(КIэухыр. ПэщIэдзэр №79-м итщ).

Академием  и унафэщIу  здэщытым Намыкъым куэд ищIэрт  икIи хэлъ хьэлыфIхэмрэ  иIэ  цIыхугъэ лъагэмрэ  гукъинэж  ящыхъурт абы къыдэлэжьахэм.  Исмэхьил  и  къуэдзэу щытахэм ящыщ зым игу къегъэкIыж:
«ИлъэсиплIкIэ сыдэлэжьащ сэ абы икIи а зэманым къриубыдэу зы махуэ къыхэхуакъым IуэхукIэ къысхуей хъумэ и пэшым сыщриджа, атIэ «сэ сывиунафэщIщ» жиIэу хэIэтыкI хэмылъу езыр си деж къыщIыхьэрти, къыщIысхуейр къызжиIэрт. Си гъащIэм апхуэдэ цIыхуфI слъэгъуакъым. Академием ирашу нэгъуэщI IэнатIэ ягъэувыну къыхуагъэлъэгъуати, идакъым кIуэн, «си гъащIэри си гуащIэри мыбы щесхьэлIакIэ, мурад гуэрхэр сиIэщ, ар къызэхъулIэмэ сэркIэ насыпщи, нэгъуэщI лэжьыгъэкIэ сымыхъуэжмэ нэхъ къэсщтэнущ» жиIэри. ЗэрыжиIам хуэдэу пэжуи къыщIэкIащ икIи икъукIэ Iуэхушхуэ илэжьащ тырку гъуазджэм зиужьын папщIэ».
Исмэхьил цIыху фIыуэ илъагъурт. ПщIэшхуэ хуищIырт хабзэ, нэмыс зыхэлъым,  и псэр  иригъэшхынут лэжьыгъэм хьэлэлу бгъэдэт дэтхэнэ зыми. Зэгуэрым Академием щылажьэ егъэджакIуэ къэралым IуигъэкIауэ хъыбар щызэхихым, Намыкъыр тIысыжащ «Сэри афIэкIа сыщылэжьэнукъым» жиIэри. Исмэхьил апхуэдэу щIилэжьар езым щхьэкIэу къыщищIэм, егъэджакIуэр адыгэлIым и унэ кIуэри жриIащ ныбжьэгъугъэм абы пщIэ зэрыхуищIыр хьэкъыу зэрыпхыкIар икIи езым и зэранкIэ Академиер хыфIимыдзэжыну елъэIуащ.
1935 гъэр Намыкъ Исмэхьил и гъащIэм и иужьрей илъэст. «Къады-кой» кхъухьыр тенджыз толъкъунхэм дэщэнауэрт, абы исхэм ящыщ зым и гур иубыду, зэшэзэпIэу щылIам. Кхъухьыр щэнауэрт дунейм ехыжа художник Iэзэм и гум хэлъа иужьрей дыдэ къеуэкIэм и къарур къыхыхьэ хуэдэу икIи къыпфIэщIынт а гуауэшхуэм тенджызыр дэщыгъуэ: хуэм-хуэмурэ мамыр хъурт псыр, зи псэ хэкIа цIыхушхуэм и хьэдэр зэрылъ кхъухьыр щабэ дыдэу икIи сакъыпэурэ фIэкI щIимыгъэхъаеу. Тенджызыщхьэм щыункIыфIат зи акъылымрэ зи гуащIэмрэ хамэ къэрал гъуазджэм жумарту хуэзыгъэлэжьа Намыкъ Исмэхьил и гъащIэр.
А дакъикъэхэм уафэм щижакъым зы вагъуи. Къэхъуа щIэщхъур IэтыгъуафIэ бэм ящищIрэ ар зыхуэблэр зэрыуахътыншэм щыхьэт техъуэу, Тырку уэгум къыщыунэхуащ вагъуэщIэ, фIэпщын цIэ щхьэкIэ ущIэлъыхъуэни, «хэт ар зейр?» жыпIэу  ущIыщIэупщIэни  щымыIэу.
1875 гъэм Истамбыл къыщалъхуащ Дагъ Шэукэт. Адыгэ щIалэм и ныбжьыр илъэс 22-рэ щрикъум ирихьэлIэу къеух Iэзагъэ хэIэтыкIахэм я художественнэ Академиер. ИужькIэ щолажьэ Галата-Сарай еджапIэм.
Махуэ гуэрым абы къыхущIахьэ Iэзагъэ хэлъу щIа сурэт. Художникышхуэм икъукIэ гъэщIэгъуэн икIи гуапэ щыхъуащ «ар зыщIар адыгэ щIалэщ» жаIэу щызэхихым. КъызэрыщIэкIымкIэ, сурэтыр зи IэдакъэщIэкIыр Намыкъ Исмэхьилт. ЗэрыцIыхуащ. Абы къыщымынэу Шэукэт гъуазэ хуохъу зи зэфIэкIыр сурэт щIыным хузэIузых щIалэм.
Дунейм и теплъэр сурэту ищIыну хуабжьу фIэфIт Шэукэт. Абы апхуэдизу Iэзэу плъыфэхэр къигъэсэбэпыфырти, Шэукэт «къэралым и блэкIар къэзыгъэлъэгъуэж тырку живописым и тхьэмадэ» хужаIэрт.
Мэжджытхэм сурэтхэр, тхыпхъэщIыпхъэхэр хэщIыхьынри графикэри Дагъыр дэзыхьэх лэжьыгъэт. Абы и дуней тетыкIар зыхуэдэр къэпщIэну ухуеймэ, еплъ Шэукэт и сурэтхэм. Гъуджэм хуэдэу абыхэм къощ Дагъыр гъащIэм зэрыхущытар.
Сурэт щIыным и закъуэтэкъым ар зыхуэIэкIуэлъакIуэр. Адыгэ щIалэр бэнакIуэ Iэзэт, сыхьэтщIыж бэлыхьт. Шэукэт хэзагъэрт скульптурэми. Езым гушыIэ дахэ зэрыхэлъым икIи ар фIыуэ зэрилъагъум щыхьэт техъуэу, ауан хъыбархэр тхыни зыхилъхьэ щыIэтэкъым. Къалэ зыбжанэм къагъэлъагъуэурэ ар хахауэ щытащ меджлисым. Сыт хуэдэ Iуэху имыгъэзэщIами, Дагъым гъащIэ гъусэу иIащ пэжагъымрэ псэ къабзагъымрэ. Апхуэдэу зэрыщытыр иплъагъуэрт абы и нэгум икIи ар зымыцIыхуу ирихьэлIэ дэтхэнэ зыми шэч ищIыфынтэкъым а лIыр и напэм щещэжын медан къэхъункIэ хъуну.
Тырку гъунапкъэр зэпаупщIри, художникышхуэм и лэжьыгъэхэр утыку ихьащ икIи гъуазджэм и лъагапIэ хэIэтыкIахэр зэрыхуагъэфащэр белджылы ирихъуу, дунейпсо еплъыныгъэхэм я бжэр къызэIуах. Шэукэт и IэдакъэщIэкIхэр 1909 гъэм щагъэлъагъуэ Афинхэм, Мюнхен. 1938 гъэм Париж щекIуэкIа еплъыныгъэм ар лауреат щохъу икIи дыщэ медаль къыхуагъэфащэ. Дагъым и сурэтхэр сыт щыгъуи щагъэлъагъуэ Анкара, Истамбыл, Измир, Къайсэр щекIуэкI выставкэхэм. Къигъэсэбэп плъыфэхэм ящыщу къащхъуэр абы зыпищI щыIэкъым.
Художникым и псэр абы дихьэхыу зэрыщытар гъэщIэгъуэнщ икIи шэч уегъэщI, пшэхэм щIамыхъумэ нэужь, уафэр сыт щыгъуи зэрыкъабзэм, зэрыбзыгъэм хьэщыкъ ищIу, къащхъуэ плъыфэр Шэукэт и гум хыхьауэ, и псэм фIыуэ илъэгъуауэ. Уегупсысыпэмэ, сыт щыIэ нэр щыджылу уафэ къащхъуэ къабзэ мамырым дыгъэ лыдыжыр къищу уIуплъэн нэхърэ нэхъ гуапэ?! Абы куэд къеубыд.
Ауэ абы къыщымынэу, а щытыкIэм нэхъыби кърихыфу щытагъэнут Шэукэт. МафIэ Iугъуэмрэ гын гъуэзымрэ ямысеймэ, къащхъуэщ уафэр. Бомбэ уэшхым щIимыуфэмэ, къащхъуэщ уафэр. Лъыр зыпыткIу зауэщIэгъэстхэм къамыгъэуфIыцI нэужькIэ, къащхъуэщ уафэр. Ар зы лъэныкъуэкIэ.
НэгъуэщIкIи, къащхъуэщ зи гур къабзэу зи псэр нэхум дежкIэ. Къащхъуэщ зи нэм лъы къытемылъэдам е щIыIуху къытримыхьэм и дежкIэ, зи псэр пшагъуэ IэрыщIкIэ щIэмыуфам, зи акъылыр пцIыкIэ ямыгъэутхъуам дежкIэ.
Художникым куэд хилъагъуэу щытагъэнущ а плъыфэм.
Исмэхьил и лэжьыгъэ нэхъыфIхэм ящыщу къэбгъэлъагъуэ хъунущ «Айе-Софие», «Турбэбжэ», «Рустэм и бжьамий» жыхуиIэхэр. Абы и сурэтхэм щыщ куэд ящэхурт хамэ къэралхэм, живописым пщIэ хуэзыщIыф президентхэм икIи Iэзагъышхуэ хэлъу зэрыщIам ирипагэу яхъумэрт.
Иужьрей илъэсхэм дунейм и теплъэр къызыщыгъэлъэгъуа сурэтхэр щIыным нэхъ зритат художникым.
Дагъ Шэукэтрэ Намыкъ Исмэхьилрэ - егъэджакIуэмрэ абы и гъэсэнымрэ - зэрызэщхьыр сурэт зэращI е адыгэ лъэпкъым къызэрыхэкIа къудейм  и  закъуэкъым, атIэ а тIур зэщхьщ я дуней ехыжыкIэкIи. 1944 гъэм Хисар къикIыж кхъухьым здисым, и гур иубыдри лIащ зи ныбжьыр илъэс 69-м нэса Шэукэт.
АбыкIи зэфIэкIыркъым а цIыхушхуитIым я зэщхьыныгъэр. Псэуху щIылъэм вагъуэу щыбла Шэукэт ункIыфIыжакъым дунейм ехыжа нэужьи. СурэтыщI Iэзэ вагъуэщIэти, Намыкъ Исмэхьил хуэдэу, пщIыпщIыжу къыхэуващ тырку уафэр зыгъэбжьыфIэ адрей вагъуэхэм.

Тыркум щыпсэу адыгэ къуажэм гуарцэ ягъэгъу. Аращ жылэдэсхэм я гъэсыныпхъэр.

 

ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
Поделиться: