Iейм щахъумэ, фIым хуаущий«Ажалыр щащэр къыджеIэ!» урысейпсо Iуэхум и етIуанэ Iыхьэм хиубыдэу зэIущIэ драгъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр гуманитар-техническэ колледжым и студентхэм. Ар теухуауэ щытащ афияным зэраныгъэу къишэм, балигъ мыхъуахэр хабзэм ебэкъуэным, ахэр хабзэншагъэхэм хамышэным ехьэлIауэ ящIапхъэм. КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэблагъэкIым кIэлъыплъ и управленэм и оперуполномоченнэ нэхъыжь, полицэм и подполковник Давыдовэ Иринэ къызэхуэсахэм гу лъаригъэтащ афиянхэкIхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ зэхьэлIэным кърикIуэхэм. Апхуэдэуи яжриIащ социальнэ сетым кърикIуэ мыхъумыщIагъэхэр зыхуэдэр. Зи щIалэгъуэхэм зэман нэхъыбэ щагъакIуэ Интернетым, абы бзаджащIэхэм къыщалъыхъуэ къагъэделэфынухэр, нэхъыбэми ахэр ныбжьыщIэхэращ.
Поделиться:
Читать также:
17.04.2024 - 12:53 →
Урысеймрэ ислъам дунеймрэ
17.04.2024 - 12:45 →
Жыджэру зызыужь IэнатIэ
17.04.2024 - 12:41 →
Спортсменхэр ягъэлъапIэ
15.04.2024 - 12:26 →
«Байконур» космодромыр
15.04.2024 - 12:25 →
Космонавтхэм я шхыныр щхьэхуэщ
|