Щэджащэхэрэ ХъутIэжьхэрэ благъэ зэхуохъу

Дэнэ щIыпIэ укIуэми лъэпкъ хабзэмрэ зэхэтыкIэмрэ кърипщIэну Iэмал хъарзынэщ хьэгъуэлIыгъуэр, гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр. Кфар-Камэ дыщыдэса махуэхэм къриубыдэу Щэджащэхэрэ Хъу­тIэжьхэрэ благъэ зэхуэхъуащ. Къуажэм хьэщIэ зэрыдэсыр ящIэрти, щIалэм и лъэныкъуэм - Щэджащэхэ - хъыбар къыдагъэщIащ. Нысашэр телевиденэрэ газеткIэ хэкурысхэм я деж нэдгъэсыжыну щажетIэми, дыкъагъэщIэхъуакъым. Абыхэм яшэ пщащэр ди бы­сым унагъуэм къабгъурыс ­ХъутIэжьхэ япхъути, хъыджэбзым деж щекIуэкI Iуэхухэми дыхэплъащ.

Журтхэм яхэс ди лъэпкъэгъухэм я гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр зэрыдахыр ди деж щекIуэкIым техуэртэкъыми, тлъагъу псори тфIэгъэщIэгъуэну дыхэтащ. Щауэми нысащIэми я унэхэм махуэм шхыныгъуэ­ зэмылIэужьыгъуэхэр, IэфIыкIэхэр щагъэхьэзыр. Щауэм­ и Iыхь­лы­хэмрэ ныбжьэгъухэмрэ щауэм и унэм, пщащэм ей­­хэр - пщащэм деж пщыхьэщхьэм щызэхуос. Япэу дыздэщыIар щIалэм и уна­гъуэрщ, щауэр зэдгъэцIыхун мурад диIа щхьэкIэ, ар унэм истэкъым, и ныбжьэгъу щIалэм я деж щыIэт, джэгу хуащIу…
А пщыхьэщхьэм нэхъыщхьэр нэчыхь тхынырти, ар муслъымэн ди­ным къызэригъэувым хуэдэу ятхащ. Хэкужьым ис ди лъэп­къэгъухэм нэчыхь щатхыр нысащIэр щауэм и унэ ихьа нэужьмэ, Израи­лым щыщ адыгэхэм нэчыхьытхыр псом япэ ирагъэщ. ЗэгуэкIуа щIалэмрэ хъыджэбзымрэ зэгурыIуа нэужь, адэ-анэм нэчыхьытх махуэр ­яуб­зы­хури, къуажэдэсым хъыбар ирагъащIэ. Гу зылъыттари гъэщIэгъуэнщ,­ телефони, унащхьэ чэзуи хэткъым, конвертым дэлъу егъэблагъэ тхылъыр зэбграгъэхыу аращ.
Нысэ къэзышэ Щэджащэхэ я пщIантIэм къуажэдэсхэри Рихьэние щыщ я благъэхэри щызэхуэсырт. ХьэщIэхэм адэ-анэм я Iэр яубыд, куэд щIауэ зэрымылъэгъуахэр зэщIоупщIэ, благъэ зэ­хуэхъу­хэр куэдрэ зэ­рыIыгъыну мэхъуахъуэ. АпщIондэху молэр щы­хьэтитI­ и гъусэу, ны­сащIэм и унэм кIуэри, арэзырэ мыарэзырэ еупщIащ, тхылъым Iэ щIрагъэдзащ. ИтIанэ молэмрэ щыхьэтхэмрэ щауэм деж кIуэри, апхуэдэ дыдэу абыи щIрагъэдзащ. Ар зэфIэкIа нэужь, Щэджащэхэ къагъэзэжри, лъэныкъуитIми я щыхьэтхэр щысу, нэчыхьыр ятхащ. Апхуэдэ махуэхэм Iэнэ къаузэдыркъым, атIэ IэфIыкIэ, псы, шей, кофе хуэдэхэр пщIантIэм щагуэшу аращ.
А зэманым къриубыдэу щIалэр здэщыIэ унагъуэм джэгушхуэ щокIуэкI. Абдеж дэри щауэ Рудин щызэдгъэцIыхури дехъуэхъуащ. Сы­хьэ­титI хуэдизкIэ джэгури, щIалэм и ныбжьэгъу гупыр и гъусэу хъы­джэбзым я деж кIуащ.
ХъутIэжьхэ я пщIантIи уэрами гъэщIэрэщIат. Европей щыгъынкIэ хуэпа нысащIэр и ныбжьэгъухэм ящIыгъуу къафэу дэтт. Щауэр, и ныбжьэгъухэр и гъусэу къэсри, нысащIэм сэлам ирихащ, Iэлъыни IэритIэгъащ. Хабзэр арати, Динэ дыщэхэкIхэр тыгъэ хуищIащ. Сурэтхэр зытрагъэхщ, ныбжьэгъухэр бгъэдыхьэурэ ехъуэхъури, торт яупщIэтащ. НыбжьыщIэхэм я Iыхьлыхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ торт яшхыну ирагъэблагъэри, нысащIэм и ныбжьэгъу хъыджэбзхэм къахьа IэфIыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэри ягуэшащ.
Нэхъапэм мыпхуэдэ пщыхьэщхьэм щIалэр хъыджэбзым я деж жэщым къыщынэу щытащ, иджы махуэ зыбжанэкIэ нэгъуэщI къалэ макIуэ загъэпсэхуну.
КъыкIэлъыкIуэ махуэхэм зэблагъэхэм яубзыху кIэух хьэгъуэлIыгъуэр - нысэишыж джэгур - щыщыIэнур. Дэ хьэгъуэлIыгъуэм дыхэтакъым, ауэ дыкъэкIуэжа нэужь, Рудинрэ Динэрэ я сурэтхэр къытхурагъэхьащ. Абы щыщ адыгэхэм я хьэгъуэлIыгъуэр щекIуэкIыр ресторанращ, цIыху мин нэблагъэ кърихьэлIэу.


Выщхьэ зэадэзэкъуэхэу Iэдэмрэ Iэсаирэ Мыщэ Анзаур я хьэщIащ.


Рудинрэ Динэрэ унагъуэ хъуащ.

ШЫПШ Даянэ.
Поделиться: