МЭРЕМ ПШЫХЬ

Псалъэ пэжхэр
Акъылыншэр нэмысыншэщ

*Тыгъэ къуатам и уасэракъым гуапэр,
Ар къозытам и уасэращ.
*ЦIыху губзыгъэр зэи имыIуэху хэлъэдэнукъым,
Губзыгъэу зыкъызыщыхъужыращ дэни хэпкIэнур.
*Ущыуэныр апхуэдэу бэлыхьышхуэкъым,
ПхузэмыхъуэкIыжын щыуагъэ пIэщIэмыкIамэ.
*ГъащIэр зэи пIащIэркъым,
ЦIыхухэращ пIащIэгъуэр зытелъыр.
*Щхьэзакъуэ хуитыныгъэм хущIэмыкъу цIыху щыIэкъым.
*УщIалэху уделэр Iуэхукъым, адэкIи къыпомыщэмэ.
*Лэжьыгъэ гуэр умыгъэзащIэу мы дунейм утетыныр гугъуехьщ.
*Гугъэм щIэдзапIэ иIэ щхьэкIэ,
Уи гъащIэр бухыху кIэ иIэкъым, угугъэ зэпытурэ уешэ.
*Сыт хуэдиз бзэ пщIэми мыхьэнэ иIэнукъым,
Уи бзэр къабзэу умыщIэжмэ.
* Гудзакъэ зимыIэр дэпым ебгъэдзакъэми зыуи къыщыхъунукъым.
*Акъылыншэр сытым дежи нэмысыншэщ.
*Гъуэгумыгъуэ теувар къытепшыжыну щIэгугъур,
Абы нэхъ тэмэм щымыIэу къыфIощIри аращ.
*Зауэми, мафIэми, псыми гущIэгъу жыхуаIэр ящIэркъым, ЗапэщIомыгъахуэмэ нэхъыфIщ.
*ЦIыхум и укIытэ псори щыгъэпщкIуар и нэращ,
Ар мыукIытэмэ, адрейхэм уащымыгугъыххэ.
*ТхьэмыщкIэм и тхьэусыхафэр бейм фIэды­хьэш­хэнщ.
*Дэтхэнэ цIыхуми зегъэщIэращIэ езым тэмэму зыкъыщыхъужыху.
*Псалъэ птамэ ар гъэпэж, пэжыныгъэр ди адыгэ хабзэщи.
*Сыт хуэдэ щыгъын щыптIагъэми, ар хуэфащэу щытын хуейщ
Уи IэпIкълъэпкъми, уи нэмысми, уи щытыкIэ псоми.
20.Напэншэр сыт хуэдэ пшыни къыпхуеуэфынущ,
Джэрэзуи укъыдигъафэфынущ пхуэмыхъуу.
*Зи быныр зыгъэсэфа адэ-анэри, ягъэса бынри
Дыгъэм и нэхумрэ гъащIэм и IэфIымрэ зэи щыщIэнукъым.
*Нэхъыжь псори тхьэмадэу ягъэтIысыркъым.
*Дэ къыджьэхэмыуэмэ,адрейхэм къащыщI псори тфIэмыхьэнэншэщ.
*Сыт хуэдиз зэман уэ пфIэмыкIуэдами,
Абы щхьэкIэ илъэсыр хэхъуэн къанэркъым.
*ПлъэкIыхукIэ укъэзыухъуреихь цIыхухэр гъэгуфIи,
ИтIанэ уэри къэпщIэнущ уагъэгуфIэну зэрыфIыр.
*Уи ныбжьэгъуфI дыдэу плъытэр фIыуэ къы­щып­цIыхур
Уи унафэщI хъуа нэужькIэщ.
*Къэхъунур къэхъуа иужькIэ,
Ар къэмыхъуауэ зэи пхуэщIыжынукъым.

КIурашын Алий.

ИлъэсыщIэ

Къудащ Раещ «В лесу родилась ёлочка» уэ­рэдыр къызытращIыкIа «Псей» усэр зытхар. Ар куэдрэ цIыхухэм ящIакъым. НаIуэ щыхъуар 1940 гъэрщ, Къудащ Раерэ совет тхакIуэхэм я тхьэмадэ Фадеев Александррэ зэрыцIыхуа нэужькIэщ. КъыкIэлъыкIуэ гъэм Фадеевым и жэрдэмкIэ илъэс 64-м ит Рае ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хагъэхьауэ щытащ. Абы и адэ Iэдэм Москва почтамтым щылэжьащ, езы усакIуэр егъэджакIуэт, биб­лиотекарт. 1964 гъэм дунейм ехыжащ.

ПСЕЙ

Псей цIыкIур мэзым къыщыкIащ,
Ар мэзым къыщыхъуащ,
ЩIымахуэми гъэмахуэми
ЩхъуантIабзэу ар щытащ.

Гъуэжькуийм уэрэд къыхуришат:
«Жей, щхъуантIэ, си дадий».
Уэс Дадэми щIиуфэрт ар:
«Хуэсакъ, зумыгъэдий!»

Къэрабгъэ щхъуафэ назэри
Псей щIагъым щыдэлъейрт,
Дыгъужьри зэзэмызэурэ
Губжьауэ ущу блэжт!

Зэхэпхрэ! Мэз Iувыжьми
Уэс телъыр къыщокIыргъ,
Лъэкъыцэр йокъу шы Iэжьэми,
МэпIащIэ, пхуэмыIыгъ.

Пхъэ IэплIэ илъу ешэри,
ЛIыжь цIыкIур абы хэлъщ,
И лъабжьэм щыпиупщIри,
Псей цIыкIури къыбгъэдэлъщ.

Иджы гъэщIэрэщIауэ ар
Махуэшхуэм къытхуэкIуащ.
ГуфIэгъуэ мыухыжри
Сабийхэм къахуихьащ.

АдыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар Хьэту  Пётрщ.

Тхыдэ
«Хьет» жевгъэIэ!

Адыгэхэр, абазэхэр, абхъазхэр къызытепщIыкIа хьетхэр (хьэтхэр) ди эрэм и пэкIэ ХVIII-ХII лIэщIыгъуэхэм Азие ЦIыкIум (Анадолэм) щIыналъэшхуэ щаIыгъыу щыпсэуащ. Абыхэм зыужьыныгъэ нэхъ ин дыдэ щагъуэтар ди эрэм и пэкIэ ХV-ХIII лIэщIыгъуэхэрщ. Хьет пащтыхьыгъуэр щызэтекъутар ди эрэм и пэкIэ ХII лIэщIыгъуэм и кIэхэрщ. «Хьет» жезыгъэIэу щытахэм я нэхъыбэр Кавказым къэIэпхъуащ икIи тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм етIысэкIащ.

* * *

Ди эрэм и пэкIэ екIуэкIа илъэс минхэм я кIэхэм - ди эрэм и щIэдзапIэхэм ирихьэлIэу Ищхъэрэ-КъухьэпIэ Кавказым къыщыхутащ мэуэт лъэпкъыр. Ди эрэм и пэкIэ I лIэщIыгъуэм и кIэхэм, ди эрэм и щIэдзапIэхэм псэуа икIи Кавказым щыIа алыдж географ икIи тхыдэтх Страбон зэритхыжамкIэ, а цIэр къытекIащ Меотидэ гуэлым и цIэм. Абыхэм щIыналъэшхуэ, Псыжь и щIэдзапIэм къыщыщIэдзауэ Анапэ нэсу, яIыгъащ. Адыгэхэр къызытепщIыкIыжахэри ахэращ.
* * *

1787 гъэм франджы еджагъэшхуэ, дипломат Пейсонель Карл зэритхыжамкIэ, адыгэхэм щIакIуэ щIынымкIэ къатекIуэу зы лъэпкъи Кавказым исакъым. Абы къыхэкIыу шэрджэсхэм я щIакIуэм щIэупщIэшхуэ иIэт. Гъэ къэс Шэрджэс щIыналъэм щIакIуэ мин 200-м щIигъу ирашырт. Ахэр нэгъуэщI къэралхэм яшэрт.

* * *

Мэуэтхэм ящыщу лъэпкъ нэхъ ин дыдэр синдхэрт. Абыхэм яIыгът Тамэн хытIыгу ныкъуэмрэ ­    хы ФIыцIэм и Iуфэшхуэрэ. Ахэр ди эрэм и пэкIэ ­     VI - V лIэщIыгъуэхэм Боспорым хыхьэу щытакъым. Ди эрэм и пэкIэ IV лIэщIыгъуэм Боспор пащтыхьы­гъуэм хыхьащ.

* * *

Зиххэм яхуэдэ къабзэу, VIII лIэщIыгъуэм Кавказым и картэм къохутэ адыгэхэр къызытепщIыкIыжа нэгъуэщI зы лъэпкъым и цIэри - ар кIэсэгухэрщ. Х лIэщIыгъуэм ирихьэлIэу абыхэм щIыналъэшхуэ яIыгъащ - КъухьэпIэ Кавказыр, Псыжь (Кубань) Iуфэ, хы ФIыцIэм и Iуфэшхуэ. Ахэрщ къызыхэкIар адыгэ (кIэсэгу) дзэзешэ цIэрыIуэ, пелуан Ридадэри, 1022 гъэм тмутэрэкъаныпщ Мстислав гъэпцIагъэкIэ къиукIар.

* * *

ХIХ лIэщIыгъуэм и пэхэм адыгэ лъэпкъхэм ящыщу нэхъыбэ дыдэу щытар шапсыгъхэрщ - ахэр мин 700-м нэблагъэрт. Тхыдэтх Новицкий Г. В. 1830 гъэм зэритхыжамкIэ, а зэманым ирихьэлIэу шапсыгъыу къэнэжар мин 300 иримыкъут, абазэхэхэр – мин 260-рэт, натыхъуейхэр - мин 240-рэт. А зэманым адыгэхэр псори, къэбэрдейхэр хэмыту, зы мелуанрэ мин 82-рэ хъурт.

Дунейм и телъыджиблыр
Хеопс и пирамидэр

Хеопс и пирамидэр (Хуфу) - мысыр пирамидэхэм я нэхъ ин дыдэрщ, Дунейм и телъыджиблым ящыщу ди нобэм къэсарщ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, илъэс 20-кIэ екIуэкIа ухуэныгъэр щаухар ди эрэм и пэкIэ 2540 гъэрщ. Мысыр пирамидэхэм я хъыбар псоми ящIэ, ауэ нэхъ цIэрыIуэхэр Хеопс, Хефрен, Микерин  сымэ я пирамидэхэрщ.
Илъэс мини 3-м щIигъукIэ (1300 гъэхэм ирихьэлIэу, Инджылызым Линкольн кафедральнэ соборыр щамыухуэ щIыкIэ) мы пирамидэращ щIы ­хъурейм ухуэныгъэ нэхъ лъагэ дыдэу щыIар.
Мысырым Iэтауэ щагъэлъапIэ Хеопс и пирамидэр ухуэн щыщIадза махуэр - ар шыщхьэуIум и 23-рщ (ди эрэм и пэкIэ 2470 гъэрщ). Мы махуэр тхыдэ, щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ щIэгъэбыдауэ щыткъым, сыту жыпIэмэ, абы щыхьэт техъуэ Iуэху пыухыкIа щыIэкъым, теухуа дэфтэрхэри апхуэдизкIэ мащIэщи, египтологхэр иризодауэ ар ухуэн щыщIадза илъэсым.

Семирамидэ и жыг хадэр

Семирамидэ и жыг хадэ фIэдзахэр Дунейм и телъыджиблу къалъытахэм языхэзщ. Абы Амитис и жыг хадэ фIэдзакIи йоджэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар щIыхаса, пащтыхь Навуходоносор ЕтIуанэм и щхьэгъусэм зэреджэр Амитист. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, ар здэщыIар пасэрей къалэ-къэрал Вавилонщ, иджырей Хиллирак къалэм и Iэгъуэблагъэм.
Вавилоным и пащтыхь Навуходоносор ЕтIуанэм (ди эрэм и пэкIэ 605-562 гъ.гъ.) и бий нэхъыщхьэ, Вавилон къэралыгъуэм ит къалащхьэр тIэу зэтезы­къута Ассирий пэщIэувэн щхьэкIэ, Мидием и пащтыхь Киаксар зэгурыIуэныгъэ ирищIылIащ. ТекIуэныгъэр зыIэрагъэхьэу, Ассирий и щIыр зэхуа­гуэшыжа нэужь, зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм и щыхьэту мидие пащтыхьым ипхъу Амитис къишащ Навуходоносор ЕтIуанэм.
Сабэмрэ макъымрэ щыкуэд, пшахъуэщIым тес Вавилон ауи игу дыхьэртэкъым щхъуантIагъэ щIыгу дахэм къыщыхъуа пащтыхьыпхъум. Абы ипкъ иткIэ, Навуходоносор унафэ ищIащ жыг хадэхэр уардэунэм и хъуреягъкIэ фIригъэдзэну. ЛIэщIы­гъуитIкIэ щыIащ ахэр, ауэ иужькIэ кIэлъымыплъыж хъуащ, итIанэ езы уардэунэри ищэхэжащ псы къыщIэуэурэ.

Олимп Зевс и статуе

Фидий и IэдакъэщIэкIщ пасэрей скульптурэу Дунейм и телъыджиблым хагъэхьар. Олимпие къалэм дэт Зевс и тхьэелъэIупIэрат ар здэщыIэр. Ди эрэм и пэкIэ 776 гъэм щегъэжьауэ ди эрэм хиубыдэ 394 гъэ хъуху илъэсиплI къэс зэ Олимп джэгухэр щекIуэкIа, нэхъапэ щIыкIэ алыдж спортсменхэр, итIанэ урым спортсменхэр щызэпеуэ лъахэрщ.
Зевс и тхьэелъэIупIэр зэ зымылъэгъуар насы­пыншэу къалъытэрт алыджхэм. Зевс тхьэм и цIэкIэ илъэс 300 хъуауэ ирагъэкIуэкI Олимп джэгухэм цIыхубэм я деж мыхьэнэшхуэ щиIэт.

Артемидэ и тхьэелъэIупIэ

Артемидэ и тхьэелъэIупIэу Эфес щыIэри къалъытащ Дунейм и телъыджэу. Азие ЦIыкIум и псыIуфэм нэхъ и гъунэгъуу щыт алыдж къалэ Эфес дэтащ. Япэ тхьэелъэIупIэ нэхъ иныр щаухуар ди эрэм и пэкIэ VI лIэщIыгъуэрщ. Ауэ ар ди эрэм и пэкIэ 356 гъэм Герострат игъэсауэ щытыгъащ. ИужькIэ зэрагъэпэщыжащ, ауэ аргуэру готхэм зэтракъутэжащ.
Хъыбархэм къызэ­ры­хэ­щы­жымкIэ, Артемидэ Аполлон и шыпхъут,­ зэтIолъхуэ­ныкъуэт. Алыджхэм я IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжымкIэ, Артемидэ псэ Iуту щIым тет псори и нэIэ щIэтт, фIыуэ илъагъурт, якIэлъыплъырт. Абы хьэкIэкхъуэкIэхэри, былымхэри къигъэIэсэрт, удзхэри, жыгхэри къигъэкIыфырт. ЦIыхухэри гулъытэншэу къигъанэртэкъым Артемидэ, насыпкIэ яхуэупсэрт, зэрышэхэр зэригъэзэгъырт, сабий къызыхэхъуэхэм тхьэ яхуелъэIурт. Абы и цIэкIэ Эфес къалэм и гъунэгъуу цIыхухэм яухуауэ щытащ тхьэелъэIупIэ абрагъуэр. Абы текIуэда ахъшэр зейр Крез пащтыхь къулеижьырт, ар лIа нэужь и къуэм нигъэсыжащ.
Мрамор хужьым къыхэщIыкIа тхьэелъэIупIэ абрагъуэр къалэдэсхэм щалъэгъуам я гур хигъэхъуащ. Ар диным ехьэлIа Iуэхухэр щызэфIагъэкI унэм и закъуэтэкъым, атIэ Iуэху нэхъыщхьэхэр щызэфIахыу Эфес дэт центр ехьэжьа хъуат.

Галикарнас мавзолейр

Карий пащтыхь Мавсол и сыныр ди эрэм и пэкIэ IV лIэщIыгъуэм икухэм Галикарнас (иджырей Бодрум, Тырку) дащIыхьащ абы и щхьэгъусэ Артемиссие III и унафэкIэ. Мавзолейр яухуэн папщIэ абы къригъэблэгъащ алыдж архитекторхэу Сатиррэ Пифейрэ, а лъэхъэнэм архитектор нэхъ цIэрыIуэу щытахэу Леохар, Скопас, Бриаксид, Тимофей сымэ.
Плиний Нэхъыжьым мыпхуэдэу итхыжыгъащ абы и теплъэр: ищхъэрэ, ипщэ лъэныкъуэхэр - фут 63-рэ, IуплъапIэмрэ и щIыбымрэ нэхъ зэвщ, псори зэхэту фут 440-рэ, и лъагагъыр IэфракIэ 25-рэ мэхъу, колоннэ 36-рэ кIэщIэтщ. КъуэкIыпIэмкIэ щыIэ IуплъапIэр зыщIар Скопасщ, ищхъэрэр - Бриаксидщ, ипщэр - Тимофейщ, къухьэпIэр - Леохарщ. Ухуэныгъэр ямыухыурэ пащтыхь гуащэр дунейм ехыжауэ щытащ.
Мавзолейм и теплъэ цIыкIу Истамбыл и Миниатюрк паркым итщ.

Колосс Родосский

Пасэрей алыдж тхьэ Гелиос и статуе абрагъуэщ, Эгей хым и гъунэгъуу щыт Родос кхъухьтедзапIэ къалэм (Алыдж) дэту щытащ. Статуем метр 36-рэ и лъагагът, ар илъэс 12-кIэ яухуащ. Жэзым къыхэщIыкIа а ухуэныгъэ иныр зи IэдакъэщIэкIыр скульптор цIэрыIуэ Харесрэ абы и гъэсэн Лисиппрэщ.
Родос иIэ хы къэувыIэпIэм деж щаухуа статуер гъунэгъу хытIыгухэми щыплъагъурт. Монументым жэзу тонн 13-рэ, гъущIу тонни 8-рэ ихьащ. Зи гугъу тщIы колоссым статуе ин дыдэхэр щIыным къыхуриджа хуэдэт цIыхухэр. Ди эрэм и пэкIэ ­етIуанэ лIэщIыгъуэм Родос скульптурэ абрагъуэхэр дащIыхьат.

Александрие гъуазэ

Дунейм и телъыджиблым ящыщ Александрие гъуазэр ди эрэм и пэкIэ III лIэщIыгъуэм Александрие мысыр къалэм щаухуауэ щытащ кхъухьхэр къэувыIэпIэм къыщесылIэкIэ хым хэт къырхэр (риф) ялъагъун папщIэ. Жэщым абы идз нэхур сэбэп яхуэхъурт, къриху Iугъуэр махуэм я гъуазэт. Дуней псом япэу щаухуа гъуазэщ ар икIи илъэс минкIэ щытащ.
Ауэ ди эрэм и 796 гъэм щIыр хъейри зэхикъутэгъащ. ИужькIэ Мысырым къэкIуа хьэрыпхэм щIэрыщIэу яухуэжащ метр 30 зи лъагагъ гъуазэр. XV лIэщIыгъуэм и кIэхэм Къайт-бей сулътIаным быдапIэ щиухуащ абдеж, ар нобэр къыздэсми щытщ.
Гъуазэм метри 120-140-рэ и лъагагъщ, километр 60-кIэ (языныкъуэхэм 100-уэ жаIэ) ущыпэжыжьэми идз нэхур болъагъу.

Зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также:

29.03.2024 - 12:46 НОБЭ
27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ