Си Хэку щынэхъ щIыIэ махуэ закъуэ ХамэщI гъатхищэ нэхърэ нэхъ къэсщтэнщ

(КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр щэкIуэгъуэм и 1, 6, 7, 13-хэм итщ.)

ХьэрыпыбзэкIэ Каир къыщыдэкIащ КIыщокъуэ Алим «Мазэр къыщыунэхум» зыфIища романыр, Щам щытрадзащ Аджыкъу-Джэрий Михаил и повесть «Уафэгъуагъуэ макъ» (зэзыдзэкIар Дэбжэн Динэщ). Амман щыпсэу хьэрып тхылъеджэхэм къаIэрыхьащ МэшбащIэ Исхьэкъ и «Бзиикъуэ зауэр» (зэзыдзэкIар Хъуажь Мухьэмэд-Хъерщ).
ЖыIэпхъэщ «Дар-аль-Фарабим» илъэс 29-рэ и пэкIэ Теунэ Хьэчим и роман «Псэм и IэфIыр къыуатмэ» жыхуиIэр къыдигъэкIауэ зэрыщытар. Ар хьэрыпыбзэкIэ зэридзэкIащ Къалмыкъ Уэдихь. А тхылъ тедзапIэм къыдигъэкIащ КIыщокъуэм и нэгъуэщI романитIи - «Мазэ ныкъуэ щхъуантIэ», «Эмирым и сэшхуэ» жыхуиIэхэр, Мэлбахъуэ Елбэрд и роман «Iуащхьэмахуэ кIуэ гъуэгур шынагъуэщ», абхъаз тхакIуэ Шинкубэ Бэгърат и роман «ЖылакIэ» жыхуиIэхэр.
Иужьрей илъэс плIыщIым адыгэ тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ я тхыгъэ куэд Тыркум къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ традзащ. Ахэр зэрадзэкIащ Анкара, Истамбыл, Измир, Адапазар, Самсун, Дюзджэ щыIэ адыгэ хасэхэм нэхъ жыджэру щылажьэ Хъуажь Фахърий, Багъ Айхъэн, Инэмыкъуэ Мулид, АфэщIыж Iэмин, Къущхьэ Догъан, Къэрэшей Сэбахьэдин, МэшхуэфI Нэждэт, Едыдж Батырай сымэ.
«Ямчи» («ЩIакIуэ»), «Маржэ», «Кавказ» журналхэмрэ «Нартлери сеси» («Нартхэм я макъ») газетымрэ къытехуащ КIэрашэ Тембот, КIыщокъуэ Алим, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Шортэн Аскэрбий, Тхьэгъэзит Зубер, Бицу Анатолэ, КIэщт Мухьэз, Балъкъэр Фоусэт, МэшбащIэ Исхьэкъ, Бэрэтэр Хьэмид, Уэхъутэ Абдулыхь, Дыгъужь Къурмэн сымэ я тхыгъэ куэд.
«Ямчи»-м тхыгъэ зыбжанэ адыгэбзэкIэ традзащ. Журналым еджэхэм ягу ирихьащ Бицу Анатолэ Тыркум щилъэгъуахэм, щызыхищIахэм ятеухуа усэ Iэрамэр.
1977 - 1980 гъэхэм Истамбылрэ Анкарарэ экземпляр 3000 хъууэ щытрадзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIа революцэ зэщIэхъееныгъэм теухуауэ Къалмыкъ БетIал итхар, КIэрашэ Тембот и роман «Шу закъуэр», Нэгумэ Шорэ и лэжьыгъэ «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэр», Шортэн Аскэрбий и «Къэзанокъуэ Жэбагъыр». Ахэр тыркубзэкIэ зэрадзэкIащ Инэмыкъуэ Мулид, Хьэпий Джэудэт, АфэщIыж Iэмин сымэ. Тхыгъэ зыбжани хьэзыр хъуауэ тхылъ тедзапIэхэм щIэлъщ. Абыхэм ящыщщ «Адыгэм и тхыдэр», ЩоджэнцIыкIу Алий и тхыгъэ къыхэхахэр, Нало Ахьмэдхъан и «Нэхущ шур», МэшбащIэ Исхьэкъ и «Бзиикъуэ зауэ» романыр.
Иорданием щыщ Хьэвжокъуэ Шэукэт адыгэ лъэпкъым и тхыдэм теухуауэ илъэс щэщIрэ тхурэ и пэкIэ тхыгъэшхуэ къыдигъэкIащ. ФРГ-м щыIэ Хейдельберг къалэм дэт «Карл Винтер университет» тхылъ тедзапIэм 1978 гъэм дунейм къытригъэхьащ а щIэныгъэлIым и нэгъуэщI лэжьыгъэшхуэ - «Адыгэбзэм и лъабжьэр» жыхуиIэр. 1982 гъэм Германием щытрадзащ Едыдж Батырай и «Адыгэ нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ». Нарт Сосрыкъуэ и хъыбархэр зэридзэкIри, тхылъ щхьэхуэу Амман къыщыдигъэкIащ Къардэн Нэзым. Iуэхушхуэ илэжьырт Иорданием щыщ, Вупперталь (ФРГ) щыIэ Адыгэ щэнхабзэ хасэм и унафэщI Хьэщокъуэ Адыли. Абы и IэдакъэщIэкIщ тхылъ зыбжанэ - «Адыгэ алыфбей» (1977), «Адыгэ бзэхабзэ» (1979), «Адыгэ алыфбейм и гъуазэ» (1981). ИстамбылакIуэхэм ятеухуауэ тхыгъэшхуэ куэд Тыркум къыщыдэкIащ. Гу нэхъ зылъытапхъэхэр мы романитIыращ: ГъуэгулI Онер и «Гуауэ гъуэгумрэ» (Анкара, 1984), Егъужыкъуэ Мысхьуд и «Хэхэсхэмрэ» (Анкара, 1983).
… Жэуап зэдмытахэм ящыщу къэнащ упщIитI. Къуэш-шыпхъу зэфIэкIуэдахэр дауэ зэрыгъуэтыжа? Ди зэпыщIэныгъэхэр дэнэ нэса?
Хэку хъыбар пэж япэу зыIэрыхьахэр Сирием щыпсэу адыгэхэращ. Абы сэбэп хуэхъуащ 1957 гъэм щIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я фестивалу Мэзкуу щекIуэкIар. НыбжьыщIэхэм я зэIущIэшхуэм Къэбэрдейм игъэкIуат къэфакIуэхэр, уэрэджыIакIуэхэр, тхакIуэхэр, сурэтыщIхэр. Щами къикIат Сирием и лIыкIуэ гуп, адыгэ щIалитI яхэту. Мис апхуэдэу мамырыгъэм, ныбжьэгъугъэм и щыхьэрым - Мэзкуу - щызэрыгъуэтыжащ илъэсищэкIэ зэфIэкIуэдауэ щыта зэлъэпкъэгъухэр.
Щам ягъэзэжа нэужь, фестивалым щыIа адыгэ щIалитIым гуфIапщIэ куэд къалэжьащ. Абыхэм ирата адресхэмкIэ къатхэурэ зэунэкъуэщ, зэIыхьлы куэд зэрыгъуэтыжащ.
Хэхэс адыгэхэм щэнхабзэ пыщIэныгъэ яхудиIэн, ахэр ди гъащIэм щыгъуазэ ящIын папщIэ «Хэку» Хасэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр 1966 гъэ лъандэрэ Налшык щолажьэ. Абы и япэ тхьэмадэхэу хахат КIэрэф Къамболэтрэ Хьэмгъуокъу Барэсбийрэ.
Иужьрей илъэсхэм Хасэм и Iуэхум нэхъ зиубгъуащ. Убзыхуауэ щытщ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр: лIыкIуэхэмкIэ зэхъуэжэныр, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, мэкъумэш академием ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэхэр еджакIуэ къэшэныр.
Илъэс плIыщIым нэсащ «Хэку» Хасэм и къудамэм Сирием, Иорданием къикIа щIалэхэр, хъыджэбзхэр ди университетым щIэныгъэ зрагъэгъуэтыну къызэрыригъэблагъэрэ.
Иджыпсту Налшык щоджэ а къэралхэм, Тыркум щыIэ Адыгэ Хасэхэм я лIыкIуэу студенти 100-м щIигъу. Ахэр щIэсщ дохутыр, инженер, агроном, экономист, егъэджакIуэ IэщIагъэхэр щызрагъэгъуэт факультетхэм.
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и аспирантурэр къиухри и диссертацэр Новосибирск ехъулIэныгъэкIэ щыпхигъэкIащ Иорданием щыщ Хьэтыгъу Алия. Адыгэ хъыджэбзыр япэ курсым щыщIэдзауэ дихьэхащ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэм икIи абы дэIэпыкъуэгъу пэж хуэхъуахэщ профессор Тембот Аслъэнбийрэ щIэныгъэхэм я доктор ЩхьэщэмыщI Хьэтурэ. Кавказ Курыхым узыщрихьэлIэ хьэпщхупщхэм ятеухуащ Хьэтыгъум и диссертацэр. Нобэ Хьэтыгъу Алия Иорданым щIалэгъуалэ Iуэхухэмрэ туризмэмкIэ и министрщ.
Налшык еджэныр щаухри я щIэныгъэм Мэзкуу щыпащащ Сирием, Иорданием щыIэ Адыгэ Хасэхэм я лIыкIуэ зыбжанэм. ДыщэкI Фатхьий, ГъукIэлI Хьудэ, Умар Ауний, Алий Фарукъ, Жэмбэч Омран, Бырсыр Орфан, Уэсмэн Сэлуэ, Джэтауэ Самие, Багъ Мухьэмэд, ГъуфIыджэ Рифэт сымэ медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат хъуащ.
«Хэку» хасэм и къудамэм Адыгэ хасэхэм илъэс къэс щэ бжыгъэкIэ яхурегъашэ пэщIэдзэ классхэм анэдэлъхубзэр зэрыщаджын алыфбейхэмрэ ди тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкI сабий тхылъхэмрэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и псэукIэр къэзыгъэлъагъуэ фильмхэр.
Ди республикэм теухуа кинолентIхэр Урысейм и щэнхабзэ центрхэм щагъэлъагъуэ икIи абыхэм я гуапэу еплъхэр адыгэхэм я закъуэкъым, атIэ хьэрып, тырку минхэми ахэр гурыхь ящохъу. Сирием, Иорданием, Тыркум, Израилым, США-м, Германием щыпсэу адыгэхэм зэпымыууэ яIэрохьэ «Адыгэ псалъэ» (Налшык), «Адыгэ макъ» (Мейкъуапэ), «Черкес хэку» (Черкесск) газетхэр, «Зэкъуэшныгъ», «Iуащхьэмахуэ», «Нур» журналхэр.
«Хэку» хасэм и лэжьыгъэм теухуауэ мыхьэнэшхуэ иIэщ зэкIэлъыкIуэным. Илъэс къэс дэ къыдогъэблагъэ къэрал куэдым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр. Ахэр ди къалэхэмрэ къуажэхэмрэ, IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэм, псэукIэм щыгъуазэ ящIурэ къокIуэкI.
Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэс 80 щрикъум и щIыхькIэ зэхэта гуфIэгъуэм къедгъэблэгъа ди хэкуэгъухэм щыпсэу къэралхэм кIуэжа нэужь, яIуэтэжащ адэжь щIыналъэм щалъэгъуахэр, лъэпкъ зэкъуэтхэм я экономикэм, щэнхабзэм, бзэм зегъэужьыным, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным къыщахьа ехъулIэныгъэхэр адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я щапхъэмкIэ я нэгу зэрыщIэкIар.
Къэбэрдей-Балъкъэрым куэдрэ щыхьэщIащ Амман дэт ФIыщIэ Хасэм илъэсийкIэ и унафэщIу щыта Бырмамыт Фэуаз. Амман дэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и лIыкIуэхэм я тхьэмадэу 1987 гъэм и фокIадэ мазэм ар Налшык къэкIуащ. «Сэ зэи сигу ихужынкъым адэжь Хэкум щыслъэгъуахэр. Фэ фызэрысыр жэнэт щIыналъэщ. Фи къуршхэри дахэщ, фипсхэри уэрщ, фи гъавэ щIапIэхэри зэплъытын щымыIэщ, - жиIащ Бырмамытым. - Ауэ псом хуэмыдэу гъэщIэгъуэн тщыхъур фи цIыхухэрщ, зым Iэпыхур адрейм къищтэжу, сыт хуэдэ лъэпкъым щыщми, псори зэкъуэту, зэкъуэшхэу, псори зэгъусэу я хэкур нэхъри зэрырагъэфIэкIуэным, нэхъри зэраIэтыным зэрыхуэлажьэрщ».
Сирием, Иорданием, Тыркум къикIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуа лIыкIуэхэр мащIэкъым. ХьэщIэхэм гукъинэж ящыхъурт республикэм и унафэщIхэм, еджагъэшхуэхэм, щэнхабзэмрэ цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымрэ я лэжьакIуэхэм, тхакIуэхэм, зыIут IэнатIэм щыпашэхэм драгъэкIуэкI зэIущIэхэр.
«Хэку» хасэм и къудамэми илъэс къэс Сирием, Иорданием, Тыркум, нэгъуэщI къэралхэми егъакIуэ езым и лIыкIуэхэр. Ахэр топсэлъыхь Къэбэрдей-Балъкъэрым щрагъэкIуэкI ухуэныгъэм, ди къэралым и лъэпкъ политикэм, хьэрыпхэм, тыркухэм яхудиIэ зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным дызэрыхущIэкъум.
Сириемрэ Иорданиемрэ я цIыхубэм, абыхэм щыпсэу адыгэхэм яхудиIэ пыщIэныгъэхэр гъэбыдэнымкIэ сэбэпышхуэ хъуащ 1978, 1981 гъэхэм «Кабардинка» ансамблым а къэралхэм зэрызыкъыщигъэлъэгъуар. Ди къэфакIуэ Iэзэхэм Iэгуауэшхуэ щыхуаIэтащ Щам, Хьэмус, Хьэлэб, Амман, Заркъэ къалэхэм, Иорданием и щыхьэрым СпортымкIэ и унэм «Кабардинка»-м щита концертым еплъащ пащтыхь Хъусейн Бен ТIалал, премьер-министр Мудар Бадран, министрхэр, дзэм и унафэщIхэр.
Ди щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэным хэлъхьэныгъэфI зэрыхуащIым, адыгэ, нэгъуэщI лъэпкъхэм я къафэхэр Iэзэу зэрагъэзэщIам папщIэ ансамблым къыхуагъэфэщащ Иорданием и щIыхь дамыгъэ нэхъыщхьэр - «Iистикълал» («Щхьэхуитыныгъэ») орденыр.
А къэралитIым кIуа «Хэку» Хасэм и лIыкIуэхэм я тхьэмадэт Къэбэрдей-Балъкъэрым и жылагъуэ икIи политикэ лэжьакIуэхэу ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд, Лъостэн Владимир, Мамхэгъ Михаил, Бер Мухьэдин, Ефэнды Джылахъстэн, Блий Аслъэн, Сэхъу Владимир, КIуэкIуэ Валерий, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Мэзыхьэ Борис, нэгъуэщIхэри.
Зеужь туризмэми. 1978 гъэм къыщыщIэдзауэ Налшык къокIуэ Сирием, Иорданием, Тыркум, Америкэм, Германием, Израилым, Голландием къикI хьэщIэхэр. Ди туристхэри а къэралхэм 1966 гъэ лъандэрэ макIуэ.
Сэри сигу къэзгъэкIыжынщ илъэс 28-рэ и пэкIэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа щIалэгъуалэ гупым я гъусэу сызэрыщыIар. Муслъымэн махуэгъэпсым тепщIыхьмэ, дэ Сирием дынэсащ 1398 гъэм, гъатхэпэ мазэм и 13-м.
Щам щопсэу цIыху мелуаным щIигъу. Сирием уеджэ хъунущ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и дыгъэкIэ. Пасэрей зэманым мы щIыналъэм теса, абы зиужьыным зи пщIэнтIэпс хэзылъхьа лъэпкъ псори къебжэкIыгъуафIэкъым: аморитхэр, хьетхэр, вавилонхэр, ассирийхэр, халдейхэр, финикийхэр, арамейхэр, къэжэрхэр, алыджхэр, урымхэр, монголхэр, тыркухэр…
Ебланэ лIэщIыгъуэм Сирием и тафэхэмрэ къуакIэбгыкIэхэмрэ яубыдащ хьэрыпхэм. Адыгэ мамлюкхэри илъэси 135-кIэ щытепщащ Мысырым, Палестинэм, Сирием. Ноби Щам щыболъагъу Кавказым и къуэ хъыжьэхэм ХV - ХVI лIэщIыгъуэхэм ирагъэщIа мэжджытхэр, чэщанэжьхэр, быдапIэхэр, псыIэрышэхэр, гъуэгухэр. Щам дэт музейм щIэлъщ адыгэ къамэ, сэшхуэ, Iэмэпсымэ куэд.
А псори ди гупым хэтхэм яфIэгъэщIэгъуэнт, ауэ дэркIэ нэхъ гунэсыр Сирием щыпсэу адыгэхэм я гуапагъэрт, я гулъытэрт, хьэщIагъэу къыдахырт. Дэ тщыщ дэтхэнэ зыми и нэгум абыхэм иралъагъуэрт адэжь хэкум и IэфIыгъэри, абы и теплъэ дахэри.
Налшык икIа гупым хэтт Аруан районым щыщ нартыхугъэкI Фомыт Iэмырбий, комсомол лэжьакIуэхэу Мэлбахъуэ Светланэ, Ефэнды Феликс, Щэныбэ Ритэ, Къалэбэч Мухьэдин, сурэтыщI Iэзэ Пащты Герман, кино тезых Губарев Виктор, усакIуэ Ацкъан Руслан, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Адыгэ театрым и артистхэу Иуан Владимиррэ Балъкъыз Валерэрэ, экономист Щэрмэт Мухьэмэд, агроном Тэнащ Бэч, дохутырхэу Хъурей Маринэрэ ТIыхъужь Светланэрэ, студентхэу Шыбзыхъуэ Iэсият, Шырыт Аслъэн, Хьэгъур Мадинэ, егъэджакIуэ Мамхэгъ Мысост. Ди гупыр игъэгушхуэрт, абы и набдзэт Къэхъун къуажэм щыщ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ ХьэхъупащIэ Хьэсэн. Абы и цейр екIут, къамэр, хьэзырхэр зэщIэлыдэрт, шыкIэпшынэр иIыгъ зэпытт. Хьэсэн Сириеми Иорданиеми ис адыгэхэр и уэрэдхэмкIэ итхьэкъуат.
ЩIалэгъуалэ гупым концерт программэ дгъэхьэзырат. Дамаск дэт Совет щэнхабзэ центрым дэ ар щыдгъэлъэгъуащ.
Щам щигъэщIа махуитIым триухуа усэщIэхэм Ацкъан Руслан къоджэ. Абы кIэлъокIуэ ХьэхъупащIэр. Хьэсэн, шыкIэпшынэр щIэту, уэрэдитI егъэзащIэ - «Губгъуэм ит тхьэрыкъуэ», «Си Рэмэзан». Балъкъызымрэ Иуанымрэ залым щIэсхэр фIыуэ зыщыгъуазэ хьэрып шыпсэ «Алий Бабарэ хъунщIакIуэ плIыщIымрэ» жыхуиIэм къытращIыкIыжа спектаклым щыщ пычыгъуэ ягъэлъагъуэ.
Совет щэнхабзэ центрым щедгъэкIуэкIа пщыхьэщхьэ дахэм хьэрыпи, урыси, адыги, ермэлыи, хьэмшэрии кърихьэлIат. Псоми зыжьэу жаIэр зыт: «Афэрым, ди къуэшхэ, афэрым, ди шыпхъуфIхэ! ДывгъэгуфIащи, фи ехъулIэныгъэр нэхъыбэж хъуну дынывохъуэхъу!»
Апхуэдэ зэIущIэхэр дэ щыдиIащ Щам дэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэми, Хьэлэб дэс ди хэкуэгъухэм я дежи. Дэнэ дамышами, ди гъусэ зэпытт абыхэм ящыщ пщащэ, щIалэ куэд.
«Фи гупым хэт дэтхэнэми и гум ирихь IэщIагъэ зригъэгъуэтащ е абы иужь итщ. Адыгэбзэ къабзэкIэ фопсалъэ, кавказыщIу дуней жэнэтым фыщопсэу, фызыхуейм фи Iэр тывогъахуэ. Совет къэралым ис дэтхэнэ лъэпкъми япэ фимыщамэ, яужь фиткъым. Фыдинэщ, фыдипсэщ, фыдинабдзэщи, дяпэкIи фефIакIуэ зэпытмэ, ди гуапэщ», - къыджиIэрт тхьэмадэ жьыщхьэ махуэ ЖыркIагуэ Хьисэ, сэлам къыдихыжурэ.
… Щам дыкъыдокIыжри, Иордание къэралыгъуэмкIэ доунэтI. Абы и гъунапкъэм деж къыщытпэплъэрт Амман, Уадисир, Сыуелыхь, Нэхьур, Заркъэ щыIэ Хасэхэм къагъэкIуа лIыкIуэхэр. Ахэр тщIыгъуу Амман дынос икIи зэрыгупу Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и унафэщI Бырмамыт Фэуаз и унагъуэм псори дрегъэблагъэ.
ЕтIуанэ махуэм дэ дагъэлъэгъуащ Иорданием и щыхьэрым и дахапIэхэр, Хы ЛIар. Пщыхьэщхьэм ФIыщIэ Хасэм джэгушхуэ щытхуащIащ. Зы махуэ докIри, ди концерт программэр Амман щыIэ Совет щэнхабзэ центрым щыдогъэлъагъуэ. Абы кърихьэлIащ СССР-м и лIыкIуэу Иорданием щыIэ Воронин Алексей, посольствэм и лэжьакIуэхэр, хьэрып, адыгэ куэд. Дыкъыщежьэж махуэм зэIущIэ гуапэ диIахэм ятеухуауэ ТАСС-м и корреспондент Марунин Геннадий Амман хъыбар къритыкIащ: «Къэбэрдей-Балъкъэрым къикIа ныбжьыщIэхэр узэрыгушхуэнхэт. Абыхэм я лъэпкъэгъу, хьэрып куэд ягъэгуфIащ, ди къэралыгъуэшхуэм и пщIэр яIэтащ. Иордан-совет зэныбжьэгъугъэ Хасэм и унэм а гупым псалъэ дахэкIэ закъыщыхуигъэзащ абы и президент Руфаат Одэ»…
ПсынщIэу блэлъэтащ Сириемрэ Иорданиемрэ щыдгъэкIуа тхьэмахуитIыр. Тлъэгъуар, зэIущIэхэр, ныбжьэгъу тхуэхъуахэр куэдт.
Ди лъэр хамэщIым тетми, ди гур Кавказым зэрынэсыжрэ куэд щIат.
Мис абдеж сэ нэхъри щызыхэсщIащ мы тхыгъэм зи гугъу щысщIа МахуэлI-дадэм игу телъа бампIэр. Абы нэхърэ нэхъ уз бзаджи, нэхъ уз Iеи дунейм теткъым, абы зэреджэри «Адэжь щIыналъэм пэIэщIэнщ». Ауэ жаIакъым мы псалъэхэр: «Тхуэтынущ Хэкум папщIэ гъащIэр; Ди гъащIэм папщIэ Хэкур дымытын!»
Мы тхыгъэр усэкIэ сухмэ си гуапэт:

Тенджызу, къалэу куэд слъэгъуакъэ,
ХамэщI сыщыIэу!
Си Хэку щынэхъ щIыIэ махуэ закъуэ
ХамэщI гъатхищэ нэхърэ нэхъ къэсщтэнщ.

1994 гъэ

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

УэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ БжэныкIэ Амаль (Иордание), 1968 гъэ

 

 

 

 

 

ДАХ-м и лIыкIуэхэм Босфор тет кхъухьым зыщагъэпсэху. Истамбыл, 2005 гъэ

 

 

 

 

 

 

 

 

Тырку сурэтыщI Iэзэ ЛIыхужь Ауни. 1920 гъэ
 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Генерал-майор Шурдым ТIахъсинрэ (Иордание) Оманым и сулътIан Къабусрэ. 1975 гъэ

 

 

 

 

Генерал Бырмамыт Фоаз (Иордание) Эфиопием и пащтыхь Хъайле Селассие Езанэр кърегъэблагъэ. Амман, 1972 гъэ

ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: