Мэрем пшыхь

Прозэу тха усэхэр
Сыт-тIэ уэ пщIэфыр?

ИлъэсиплIым ит си хъыджэбз цIыкIур къызоупщI:
- Папэ, уэ зэи угъыркъэ?
- Хьэуэ, - жызоIэ.
- ГъыкIи пщIэркъэ? - фIэгъэщIэгъуэну зэкIэлъегъэпIащIэ абы. - Ухуейми угъыфынукъэ?
«Хьэуэ» щыжысIэкIэ, сабийм хуабжьу сыфIэгуэныхь мэхъу.
- Сыт-тIэ уэ пщIэфыр? - къызоупщI, нэщхъей къэхъуауэ.

ЩуIэгъэфI

- Ди жэмыжьыр бэзэрым схури сщэжащ.
- Тэмэму пщIащ: сужэгъуат ар, буурей хъужу!
- Жэмыр сщэри, бжэн къэсщэхуащ.
- Ар сыту фIыт: бжэнышэ зыхэслъхьэ щымыIэу фIыуэ солъагъу!
- Бжэнри сщэжащ…
- Ари хъарзынэщ: бжэныр жыгым хуэлъэщ, Iэджэуи дигъэбэмпIэнут!
- Бжэным къыщIэкIамкIэ упщIэ пыIэ къэсщэхуащ.
- Мис ар псом нэхърэ нэхъыфIыжщ! Жэму хъуар сытым и уасэ, уи щхьэм фIэлъыну пыIэм елъытауэ.
- СыкъыздэкIуэжым, псы сефэн хуей хъуащ. Зыщезгъэзыхым, пыIэр сщхьэрыхури, макIуэ-мэлъей, -  псым ихьащ.
- ПыIэр ихьами, уи щхьэр псэууэ къэнакъэ! ПыIэу дунейм тетыр къраухьэкI уи щхьэм! Уэ уузыншэу укъыщысхуэкIуэжакIэ, апхуэдэ гуфIэгъуэм лъыпэ къыхуигъэкIыпхъэкъэ, уэ уи сэр къэгъэхьэзыр, сэ сыкIуэнщи адакъэжьыр къэзубыдынщ.

Къэжэр Хьэмид.

ГушыIэхэр
Хэхъуэ сылъыхъуэрэ сэ?

Хъуэжэ тумэнкIэ къищэхур сомибгъукIэ ищэжу, сомибгъукIэ къищэхур сомийкIэ ищэжу бэзэрым тетрей щыхъум, и щхьэгъусэм хуэмышэчыжу: «Ар сыт сондэджэрыкIэ, на, хэщI фIэкIа хэхъуэ уимыIэу», - жиIащ.
Хъуэжэ куэдрэ мыгупсысэу:
- Хэхъуэ сылъыхъуэрэ сэ, зиунагъуэрэ! Сэ сызыхэтыр хьэрычэт гуэрхэр схэлъ хуэдэу цIыхухэм закъыфIэзгъэщIыну арщ.

Уэ угубзыгъэмэ, къэгъуэтыж иджы

ТхьэмыщкIэ гуэр езыхужьауэ кIэлъыжэ бейр щилъагъум, Хъуэжэ и Iэлъэныкъуэ кхъуэщын цIыкIур къищтэри, кIэлъыджэу щIэпхъуащ.
Беижьыр къэувыIэри:
- Сыт ущIэкIийр? Узыхуейр сыт?! - къеупщIащ.
- Ей, зиусхьэн, махъсымэфI дыдэу мыбы из сиIамэ, уезгъэфэнут, - жриIащ.
КъигъэувыIар къеплъщ-къеплъри:
- Къыпхуэт щымыIэу уделэщ, - жриIащ.
- АтIэ уэ унэхъ губзыгъэмэ, къэгъуэтыж иджы а епхужьар, - жиIэурэ и пщIантIэм дыхьэжащ Хъуэжэ.

Жылау Нурбий.

Ущие зыхэлъ таурыхъ
Пелуанымрэ аркъэмрэ

Мы фхуэсIуэтэж хъыбар гущIыхьэр къыщыхъуар аркъэр къыщежьагъащIэрщ. Фэ фегупсысыж абы лъандэрэ сыт хуэдиз зэман дэкIыжами!
Мис а зэман жыжьэм щыгъуэ Мэзагъуэ къэралыгъуэм исыгъащ дуней псом щыцIэрыIуэ пелуанышхуэ гуэр. Абы, цыпэ къыщымыхъуу, пыл абрагъуэр къиIэтырт, и щхьэщыгум щигъэджэрэзырти, игъэувыжырт. ЖыпIэнуракъэ, ар апхуэдизкIэ узыншэт, лъэщт, къарууфIэти, къыпэлъэщыфа псэущхьэ а зэманым дуней хъурейм тетакъым. ЦIыхухэр абы ирипагэрт, къуалэбзухэр абы иригуфIэрт, хьэкIэкхъуэкIэхэр абы къехъуапсэрт.
Апхуэдэу екIуэкIыурэ, зэгуэр пелуаным щыуагъэшхуэ къыIэщIэщIащ. Зы махуэ гуэрым ар Аркъэм хуэзащ. Щыхуэзэм ехъуэпсащ.
- О, ди тхьэ! - жи Пелуаным, Аркъэм телъэщIыхьурэ. - Сыту укъабзащэ!  Сытуи ухъуэпсэгъуащэ! Апхуэдэуи уIэфIыщэу пIэрэ?! Уисфынщи, сыноплъынти!
- КхъыIэ, Пелуан пэщIэщIэгъу сумыщI! - лъэIуащ Аркъэр. - Блэм и шэрэзым пылъ щхъухьыр зыми щыщкъым, сэ схэлъым елъытауэ. ЗэшэзэпIэу узукIынщ. Уэ пхэлъ къарур зы цы налъэ хуэдиз фIэкIа хъуркъым, сэ си бланагъэм елъытауэ. НапIэзыпIэм усIэщIэпIытIэнщ. Сэ къыстекIуэфа Пелуан игъащIэм дунейм къытехъуакъым, иджыпстуи теткъым, дяпэкIи къытехъуэнкъым. ФIы сщIэпхынкъым, хъер спыпхынкъым. Сыногуоуж: пэщIэщIэгъу сумыщI!
- Хьэ-хьэ-хьэхь! - Пелуаныр Аркъэм щодыхьэшх. - Сэ сэлъытауэ уэ сытым ущыщ, нащхъуэжь цIыкIу?! Си хьэм и жэкIэр сэ сщIэжыркъэ?! Си бланагъэр здынэсыр сэ сщIэжыркъэ?!
- НтIэ, Пелуан насыпыншэ, сэ уэ уэсщIэм еплъыж! - жи Аркъэм.
- Пииий! - IупщIэ ещI Пелуаным. - И кIэри и пэри уэракъэ? ПлъэкIIамэ, къыумыгъанэ! Уи ней къысщыхуэ!
- Ущоуэ, ди Пелуанышхуэ! - губгъэн къащI ар щIылъэм тет цIыхухэм. - Фадэм текIуэфа дунейм зы псэущхьи теткъым.
- Гъуэгу пхэнж утоувэ, Пелуан! - абы къогий уэгум ит къуалэбзухэр.
- Уи нэр къижу зумыгъэунэхъуж, Пелуан! - къолъэIу абы мэзым щIэт хьэкIэкхъуэкIэхэр.
Ауэ Пелуаныр зыми едаIуэркъым. Абы бжьакъуэ из Аркъэ иригъахъуэщ, игъэщIейри ирифащ. Ирифщ, тIэкIу дэкIыжри, нэжэгужэ къэхъуащ. ИтIанэ абы и узыншагъэмрэ и лъэщагъымрэ къыщIигъуа хуэдэу къыщыхъуащ.
- О, ди Тхьэ! - егъэщIагъуэ Пелуаным. - Мыр сыт телъыджэ! Си гур къигъэжанащ, си лъэр нэхъ жан ищIащ, си лъыр къигъэпщтыращ, си щхьэми дэуеижащ. Сэ мы дунейм сытетыху, нащхъуэжь цIыкIу, нэмыплъ уэстынкъым, зэи узутIыпщынкъым, хьэрэми усщIынкъым.
- Уэ Пелану пелуан псоми я пелуаныж! - жи Аркъэм. - Сыногуоуж: скIэрыкI! СкIэрыкIи, сэри си тхьэмыщкIапIэ сигъэсыж, уэри уи пелуаныпIэ исыж! Зумыгъэунэхъуж!
- Сэ уэ сыщыбгъэшынэнум деж хьэм сишх! - идэркъым Пелуаным.
- Уэ ди Пелуанышхуэ, Аркъэм утеунэхъуэнущ! - мэгузавэ щIылъэм тет цIыхухэр.
- Аркъэм утекIуэдэнущ! - аргуэру мэгузасэ уэгум ит къуалэбзухэр.
- Аркъэм узыIэщIилъхьэжынущ! - аргуэру мэгъуахъуэ мэзым щIэт хьэкIэкхъуэкIэхэр.
- Хьэ-хьэ-хьэхь! - мэдыхьэшх Пелуаныр. - Псоми жыфIэу хъуар шыпсэ зэфэзэщщ.
Арати, Пелуаным Аркъэр нэрыгъ ищIащ. ИщIащи, еуэ йофэ, еуэ йофэ! Ауэрэ, зы заул дэкIауэ, абы и лъэр нэхъ щIэщIэ хуэдэу, и къарум нэхъ кIэрич хуэдэу къыщыхъужу хуежьащ. Щыхуежьэм, и лIыгъэр здынэсыр игъэунэхужыну мурад ищIащ.
Нэхъапэхэм щыгъуэ Пелуаным, зы цыпэ къыщымыхъуу, Пыл абрагъуэр къиIэтрэ и щхьэщыгум щигъэджэрэзыжыфу щытатэкъэ?! НтIэ, иджы абы къыщыщIым феплъ! Дауэ имыщIами, дауэ емыплъами, абы Пылыр ерагъ-псэрагъкIэ фIэкIа щIым къыхутеIэтыкIыжыфакъым.
Пелуаным ар хуабжьу игъэщIэгъуащ:
- Мыр сыт телъыджэ! Си къарур дэнэ здэкIуар? - жиIэри.
Абы хэту Аркъэр къэдыхьэшхащ.
- Хьэхьэ-хьэхь! «ПэщIэщIэгъу сумыщI!» - жысIэри сынолъэIуэтакъэ?! Плъагъурэ иджы, Пелуан, уэ къыпщыщIа тхьэмыщкIагъэр? Ауэ ар сытым щыщ дяпэкIэ сэ уэ уэсщIэнум елъытауэ?! Иджыри сыногуоуж: зумыгъэунэхъужу хьэрэм сыщI. Иджыри кIасэ хъуакъым, - мэлъаIуэ Аркъэр.
- Апхуэдизу умыинат! - мэлъаIуэ щIылъэм тет цIыхухэр.
- Зэ къэгъэзэж! - мэубзэрабзэ уэгум ит къуалэбзухэр.
- Уи щIыхьыр хэутэн умыщIыж! - зэщIокъугъэ мэзым щIэт хьэкIэкхъуэкIэхэр.
Ауэ Пелуаным Аркъэр апхуэдизкIэ IэфI къыIурыхъуати, ефэн хухыфIэдзэжакъым. Ар аргуэру еуэ йофэ, еуэ йофэ! Аргуэру, зы тэлай дэкIауэ, абы и лIыгъэр игъэунэхужыну мурад ищIащ. Ауэ Пылым еIэри дэнэт - къыхуэгъэпIэтIэуэжакъым. ИтIанэ Iуэм ит вым зрипщытащ. Зрипщыта щхьэкIэ, ари ерагъ-псэрагъкIэ фIэкIа щIым къыхутеIэтыкIыфакъым.
ИтIанэ Пелуаным игурэ и щхьэрэ зэбгъэжащ:
- Еу-уей! Иджы сэ хэт и фIэщ сыхъужын, зы цыпэ къысщымыхъуу, Пыл абрагъуэр къэсIэтрэ си щхьэщыгум щызгъэджэрэзу щытауэ?
- Хьэ-хьэ-хьэхь! - къыщыдыхьэшхащ абы Аркъэр. - ДяпэкIэ уэсщIэну щIэпхъаджагъэм елъытауэ ар сытым щыщ?
- Уи адэм и ней къысщыхуэ! - губжьащ Пелуаныр. - Сэ къыспэлъэщын аркъэ иджыри къыщIагъэкIакъым, дяпэкIи къыщIагъэкIынукъым.
- Ущоуэ, Пелуан! - гузэващ щIылъэм тет цIыхухэр.
- Апхуэдизу зыкъыпфIэмыщIыж! - лъэIуащ уэгум ит къуалэбзухэр.
- Апхуэдизу ущIимыхьэ! - зэщIэкъугъащ мэзым щIэт хьэкIэкхъуэкIэхэр.
Ауэ, апхуэдизкIэ инат хъуати, Пелуаным Аркъэр хыфIидзэн идакъым. Ар еуэ йофэ, еуэ йофэ! Аргуэру, зы заул дэкIауэ, абы и лIыгъэр игъэунэхужыну мурад ищIащ. Ауэ вым еIэри дэнэт - къыхуэгъэпIэтIэуэжакъым. ИтIанэ шкIащIэ къалъхуагъащIэм еIащ. ЕIа щхьэкIэ, ари ерагъ-псэрагъкIэ фIэкIа щIым къыхутеIэтыкIыжыфакъым.
- Сэ афIэкIа лIыгъэ схэмылъыжу хэт и фIэщ пхуэхъун? - тхьэусыхащ Пелуаныр. - Ар пэжкъым.
- Пэжкъэ? - къоупщI абы Аркъэр. - Мыпэжмэ, а шкIащIэ дыдэм зэ еIэжи еплъыт, Пелуан!
Пелуаныр шкIащIэм еIащ. Ауэ ар абы къыхуэIэтыжыххакъым.
- Хьэ-хьэ-хьэхь! - Аркъэм Пелуаныр ауан къищIащ. - Сэ бжесIам натIэкIэ уеуэлIа иджы?! Уи пелуаныгъэр къыптесхащ! Уи узыншагъэр къыпIэщIэзгъэкIащ! Уи щIыхьыр хэутэн уэзгъэщIыжащ!
- КхъыIэ, нащхъуэжь цIыкIу, гущIэгъу къысхуэщI! - лъэIуащ Пелуаныр, и нэпситIыр къелъэлъэхрэ гъыуэ Аркъэм и пащхьэм здитым. - Си пелуаныгъэр къызбгъэдэлъхьэж! Си узыншагъэр схузэфIэгъэувэж! Си щIыхьыр къысхуэIэтыж! Сэ уэ игъащIэкIэ пэщIэщIэгъу усщIыжынкъым.
- АлейкIэ укъызэмылъэIу! - жи Аркъэм. - Сэ уэ ар пхуэсщIэнукъым. Уи жыIэмыдаIуагъым, уи ерыщагъым, уи щхьэншагъэм къыпхуихьар уи Iыхьэщ.
Зи къарумрэ зи узыншагъэмрэ зыфIэкIуэда Пелуаным Аркъэм и гущIэгъуншагъэр гущIыхьэ щыхъуащ. Щыхъущ, а зы напIэзыпIэм къытехуэри зэшэзэпIэу дунейм ехыжащ.
- Хьэ-хьэ-хьэхь! Сэ къыстекIуэн Пелуан иджыри къэс къызэрамылъхуар, дяпэкIэ къызэрамылъхунур мис иджы къыбгурыIуэжагъэнущ, Пелуан насыпыншэ! - жиIэри Аркъэр бзэхыжащ.

Дудар Хьэутий.

Гупсысэр - псалъэкIэ
МыIэрысей цIыкIу

Хадэм узэрихьэу уи нэр техуэрт мыIэрысей жыгыщIэм пыт мыIэрысэ плъыжь закъуэм. Анэ гумащIэу а зыр ихъумэрт, ипIырт жыгыщIэм. Дуней къэхъукъащIэхэм - жьапщэм, уэм, узым - IэщIахащ адрей и «бынхэр». И гъунэгъу жыгхэми зыри япытыжтэкъым. Хадэм къихьэ псоми жыгыщIэ цIыкIум яжриIэ хуэдэщ: «Феплъыт мы си япэ быным и дахагъым».
Ауэ… Тхьэм ещIэ а зы мыIэрысэ закъуэ къэнам ухыгъэ хуэхъунур. Упсэун, укъэхъун папщIэ, щIыуэпсым упэщIэтын хуейщ, упэмылъэщмэ, и гущIэгъу къыплъимыгъэсмэ, ущыIэжкъым.
Мы жыг цIыкIур сэ изогъэщхь зи бын хуэгумащIэу зыпI анэм. Быныр анэм къегъэщIри, теубгъуауэ епI: Тхьэ хуолъэIу, мафIэми, псыми, узми ящехъумэ. Зэрыщихъумэр илъэскъым, илъэситIкъым, атIэ и гъащIэм и фIыпIэр, и щIалэгъуэ дахэр трегъэкIуадэ.

Шыгъушэ Алий.

ГущIагъщIэлъхэр
ЩыIэщ дакъикъэ, илъэс псо и уасэу

Тхьэ щыIэу зэрыжаIэрэ Абы и щыIэныгъэм шэч къытезыхьэхэри къогъуэгурыкIуэ. ЛъэныкъуитIри къаугъэншэу дунейм зэрытегъэтынут, абыхэм я зэхуакум фейдэ хэхыпIэ къыщызылъыхъуэ закъуэтIакъуэхэр мыхъуатэмэ.

* * *
Гу къуэпсым пыкIэзызыхь пшыналъэ дахащэм содаIуэ. СедаIуэурэ, согупсыс: сыту дытхьэмыщкIэ дэ, цIыхухэр. А пшыналъэм иджыпсту си нэгу къыщIигъэува дунейм сэ зэи, зэи, зэи сытехьэфынукъым… ГъащIэр нэр игъэлажьэу фагъуэщ. Псэр ибэмпIыхьу къызэрыгуэкIщ. Гур къритхъунщIыкIыу пхъашэщ. ТхьэкIумэр икудэу хущхьэ макъ зэфэзэщщ. ГъащIэр - илъэс мин бжыгъэкIэрэ зэхалъхьа курыбэщ. Зэхэзылъхьари щIызэхалъхьари къахуэмыщIэж курыбэ зэкIуэкIащ. Абы дэ ди псори, псори хофыхь…ди хъуэпсапIэхэм къищынэмыщIа… ХъуэпсапIэхэр тхъурымбэ напIэурэ уафэм докIуей. ДокIуейри, а дэ зызыхуэтшийуэ зэи дызылъэмыIэс дунейм зыхаунащIэ.

* * *
ЩыIэщ дакъикъэ, илъэс псо и уасэу. ГуфIэгъуэрэ щIалэгъуэкIэ гъэнщIауэ. Дыгъэпсрэ насыпкIэ кудауэ… апхуэдэ дакъикъэ зыбжанэщ езыр мы гъащIэр зэрыхъур. Адрейр - куэнсапIэщ. Налкъут хьэдзэ цIыкIухэр щIэзыхъума куэнсапIэ самэшхуэщ.

* * *
КъызэригъэщIрэ цIыхур и къэкIуэнум щIэхъуэпсу, фIыуэ щыIэмкIэ щыгугъыу, и гугъапIэ псори абы щызэщIэн къыфIэщIурэ йокIуэкI. Иджы аракъым. Иджы цIыхур хуэпабгъэркъым къэкIуэнум. КъыфIэбгъэкIмэ, ар абы щымэхъашэу, щышынэу къыпщохъу… Насып диIэщи, щымыхъужми, иджы мыр жытIэну дыхуитщ. «Тхьэм гущIэгъу къытхуищI!»

* * *
ЦIыхур цIыху зэрыхъу лъандэрэ Iэщым нэхъри зыкъыщхьэщигъэкIыным хущIэкъу зэпытурэ къокIуэкI. Ауэ гъащIэм къыдиIыгъкъым ар цIыхум. ГъащIэм дежкIэ зи бзэ мыпсалъэр нэхъ фейдэуэ къыщIэкIынущ. А гупсысэурэ псалъэм нэхърэ. И щIагъуэхэр хуигъэщIагъуэ къудей мыхъуу, и дагъуэхэри гъащIэм езыгъэлъагъужыфым нэхърэ… гъащIэм щытепщэхэм насып яIэщи, зи бзэ мыпсалъэхэм ещхь цIыхухэр мащIэкъым. Нэхъ пэжыр жыпIэнумэ, - куэдыкIейщ.

* * *
Iэдэж ящIа усакIуэр яугущхъуа хакIуэм ещхьщ. Ухуеймэ, мы дуней фIыгъуэм лъакъуащхьэкIэ хэгъэувэ, - апхуэдэм и нэм зэи хъуэпскI къыщIыхьэжынукъым.

* * *
Жэнэтым щыгугъыу псэум и насыпщи, жыхьэнмэм пэплъэри насыпыншэ дыдэу убж хъунукъым. Насыпыншэ хъурейуэ къэлъытэн хуейр адэкIэ зыри здэщымыIэ шынагъуэм хэплъэ зэпыту псэурщ. Зыри. Зыри. Зыри…

* * *
ЛIэныгъэр а къызэрытщыхъум хуэдэу шынагъуэ?.. Хьэмэ?.. Я нэхъ еджагъэшхуэ дыдэми абы теухуауэ къыбжиIэфынур мащIэщ. Псэ ункIыфIахэм яхъумэ жэуапым елъытауэ - зырикIщ.

IутIыж Борис.

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

22.04.2024 - 15:50 НОБЭ
19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ