«Гъуазджэхэм я жэщым» ирихьэлIэу

Пшыхьхэр

Сурэт гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ А. и цIэр зезыхьэм, «Гъуазджэхэм я жэщым» ирихьэлIэу Налшык къыщызэIуахащ УФ-м щIыхь зиIэ и художник, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и действительнэ член, КъБР-м и цIыхубэ художник КIыщ Мухьэдин и гъэлъэгъуэныгъэ. А зэхыхьэр егъэщIылIауэ щытащ сурэтыщIыр къызэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъум.

«Дэ ди гуапэу «Гъуазджэхэм я жэщ» зыфIащам хыхьэу мы пщыхьэщхьэ дахэр КIыщ Мухьэдин и сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэмкIэ къызэрызэIутхыр. Сэ мыбы щыслъэгъуа сурэтхэм сыдахьэхащ. Си фIэщ мэхъу нобэ кърихьэлIа дэтхэнэ зыми езым пэгъунэгъу гуэрхэр КIыщым и IэдакъэщIэкIхэм къазэрыхигъуэтэнур. Мы сурэтхэм узыхашэ гупсысэхэр куущ икIи гъэщIэгъуэнщ. Илъэс 80-р гъуэгуанэ дахэщ, ауэ сыхуейщ КIыщ Мухьэдин илъэси 120-рэ щрикъу махуэри нобэ хуэдэу къэсыну, ар мыбы кърихьэлIа дэтхэнэ зыми дгъэлъэпIэну» - жиIащ гъэлъэгъуэныгъэр къызэIузыха, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумахуэ Мухьэдин.
- Мухьэдин псоми нобэрей махуэр тхуигъэлъэпIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым нэхъ емызэшу лажьэ и сурэтыщIхэм ящыщщ КIыщыр. Абы и щыхьэтщ щIэх-щIэхыурэ ди пащхьэм кърилъхьэ гъэлъэгъуэныгъэщIэхэр, - къыхигъэщащ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Темыркъан Геннадий. Апхуэдэуи Темыркъаныр къеджащ Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и секретариатымрэ КъБР-м и цIыхубэ художник, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и действительнэ член СэвкIуий Хьэмидрэ къабгъэдэкI хъуэхъу телеграммэхэм.
СурэтыщIым псалъэ гуапэкIэ зыхуигъэзащ КъБР-м и Iэтащхьэм и деж ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ щыIэ уполномоченнэ Зумакулов Борис. «Си гуапэщ мыпхуэдэ пщыхьэщхьэ дахэхэм хуэдэ куэд ди пащхьэм къиплъхьэу, дыбгъэгуфIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым ухуэлэжьэну», - жиIащ абы.
Музейм и унафэщI Ремхен Еленэ къеджащ ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием къагъэхьа, а академием и президент Церетели Зураб и Iэр зыщIэлъ телеграммэм. Абы зэрыщыжиIэмкIэ, КIыщ Мухьэдин къыхуагъэфэщащ «Гъуазджэм зэрыхуэлажьэм папщIэ» орденыр, Мосс Жаклин Дианэ «Академием зэрыхуэлажьэм папщIэ» медалыр.
ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и действительнэ член, сурэтыщI Вдовкин Игорь КIыщ Мухьэдин и гъэлъэгъуэныгъэм ехьэлIа дауэдапщэхэм хэтыну и гуапэу Налшык къэкIуащ. Абы КIыщым къыжриIэжащ Церетели Зураб къыбгъэдэкI хъуэхъу псалъэхэр. Апхуэдэуи, Вдовкиным Мухьэдин тыгъэ хуищIащ езым ищIахэм щыщ зы сурэти.
Къыщалъхуа щIыналъэм щыпсэухэм къабгъэдэкIыу, КIыщ Мухьэдин и махуэ лъапIэмкIэ къехъуэхъуащ Шэджэм районым и администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Уэдыжь Хьэсанш.
КъБР-м и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм зегъэужьынымрэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэмкIэ и комитетым и унафэщI Пащты Борис КIыщым ехъулIэныгъэщIэхэр иIэну зэригуапэр къыхигъэщащ. «Зи зэфIэкIыр лъагэ сурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэр зэманым нэхъ лъэщ дохъу, йофIакIуэ», - жиIащ абы.
КIыщ Мухьэдин и щхьэгъусэ Мосс Жаклин Дианэ къызэхуэса псоми фIыщIэ яхуищIащ, музейм и лэжьакIуэхэми мы Iуэхугъуэр екIуу, дахэу къызэрызэрагъэпэщам папщIэ псалъэ гуапэ яжриIащ. «Си гуапэщ фэ фхуэдэ ныбжьэгъухэр сызэриIэр. Фэращ си лэжьыгъэмкIэ гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ къызэзытыр. Гъэлъэгъуэныгъэр иджыри мазэкIэ мы музейм щекIуэкIынущ. Си гуапэщ, нобэ къэмыкIуэфахэми зрагъэлъагъумэ», - жиIащ абы.
Гъэлъэгъуэныгъэр къызэIуаха нэужь, журналистхэмрэ къызэхуэсахэмрэ КIыщым драгъэкIуэкIа пресс-конференцым щыжиIащ сурэтыщIым и лэжьыгъэхэр зыщIэлъыну музейуэ тIу къызэрызэIуахынур. Зыр езыр щыпсэу Испаниерщ, етIуанэр Мухьэдин къыщалъхуа Шэджэм къалэрщ.

        

Сурэтхэр  Къарей Элинэ трихащ

 

НафIэдз Мухьэмэд.
Поделиться: