Мэрем пшыхь

Мы махуэхэм зи ныбжьыр илъэс 77-рэ ирикъу тхакIуэ, щIэныгъэлI, тхыдэтх, философ Бейтыгъуэн Сэфарбий и жыIэгъуэхэм щыщщ.

Жеиншэ жэщыр тхылъым и махуэщ

♦Цыжьбанэми зы банэ темыт и гугъэщ.
♦Псэмызагъэми щхьэмыгъазэу зилъытэжынущ.
♦Лъэхъэнэ жыжьэм халъхуэну цIыхухэр уахътыншэу дунейм тетынущ.
♦ЩIегъуэжыныр куэдрэкъым - узэхъуажэм тегушхуи аращ.
♦Делэм зыдигъэшурэ губзыгъэм IумпIафIэ ещI.
♦Уишрэ уи фызрэ уи дзыхь иумыгъэз жызыIам и щхьэр къыщыгъупщащ.
♦ЗэхуащIахэр зэзыхъуэныжхэр сыт щыгъуи зэбийуэ къыщIедз.
♦Гъуэгу пхэнжым теувэр нэхъ захуэм ирикIуэу къыфIэщIынущ.
♦Тыншыгъуэ лъыхъуэр гугъуехьым пэщIохуэ.
♦И мыхьэнэм щIимыгъуу икIи кIэрымыхуу зыщIэ щыIэу пIэрэ?
♦Факъырэ гупым бжьыпэр ныбэизым щиIыгъщ.
♦Щхъухьпсыхьым и къалэныр щытхъумкIэ зэфIокI.
♦ЦIыхубз псалъэм и мыхьэнэмкIэ узэупщIынури цIыхубзщ.
♦Губзыгъэр делэм щехъуэжэни щыIэщ.
♦Къэралым и щIыхьыр цIыхубэм пщIэуэ хуащIым хуэдизщ.
♦Быныр адэ-анэм едаIуэр содэ, езы тIур узэдэIуэн хуэдэмэ.
♦Жеиншэ жэщыр тхылъым и махуэщ.
♦Уи лъэпкъкIи уи щхьэкIи укъызыхэкIар умыгъэикIэ, щытхъу мышыукIи умыцIалэ.
♦ПцIым и лъабжьэр пэжщ.
♦Псэр гугъэнымрэ къэпцIэнымрэ хуэгъэпсащ.
♦ГукIэ жаIэмкIэ псори зэщхьщ.
♦Жьгъейм и уасэр сатум ещIэ.
♦ФIы зыщIэр нэхъыбэм щIогъуэж.
♦Ахърэтым нэсахэми хуопсалъэ.
♦ЖэнэткIэ гугъэри, жыхьэнмэм щыщтэри къопцIэр.
♦Илъэсищэхэр гъуэбжэгъуэщу мэбзэх.
♦Гъуэгу хьэзырым ирикIуэри, IэпэкIэ зэрашэри зэщхьщ.
♦Бегъымбархэр къоунэху - къуохьэж, цIыху цIыкIухэр - къалъху мэлIэж.
♦Щыблэм щхьэ фIэткъым.
♦ЛъэхъуэмбыщIэм зытумыгъэгусэ - фIыщIэ жыгыу аращ щыIэр.
♦Сыт къысфIащми, пцIымрэ емрэ си IупэфIэгъуу щытауэ жаIэнкъым.
♦Езыр-езыру зэфIыхьэр иужь уихьэкIэ зэфIэкIыркъым.
♦ПэжкIэ гуэныхь къахь, пцIыкIэ псапэ ящIэ.
♦Нэм бжэгъуу къыщIэуэм нэр пэрыуэркъым.
♦Псэ пцIанэр фэбжь зытехуа Iэпэм хуэдэщ - дэнэкIэ зимыгъазэми зыгуэрым жагъуэу жьэхоуэ.
♦Уи IэкIэ зэIыпщIам зэIыхыж иIэкъым.
♦Зэрыхъун хъуар унэхъуащ.
♦ДелэмкIэ пэжыр IущымкIэ нэпцIщ.

Абазэ таурыхъхэр

Фыхунэзгъэсмэ

ЗЫ ДЖЭДУУЖЬ жьэгум дэсурэ зы дзыгъуэ шыр къыIэрыхьащ, и лъэбжьанэр щыхиукIэм, дзыгъуэ шырым зилIэжащ.
- ЗумылIэж, - жиIащ джэдуужьым. - УкъыщIэзубыдар пщIэрэ?
- Сыпшхынурагъэнщ, - мэгъынанэ дзыгъуэ шырыр.
- Усшхынукъым. Усшхыпэнуми, усхуэшхынукъым: сыкъэплъагъуркъэ - дзэ сIутыжкъым, жьы сыхъуащ.
- НтIэ, щхьэ сыкъэбубыда?
- ДжакIуэ усщIынущи аращ укъыщIэзубыдар. КIуэи, дзыгъуэ зэрыбыныр къысхуэшэ: сывэкIужын мурад сщIащ.
Дзыгъуэ шырым и ани, и къуэши, и шыпхъуи, и благъи - хьэблэм дигъуэтар хуишащ джэдуужьым:
- Дишхынукъым, лъапэ къыттрилъхьэнукъым, къыдэкIужын мурад ищIащи, къыдоджэ.
Зэрыгъэгушхуэри, дзыгъуэ зэрыбыныр джэдуужьым деж кIуащ. И нэр зэригъэдзэкIри, джэдуужьыр дзыгъуэхэм къахэплъащ.
- Догуэ, - жиIащ джэдуужьым, - къэпыр щIэвугъуэныр сыт, къэп щхьэпсыр зэпыфшхыкIрэ къэпым илъыр къифхмэ зэфIэкIыркъэ?
- Абы ди акъыл хуэкIуакъым, - жаIащ дзыгъуэхэм. - ДяпэкIэ Iущ дыхъунщ.
- Фыхунэзгъэсмэ! - жери джэдуужьым дзыгъуэхэр зэтриукIащ - хьэблэм зы дзыгъуэ къыдинакъым.

Щхьэж и унэ - бжэнлъакъуэ

ЛIЫ ГУЭРЫМ зыш иIэти, жэщым иутIыпщырт. Жэщ псом хъун кIырым лъакъуащхьэкIэ хэт щхьэкIэ, шыр кIуэ пэтми нэхъ Iей хъурт, пщэдджыжьым зэхэукIауэ къыдыхьэжырт.
«Си шыр зыгуэрым кърехуэкI, сеплъэкIуэнщи, къезыхуэкIыр зэзгъэщIэнщ», - жери мурад ищIащ лIым.
Шыр хъупIэм ириутIыпщхьэри, езыр кIэлъыдэкIащ.
Жэщыбг хъуауэ хъупIэм зы мыщэ, зы дыгъужь, зы бажэ къихьащ, чэзу-чэзууэ шэсурэ шыр кърахуэкIыу щIадзащ. Аркъэн идзри, мыщэри, дыгъужьри, бажэри къиубыдащ.
- Си шым и фэр изыхыр фэраи, - яхуилъащ лIыр,- кIэ фэстынкъэ иджы!
- Сыт къыдэпщIэнур?
- ФызукIынущ - ар ффIэмащIэ?
- ДумыукI, - жаIащ,- дыпхуэупсэнщ.
- Сыт фыкъызэрысхуэупсэнур?
- Жыгей гъуанэ сощIэ, фо изу. Усшэнщи, фор къозгъэхынщ, - жиIащ мыщэм.
- Сэ мэл хъушэ къыпхуэсхунщ, - жиIащ дыгъужьым.
- Сэ скъуэлъ щыIэкъым. СумыукIмэ, сифI зэгуэр уэзгъэкIынкIэ мэхъу, - жиIащ бажэм.
Дыгъужьым мэл хъушэ къыхуихуащ лIым.
Мыщэм лIыр мэзым хишащ, жыгей лъабжьэм щIишэри къриудащ:
- Устхьэлэмэ, фор сэ къысхуэнэжынкъэ, - жери.
- Сыботхьэлапэри, емынэунэ хъун! - къэгужьейри кIиящ лIыр. БлэкIырти, абы и кIий макъыр бажэм зэхихащ.
- Уа, тхьэм и нэфI зыщыхуэн, мыщэр къыпIэщIэмылъэгъуауэ пIэрэ нобэ? - лIым еджащ бажэр.
- КъысIэщIэлъэгъуа дэнэ къэна, си гущIыIу къитIысхьауэ сетхьэлэ! - жиIащ лIым. - КIэ къызитын мурад ищIащ.
- КIэ зратынур езыращ: абы и лъэужьыр щакIуэм къеху. Плъагъумэ, хъыбарыншэ сумыщI: щакIуэм бзэгу хуэсхьыжынурэ IуезгъэпIэнущ, - жиIащ бажэм.
Мыщэм лIыр къыщихуащ:
- «Слъагъуну сыхуейкъым» жыIэ, - жери.
- Слъэгъуакъым, слъагъунуи сыхуейкъым, - жиIащ лIым.
- Уи пащхьэм итыр хэт-тIэ?
- Пхъэ дакъэжьщ.
- Пхъэ дакъэжьмэ, джыдэ къащти, къиуд.
- Къизудмэ, къизудщ, - жери лIым мыщэр IуипIащ.
ЛIымрэ бажэмрэ мыщэм и фэр трахщ, жыг гъуанэм илъ фор зыIэрагъэхьэри - щхьэж и унэ - бжэнлъакъуэ!

Бажэ гуэшыкIэ

МЫЩЭР, дыгъужьыр, бажэр хъуэкIуэщакIуэурэ зы щыхь, зы мэз бжэн, зы тхьэкIумэкIыхь къаIэрыхьащ. Я шхэгъуэ къыщысым, дыгъужьым жиIащ:
- КъэтщэкIуар сэ фхуэзгуэшынщ, дзыхь къысхуэфщIмэ.
- Къытхуэгуэш, - жаIащ.
- Щыхьыр мыщэм лъызогъэс, мэз бжэныр си Iыхьэщ, бажэм тхьэкIумэкIыхьыр хурикъунущ.
Щыхьри, мэз бжэнри, тхьэкIумэкIыхьри яфIишхын мурад иIэти, дыгъужьым и гуэшыкIэр мыщэм игу ирихьакъым: еуэри дыгъужьыр иукIащ.
- Иджы уэ къытхуэгуэш, - жери мыщэр бажэм еплъащ, и нэ зэгъэдзэкIауэ.
- Щыхьыр уи пщэдджыжьышхэщ, мэз бжэныр шэджагъуашхэ пхуэхъунщ, тхьэкIумэкIыхьыр пщыхьэщхьэ пшхынщ.
Ар жери бажэр зыIурыбзаеу мыщэм и пащхьэ итIысхьащ.
- Уи гуэшыкIэр сигу ирохь, хэт абы ухуэзыгъэIущар? - ней-нейуэ еплъащ мыщэр бажэм.
- Уи пащхьэм илъ дыгъужьыжьыращ, - жиIащ бажэм. - Абы епщIар слъэгъуакъэ!

Интернетым дыкъыщоджэ

Нэплъэжыгъуэ

ЛIы гуэр мафIэгум итIысхьащ, илъэс 25-рэ зи ныбжь и къуэр щIыгъуу. ЩIалэр щхьэгъубжэм IутIысхьащ. МафIэгур зэрежьэу, абы и Iэр щхьэгъубжэм дишиикIащ, жьы къызэрыщIихум щыгуфIыкIыу. «Папэ, плъагъурэ жыгыу хъуам дакъытож!» - къыхэкIиикIащ ар, илъагъур фIэтелъыджэу. Адэр и щIалэм хуэгуфIащ. ЩIалэм и гъунэгъуу щыс зэщхьэгъуситIыр щтэIэщтаблэу абы къыхущIэплъырт, цIыхухъу балигъым сабийм ещхьу псори щIигъэщIагъуэр къагурымыIуэу. «Папэ, папэ! Еплъыт: гуэл! ХьэкIэкхъуэкIэхэри солъагъу… Пшэхэри ди гъусэу нокIуэри!» - жеIэ аргуэру щIалэм. Зэщхьэгъусэхэм къагурыIуэркъым адэм къуэ балигъым и зыщIыкIэхэр зыуи къызэрыщымыхъур. Ауэрэ уэшхи къригъэжьащ… ЩIалэм и нэхэм къателъэдащ гуфIэгъуэ нэпс: «Папэ, уэшхыр къызоIусэ… плъагъурэ, плъагъурэ?» - мэкIий щIалэр.
- Сымаджэщым пшэуэ тIэкIу къыкIэлъыбгъэплъамэ, чэнджэщ гуэрхэр къуатынт, - жраIэ зэщхьэгъусэхэм яфIэпсэкIуэд хъуа щIалэм и адэм, - яхуэгъэхъужынкIи хъунт…
- Иджыпсту сымаджэщым дыкъыщIэкIыжа къудейщ… Си щIалэм и нэхэм нобэ япэу ялъагъуу аращ дунейр, - пыгуфIыкIащ лIыр.

Апхуэдэ къохъу

Къуэм и сурэт…

ЛIы беижь гуэрым мы дунейм зыпищI щымыIэу фIыуэ илъагъуу къуэ иIэт. Зэадэзэкъуэр зэгурыIуэрт, уеблэмэ я псэр зы чысэм илъщ жыхуаIэм хуэдэт. Ауэ зы хьэл яхэлът а тIуми, нэхъ зэпэгъунэгъуж ищIу. Абыхэм сурэт гъуэтыгъуейхэр зэхуахьэсырт ерыщу. Арати, зауэм щIидзэри, щIалэр дзэм ираджащ. ЩIалэр хахуэт, шынэ жыхуаIэр имыщIэу, ауэ и ныбжьэгъум и псэр ихъумэу езым и щхьэр хилъхьащ. Адэм хуабжьу къытехьэлъащ и къуэ закъуэр зэримыIэжыр. Зэгуэрым абы и унэм щIалэ мыцIыху къытеуIуэрэ Iуихмэ, хьэщIэм зэкIуэцIылъ гуэр иIыгъыу бжэщхьэIум тетщ.
 - Уи къуэм къригъэла сэлэтыр сэращ, - жиIащ щIалэщIэм къыдримышеищэу. - Абы куэдрэ уи гугъу ищIырт, гъуазджэр фIыуэ зэрыплъагъури жиIэрейт. Сэ сурэтыщI Iэзэхэм сащыщкъым, ауэ уи къуэм и сурэтыр сщIащи, зумыусыгъуэджмэ, тыгъэ пхуэсщIынут.
 Дауи, адэм саугъэтыр хуабжьу игу ирихьат. Абы сурэтыр нэхъ лъагъупIэ дыдэм деж фIидзащ, икIи хьэщIэу къыхуэкIуэм япэщIыкIэ а сурэтыр яригъэлъагъуурэ итIанэ адрейхэмкIэ ишэрт.
Къуэр зэримыIэжым и гуауэм игъэшэха лIыжьыр куэдрэ мыпсэужу дунейм ехыжащ, ауэ и сурэтхэр аукционкIэ ящэну уэсят къигъэнащ. Апхуэдэуи ящIащ. Сурэтхэр ящэну щытраухуа махуэм беижь куэд къызэхуэсат. Дэтхэнэми лIыжьым и сурэт гъуэтыгъуейхэм ящыщ, зы нэхъ мыхъуми, къищэхуну щыгугъыу. Япэ дыдэ ящэну утыкум кърахьащ лIыжьым и къуэм и сурэтыр.
- Сыт хуэдиз щIэфтын мы сурэтым? - жиIащ аукционыр зэхэзыублам.
 Пэшым щIэт даущыр лIы макъ гъумым къикъутащ.
- Дэ сурэтыщI цIэрыIуэхэм я сурэтхэрщ дызэжьэр, мы фейцейм хэт хуейр?
Аукционерыр жиIам зэрытетт.
- Къуэр, Къуэр хэт къищтэн? - жиIэрт абы.
 Арати, псоми я щIыбагъымкIэ къыщыIуащ лIыжьым и унэр зезыхьа щIалэм и макъ.
- Сэ сиIэр сомипщIщи, фызот.
- Сурэтым сомипщI щIэзыт щыIэщ, хэт нэхъыбэ къигъэлъагъуэрэ? - щIоупщIэ сурэтыр зыщэр.
 - Ещи, адрей сурэтхэм я Iуэху зедвгъахуэ, - зыжьэу щыжаIащ пэшым.
- СомипщI зэ, сомипщI тIо, сомипщI щэ… Сурэтыр сомипщIкIэ тщащ, - жеIэ аукционыр зэхэзыублам.
- Иджы адрей сурэтхэр къифхьэ утыкум псынщIэу,  - мэлъаIуэ пэшым щIэсхэр.
 Сурэтхэр зыщэр мащIэу пыгуфIыкIри, жиIащ: «Хуабжьу си жагъуэ мэхъу фызэрызгъэщIэхъуар, ауэ лIыжьым и уэсятым тету, сурэт гъуэтыгъуей псори «Къуэр» къэзыщэхуам лъос.
 Къызэхуэсахэм зэхахар ямыгъэщIагъуэу къэнакъым, ауэ ар гъащIэ хабзэщ, дэ гу лъыдмытэу, къытфIэмыIуэхуу блэдгъэкIхэрщ мыхьэнэ зиIэр. Зы лъэбакъуэ закъуэ фIэкIа къэмынэжауэ дошри, дыкъоувыIэж. Ауэ аракъэ хъыбарым зи гугъу щыщIа аукционым хуэдэу гъащIэр насыпырыхь зыщIыжыр…
Фыщымыс!

ФщIэн папщIэ

Iуащхьэмахуэ и адэ

Шэджэмыпсымрэ Кестантэрэ щызэхэж щIыпIэм дежщ Шэджэмыщхьэ вулканыр здыхуэзэр. КъызэрыщIэкIамкIи, ар дуней псом щыцIэрыIуэ ди Iуащхьэмахуэ нэхърэ куэдкIэ нэхъыжьщ, Кавказым и налкъутыр къызытекIари аращ!
А вулканыр куэдым яцIыхуркъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Iуащхьэмахуэ нэхърэ куэдкIэ нэхъ лъахъшэщ икIи мэщэщэж. Ауэ ар апхуэдэу сытым дежи щытакъым. ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, Шэджэмыщхьэ вулканыр 8 нэхърэ мынэхъ мащIэу къикIащ икIи и еянэ къикIыгъуэр илъэс щитхукIэ узэIэбэкIыжмэ псэуа цIыхухэм ягъэунэхуащ! Географ цIэрыIуэ Страбон (ди эрэм и пэщIэдзэм Кавказ Ищхъэрэм и географием нэхъ щыгъуазэу щыта, абы теухуауэ тхыгъэ куэд къызэзынэкIа алыдж географщ)  и тхыгъэхэм дызытепсэлъыхь вулканыр белджылыуэ къахощыж. А вулканыр егъэлеяуэ абрагъуэу щытащ, и зы къикIыгъуэ къэс и лъабжьэр ехым-ехыурэ, Iуащхьэмахуэ нэхърэ куэдкIэ нэхъ цIыкIу хъужащ.
Хэт ищIэнт зы зэман Шэджэмыщхьэ вулканым и зы къикIыгъуэм и Iэужьу къэунэхуа Iуащхьэмахуэ къэзыгъэщIам  нэхърэ нэхъ лъагэ хъуну?!
Вулканым и хъуреягъыр бгыщ, дэнэкIэ умыплъэми. А лъагапIэм щыIа цIыху закъуэтIакъуэхэм зэрыжаIэмкIэ, зы макъи щызэхэпхыркъым, зы псэущхьи бзуи щыплъагъуркъым, къапщтэмэ, хьэуари и пIэм ижыхьауэ къыпщохъу, апхуэдизкIэ даущыншэщи. Зыгуэр къыпкIэлъыплъ хуэдэ, уи щхьэщыгум ныбжь гуэрхэр къиувэу къыпщохъу. Нэхъ гъэщIэгъуэнращи, хьэршым къикIыу, зищIысыр къамыхута гуэрхэр мы щIыпIэхэм къыщхьэщыхьэу, тэлайкIэ заIэжьа нэужь бзэхыжу жаIэ.
Дыгъулыбгъу Динэ.

Псэлъафэхэм къарыкIыр
ЗэIусэм псэ хелъхьэ

Акъылыр щагуэшым дурэшым дэсащ.
Зи акъылыр жыжьэ нэмыс цIыхум ехьэлIауэ къапсэлъ.
Гур зэрыгъум дыгъур ирокIуэ.
Гум къэхъунур ещIэ жыхуаIэращ. Гур зэрыгъуа гуэр къэхъуа нэужь жаIэ хабзэщ.
ДаIуэ шхиипэ тоувэ.
Чэнджэщ зылъытэр къызэрымыкIыфын щытыкIэ щыIэкъым.
ЗэIусэм псэ хелъхьэ.
ЗэIусэр мэхъу жыхуиIэщ. Iэужь дахэ зиIэ цIыху IэпщIэлъапщIэм хужаIэ.
Мэзыр жыг зырызурэ зэхэтщ.
Зэкъуэтыныгъэр къаруушхуэу зэрыщытым теухуащ.
Сыхэмыхьэмэ. ситхьэлэн.
Iуэхугъуэ гуэрым, нэхъыбэу - шынагъуэм, дзыхьщIыгъуэджэм, хэпщIэну, и Iуэху хилъхьэну зэрыхуэмейр зыгъэнаIуэ цIыхум жеIэ (е апхуэдэ цIыхум теухуауэ къапсэлъ).
 

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ