Си Хэку щынэхъ щIыIэ махуэ закъуэ ХамэщI гъатхищэ нэхърэ нэхъ къэсщтэнщ

(ПэщIэдзэр щэкIуэгъуэм и 1-м къыдэкIа номерым итщ).

Премьер-министру мызэ-мытIэу хахащ Хьэвжокъуэ Сэхьид (1950 гъэм - тIэуней, 1955, 1956 гъэхэм). Парламентым и тхьэмадэ къуэдзэу 1947 - 195I гъэхэм щытащ, сенатым и унафэщIу илъэс 13-кIэ лэжьащ (1961 - 1974 гъгъ.). Хьэвжокъуэр министруи куэдрэ щытащ: сатумкIэ - 1943 гъэм, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ - 1944, 1949 гъэхэм, экономикэмкIэ - 1945-м; вице-премьеру икIи къэрал министру ар къагъэлъэгъуащ 1953, 1957, 1963 гъэхэм; Амман къалэм и Iэтащхьэуи щытащ (1938).
Сэхьид и къуэш нэхъыщIэ Шэукэт лIыкIуэу къэрал зыбжанэм щыIащ, узыншагъэр хъумэнымкIэ министрым и къуэдзащ. Министр къулыкъу яIыгъахэщ Теху Сами, Къумыкъу Хьэбас, МафIэдз Умар, КъуэщIысокъуэ Абдул-Къадир, Хьэвжокъуэхэ Зухьеррэ Издинрэ. Парламентым хэтахэщ Хьэмдэхъу Iэсхьэд, ЕхъулIэ Хъусен, ХьэIупщы Шэукэт, Хьэвжокъуэ Фозий, Алъхъэс Абдулчэрим, Шыкъым Джэмил сымэ. Иорданием и лIыкIуэу нэгъуэщI къэралхэм щыIащ Бырмамыт Фэуаз, Хъурмэ Мухьэмэд-Алий, МафIэдз ТIэлал, Тхьэкъуахъуэ Абдул-Хьэмид, Хъутат Джэмал, КъуэщIысокъуэ Уэлид, Хьэвжокъуэ Зухьер. Румынием лIыкIуэу щыIащ ищхьэкIэ зи гугъу тщIа Хьэвжокъуэ Сэхьид и къуэ Хьэзми. Ар илъэс зыбжанэ ипэкIэ палестинэ хьэрыпхэм Бухарест щаукIащ. Хьэзми и шыпхъу Маждэ Дунейпсо Адыгэ Хасэр къызэзыгъэпэщахэм ящыщщ, хузэфIэкI ищIэу Нью-Джерси штатым (США) щыIэ ФIыщIэ Хасэм адыгэбзэ, хабзэ щригъэджащ. КавказымкIэ, адэжь ХэкумкIэ Хьэвжокъуэ Маждэ куэду гумащIэу, абы и гу пцIанагъэм, и лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэм ди лъэпкъэгъу куэд къигъэушу щытащ.
«Хьет» жригъэIэу Иордание къэралыгъуэм хуэлэжьахэм ящыщщ Бырмамыт Фэуаз. Ар Амман къалэм хыхьэ Мухьэджрин хьэблэм къыщалъхуащ 1925 гъэм. Фэуаз и адэ Махьер пащтыхь гвардием илъэс 15-кIэ пщIэрэ щхьэрэ иIэу къулыкъу щищIащ. Къэзылъхуам ижь къыщIихуагъэнщ и къуэми. 1942 гъэм Фэуаз дзэм хохьэ. СССР-р зауэ бзаджэм щыIут зэманым ЩIыкурытыхымкIэ Америкэм кърашу Палестинэм, Трансиорданием, Иракым, Ираным блаш Iэщэр, гуэдзыр, хьэпшыпхэр зыхъума гупым яхэтащ Бырмамытыр. Инджылыз генерал Глоб жиIэрт: «Фэуаз зыIут IэнатIэмкIэ зэи сигу ныкъуэкъым - ар офицер жанщ, емышщ, лIыгъэ зыхэлъщ».
Илъэс 21-кIэ дзэзешэу щытащ Бырмамытыр. 1949 гъэм Инджылызым абы къыщеух офицерхэм я курс нэхъыщхьэхэр, 1953 гъэм - штаб Нэхъыщхьэм и академиер.
Батальоным и унафэщI Фэуаз япэ хьэрып-журт зауэм (1948) хэтащ. Зэрихьа лIыгъэр къалъытэри, орден къратащ. Дзэзешэу ар дэсащ Хъалил, Къудус, Наблус къалэхэм (1955, 1956). ИтIанэ (1958) Бырмамытыр ЗыхъумэжыныгъэмкIэ министерствэм яшэ, зы илъэс нэхъ дэмыкIыуи генерал-майор мэхъу. Апхуэдэ дзэ нагъыщэ лъагэ Иорданием ис адыгэхэм ящыщу япэ дыдэу зыхуагъэфэщар Фэуазщ.
1961 - 1963 гъэхэм Бырмамытыр штаб Нэхъыщхьэм и унафэщIщ. ИужькIэ пащтыхь Хъусейн Бен ТIалал ар дипломат IэнатIэм Iуегъэувэ, зэрыгъэсар, бзэ IэфI зэрыIурылъыр, и зэфIэкIыр къелъытэри. Зы илъэскIэ Фэуаз лIыкIуэу Тайвань (Китай хытIыгум) щолажьэ. 1964 гъэм и кIэм абы Иорданием и лIыкIуэ тхылъхэр IэщIелъхьэ Иракым и президент Абдел-Сэлам Ареф. Мазэ пщыкIуз дэкIа иужь, Бырмамытыр лIыкIуэу ягъакIуэ Тырку Республикэм икIи абы илъэсищкIэ щолажьэ.
1968 - 1969 гъэхэм Фэуаз Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ министерствэм и генеральнэ секретарщ. Дипломат лэжьыгъэр зэриутIыпщыжу, ар пенсэ макIуэ.
Абы лъандэрэ илъэс куэд дэкIащ. А зэманым къриубыдэу адыгэлI щэджащэм зы махуэ зигъэпсэхуакъым. Бырмамытыр Амман дэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэу плIэнейрэ хахащ. Хэхэсхэм Кавказым и IэфIагъыр зыхегъэщIэнымкIэ, ди зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэнымкIэ жэщ-махуэ имыIэу куэд ищIащ. Иужьрей илъэсхэм Фэуаз-пэщэр «Леджна Аш-шария» фIыщIэ хасэм и унафэщIт.
Бырмамытыр махуэ къэс цIыхухэм сэбэп яхуэхъурт. Нэхъыбэу абы и нэIэ зытетыр адыгэхэрат.
Фэуаз и унэр музейм ещхьщ. Блынджабэхэм фIэлъ сурэтхэм уеплъмэ, а лIым дуней зэрилъэгъуар, батэ зэригъэшар псалъэншэу къыбгуроIуэ. Зы сурэтым абы Ираным и шахиншах Мухьэмэд Реза Пехлеви фIэхъус кърех, адрейм - Гамал Абдел Насер бгъэдэтщ, ещанэм Тыркум и президент Джевдет Сунай IэплIэ хуещI, еплIанэм - Кением и унафэщI Ахьмэд Секу Туре и гъусэу Амман и уэрамхэм ящыщ зым дэтщ, етхуанэм - Чан Кайши лIыкIуэ тхылъыр ирет… «Бырмамытыр здэщымыIарэ Бырмамытым имылъэгъуарэ бгъуэтынкъым», - жыпIэмэ, ущымыуэну си гугъэщ.
Абдж тегъэлъэдэжауэ блынджабэ щхьэхуэм фIэлъщ Фэуаз зэрихьа лIыхъужьыгъэмрэ игъэзэщIа лэжьыгъэмрэ папщIэ кърата орденхэр, медалхэр, сэшхуэхэр. Ахэр тIощIым щIегъу. ПщIыр Иорданием ейщ, плIыр - Инджылызым, тIур - Китайм, орден зырыз Бырмамытым къыхуагъэфэщащ Сирие, Малайзие, Тунис, Алыдж къэралхэм.
Дэрэжэгъуэ, гукъыдэж дахэ Фэуаз къратырт абы и щхьэгъусэ, тырку генерал Къундыхъу Мусэ и къуэрылъху Расмийе, а тIум я бынхэу Ланэ, Линэ, Динэ, Алий, Алия сымэ, я пхъурылъху-къуэрылъху цIыкIухэри яхэтыжу. Бырмамытыр 1998 гъэм дунейм ехыжащ.
… Уадисир жылэшхуэр зыухуар бжьэдыгъухэрщ. 1972 гъэм абы дэс цIыху мин 15-м и ныкъуэр адыгэт. Илъэс куэдкIэ къуажэм и тхьэмадэу лэжьа ЩэбэрыкIуэ Хьусний зэрыжиIэжымкIэ, бжьэдыгъухэм Уадисир къуэладжэр 1882 гъэм псэупIэ ящIащ. Япэу а щIыпIэм къэIэпхъуахэм я унэцIэхэр: Къат, Хьэткъуей, ЕхъулIэ, Абэзэхэ, Бгъанэ, Хьэлашт, ХьэдэгъэлI, ЛIыбзу, Лыщэ, Цей, Хьэтыкъуэ, Хьэтх, Мэрэтыкъуэ, Хъут, Тхьэрыкъуахъуэ, Хэкужь, ГутIэ, Джэрым, Бырсекъуэ, Абрэдж, Бланэукъуэ, Даур, Жанхъуэт, Жьанэ, Кубэ, НэпIащэ, Пщыбий, Теувэж, Дыгъужь, Тыкъуэ, Тхьэгъэпсо, Цыбэ, Джатауэ, Джатэнокъуэ, Iэбыдэ, МэшхуэфI, Псыкумб, Чуикъуэ, Iэпыщ, Щхьэлдыгъу, Кужьу, Къуиижь, Хъуажь, Шагужь, ШащIэ, Хьэпэпх, ЩабэрыкIуэ, Къуэц, Гъунэжыкъуэ.
Амман нобэ хыхьэжауэ къалъытэ адыгэ, шэшэн мухьэжырхэм яухуа Сыуелыхь къуажэр. А жылэм и лъабжьэр 1914 гъэм зыгъэтIылъахэм ящыщщ мы къэбэрдей унагъуэхэр: Абеикъуэ, Абэзэхэ, АфэщIагъуэ, Гуанэ, Бабыгу, Бажэ, Бжэнтхьэлэ, Бетыгъуэн, Болэт, Бырмамыт, КIыщокъуэ, ДыщэкI, Жьанэ, ИмыкI, Къалэ, Къардэн, КIэщт, ЛIыгуащIэ, Насып, Нэхущ, Сейн, Щхьэгъэпсо, Токъмакъ, Умэт, Хьэтыкъуей, Хъуран, Шакъмэн, Шышэ, Шыкъым, Щэрдан, ЛIыпщ, Щэрмэт, ЩхьэщэмыщI, Пхъэщ, ЯфIэунэ, Лъостэн, Налшык.
ИорданиекIэ дызэджэ щIыналъэм ИстамбылакIуэм и зэманым япэ къэсащ шапсыгъхэр. 1858 гъэм абыхэм псэуалъэ яхуохъу урымхэм пасэ зэманым яухуа Амман амфитеатрым и Iэшэлъашэхэр. Къэбэрдейхэр, абэзэхэхэр, бжьэдыгъухэр къакIэлъыкIуащ шапсыгъхэм икIи Амон (Амман) е ФиладельфиекIэ зэджэу щыта Урым пащтыхьыгъуэм иухуауэ щIым щыщ хъужа къалэжьыр къэзыухъуреихь щIыналъэр псэупIэ абыхэм ящI.
Нэхьур къуажэм адыгэ унагъуищэрэ пщIырэ дэсщ. Я нэхъыбэр бжьэдыгъущ, шапсыгъ унагъуищ, зы къэбэрдей унагъуи яхэсщ. КъедбжэкIынти ахэр: Дыгъужь, Дидыхъу, Шумэн, Лыш, ЛIыбзу, НэпIащэ, Уджыхъу, ЩабэрыкIуэ, Абыдэ, Бесчокъуэ, Еутых, Къат, Хьэжэлыкъуэ, Щаджэ, Щхьэлахъуэ, Цей, Хъут, Хьэпэхъу, Хьэдыгъу, Жамбэч, Борэн, ЕхъулIэ, Щхьэныкъуэ, Щхьэдэ, Щынахъуэ, Хьэкъугъ, Пхъауэ, Жьанэ, Кужьу, Гъыш, Беикъуэ, Лу, Стащ, Хьэджакъуэ, Хъуацэ, Емызэш, Едыдж, Щхьэпс.
Ар-Русейфэ дэсхэр къэбэрдейщ. Ахэр псори унагъуэ 39-рэ мэхъу: Къэрэшей, Хьэвжокъуэ, Токъмакъ, Сейн (Щхьэгъэпсо), Къущхьэ, Шыбзыхъуэ, Молэ, Мыщокъуэ, Джырандокъуэ, Архъагъэ, Кхъуэжь, Быж, Пащты, Тыкъуэ, Тажджэ, Iэпщэ, ХьэIупщы, Алътуд, Елджэрыкъуэ, Джэшокъуэ, Къунаш, Сыжажэ, Къасым, ТIэф, Тхьэмокъуэ, Алътудыкъуэ, Махъцэ, Къуршэ, Щэбэт.
Нэхьури ар-Русейфи Адыгэ Хасэ 1961 гъэм къыщызэIуахащ.
Къэбэрдей жылэшхуэт Джэрэшыр. Нобэ абы адыгэу къыдэнэжар мащIэщ - я нэхъыбэр Амман Iэпхъуащ. Адыгэхэм Джэрэш тIысыпIэ яхуэзыщIар Мумэтмашэхэ я лIыжьт: «Псынэ IэфIхэр къыщыщIож, мэзи, бгыи, вапIи щыкуэдщ», - жери.
Джэрэш дэтIысхьат унагъуэ 80-м нэс: Хъущт, Дыгъужьокъуэ, Дыду, Дидан, Къашыргъэ, Уэтей, Жылокъуэ, Мысхъуэжь, Цагъэ, Хъуэст, ХьэцIыкIу, Щауэжь, Щоджэн, Iэхъуэмыхъу, Шыкуэ, Хъуран, ХьэIупщы, Мыкъуэжь, ШкIахъуэ, Маршэн, Бэкащ, КIэфо, ДзыхьмыщI, Тхьэнахъуэ, ЦIывынэ (ТIэш), КIэмпIарэ, Кацу, ЛIуп, Тыкъуэ, Къуршэ, Уэрэзей, Хьэжу, Къалэбатэ, Къардэн, ЛIыгуащIэ, Мэшыкъуэ, Мамхэгъ, Сейн, Сэрхъуэщ, Тажджэ, Тырку, Тхьэгъэзит, Къазмыхь, ТIыхъужь, Абазэ, Балъкъэр, Бешто, Бэлагъ, Бырс, Гъубжокъуэ, ГъукIэ, Думэныщ, Архэст, ДыщэкI, Жэмыхъуэ, Сэбанокъуэ, Занилэ, Мэлдыж, Зыхъуэ, Хьэрэтокъуэ, КIэщ, ШыкIэбахъуэ, ИмыкI, ШуцIыкIу, Шуужь.
Иужьрей мухьэжырхэр 1900 гъэм нэсащ. Абыхэм я нэхъыбэр Джылахъстэнейм къикIат. Гугъу ехьа, емынэми таломи къела гупышхуэр дэтIысхьащ Мухьэджрин зыфIаща къуэладжэм. Псэуалъэ щIынымкIэ абыхэм ядэIэпыкъуащ нэхъ пасэу хэхэс хъуа адыгэхэр, щIыхьэхум щыпажэхэт Къумыкъу Мырзэрэ Хьэвжокъуэ Мухьэмэдрэ.
1858 гъэм Амман дэтIысхьа шапсыгъ унагъуэхэр:
Хъымыщ, Шупашэ, Нэгъуч, ЩауэщIэ, Щэджащэ, IэщIэмыж, Шумыз, Хъущт, ХъупащIэ, Хьэгъур, Нэмрокъуэ, ПыIэхужь, Пхэнэхъу, ПщэкIэщI, Пщыхужь, ПщыпIытI, ПIэтIуэщ, Тэмыхъу, Хьэхъу, ХьэхъуратIэ, Натхъуэ, Лъостэн, Еныхъу, ЕхъулIэ, ЛъэцIэрыкъуэ, Къуийхьэжыкъуэ, Зэчэ, Бгъанэ, Хъурмэ, Ергъуж, IэкIэщI, БланэгъапцIэ, Хьэтыкъуей, Жьажьий, Теймаз, ТхьэилI, Хьэткъуэ, Мэлгуэш, Гъуанэджыкъуэ, Хьэтх, Iэбыдэ, ХъуэщIэбыдж, Мэлыш, Уэстэкъу, ЛIымахуэкъуэ, Шымнэкъу, ХьэтIанэ.
Къэбэрдей унагъуэхэу Амман псэупIэ щызыщIахэр:
Аброкъуэ, Абазэ, АфIэунэ, Ащнокъуэ, Балъкъэр, Бэрокъуэ, Бэвыжь, БищIо, Бырмамыт, Вэрокъуэ, Выхъуэ, Гуэщокъуэ, Гъубж, ГъукIэлI, Дэбагъуэ, Джатэжьей, Къардэн, Къалэжьокъуэ, Къунаш, Кхъуэхъу, Мэмчокъуэ, Нэгуэр, Пщыхъуэж, Теху, Тхьэбысым, Урыс (ФащIэ), Мамхэгъ, ЛампIэжь, Алъэсчыр, Къул, Къуршэ, Щокъарэ, Шурдым, ЦIыпIынэ, Къумыкъу, Хьенэ, Мэшыкъуэ, Шыд, Шыкъым, Къущхьэ, ШкIахъуэ, ЛIуп, Хьэгъундокъуэ, Цей, АфэщIыж, Молэ, Кхъуэнэ, МафIэдз, Лий, Къэпшорэ, Чым, КIэрэф, Къанокъуэ, Нэгъуд, Нэгъуей, Теунэ, Тыкъуэ, ФIыцIэхъу, Хьэвжокъуэ, Хьэмдэхъу, Хьэщэ, Хъурмэ, Хъутат, Щоджэн, Щэрмэт, Щолэхъу, Щынахъуэ, Хьэтыкъуей, БжэныкIэ, Къэзан, КъуэщIысокъуэ.
Мухьэджрин хьэблэм дэтIысхьа Джылахъстэней унагъуэхэр:
Ансыкъуэ, Батыр, Бэчыжь, Балъкъэр, Борэн, Бжьыней, Бжьэнокъуэ, Токъу, Уэрдым, ГъукIэпщ, Дадыхъу, Сэбаншы (Дохъукъан), Джэшокъуэ, Емызэш, Ервас, Жамборэ, Жылау, Къандур, Къамбэчокъуэ, Къанкъуэщ, КIэрашэ, Къуэдзокъуэ, ЛампIэжь, Умар, Хьэбылэ, Хьэмыку, Хьэткъут, ХьэпIытIэ, Шэт, Щанэ, Тхьэкъуахъуэ, ГъукIэ, Быкъуэ, КIэрыплъэ, Уэркъ, Пасэжь, КIыщ, Къэзан, Молэ, Хъуэст, Цей, Шэджэм, Нащхъуэ, Мамщокъуэ, Турзокъуэ, Абеикъуэ, Бешто, Борей, ЛIырыж, Тэжэр, Зокъуэ, ПщыукI, БжэныкIэ, Шыд, Гъулджокъуэ, Умэт, Сыжажэ, Думэныщ, Хьэкъул, Мыд, Дурэ.
Израилым адыгэ къуажитI исщ - Кфар-Камэрэ Рихьаниерэ. Кфар-Камэм дэсхэр шапсыгъхэщ, я бжыгъэр 2000 мэхъу. Рихьанием щопсэу абэзэхэ 1000 хуэдиз.
1878 гъэм иужькIэ адыгэхэр ПалестинэкIэ зэджэ щIыналъэм къэIэпхъуэу хуежьащ. Ахэр Галилеем деж къыщызэтеувыIэри, а щIыпIэр псэупIэ ящIащ.
Кфар-Камэ дэсхэр щIы гектар 850-м толэжьыхь, къуажэм Адыгэ Хасэ, сымаджэщ, курыт еджапIэ дэтхэщ, жыг хадэ дахэ щагъэкIащ.
Рихьанием псы зыщIэбгъэлъадэ хъун щIыгу иIэкъым. Абы къыхэкIыу мэкъумэшым елэжьыр мащIэ дыдэщ. Жылэдэсхэм я нэхъыбэр нэгъуэщI къуажэ е къалэ щолажьэ. КъыжытIэнти Кфар-Камэ дэсхэм я унэцIэхэр: ЛIыIув, ЛIыбей, ГуэрыкIуэжь, Хьэхъу, Выщхьэ, Нэпсо, Щоджэн, Хьэтыкъуей, Абрэдж, Ацумыжь, Батэ, БланэгъапцIэ, Бгъанэ, Куэблэ, ХъутIыжь, Натхъуэ, Нагуэ, Тхьэухъуэ, ХыдзэлI, Хьэжы, Щэджащэ, Щхьэлахъуэ, ТIэф, ЛIыхъужь, Къуаджэ, ПIытIыжь, Къарзэдж.
Кфар-Камэрэ Рихьаниемрэ дэт пэублэ еджапIэхэм еханэ классым нэс адыгэбзэр щрагъэдж. Курыт еджапIэм иврит, инджылызыбзэ, хьэрыпыбзэ щадж. Ебланэ классым щегъэжьауэ цIыкIухэм адыгэ литературэр ядж.
Рихьаниерэ Кфар-Камэрэ щыпсэу адыгэхэр куэдрэ зэкIэлъокIуэ, зэхуэгуапэу мэпсэу, лъэпкъ Iуэхум зэкъуэту хуолажьэ.
Кфар-Камэ дэт Адыгэ Хасэм куэд щIауэ емышыжу хэтщ Щоджэн Ехья. Абы адэжь Хэкум щыпсэухэм хъыбар яригъэщIащ «Израиль адыгэхэр» зыфIаща маркэр дунейм къызэрытехьамкIэ. 1989 гъэм щIышылэ мазэм и 13-м а маркэм япэу дыдэ пощт мыхъур щытрагъэуар Кфар-Камэщ.
Рихьание дэт еджапIэм и унафэщI Къарзэдж Iэсхьэд и тхылъхэмкIэ яджыж Израилым ис адыгэхэм я лъэпкъ тхыдэр. Iэсхьэд Къэбэрдейми, Адыгейми, Шэрджэсми щыIащ, Кавказыр джынымкIэ Тель-Авив щылажьэ центрым и унафэщI, профессор Ицхак Давид и гъусэу. А щIалитIым я фIыгъэкIэ Израилым 1993 гъэм къыщызэIуахащ Адыгэ-Журт щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ я институтрэ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и къудамэрэ.
Сауд Хьэрыпми адыгэ уащрохьэлIэ. Куэд щIауэ щыпсэурэ ди хэкуэгъухэр бегъымбар щIыналъэм? Япэ адыгэ гупыр, цIыху 400 хуэдиз хъууэ, Саудым щыIэпхъуар 1967 гъэм и ужькIэщ, Сирием, Иорданием икIри. Ахэр сытым нэхъ елэжьрэ жыпIэмэ, хэт ухуакIуэщ, хэти егъэджакIуэщ, инженерщ, диным пылъщ е дохутырщ.
Сауд Хьэрыпым щыпсэу адыгэхэм Хасэ яIэкъым, ауэ зэдэIэпыкъунымкIэ псапащIэ фонд щыIэщ.
Къэралым и къалащхьэ Эр-Риад адыгэу 150-рэ щопсэу, Джиддэ - 10, Мэккэ - 50, Мадинэ - 11, Даман - 30. Губгъуэрысхэм я гъусэу жылагъуэ цIыкIухэми дэсщ ди лъэпкъэгъухэр. Саудым щыпсэу адыгэ унагъуэхэр: Багъхэ, Къэзанхэ, Аргъышхэ, Гъышхэ, Лъысхэ, Шагужьхэ, Щауэжьхэ, Щоджэнхэ, КIэрэфхэ, Хьэгъурхэ, Бабынэхэ, нэгъуэщIхэри.
Дагъыстэн лъэпкъхэм къахэкIауэ цIыху 200-м щIигъу Мадинэ дэсщ. Абыхэм я адэшхуэхэр щихъ Щамил и гъусэу бегъымбар щIыналъэм кIуэгъат. Шэшэнхэри мымащIэу а къалэм дэсщ.
ИпэкIэ зэрыжытIащи, тыркухэм я гъэпцIагъи хэлъщ адыгэхэр Хэкум зэрикIам. Абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр зыт: Уэсмэн пащтыхьыгъуэр лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ зауэм зэщIищтат. Югославиер, Алыджыр, Болгариер, Албаниер, хьэрыпхэр я хуитыныгъэм щIэзэурт. Тырку сулътIаным зауэлI хахуэхэр къемэщIэкIырт. Ар фIыуэ щыгъуазэт адыгэхэм я хъыжьагъэм, абы ищIэрт адыгэ шууейхэм къатекIуэн зэрыгъуэтыгъуейр.
Урыс пащтыхьми Кавказ бгы, тафэ берычэтхэр нэхъ щIэхыIуэу къыIэрыхьэну хуейт. Абы и дамэщIэт генералхэми, зауэ хьэлъэр къаIэщIэужэгъуати, Шэрджэсым, Дагъыстэным, Шэшэным ис бгырысхэм Хэкур ябгынэмэ е псынщIэу Iэщэр ягъэтIылъмэ я гуапэт. Мис а псори зэпалъытри, тырку сулътIан Абдул-Хьэмидрэ урыс пащтыхь Александр ЕтIуанэмрэ тыншу зэгурыIуащ: «Уэ гъэпцIагъэкIэ ибош, сэ IэщэкIэ изоху», - жаIэри.
Муслъымэн диным зэрихьэрэ куэд мыщIа адыгэ гупцIанэхэм я нэхъыбэм я фIэщ хъуащ «тыркущIыр ислъамым и бэракъ щхъуантIэм щIэт псоми хухаха щIыналъэу» щыту.
Хэхэс хъуахэр къызэрагъэгугъамрэ къылъагъэсамрэ шурэ лъэсрэ я зэхуакут. Ахэр пшахъуэ, ятIагъуэ щIыпIэхэм щагъэтIысырт е езы тыркухэр зыпэмылъэщыж лъэпкъхэм хагъэтIысхьэрт. «Кавказым фыкъизыхуа урысыжьхэм я Iыхьлыхэщ мы фи гъунэгъущIэхэр, я щхьэ къевмыгъэIэт, дэвгуэ, фпIытI», - апхуэдэу ягъэIущырт адыгэхэр.
Балкан хытIыгу ныкъуэм адыгэхэр зэрыщыпсэуам икIи зэрыщыпсэум теухуауэ тхыгъэ мащIэщ щыIэр. Апхуэдэу щыхъукIи, зы зэман гуэрым абы иса адыгэхэм я бжыгъэр мин 200-м нызэрыхьэсырт.
Илъэс блыщI ипэкIэ Австрием щыщ еджагъэшхуэ Густав Буллемэр Югославием щыIащ. Абы нэхъыбэу къызэхикIухьар Косовэ Губгъуэрщ. Буллемэр и тхыгъэхэр а гъэ дыдэм къытрыригъэдзэжащ Венэ къыщыдэкI «Географие хасэм и хъыбархэр» журналым.
Адыгэхэм я гъащIэм, я псэукIэм гупсэхуу кIэлъыплъа еджагъэшхуэм ди лъэпкъым и тхыдэжьым и мызакъуэу, я иджырей тхыдэри фIы дыдэу ищIэрт.
Ар щыгъуазэт адыгэхэм къалъэIэса гузэвэгъуэшхуэм икIи, абы зэритхыжымкIэ, 1864 гъэм и закъуэ Азие ЦIыкIум и кхъухь тедзапIэхэм адыгэ мин 500 щитIысыкIащ. А бжыгъэшхуэм щыщу мини 150 - 200-р Фракием и къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ ягъэкIуащ. ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм и кIэм адыгэ тIысыпIэ куэд иIащ Родос, Серас къалэхэу Мрамор тенджызым пэгъунэгъухэм. Абы къищынэмыщIауэ, ахэр Ломрэ Томокрэ я кум дэлъ тафэм, Илисрэ Пиротрэ къабгъурылъ щIыхэм тегуэшауэ тесащ. АдэIуэкIэ уIэбэжмэ, адыгэхэм сербхэм я щIы гъунапкъэжьым къыпылъ Косовэ Губгъуэр яIыгъащ. НэгъуэщI тIысыпIэхэр хэхэсхэм Прокуплым пэгъунэгъуу щыIэ Томлинэ щIыпIэм щаубыдащ. Адыгэ къуажэхэу Суви, Дон, ТуларкIэ зэджэхэм Брусэ-Капоник бгы дэкIыпIэр яхъумэрт. Абы и закъуэтэкъым. Адыгэхэм Лабэ, Моравицэ, Вардорэ, Секке псыхъуэхэм биидзэ къыдагъэхьэртэкъым.
Косовэ Губгъуэм щитIысхьэм, адыгэхэм е щхьэхуэ дыдэу псэупIэ щызрагъэгъуэтырт, е серб къуажэхэм ябгъурытIысхьэрт. Буллемэр и гъуса лэжьакIуэхэм ящыщ зым - Тюмлер - зэхуэхьэса хъуа тхыгъэхэмкIэ къуажэхэм я картэ ищIауэ щытащ.
Косовэ Губгъуэм адыгэ къуажэу исар 23-м нэсырт. Нэхъ иныIуэр СлавоваскIэ зэджэрт. Абы унагъуэ щитIым щIигъу дэсащ. Хьэмидей, Мэжджыт, Пэгъуэгъунэ къуажищми зэхэту унагъуэ 300-м нэс щыпсэуащ. Адрейхэр нэхъ цIыкIут. Къапщтэмэ, Черкес Садовинэр унагъуэ хыщIт зэрыхъур, Дуней Ливокыр - щэ ныкъуэт.
Хэхэсхэм щIыпIэхэр ягу ирихьакъым, куэд дыди дамыгъэкIыу зыкъаIэт, нэхъ псэупIэфI къратыну къагъэуву, ауэ ахэр къарукIэ ягъэсабырыжри, зэрыс Косовэ Губгъуэм къранэж.
1877 - 1878 гъэхэм урыс-тырку зауэм лъэныкъуитIми щыщу адыгэ куэд хэтащ. Зауэ нэужьым Ниша-Прокупле щIыпIэм адыгэ зыри къинэжакъым. Апхуэдэу щIэхъуари абыхэм я хэщIапIэр зэраубыдарщ. 1900 гъэм Косовэ Губгъуэм къинэжа адыгэм я бжыгъэр 6500-м нэс къудейт. Нэхъыбэу бгырысхэр елэжьт Iэщ гъэхъунымрэ дыщэкIынымрэ.
Балкан зауэр (1912) зэриухыу адыгэ куэд аргуэру Югославием йоIэпхъукIыж. Белград щыщ еджагъэшхуэ профессор Гиоргиевич К. щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, абы иужькIэ Косовэ Губгъуэм къинар унагъуэ зыбжанэ къудейщ. Ауэ Буллемэр и нэкIэ псори зригъэлъагъури, Iуэхур зытетыр итхыжащ. Абы къызэрилъытэмкIэ, Гиоргиевич К. къигъэлъэгъуа бжыгъэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэщ Косовэ Губгъуэм ис адыгэхэр.
АтIэ Лабэрэ Ситницэрэ я Iуфэхэм Iус Черкеской къуажэм дэс унагъуэ 62-м щыщу 50-р адыгэт. Псори зэхэту цIыху 200-м щIигъурт. А псыхъуэ дыдэм дэс Великэ Рекэ къуажэми адыгэ унагъуэ куэд щыпсэурт.
Черкескойр Косовэ Губгъуэм ис адрей жылэхэм къащхьэщыкIыу щытт. Ар япэ дыдэу къэзыгъэлъагъуэр къуажэкхъэрт. Абы ит сынхэм тетхэр хьэрыпыбзэкIэщ зэрытхар, езы къуажэми зы мэжджыт мыин дыдэ дэтт, къатитIу зэтет унэм бгъэдэту. А унэр адрейхэм къахэщырт, абы нэхъ лъагэрэ нэхъ дэгъуэрэ къуажэм дэттэкъым.

Къумыкъу Мырзэ

Къандур Изэт Мухьэмэд Реза Пехлевир

Бырмэмыт Фэуаз

Бырмэмыт Фэуаз Тайваным лIыкIуэу макIуэ.

(КъыкIэлъыкIуэнущ).

ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд.
Поделиться: