Iулъхьэм нэхъ ерыщу пэщIэтыпхъэщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Прокуратурэм щекIуэкIащ ещанэ форум зэIуха. Iулъхьэм пэщIэтыным и дунейпсо махуэм иригъэхьэлIауэ къызэрагъэпэща зэIущIэр теухуат Къэбэрдей-Балъкъэрым коррупцэм зэрыщебэным кърикIуахэм.
Форумым хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм Коррупцэм пэщIэтынымкIэ и управленэм и унафэщI Нэгъуей Аслъэн, Парламентым законностымрэ хабзэмкIэ и комитетым и тхьэмадэ Кривко Михаил, сату-промышленнэ палатэм и унафэщI ГъукIэлI Хьэсэн, хьэрычэтыщIэ мащIэмрэ курытымкIэ «Опора России» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Къылшыкъуэ Альберт, КъБР-м и промышленникхэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ я союзым и президент Хьэжу Владимир, МэкъумэшыщIэ (фермер) хозяйствэхэм, Налшык къалэм ХьэрычэтыщIэхэм я ассоциацэхэм я правленэхэм я унафэщI ГуэбэщIыкI Жантемыр, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и деж щыIэ ЩIалэгъуалэ советым и унафэщI Шэджэмокъуэ Оксанэ, республикэ, щIыналъэ прокуратурэхэм я лIыкIуэхэр.
КъБР-м и прокурор Жариков Олег зэIущIэр къызэIуихри, жиIащ форумым зыщыхэплъэну коррупцэм пэщIэтыным ехьэлIа псалъэмакъыр зэIухауэ зэрыщытынур. ЗэфIагъэкIа лэжьыгъэм и гугъу щищIым къыхигъэщащ къэрал властымрэ щIыпIэ самоуправленэмкIэ IэнатIэхэмрэ купщIафIэу зэрыхэтыр къэрал, муниципальнэ аппаратыр егъэфIэкIуэным, къулыкъущIэхэм я хуитыныгъэхэмрэ къалэнхэмрэ узэщIауэ, абыхэм я лэжьыгъэр зэIухауэ щытыным теухуауэ къапэщытхэр зэфIэхыным. Iулъхьэ тын-къеIыхыным пэщIэтыныр, сыт щыгъуи хуэдэу, гулъытэ хэха зыхуэщIыпхъэу къонэж. Жариковым жиIащ, итIанэми республикэм коррупцэр зэрыщызекIуэр икIи ар лъэпкъымрэ Урысейм и сэбэп зыхэлъхэмкIэ шынагъуэхэм язу зэрыщытыр.
Iуэхум зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ КъБР-м и прокуратурэм коррупцэм пэщIэтынымкIэ законодательствэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъынымкIэ къудамэм и унафэщI Жамырзэ Артур. Абы зэрыжиIамкIэ, 2018 гъэм и мазибгъум къэрал, муниципальнэ къулыкъущIэхэм коррупцэм пэщIэтынымкIэ законодательствэм къигъэувхэр гъэзэщIэнымкIэ хабзэр уэим зэращIыр нэхъ мащIэ хъуащ - 522-рэ, нэгъабэ и апхуэдэ лъэхъэнэм - 722-рэ. Я хэхъуэр зыхуэдизыр, ягъэкIуэдыр, я мылъкур зэIухауэ къэгъэлъэгъуэнымкIэ коррупцэм пэщIэт хабзэр 1419-рэ къызэпаудауэ къыщIагъэщащ икIи жэуапым ирашэлIащ къэрал, муниципальнэ къулыкъущIэ 749-рэ. Iулъхьэхэм пэщIэт экспертизэм пхыкIа норматив-правовой акт 4119-м ящыщу 417-м (нэгъабэ 370-м) коррупцэ Iуэху къыхэщырт. Коррупцэм ехьэлIа щIэпхъаджагъэ 247-рэ ятхащи, абыхэм ящыщу 65-р хьэлъэ дыдэщ, 120-р Iулъхьэ къеIыхыным пыщIащ.
Жамырзэ Артур къызэрыхигъэщамкIэ, коррупцэм ехьэлIа, нэгъуэщIу ялэжь хабзэншагъэхэр къэмыгъэхъунымкIэ жэуап зыхь органхэм, IэнатIэхэмрэ къулыкъущIэхэмрэ, къулыкъу зехьэкIэм къигъэувхэм тетынымрэ я сэбэп зыхэлъхэм теухуа зэныкъуэкъуныгъэхэр зэфIэхынымкIэ комиссэхэм я лэжьыгъэр къыхуагъэувхэм пэлъэщыркъым.
КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм Коррупцэм пэщIэтынымкIэ и управленэм и унафэщI Нэгъуей Аслъэн кIэщIу къытеувыIащ зытепсэлъыхь Iуэхум, коррупцэм пыщIа хабзэншагъэхэр къэмыгъэхъунымкIэ зэфIагъэкIхэм кIэлъыплъ комиссэхэм я лэжьыгъэм.
МэкъумэшыщIэ (фермерхэм), Налшык къалэм ХьэрычэтыщIэхэм я ассоциацэхэм я правленэм и унафэщI ГуэбэщIыкI Жантемыр КъБР-м и Прокуратурэм и Жылагъуэ советым фIыщIэ хуищIащ ар къызэрызэрагъэпэщрэ бизнес-сообществэм ведомствэм и дэIэпыкъуныгъэ зэригъуэтым папщIэ. Къыхигъэщащ къулыкъущIэхэр зэрызэIухам, абыхэм я деж узэрынэсыфым ахэр я IэщIагъэм куууэ хэзыщIыкIыу, къэхъу гугъуехьхэр псынщIэу зэфIэхыным зэрыхуэхьэзырыр къызэригъэлъагъуэр. Апхуэдэуи ар къытеувыIащ гу зылъытапхъэу къилъытэ Iуэхухэм.
Республикэ Парламентым законностымрэ хабзэмкIэ и комитетым и тхьэмадэ Кривко Михаил жиIащ кIэлъыплъыныгъэ органым гу зылъытапхъэу къигъэлъагъуэхэри къалъытэу прокуратурэм пыщIэныгъэ узэщIа зэрыхуиIэр. Къызэрыхигъэщащи, апхуэдэ IуэхумкIэ КъБР-м и Парламентыр къэралым щынэхъыфIхэу 10-м ящыщщ - абы къыхилъхьа законопроектиблыр щIыналъэми хуэдэу, федеральнэ законодательствэми къыщащтащ.
ЗэIущIэм хэтахэм форумыр зытраухуам ехьэлIа я Iуэху еплъыкIэхэр жаIащ, гу нэхъ зылъытапхъэу къалъытэхэм тепсэлъыхьащ, жэрдэм пыухыкIахэри къыхалъхьащ.
Республикэм и ЩIалэгъуалэ советым щыщу зэIущIэм кърихьэлIахэр жыджэру хэтащ коррупцэм пэщIэтыным теухуа псалъэмакъым. Абыхэм я Iуэху еплъыкIэхэри къаIуэтащ, упщIэхэри я куэдт.
 Форумыр щызэхуащIыжым Жариков Олег жиIащ зэIущIэм къыщагъэлъэгъуа ныкъусаныгъэхэр, гу зылъытапхъэу къыщалъытахэр, жылагъуэ институтхэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм, къэрал властымрэ щIыпIэ самоуправленэмрэ я IуэхущIапIэхэм ящIыгъуу, прокуратурэм и лэжьыгъэм къызэрыщагъэсэбэпынур.
«Коррупцэм ебэныным узэщIауэ икIи зэгъэуIуауэ убгъэдыхьэмэ, абы узэрыпэщIэтым нэхъри зеIэт», -  жиIащ республикэм и прокурорым.

УАРДЭ Жантинэ.
Поделиться: