Африкэ Ипщэм къыщыунэхуа адыгэ вагъуэ

Куэдым ящIэу къыщIэкIынкъым каратэ-до спорт лIэужьыгъуэмкIэ ди къэралым щыщу япэу дунейпсо чемпион хъуар зэрыадыгэ щIалэр. Ар 1972 гъэм фокIадэм (сентябрым) и 1-м Тырныауз къалэм къыщалъхуа Гуэбэшы Аслъэнщ.

1996 гъэм и щэкIуэгъуэ (ноябрь) мазэщ. Африкэ Ипщэ Республикэм и Сан-Сити щIыпIэ телъыджэм каратэмкIэ дунейпсо чемпионат щокIуэкI. Къэрали 100-м щIигъум къикIа спортсмен лъэщхэр ерыщу дыщэм щIэбэныну зыхуагъэхьэзыр.
- Сыщызэуэнум и пщэдджыжьым гукъыдэж бэлыхь сиIэу сыкъэушащ. Си ныбжьэгъухэмрэ сэрэ дыздэгушыIэрт, дызэрыгъэгушхуэрт. АбыкIэ сэбэп къытхуэхъуауэ къыщIэкIынущ нэхъапэм зэи дыздэщымыIа Африкэ Ипщэ жыжьэм дунейр хуэнэжэгужэу нэху къызэрекIар, - игу къегъэкIыж Гуэбэшы Аслъэн. - Пщэдджыжьышхэ тщIыри, зэхьэзэхуэр щекIуэкIыну спорт комплекс абрагъуэр къэтплъыхьыну дыкIуащ. Абы сызэрыщIыхьэу, си щхьэм икIэрэхъухьу щIидзащ мыбы нэс сыкъэщIэкIуам и щхьэусыгъуэр - дунейпсо чемпионыгъэм сыщIэбэнырт. Сэ къысщыгугъырт Iыхьлыхэр, благъэхэр, ныбжьэгъухэр, гъунэгъухэр, сыкъэзыцIыху къудейхэр, къэралым и командэ къыхэхам къыздыхэтхэр, си гъэсакIуэхэр. Ар жэуаплыныгъэшхуэ дыдэт. Си тренер Криваковский Сергей гу къыслъитэри, пIейтеиныгъэр зэрысщхьэщихыным, сызэрытригъэгушхуэным, си зэфIэкI псори къэзгъэлъэгъуэн папщIэ сщIэн хуейхэм иджыри зэ сыхигъэгъуэзэну хущIэкъуащ.
IэщIагъэлI Iэзэм ар къызэрехъулIам шэч хэлъкъым: Гуэбэшы Аслъэн утыкум къихьащ зэщIэкъуарэ тегушхуэныгъэ хэлъу. Япэу къыпэщIэува, Мексикэмрэ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм къикIахэмрэ бжыгъэ зэщхькIэ, 6:1-уэ, хигъэщIащ. Каратэ-до спорт лIэужьыгъуэмкIэ зэпеуэр зэрекIуэкIыр зым баллих къихьыхукIэщ.
Ещанэу и хьэрхуэрэгъур Европэм и чемпион инджылыз щIалэт. Абыи зэрелIэлIэща щыIэкъым, 6:2-уэ текIуащ. Нэрылъагъут Гуэбэшы Аслъэн а текIуэныгъэхэм нэхъри къызэрызэщIигъаплъэр. А дакъикъэхэм ар къызэтезыгъэувыIэфын щымыIэу къыпщыхъурт.
ГъэхутапIэ нэс хуэхъуащ каратэр къыщежьа Японием и лIыкIуэм зэрезэуар. КъищынэмыщIауэ, ар дуней псом и чемпионыгъэр зыIэщIэлът.
ПсынщIэ дыдэу бжыгъэр 5:5 хъуащ. Зы балл закъуэ къэзыхьыжыр адэкIэ дыщэм щIэбэнынущ.
- Сэ къызгурыIуэрт япон щIалэм и дэтхэнэ ебгъэрыкIуэныгъэми балл зэрыхуагъэувынур, - топсэлъыхьыж а зэман жыжьэм къэхъуахэм Гуэбэшыр. - Апхуэдэу къэмыхъун папщIэ, япэ зизгъэщри, сытегуплIащ. Хуэфэщэн жэуап къызитыну зыщигъэхьэзырым, тIэунейрэ зэкIэлъхьэужьу и щхьэм IэкIэ сызэкIэлъеуэну къызэхъулIащ.
Дунейпсо чемпионыгъэр зыIэщIэлъым 6:5-уэ ефIэкIри, ар иригъэкIуэтэкIащ. Адрей къэнахэри нэхъ хуэмыхутэкъым - адэкIэ медалхэм щIэбэнынут.
Финал ныкъуэм швед каратистыр къыщыпэщIэтащ. ИпэкIэ щыIа зэIущIэхэми хуэдэу, ари хухаха зэманыр имыкI щIыкIэ хигъэщIащ. Бжыгъэр 6:2-т.
КIэух зэIущIэр, дауи, нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэращ. Абы щытекIуэр дунейпсо чемпионщ. Ди къэралым иджыри къэс апхуэдэ зэи иIатэкъым. Лъагъуэхэш хъуну Тырныауз щыщ адыгэ щIалэр? Дунейпсо чемпионыгъэм щIохъуэпс Аслъэн и хьэрхуэрэгъу Словакием къикIари. Ар щIалэгъуалэм щынэхъ лъэщхэм ящыщщ, Европэм и вице-чемпионщ.
Финалым зэрыщызэзауэр нэгъуэщIущ - зэхьэрхуэрэгъухэр хуабжьу мэсакъ, щыуэнкIэ шынэу. Абы тетыну къыхураджами, Гуэбэшы Аслъэн апхуэдэу имыщIыну и мурадщ. Адрей зэIущIэхэми хуэдэу, ар мыувыIэу йобгъэрыкIуэ. Апхуэдэ текъузэныгъэр словакым куэдрэ хуэхьакъым. 6:1-м бжыгъэр псынщIэу нигъэсри, Гуэбэшыр дунейпсо чемпион хъуащ! Ар ехъулIэныгъэ гъуэзэджэт, ди къэралым зэи щамылъэгъуауэ.
- Дунейпсо чемпион сызэрыхъуар щызыхэсщIар сыхьэт зыщыплI дэкIауэщ, - жеIэ Аслъэн. - Ар къыппкърыхьэн папщIэ уупщIыIужын, узыхэта бэнэныгъэ гуащIэм уи псэмрэ Iэпкълъэпкъымрэ къыхэкIыжын хуейщ. ИтIанэщ зыгуэрхэм уегупсысыну Iэмал ущиIэр. Япэу си щхьэм къихьар къысщыгугъахэр зэрызмыгъэщIэхъуаращ.
Ди къэралым щыщу япэ дунейпсо чемпионыгъэм Гуэбэшы Аслъэн тыншу хуэкIуауэ пхужыIэнукъым. Совет Союзым и лъэхъэнэм каратэр хуит ямыщIа спорт лIэужьыгъуэт. Къалъытэрт ар еIуящIэхэм щIэпхъаджагъэ зэралэжь Iэмалу. Абы щхьэкIэ къэмынэу, гъэпщкIуауэ куэдым зыхуагъасэрт, дихьэххэм я бжыгъэми хэхъуэ зэпытт. Арати, 1989 гъэм и кIэухым - 1990 гъэм пэщIэдзэм хуит ящIын хуей хъуащ, къэралым къыщежьа зэхъуэкIыныгъэхэм яжь къыщIихури.
Аслъэн спортым дезыгъэхьэхар дзюдоращ. Илъэсрэ ныкъуэкIэ Саркисян Левон и деж зыщигъэсащ. Ар республикэм икIыжа иужькIэ, каратэм хыхьащ икIи Къумыкъу Юрэ и нэIэм щIэту япэ лъэбакъуэхэр ичащ.
А къуэкIыпIэ спорт лIэужьыгъуэм зыхуагъэсэну хуит ящIа иужькIэ, дэнэкIи секцэхэр къыщызэIуахыу щIадзащ. Апхуэдэхэм ящыщ зым гъащIэм щызэхуишащ тренер гъуэзэджэ Криваковский Сергейрэ къэкIуэну дахэ зиIэ щIалэщIэ Гуэбэшы Аслъэнрэ.
Каратэм зыхуигъасэми, Аслъэн япэу утыкушхуэ къызэрихьар Iэпщэрызауэращ. Грознэ къалэм ар щыхэтащ Совет Союзым и ныбжьыщIэхэм я чемпионатым. ИкIи занщIэу чемпион хъуащ! КъыкIэлъыкIуэ илъэсми дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ. Чебоксары къалэм ар балигъхэм я деж щытекIуащ СССР-м IэпщэрызауэмкIэ и чемпионатым.
1991 гъэм къыщыщIэдзауэ зыхэтар каратэмкIэ зэхьэзэхуэхэращ. А илъэсым пашэныгъэр щиубыдащ Инджылызымрэ Ирландие Ищхъэрэмрэ щекIуэкIа зэпеуэ инхэм. Абыхэм кърихьэлIат дунейм и каратист нэхъ лъэщхэр. Гуэбэшым Iэмал игъуэтащ а спорт лIэужьыгъуэм и унэтIыныгъэ зэмыщхьхэм зыхигъэгъуэзэну, нэхъ къыхуэщхьэпэну къыщыхъухэр зригъэщIэну. Нэмыцэхэм, инджылызхэм, франджыхэм, испанхэм, псом хуэмыдэу японхэм, щхьэж и зэуэкIэ хьэлэмэт иIэжт, псори зы хабзэм къизэгъэжу. Абыхэм япэщIэтурэ икIи хигъащIэурэ Аслъэн и Iэзагъым хигъэхъуащ. Хуабжьу сэбэп къыхуэхъужащ нэхъапэм дзюдомрэ самбэмкIэ зэрызигъэсар икIи тIумкIи спортым и мастерым и кандидатым и мардэхэр зэригъэзэщIар.
АрщхьэкIэ, къызыхэкIари имыщIэу, иужькIэ илъэситхукIэ ехъулIэныгъэхэр лъэныкъуэкIэ къыпекIуэкIащ. ЛIыпIэ зэриувэм зыкъригъэщIауэ къыщIэкIынущ.
- Урысейм ущыщу дунейпсо зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм ущытекIуэн папщIэ уи хьэрхуэрэгъухэм щхьитIкIэ уефIэкIын хуейщ, - къыддогуашэ Гуэбэшы Аслъэн. - Адрей къэралхэм каратэм хуабжьу зэрызыщиужьар къэплъытэмэ, ар хуабжьу гугъущ икIи къомыхъулIэфыну къыпщыхъу Iуэхугъуэщ. Судьяхэм, зыми и лъэныкъуэ ямыубыдыну хэтми, нэхъапэм текIуэныгъэ ин зиIахэм зыдащIын хуей мэхъу. Абы ищIыIужкIэ, ахэр уи хьэрхуэрэгъум дэщIмэ, ухагъэщIауэ къалъытэнущ, узэрефIэкIар наIуэу щытми.
Апхуэдэу Гуэбэшым къыщыщыщIа куэдрэ къэхъуащ. АрщхьэкIэ, нэхъ игу къинэжар и зэранкIэ къыхагъэщIауэ зэрыщытарщ.
- 1993 гъэм Европэм и чемпионатым и финалым сыщызауэрт, - жеIэ абы. - Си хьэрхуэрэгъу нэмыцэ щIалэм 3:0-у япэ ситщ, зэIущIэр иухыным секунд тIощI къэнэжауэ аращ. Абдежым си гум щIыIэ-щIыIэу къэкIащ ар къызэрыстекIуэфынур - апхуэдизкIэ сешати, си лъэм сиIыгъыжыртэкъым. Арати, къэнэжа зэман кIэщIым баллиплI сфIихьри, сыхигъэщIащ икIи Европэм и чемпионыгъэм секунд тIощIым къриубыдэу сыхэкIыжащ.
Къарур зэгъэзэхуауэ къэгъэсэбэпын зэрыхуейр къыщыбгурыIуэр нэхъыбэ къэбгъэщIэхукIэщ. Гуэбэшы Аслъэни ар зыхилъхьащ и ныбжьыр илъэс тIощIрэ плIым щынэсым. Абы и фIыгъэкIэ, телъыджэу зыкъыщигъэлъэгъуащ 1996 гъэм Африкэ Ипщэ Республикэм и Сан-Сити щIыпIэм щекIуэкIа дунейпсо чемпионатым.
Гуэбэшым и ехъулIэныгъэр щаIэтым хьэщIэ лъапIэ куэд кърихьэлIат. Абыхэм яхэтащ Урысейм КаратэмкIэ и федерацэм и тхьэмадэ Орлов Юрий.
- КаратэмкIэ дунейпсо чемпион ухъуным къикIыр сыт? - еупщIат ар къызэхуэсахэм къыщыпсалъэм. ИкIи жэуапыр езым иритыжащ. - А Iуэхугъуэр хуэбгъадэ хъунущ Урысей Федерацэм футболымкIэ и командэ къыхэхар дунейпсо чемпион хъуным. Апхуэдэ ехъулIэныгъэ ин къытхуихьащ Гуэбэшы Аслъэн.
КаратэмкIэ дунейпсо чемпионыгъэр япэу ди къэралым къыхуэзыхьа адыгэ щIалэм пхиша лъагъуэм иужькIэ нэгъуэщIхэри ирикIуащ. АрщхьэкIэ, Гуэбэшы Аслъэн и ехъулIэныгъэм абыхэм яйхэр пхухуэгъэдэнукъым: лъагъуэхэшым и пщIэри мыхьэнэри сыт щыгъуи нэхъ инщ.
Ди жагъуэ зэрыхъущи, дунейпсо чемпион хъуа иужькIэ, Аслъэн куэдрэ утыку къихьэжакъым. Щхьэусыгъуэр - и Iэм игъуэтауэ щыта фэбжьым нэхъ зыкъригъащIэ зэрыхъуарщ. Апхуэдэу къыщыщIидзым, Налог полицэм и федеральнэ къулыкъум Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм лэжьэн щригъэжьащ. ИлъэсихкIэ абы хэтауэ, икIи майор хъуауэ, къафIыхэкIыжри, каратэмкIэ гъэсэныгъэ IэнатIэм пэрыхьащ.
Ди республикэм а спорт лIэужьыгъуэм и лъабжьэр щызыгъэтIылъа икIи и тренер гъуэзэджэу щыта Криваковский Сергей Санкт-Петербург Iэпхъуэжа иужькIэ, ар зыпэрыта Къэбэрдей-Балъкъэрым КаратэмкIэ и федерацэм и тхьэмадэ къулыкъур тренерхэм я зэхуэсым къыщыхуагъэфэщащ дунейпсо чемпионым. Езыр зэгуэрым дэзыхьэхауэ щыта, пщIэрэ щIыхьрэ къыхуэзыхьа, хабзэ, зэхущытыкIэ дахэ щызекIуэ къуэкIыпIэ зэуэкIэр щIэблэм яхэпщэнымкIэ иджыпсту лэжьыгъэшхуэ зэфIегъэкI дунейпсо классымкIэ спортым и мастер, категорие ищхьэ зиIэ тренер Гуэбэшы Аслъэн. Абы и гъэсэнхэм увыпIэ лъагэхэр къыщахь зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым.

ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
Поделиться: