ФIым къимыхьар Iейм къишэнукъым

Мамхэгъ Михаил КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм икIэщIыпIэкIэ иригъэкIуэкIа 12-нэ зэхуэсыгъуэм щыжиIахэм щыщ

Ныбжьэгъу лъапIэхэ! ФIыщIэ фхузощI сыкъэп­сэлъэну Iэмал къызэрызэфтам щхьэкIэ. Сэ куэд щIауэ солъаIуэ псалъэ къызатыну, а жысIэнум куэд зэригъэтыншыжынур сощIэри….
Сэ си дежкIэ сыт щыгъуи нэхъапэт си адэм къызжиIам сы­те­мыкIыныр къулыкъум сыхуэмыпабгъэу, IэнатIэ къыслъысам зэхэгъэж сымыщIу сыпэрытыну, къарууэ сиIэр республикэм щыпсэу цIыхухэм я гум фIыкIэ  сы­къинэжыным тезгъэкIуэдэну, мы щIыналъэм лъэпкъыу исыр зэгурыIуэу, мамыру псэун щхьэкIэ, схузэфIэкI къэзмыгъэнэну. Аращ си лэжьэ­кIэми си унафэ щIыкIэми ­лъабжьэ яхуэхъур. Адыг­э­хэм жаIэ: «ФIым къимыхьар Iейм къишэнукъым». Абы ­къикIыр демократиер дэ лъэпкъ хьэлу зэрытхэлъыр аращ.
Иджы си унагъуэм теухуауэ. Республикэм и уна­фэщIым, сэ сызэригугъэмкIэ, адрейхэри апхуэдэу егупсы­сын хуейуэ къысфIощI, унагъуэ и лъэныкъуэкIи фэ тетын хуейщ. Пэжщ, адыгэ хабзэм къригъэзэ­гъыркъым щхьэ­гъусэмрэ бынымрэ уатепсэлъыхьы­ну. Ауэ нобэрей зэ­хэтыкIэм ар къалэну къегъэув. Ди нэхъыжьхэм къысхуа­гъэгъуну солъэIу. Iуэху цIыкIукъым унафэщIым цIыхубэм яхигъэхьэну ипIа щIэблэр зы­хуэдэр. И щхьэгъусэр - нэхъ ­гъунэгъу дыдэу къыхущыт цIыхур - сыт хуэдэ? Дауэ ахэр цIыхубэ гъащIэм зэрыхэтыр?
Сэ щIалитI сиIэщ, нэхъыжьым Куйбышевым  и цIэр зэрихьэу Москва  ухуэныгъэмкIэ и институтыр ехъулIэ­ны-­                      гъэ иIэу къиухащ, аспирантурэр дэщIыгъуу, кан­дидат диссертацэр пхигъэкIащ, инджылызыбзэм щыхурагъаджэ курс­хэр къыщиухыжауэ хуиту инджылызыбзэкIи мэпсалъэ. НэхъыщIэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ ­ иIэщ инженер-электрик IэщIагъэмкIэ. Ахэр мэлажьэ, фадафэхэкъым, Iуэхуншэхэкъым. Щхьэгъусэр илъэс щэщIым щIигъуауэ лъэпкъ щIэ­ныгъэм хуолажьэ, егъэджакIуэу къыщIидзэри, республикэм ЩIэныгъэмкIэ и ­министерствэм методист-инспектору щылэжьащ, Урысей Федерацэм ЩIэныгъэмкIэ и министерствэм лъэпкъ школхэм я щIэныгъэ-къэхутакIуэ инс­титутым и щIэныгъэрылажьэ нэхъыщхьэу щытащ, ардыдэм кандидат диссертацэр щыпхигъэкIащ. Лъэпкъ щIэныгъэм, урысыбзэр егъэджыным, адыгэ гъэсэныгъэм, адыгэ хабзэм и философием холэжьыхь…
Дауэ мы ди цIыхубэ езэшам къызэрыгурыбгъэIуэнур машинэ зыкъизыххэм ису  къакIуэу утыку къи­лъадэхэм лъэпкъ гукъеуэхэр зэрызэхамыщIыкIыр? Ди лъэпкъхэм яхуэмыфащэ Iуэху напэтеххэр къежьащ: имы­чэзууэ зэхуэсхэрэ зэхэувэу, дызыхуейр къытхуэфщIэху дышхэнукъым жаIэу, чэтэн унэ цIыкIухэр утыкум къы­щаухуэрэ зэрымыарэзыр къагъэлъагъуэу. Си гур хегъэщI сэ а къомым икIи къыс­тохьэлъэ абыхэм сахэплъэну. Аращи, а напэтехыр ­къэувыIэн, мамырыгъэр ди щIыналъэм илъын щхьэ­кIэ, сэбэп хъунумэ, си IэнатIэм сыIувгъэкIы­ну сыны­волъэIу. Ауэ, фи фIэщ  фщIы: си пIэ къиувэнум си­гу­ми си псэми къыбгъэдэкIыу сохъуэхъу IуэхуфI куэд илэ­жьыну, лъэпкъхэр мамыру, тыншу псэуным ар хуэщхьэпэну.

 

 

 

 

Михаил и адэ Шу Михаилрэ и къуэрылъхухэмрэ я гъусэу.

 

 

 

 

Мамхэгъ Михаилрэ КIуэкIуэ Валерэрэ РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и сессием щолажьэ.

 

Поделиться: