КIапсэ гъуэгур зэхуащI

ФщIэн папщIэ

Жэпуэгъуэм и 30-м щыщIэдзауэ щэкIуэгъуэм и 7 пщIондэ Iуащхьэмахуэ лъапэ и  зыгъэпсэхупIэхэм  и кIапсэ гъуэгур лэжьэнукъым. Бгы къежэхыгъуэм и пIалъэр къэмыс щIыкIэ«Мир» станцымрэ «Гара-Баши»-рэ я зэхуаку дэлъ Iыхьэр зэхуащI, абыхэм кIэлъыплъын, зыхуей хуагъэзэн папщIэ.

Мы гъуэгум мыхьэнэшхуэ иIэщ. Ар цIыху куэдым къагъэсэбэп икIи Европэ псом и станц нэхъ лъагэ дыдэхэм хабжэ. Метр 3550-рэ 3847-рэ лъагапIэхэм ущотIысхьэри, адэкIэ удрешей кIапсэ гъуэгум.
ЗэрытраухуамкIэ, щэкIуэгъуэм и 8-м кIапсэ гъуэгум и лэжьыгъэр зэтраублэжынущ. Абы къыдэкIуэуи къыхэгъэщыпхъэщ «Азау - Кругозор», «Кругозор - Мир» Iыхьэхэм зэрыкIэлъагъэплъыжари, лэжьэн зэрыщIадзэжари.
Хабзэм зэригъэувымкIэ, кIапсэ гъуэгухэм я пкъыгъуэхэр илъэси 10 къэсыхукIэ яхъуэж. Абы ипкъ иткIэ, «Азау - Кругозор», «Кругозор - Мир» гъуэгухэр зэпызыщIэр Швейцарием къыщащэхуа, метр 3600-рэ зи кIыхьагъ кIапсэщIэкIэ зэрахъуэкIащ.

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: