Зи усэбзэр къабзэ

Фэеплъ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Къулъкъужын Ипщэ къуажэм щыщ усакIуэ, журналист, зэдзэкIакIуэ Iэзэ Уэрэзей Афлик Пщымахуэ и къуэр псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 71-рэ ирикъуат. Ар «Ленин гъуэгу» («Адыгэ псалъэ») газетым, «Iуащхьэмахуэ» журналым, «Нур» сабий журналым я редакцэхэм зэдзэкIакIуэу, корреспонденту, къудамэм и унафэщIу, газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу щылэжьащ.
Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэми Журналистхэми я союзхэм хэт Уэрэзей Афлик и усэхэр 70 гъэхэм щыщIэдзауэ газетхэмрэ журналхэмрэ къытехуащ, тхылъ щхьэхуэхэри - «Япэ лъэбакъуэ» (1973 гъэ), «Нэхущ удж» (1985 гъэ), «Iуащхьэжь» (1997 гъэ), «Сроки счастья» (1991 гъэ), «Серебряное кольцо» (1993 гъэ), ­«Кхъужьей къудамэ» (2004 гъэ), «ЛIэужь» (2013 гъэ) къыдигъэкIащ. АдыгэбзэкIэ абы зэридзэкIащ Пушкин Александр, Лермонтов Михаил, Омар Хайям, нэгъуэщIхэм я тхыгъэхэр.
Афлик и бзэр дахэщ, къулейщ икIи къабзэщ. Аращ и усэхэм щIеджэгъуафIэри. Хэкум, лъэпкъ тхыдэм, иджырей гъащIэм, и лъэхъэнэгъухэм, адыгэ хабзэм, ди тафэ дахэхэмрэ уэсылъэ къуршыщхьэхэмрэ ­гукъинэжу тетхыхьа усакIуэм и усэхэр куэдым гунэс ящыхъуащ. Нобэ фи пащхьэ идолъхьэ Уэрэзей Афлик и  къалэмыпэм къыщIэкIахэм ящыщхэр.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Пшыналъэ

ХьэфIыцIэ Мухьэмэд деж

Адыгэ жьэгум и уэнжакъым
Къреху иджыри Iугъуэ мащIэ.
СызэмыупщIи къэнэжакъым:
Хэт ди лъэпкъ мафIэр ноби зыщIыр?

Адыгэ унэм и хьэщIэщым
Адыгэ псалъэр ноби щоIу, -
Макъ къэскIэ уи псэм къепэщэщрэ
ИткIухьу псалъэ къэскIэ уиIу.

Адыгэ унэм и бжэIупэм
ЩаIэтыр хьэгъуэлIыгъуэ джэгу,
ЩIэуакъым ноби пшынэ Iэпэр, -
ЩIалэфIхэм дыщIагъэплъ я лъэгу.

Пшыналъэр щоIу хы адрыщIкIи,
КъуэкIыпIэ пшэплъым хошыпсыхь.
КъухьэпIэ пшэплъым зыкъыщищIкIэ,
Адыгэ тхыдэр и пшэкIухьщ.

Адыгэ къуэпс лъэпкъ мыгъэкIуэдыр
ЗэпищIэжыфу лIы щыIэху,
Псэунущ ди адыгэ тхыдэр,
ИIэнущ лъэпкъым лъэпкъ мэIуху.

Псыхьэ пщащэм

КъеIущэщ бжьыхьэ пшыналъэ,
Дыгъэ бзийхэр пшынэ Iэпэу зэролъэлъыр.
Псыхьэ пщащэм и уэрэдыр дыщIиIэтэу,
Бзу гуэрэным,
ЗэщIошасэри, зеIэтыр.

Щауэр, щэхуу зрегъэщIри бжыхь задэм,
Йоплъэр, йоплъэр
Дихьэхауэ бжьыхьэ хадэм:
Псыхьэ пщащэм
Бжьыхьэ хадэм мыIэрысэ
Къыщищыпу уеплъэкIуэныр
Сыт и уасэ!

УэтIпсытI

Жэщи махуи кIэншэу къопсэпсауэ…
Уэсэпс защIэу гъащIэ зэрыхъа,
Си джэ макъыр зым лъэмыIэсауэ,
ЙолъэсыкIыр гущIэм щызгъэхъар.

Уэсэпс ткIуэпсыр къыIэпохур тхьэмпэм,
Тхьэмпэр жыг къудамэм къыпохуж.
Дуней сызытетым и тхьэнапэу
Къысщыхъуа гугъапIэр жьым ехьыж.

Жэнэт хадэр щIы хъурейм щагъэкIыу,
Жэнэтбзур щыушэу уэгу шэщIам, -
Сабиигъуэм сигъэщIар гукъэкIыу,
ИретхьэщIыкIыж уэсэпс пIыщIам.

Зы лъагъуныгъэшхуэ гуэр хуэпIащIэу,
ЩIым зэгуэрым IэплIэ иущIам
Зыщеплъыхь и закъуэу уэгу IэнэщIым,
КъыхуэмыщIэу цIыхум къыщыщIар.

Хэт зи кIэн къыщикIыр мы уэсэпсым,
Зи псэр пшагъуэ щыгуфIыкIыр хэт?
Пшагъуэр игъэбагъуэу щIым тезысэр
Гъуэгугъэлъагъуэ пщIыну ухэмыт.

КIуэцIрыплъ жыжьаплъэу уэгу шэжыпсым,
ДаIуэт, щIылъэ макъым зимыхъуэж.
Дыгъэ бзийм къелъыхъуэ щIым и къуэпсыр,
ЩIым и къуэпсым дыгъэр къелъыхъуэж.

Адэжь лъахэ

КъыщыкIухь мы щIыпIэхэм, си щIалэ,
Зы лъэбакъуэ пчыхукIэ - хъыбарыжьщ.
Уи жьэгу пащхьэр хуиту къэзыгъаблэ
Хъыбарыжьхэр тхыдэм и Iэужьщ.

Уи лъэужь къытенэ Iуащхьэ щыгум,
Зы аргъынэ джабэм къыщехьэх,-
Шэмэдж дэлъэ макъым ухуэдэгум,
ГъащIэр дэгу пфIэхъунущ - умыщхьэх.

Уи лъакъуапIэм хуэзэша щIыгулъыр
Хуиту зэрыбауэр зэхэпщIа?
ЩIэтщ абы иджыри адыгэлъыр, -
ЛIэщIыгъуищэ бжыгъэ зыгъэщIар.

Вагъэбдзумэ пшэрыр адэжь губгъуэм
ИлъыхункIэ щIым хэтынущ псэ.
Лъы къыпщIигъэхьэжу зы Iубыгъуэм,
Адэжь псыхъуэм щежэхынущ псыр.

Ахэр псори къыпхуозэш, си щIалэ,
Уэ иджыри гъащIэ къыппэщылъщ:
Адыгэлъыр щIумыгъэкIыу щIылъэм,
ЩIыгум утетыну адыгэлIу
Адэжь лъахэм къыпщищIа пщэрылъщ.

Адыгэ хабзэ

Си хабзэ, бзыпхъэ,
Си нэмыс, цIыхугъэ,
Фэ илъэс дапщэ фыхъурэ,
Сыт фи ныбжь?
ФызиIэщи
Си япэ лъагъуныгъэу,
Сыт хуэдэ Iуэхуми
Сыхуэхъунщ Iэ ижь.
Си ужь къинэнум
ПапщIэ фызохъумэ,
Фысхуихъумащи дахэу
Ди блэкIам.
Фэр щхьэ зэуапIэ губгъуэ
Сихьэн хъумэ,
Сигу къэкIыжынщ
Я лIыгъи я пщIэнтIэпси,
ТхьэрыIуэу ящIыгъар.
Сигу изгъэлъынщ.
Абыхэм ялъ щысхэткIэ,
Схэлъщи я псэр,
Ди гъащIэхэр
Зы гъащIэу зэхэлъынщ.
Я гупкIэщ сызэрысыр,
Я уэрэдырщ
Гъуэгуанэ сщIэлъым
Къезыдзар пкIэлъей.
Къытхэтми нобэ
ГъащIэр зыхьхэр нэду,
Аракъым зыубзыхунур
Ди пщэдейр…

ЩIымахуэр къэсащ

КъэсакIэщ щIымахуэр,
ЩIымахуэр къэсащ.
Уэс Iувыр хужьыбзэу
Шыгъуэгум къисащ.

Хужьыбзэу, хуабабзэу,
Iув дыдэу джэдыгу
Трепхъуэ жыг пцIанэ
ГъырнэIухэм я щыгу.

Уафэгум дэкIуейуэ
Къигъанэу лъэужь,
Уэнжакъым щIыхуфэу
Къреху Iугъуэ хужь.

Хьэ бацэр щхьэхынэу
И хьэгъуэм къыщIопщ.
Адакъэм, «сыпIыщIэркъым»
ЖиIэу, зегъэпщ.

Зи бзийхэр щхъуантIафэу
Дия дыгъэ фагъуэр
Уафэгум и щыгум
Къоплъых зигъэщIагъуэу…

КъэсакIэщ, къэсакIэщ,
ЩIымахуэр къэсащ.
Хуабабзэу, хужьыбзэу
Уэс Iувыр къесащ.

* * *

Дыгъуэпшыхь сэ слъэгъуати зы пщащэ…
ЩытеувэкIэ щIылъэр Iущащэу,
Тхьэмпэ гъуэжьхэр гуфIэжу пэщащэу.
Дыгъуэпшыхь сэ слъэгъуати зы пщащэ!

Дыгъуэпшыхь сэ слъэгъуати зы пщащэ…
КъысхуэгуфIэщ, сигъэщIри гуращэ,
КIуэдыжащ, бзэхыжащ гъуэбжэгъуэщу.
Дыгъуэпшыхь сэ слъэгъуащи зы пщащэ!

Дыгъуэпшыхь сэ слъэгъуати зы пщащэ…
Къаубыдауэ и теплъэ дахащэр
Си нэджыджхэм яIыгъщ ямыутIыпщу.
Дыгъуэпшыхь сэ слъэгъуащи зы пщащэ!

Дыгъуэпшыхь сэ слъэгъуати зы пщащэ…
СощIэр - хъунукъым зэи си натIэ.
Ауэ, моуэ слъэгъуам хуэдэу нетIэ,
Дыгъуэпшыхь сыхуэзащи зы пщащэ…

Поделиться:

Читать также: