Зихуэдэ щымыIэ абы и къэхутэныгъэхэр

Къумахуэ Мурадин лэжьыгъэр хьэлэлу икIи гупсысэ хэлъу езыхьэкI дэтхэнэми дэIэпыкъурт, зыпэрыт IэнатIэм гуащIэ нэхъыбэ хэзылъхьэхэр игъэпажэрт, гуапагъэр и нэгум къищу, тыгъэ цIыкIухэр щIыгъуу лэжьакIуэ къызэрыгуэкIым деж щIыхьэнти, къыщалъхуа и махуэмкIэ ехъуэ­хъунт, нэгузыужь зэхыхьэхэр щIэх-щIэхыурэ къызэригъэпэщырт.

Къумахуэр апхуэдизкIэ фIыуэ къалъагъурти, конструктор IэнатIэм щылажьэхэр гуфIэгъуэ Iэнэ щыпэрытIысхьэкIэ хъуа­хъуэрт: «Ди Мурадин Тхьэшхуэм тхуигъэузыншэ! Ахъшэ и куэдуи сыт щыгъуи щрет!» - жаIэрти. А псалъэхэм фэрыщIыгъэ лъэпкъ зэрыхэмылъым зыми шэч къытрихьэртэкъым, ахэр апхуэдизу гум ехуэбылIэрти…
Мурадин иригушхуэрт щIэныгъэ лэжьыгъэм щиIа и ехъулIэныгъэхэм я нэхъыбапIэр совет лъэхъэнэм зэрырихьэлIам икIи езыр, ди жагъуэ зэрыхъунщи, иджы щымыIэж совет школым и физикхэм зэращыщым. Хуаб­жьу гущIыхьэ тщохъу зихуэдэ щымыIэ абы и къэхутэныгъэхэм УрысеищIэм хуэфащэ гулъы­тэ зэрыщамыгъуэтар. Ахэр щIэгъэ­къуэныфI хъунут ЩIы хъурейм тет, технологие лъагэ зиIэ къэралхэм дахыхьэнымкIэ.

 

 

 

 

ЩIэныгъэлIхэу Къумахуэхэ Мурадин, Башир, Iэдил. Мэзкуу и Iэгъуэблагъэ.  2002 гъэ

 

 

 

 

 

Мурадин къыбгъэдэтщ и къэхутэныгъэхэр пхыгъэкIынымкIэ къыдэIэпыкъуу щыта шейх Джамил 2008 гъэ

 

 

 

 

 

Мурадин, Курчатовым и цIэр зезыхьэ центрым и унафэщI Велихов Евгенийрэ езым и лэжьэгъухэмрэ и гъусэу.  1989 гъэ

 

ОЗЕРОВ Виктор, Рентген оптикэмкIэ институтым и конструктор къудамэм и унафэщI.
Поделиться: