Я фIэщ ухъумэ

Темыркъан Юрэ и гупсысэхэр

Сэ фIыуэ къызгуроIуэ: зэпеуэм япэ саугъэтыр къыщыпхьыныр пщIэшхуэщ - гъуазджэр къысхуэупсауэ аращ абыкIэ. Абы и щIыхуэ стелъщ сэ: япэ саугъэтым къысхуихьар гуфIэгъуэм и закъуэкъым - си пщэм къалэнышхуэ къызэрыдэхуари зыхэсщIащ абы щыгъуэ. Япэ саугъэтыр къысхуагъэфэщауэ щызэхэсхам, щтэIэщтаблэ сыхъуауэ щытат, уеблэмэ сыкъэшынат. СигукIэ жысIащ: «ДяпэкIэщ лэжьыгъэ хьэлъэ къыщысщIэлъыр». Абдежым къызгурыIуащ къызагъэза дзыхьыр згъэпэжын папщIэ дяпэкIэ си дэтхэнэ лъэбакъуэми сыкIэлъыплъын зэрыхуейр. ЗыщIезгъэхи сыщхьэхи хъунукъым, арыншамэ гъуазджэм щысщIэн щыIэкъым, ар си IэнатIэкъым.

* * *

Дирижёрыр къызэгъэпэщакIуэ  лъэрызехьэу щытынкIи мэхъу, нэгъуэщI зэфIэкIхэри бгъэдэлъынри хэлъщ, ауэ оркестрым и пащхьэ иува нэужь, ныкъусаныгъэ далъагъумэ, ар дирижёрым зэи къыщIэкIуэнукъым. НэгъуэщI гуэри хэлъщ мы Iуэхум: музыкант Iэзэ дыдэри оркестрым щыдэмылэжьэф къохъу. Сыт ар къызыхэкIыр? Абы щхьэусыгъуэ хуэхъур оркестрымрэ езымрэ зэрыщIэркъым, я акъыл зэтехуэркъыми аращ. Оркестрым бзэ къыхуэзымыгъуэтыфыр, зэрыхабзэщи, дирижёр щIалэхэрщ. Сэ ар къызэрысщымыщIам сыщогуфIыкI: оркестрым и пащхьэ сиувэн и пэ абы щыджэгухэм бзэ къахуэзгъуэтын схузэфIэкIакIэт сэ - япэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ ди акъыл зэтехуащ, гурэ псэкIэ дызэрыщIащ.
Я пащхьэ ущиува япэ дакъикъэм щегъэжьауэ оркестрым хэтхэм хьэкъ ящыпщIыфын хуейщ ар уэ зэрыпхуэфащэр, уи къаруми уи зэфIэкIми къызэритIэсэнур. КъыпщыгуфIыкIынущ, къабыл уащIауэ фэ зытрагъэуэнущ япэ махуэхэм - аращ зэрыхъу хабзэр, ауэ ар уи фIэщ хъумэ, уи щхьэр къэбгъэпцIэжауэ аращ. Уэ уи къалэныр оркестрым и пащхьэ уитыну хуитыныгъэ узэриIэр хьэкъ ящыпщIынырщ. Дауэ зэрыпщIынур? Уи лэжьыгъэкIэ, уи щIэныгъэкIэ, уи цIыху хэтыкIэкIэ - нэгъуэщI Iэмал щыIэкъым. Ар пхузэфIэкIакъэ - оркестрым хэсхэм уахэзэгъэнущ, бзэи къахуэбгъуэтынущ. Уадэлажьэмэ, езыхэри къыбдэлэжьэнущ, я гуащIэ еблэжынукъым, уэри уи гуащIэ узэремыблэжыр ялъагъумэ. ИтIанэщ я гум ущыдыхьэнури къабыл ущащIынури.

* * *

Оркестрым музыкант куэд  хэсщ, дэтхэнэми езым и хьэлрэ и щэнрэ иIэжщ, ауэ псоми ящIэ зэдэлэжьэн зэрыхуейр. Абы и лэжьыгъэр зыунэтIыр дирижёрырщ, аращ оркестрым и пашэр, абы щытепщэр. Дирижёрым зригъэдэIуэфын хуейщ оркестрыр, абы хэс дэтхэнэ музыкантми хузэфIэкIынур ищIэн хуейщ дирижёрым. Ди жагъуэ зэрыхъущи, ар куэдым къехъулIэркъым, ауэ къызэхъулIэри мащIэкъым. Я цIэ къисIуэфынущ, псалъэм папщIэ, Тосканини, Фуртвенглер сымэ. ЩIэныгъэлIхэм жаIэ: шахтэм щIэт цIыхум игъэкIуэд къарум хуэдитI зы пщыхьэщхьэм егъэкIуэд дирижёрым - абы шэч къытесхьэркъым, си щхьэкIэ Iэджэрэ згъэунэхуащи.
Дирижёр IэнатIэр нэхъ къызэхьэлъэкIыр цIыху щIалэрщ - абы гу лъытэгъуафIэщ. Кондрашин Кирилл зэгуэр жиIэгъащ: дирижёр IэщIагъэм зыщептын хуейр илъэс 35-м ущхьэдэха нэужьщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, уи гъащIэм и зэхуэдитIыр къызэбнэкIыху, дирижёр лэжьыгъэм ухэзэгъэнрэ ухэмызэгъэнрэ пщIэнукъым…
Дирижёр IэнатIэм сыщыпэрыувам, сызэрыщIалэм къыхэкIкIэ, къалэн пыухыкIа гуэри си пщэ дэслъхьэжауэ щытакъым. ИужькIэ гу лъыстащ: дирижёрыр къызэгъэпэщакIуэ, артист къудейкъым, ар икIи къалэнышхуэщ: концертым щIэса цIыхур нэхъыфI хъуауэ щIэкIыжын хуейщ театрым - ар хузэфIэкIын хуейщ оркестрым и пащхьэ ита дирижёрым.
 КъыщызэупщI щыIэщ: хэт сымэ щапхъэ зытепхар, хэт удэплъея, хэт гъуазэ пхуэхъуа? Дирижёр гуэр щапхъэ схуэхъун щхьэкIэ, си ныбжьыр нэсын хуей хъунт - сыщIалэху, абы сегупсысакъым, оркестрым и пащхьэ итым и къалэныр сэркIэ IупщI дыдэтэкъым абы щыгъуэ. Нэхъыбэ жысIэнщи, оркестрым куэд лъандэрэ хэс музыкантми къыщыгурымыIуэ щыIэщ дирижёрым и къалэныр. ГъэщIэгъуэныракъэ: дирижёрым и жыIэм фIэкI хъунукъым оркестрым щыджэгу музыкантыр, абы и «унафэм» ебакъуэркъым, и пщэ къыдалъхьэ псори зэригъэзэщIэным и ужь итщ икIи егъэзащIэ, къыгурымыIуэр а псор дирижёрым зэрыригъащIэ щIыкIэрщ - дауэ хузэфIэкIрэ, щхьэ зригъэдэIуэфрэ? Химыгъэзыхьи хуэдэщ, итIани, абы ар зрегъэдэIуэф. Апхуэдэ дирижёрхэрщ сэ щапхъэ зытесхыр.
Дирижёрхэм я къалэмыпэм къыщIэкIа тхылъ си куэдщ. Седжэху къэс, гу лъызотэ абыхэм жаIэр зэрызэтемыхуэм. Зым жеIэ а IэщIагъэр цIыхум къыдалъхуауэ щытын хуейуэ (абы шэч хэлъкъым), аркъудейкъым - щIэныгъэшхуи узыншагъи иIэн хуейщ (абыи шэч хэлъкъым).

* * *

Гъуазджэм урилэжьакIуэмэ, ар IэщIагъэ пхуэхъуамэ, къэпмахуэл пщIы зэрымыхъунур гурыIуэгъуэщ. Ар къызыгурымыIуэм гъуазджэм щищIэн щыIэкъым - и насып хэлъкъым абы, нэгъуэщI IэнатIэ бгъэдреувэ. Гъуазджэм и Iуэхур нэгъуэщIщ: абы зы лъэбакъуэ щыпчамэ, къыкIэлъыкIуэ лъэбакъуэм уегупсысын хуейуэ уи пщэ къыдохуэ. Ар псалъэ дыгъэлкъым - аращ зытетын хуейр гъуазджэр IэнатIэ зыхуэхъуа дэтхэнэри. Зэпеуэм къыщысхьа саугъэтым и ужькIэщ сэ дирижёр сыхъуауэ щыслъытар. Саугъэтыр къысхуагъэфэща щхьэкIэ, нэхъ Iэзэ сыхъуауэ аратэкъым, хьэуэ. Абы къысхуихьар зыщ - си къарур къригъэблащ, зыгуэр зэрысхузэфIэкIынур си фIэщ ищIащ. ИтIанэщ зыщисчар - си щхьэ сыщытхъужынщи, нэр темыпыIэу. Зыгуэр зэрыпхузэфIэкIынур уи фIэщ мыхъумэ, уи къарумрэ уи зэфIэкIымрэ шэч хуэпщIмэ, оркестрым и пащхьэ ущIиувэн щыIэкъым - уи насып хэлъкъым дирижёр IэщIагъэм.

* * *

Куэд къохъулIауэ, куэд блэжьауэ, бгыщхьэм уихьауэ къэплъытэмэ, кIэ бгъуэтауэ аращ - ар сыт хуэдэ IэнатIэми. Уи щхьэм куэд теплъхьэмэ, псоми уефIэкIауэ къыпщыхъужмэ, уи гуащIэм уасэ лъэпкъ зэримыIэм шэч къытумыхьэж. Псоми япэ ища щыIэкъым - ар щхьэгъэпцIэжщ. ЦIэ лъапIи къыпфIащынщ, саугъэт лъапIэхэри къыплъысынщ, пхуэфащэмэ. Ауэ ар псори щIыхуэщ, зэрыжаIэщи, хьэхущ. ЦIэ къыщIыпфIащри саугъэт къущIатри дяпэкIэ нэхъыбэ блэжьын щхьэкIэщ - аращ цIыхур къызэрыпщыгугъыр. Ар пщыгъупщэмэ, иджыри зэ жызоIэри, зыми уриуасэкъым, блэжьари пхузэфIэкIари псыхэкIуадэ хъуащ. Ар къызыгурыIуэ цIыхур, зэрыхабзэщи, гумызагъэщ, илэжьам нэхърэ нэхъыбэ зэрищIэным пылъщ. ЩIэ гуэрхэм лъыхъуэн щигъэтамэ, гъуазджэм и лэжьакIуэм ищIэнур ищIащ, и пIэ иуджыхьын фIэкIа, абы хузэфIэкIыжын щыIэкъым. Театр гуэрхэм я цIэ къисIуэфынущ нэхъапэм зыIэрагъэхьауэ щыта лъагапIэхэм ириуэркъыурэ гупкIэм къыпыхужауэ - сэ сыщыгъуазэщ апхуэдэ театрхэм. ЖыпIэнурамэ, гъуазджэм и лъагапIэхэм зэи унэсынукъым. УщыщIалэм деж къыпфIэщIынкIэ мэхъу бгыщхьэм унэсын пхузэфIэкIауэ. Уи ныбжь щынэскIэ, Iуэхум нэгъуэщIу уеплъ уохъу.
Уи ныбжь нэсрэ пхуэфащэмэ, пщIэи бгъуэтынщ - ар зи мыгуапэ щыIэ хъункъым. Зыгуэр къыщызэхъулIэкIэ, ар къызэрысфIэIуэхущэ щыIэкъым, си пэр дэзгъэзейркъым абы щхьэкIэ. Хъуэхъум игъэплъакъуэхэм сащыщкъым, апхуэдэм деж си щхьэм илъыр нэгъуэщIщ: сыт къыспэщылъ пщэдей, сыт хуэдэ къалэн къыдэхуэрэ си пщэ? Абы сыздегупсысым, сигу къызогъэкIыж зи чэнджэщ сыщымыщIа шынэхъыжьхэр - гъуазджэм и лэжьакIуэ щэджащэхэр, си егъэджакIуэхэр - Мусин И. А., Рабинович Н. С. сымэ - мащIэкъым ахэр. Сигу къокIыж, си нэгу щIэкIыркъым сызрихьэлIауэ щыта цIыхушхуэхэр - Шостакович Д., Товстоногов Г., Вознесенский А., Щедрин Р., Набоков В., Бродский И., Армстронг Л., Фитцджеральд Э., Барышников М. сымэ.

Поделиться: