Темыркъан Юрэ илъэс 80 ирокъу Макъамэр зи гъащIэ гъусэ

Зи гугъу фхуэсщIыну лIы щэджащэм папщIэ псалъэ зытIущ стхынщ жысIэу сыщытIысым, си гум къэкIар зыщ - си анэ дыщэу СэIихьэт гущэкъу уэрэдрэ пшыналъэ дахэу сызыщIипIыкIарщ. Ар анэ быдзышэм дэщIыгъуу си гъащIэм къызэрыхыхьарщ. Си адэм жиIэу щытащ: «АдыгэлIым Тхьэм и натIэм къритха насыпым дэщIыгъуу гъущI гуахъуэмрэ шэмэджымрэ и мыIэпэгъумэ, ар адыгэлIу убж ­хъунукъым». Абы дыщIипIыкIащ, абы дыхуиущийуэ дыкъэхъуащ быниблри. Ауэ Алыхьым ­иухам уфIэкIынукъым.

Адыгэлъ зыщIэт дэтхэнэ зыри зэрыгушхуэ Темыркъан Юрэ и зэфIэкIым къызэрымыкIуэу ­сропагэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар фIыуэ сцIыхуу щытащ, цIэрыIуэ хъуну игу къыщымыкIми. А зытет гъуэгушхуэм темыувэ щIыкIэ щIалэ щэхуу, гъэсауэ, гуапэу къызэрыхъуар си нэгу щIэкIащ. Сыт хуэдиз хьэзаб ямышэчами, Блинэ и бынхэм яхилъхьа гурыщIэ къабзэр лъагъуэ дахэ яхуэхъуащ. Иджы Къэбэр­­дей-Балъкъэрми, Урысейми, нэгъуэщI къэрал куэдми фIыуэ къыщацIыху ди къуэшыр. ИкIи ар ­нэхъыбэу зи фIыгъэр и анэ Блинэщ, и къуэшхэу Борисщ, Володящ, я шыпхъу закъуэ Женящ. Ахэр абы дэIэпыкъуэгъу нэс къыхуэхъуащ. ГъэщIэ­гъуэнракъэ, а унагъуэм ягури я псэри адыгэ щэнхабзэм пыщIауэ щытт. Я зэфIэкIым и кууагъыр зэхуэмыдэми, ахэр псэ хьэлэлкIэ абы хуэлажьэу къекIуэкIащ. Сэри пцIы супсыну къыщIэкIынкъым, музыкэм сыхуэлэжьэну къаруи гукъыдэжи къызэзытар си анэрщ, си адэрщ, си къуажэжьырщ, Джэрмэншык Iуащхьэжьри абы яхэту, жысIэмэ. АтIэ, фызабэу къэна Блинэ дауэ хузэфIэкIа и бын дэтхэнэми и гур щэнхабзэм и жанр нэхъ гугъу дыдэхэм хипщэн? ИпэжыпIэкIэ анэхэм сыт хуэдиз бэлыхьри я фэм дагъэхуэф, ­Блини арат.
ЦIыхухэм яфIэгъэщIэгъуэну къыщIэкIынщ, Бориси Юрэ музыкэ жанр нэхъ гугъу дыдэхэм ящыщ зыр IэщIагъэ зэрахуэхъуар. Оркестрым и дирижёр ухъун щхьэкIэ оркестрым игъэIу ма­къамэр, гущэкъу уэрэд жыхуаIэм хуэдэу, къыбдэ­гъуэгурыкIуэн хуейщ. ГурыIуэгъуэщ апхуэдэ зэфIэкI Темыркъанхэ я унагъуэм зэрамыIар. Ауэ Алыхьым насып къуитамэ, зыми птрихыфынукъым, жыхуа­Iэрати, Володи, Бориси, Юрэ Iэмал ягъуэтащ музыкэмрэ сурэт щIынымрэ хуеджэну.
Борисрэ Юрэрэ Налшык дэт музыкэ школыр къауха нэужь, Борис Владикавказ макIуэ, Юрэ Ленинград музыкэмкIэ училищэм щIотIысхьэри йоджэ.
Санкт-ПетербургкIэ иджы дызэджэ къалэшхуэм мыкIуэдыжын вагъуэу къыщыблащ Юрэ и цIэр. Ауэ апхуэдэу хъун и пэкIэ абы гугъу зригъэхьу музыкэм и щэхур къищIэн мурадкIэ, оркестрым игъэIу макъамэхэм куэдрэ едэIуащ, и Iэпкълъэпкъым хэпща хъухукIэ. Ди республикэм къыщыкIуэжми арат. АбыкIэ дэIэпыкъуэгъу нэс къыхуэхъуащ а зэманым филармонием и унафэщIу щыта ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр. Хьэжбэчыр фIы дыдэу къыгурыIуэрт япэ лъэбакъуэхэр музыкэм хэзыча щIалэм удэIэ­пыкъумэ, куэд зэрыхузэфIэкIынур. Юрэ щыгъупщакъым нэхъыжьыфIым къыхуищIа гулъытэр. Хэкум къихьэжмэ, Хьэжбэчырхэ я деж япэу дыхьэт ар.
Юрэ япэ лъэбакъуэ зэричар ди симфоническэ оркестрым и гъусэущ. СощIэж ар оркестрым и дирижёру щыслъэгъуар. Ар ещхьт зи дамитIыр шэщIауэ уафэ къащхъуэм ит бгъэ дахэшхуэм. Сехъуэпсат апхуэдэу оркестрым си IэдакъэщIэкI игъэзащIэу слъагъуну. Пэжщ, абы щыгъуэ ар си дежкIэ пщIыхь дахэт. Зэман докI, сэ композитор IэщIагъэм сыхуеджэн мурадкIэ училищэр къызоухри, Саратов гупышхуэ сщIыгъуу докIуэ. ДыздэкIуа консерваторэм Темыркъан Борис щеджэрт. Иужь илъэсти, виолончелым дэгъуэу еуэу къеухри, лэжьэн щIедзэ. Сэри къэзуха иужь республикэм къызогъэзэжри, Борисрэ сэрэ зэдэлэжьэн идогъажьэ.
Юрэ и япэ ехъулIэныгъэу къэплъытэ хъунущ ­Урысейпсо зэпеуэм япэ увыпIэр къыщыщихьар. Москва радиомкIэ къату зэхызох: «Осетин щIалэ Темыркъан Юрэ япэ увыпIэр зэпеуэм къыщихьащ», - жиIэу. Унэм тIысыпIэ щызгъуэ­тыжыртэкъым, апхуэдизкIэ сызэгуэпати. ЕтIуанэ хъыбарыщIэ къэтыгъуэм «Адыгэ щIалэ Темыркъан Юрэщ япэ увыпIэр зыубыдар», - щыжиIэм, си гум псэхугъуэ игъуэтыжат. Ещанэ махуэм обкомым и япэ секретарь Мэлбахъуэм и деж къулыкъукIэ къыкIэлъыкIуэ зы унафэщI къыщIыхьащ. Арати, Тимборэ къыщIыхьам жреIэ: «Мыр дэ куэдкIэ дызыщыгугъ композитор Молэ Владимирщ икIи а зырщ нобэкIэ апхуэдэу диIэр». КъыщIыхьам занщIэу жеIэ: «Дауэ зэризакъуэр - Темыркъан Юрэ-щэ?» - жеIэри. Темыркъаныр лауреат зэрыхъуар абыи радиокIэ зэхихати, аргуэру къытригъэзэжри жиIащ: «Молэм и закъуэкъым дэ диIэр, Темыр­къан Юрэ диIэщ, ар Урысейпсо зэпеуэм призёр щыхъуащ». ЛIы Iущ, лIы губзыгъэ Тимборэ и нэ­гъуджэр и натIэм дрихьейри, жиIэгъат: «Си къуэш, призёр хъухэр шыхэрщ, спортсменхэрщ, ар лауреатщ зэрыхъуар». Мыпхуэдэуи пищэжащ: «А щIалэр икIэщIыпIэкIэ мыбы къэшэжауэ пщIэ хуэщIын хуейщ». Арати, зы мазэ нэхъ дэмыкIыу Кировым и цIэр зезыхьэ опернэ театрышхуэм и оркестрым и гъусэу Юрэ Налшык къыдогъэблагъэ, профессорышхуэ, дирижёр цIэрыIуэ Грикуровыр щIыгъуу. Музыкэ театрым щита концертиплIым, зым и щхьэм зыр тесу жыхуаIэм хуэдэу, цIыхухэр къекIуэлIат. Билет къызылъымысахэр щIэсхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэт. ГъэщIэгъуэнракъэ, музыкэр фIыуэ зылъагъуи зымылъагъуи хьэ­щыкъ хъуауэ, едаIуэрт оркестрым и макъамэхэм. Юрэ и Iэзагъэм хэлъ а щэхурауэ къыщIэкIынущ Голландием, Швецием, Инджылызым я Iэтащхьэхэм концерт нэужьым псалъэ дахэ бжыгъэншэхэр къыщIыжраIар. Композиторышхуэхэу Чайковскэм, Прокофьевым, нэ­гъуэщIхэми я ма­къамэхэр щигъэIукIэ, абыхэм Юрэ хегъэхьэф езым и «мафIэ». Аращ сыт хуэдэ къэрали щыпсэу цIыхухэм я гум лъагъуэ къыщIыхуигъуэтыфыр, и оркестрым зыщамыгъэнщIауэ къыщIэкIуэжыр.
Сыхуейт Темыркъан Юрэ илъэс куэдкIэ тхуэпсэуну, адыгэм ди пщIэр дуней псом щиIэтрэ ди щхьэр лъагэу дигъэлъагъужу.

Молэ Владимир, композитор.
Поделиться: